4 СТАТЬЯР
Алыхьым и къару лъапІэр щыхьэт тохъуэ ахэр Алыхьым зэрибыным
«Тхьэм и Псэ ЛъапІэм Тхьэм дызэрибынхэр жиІэурэ, дигухэм ящІыгъуу абы щыхьэту тоувэ» (РИМ 8:16).
25-НЭ УЭРЭДЫР Уи лъэпкъ лъапІэр
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
Пэнтэкост махуэшхуэм щыгъуэ гъэщІэгъуэныщэу Иеговэ и къару лъапІэр Хьисэ и лъэужь ирикІуэ цІыху 120 хуэдизым яритащ. (1, 2-нэ абзацхэм феплъ.)
1, 2. Ди эрэм 33-нэ гъэм, Пэнтэкост махуэшхуэм сыт хуэдэ Іуэху гъэщІэгъуэнхэр къэхъуа?
ДИ ЭРЭ 33-НЭ ГЪЭ, Пэнтэкост махуэшхуэ, пщэдджыжьым, тхьэмахуэ махуэм Ерусалим къалэм дэт унэм ищхьэ пэшым Хьисэ и лъэужь ирикІуэ цІыхуу 120 хуэдиз щызэхуэсат (Апост. 1:13—15; 2:1). А махуэр къэсыным иджыри махуэ зыбжанэ иІэжу Хьисэ абыхэм унафэ яхуищІат Ерусалим къыщынэну, мыхьэнэшхуэ зиІэ тыгъэ къалъысын щхьэкІэ (Апост. 1:4, 5). Сыт адэкІэ къэхъуар?
2 Библием щыжыІащ: «НапІэзыпІэм жьапщэшхуэ макъым хуэдэу зы макъ уафэм къехри, ахэр зыщІэс унэм макъышхуэр щІэз хъуащ». Абы иужь «мафІэм хуэдэу бзэгухэр» Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я щхьэхэм техьащ икІи «Тхьэм и Псэ ЛъапІэр [„къару лъапІэр“, ДЩІ] а псоми я гум хуабжьу хыхьащ» (Апост. 2:2—4). Апхуэдэу гъэщІэгъуэныщэу Иеговэ и къару лъапІэр абыхэм яритащ (Апост. 1:8). Ахэращ япэ дыдэу Алыхьым и къару лъапІэр зритарb икІи Хьисэ и пащтыхьыгъуэр даІыгъыну гугъэ зритар.
АЛЫХЬЫМ И ЛЭЖЬАКІУЭМ УАФЭМ КІУЭНУ ГУГЪЭ КЪЫЩЫІЭРЫХЬЭМ ДЕЖ СЫТ КЪЭХЪУР?
3. Пэнтэкост махуэшхуэм щыгъуэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым и къару лъапІэр къазэрыритам сытыт шэч къыщІытрамыхьэр?
3 Пэнтэкост махуэшхуэм щыгъуэ ищхьэ пэшым щызэхуэса Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм фахэтауэ щытатэмэ, зэи фщыгъупщэжынутэкъым абы щыгъуэ къэхъуа Іуэхугъуэр. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт: «мафІэм хуэдэу бзэгухэр» фи щхьэм къытохьэри, бзэ зэмылІэужьыгъуэхэмкІэ псэлъэн щІыводзэ! (Апост. 2:5—12). Алыхьым и къару лъапІэр къызэрывитам фэ шэч лъэпкъ къытефхьэнутэкъым. Ауэ уафэм кІуэну гугъэ къызыІэрыхьэхэр псори апхуэдэ Іуэху телъыджэкІэ Иеговэ къыхихрэ? Хьэуэ. Дэнэ дэ ар щытщІэр?
4. Япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм уафэм кІуэну гугъэ къазэрыІэрыхьауэ щытар зэщхьт? КъыдгурывгъаІуэ.
4 Уафэм кІуэну цІыхухэм гугъэ дапщэщ къаІэрыхьэу щытами дытепсэлъыхьынщ. Зи гугъу тщІа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я закъуэкъым ди эрэм 33-нэ гъэм, Пэнтэкост махуэшхуэм щыгъуэ Алыхьым и къару лъапІэр къызыІэрыхьар. ИужькІэ а махуэ дыдэм Алыхьым и къару лъапІэр къаІэрыхьащ 3 000 хуэдиз хъу цІыху гупым. Ар къыщыхъуар абыхэм псым зыщыщІагъэуам щыгъуэщ (Апост. 2:37, 38, 41). Ауэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм псоми псым зыщыщІагъауэм занщІэу Алыхьым и къару лъапІэр къаІэрыхьакъым. Самарие цІыхухэм Алыхьым и къару лъапІэр къащыІэрыхьар псым зыщІагъауэу зэман гуэр дэкІа иужьщ (Апост. 8:14—17). Ауэ адрейхэм елъытауэ Корнелийрэ абы и унагъуэм щІэсхэмрэ Алыхьым и къару лъапІэр къащыІэрыхьар псым зыщІагъэуэн ипэщ (Апост. 10:44—48).
5. 2 Коринф 1:21, 22 зэритымкІэ, цІыхум Алыхьым и къару лъапІэр къыщыІэрыхьэм деж сыт къэхъур?
5 Иджы дытепсэлъыхьынщ цІыхум Алыхьым и къару лъапІэр къыщыІэрыхьэм деж сыт къэхъуми. Языныкъуэхэм я дежкІэ гугъущ ахэр Алыхьым къызэрыхихам есэну. Абыхэм къагурымыІуэу жаІэнкІэ хъунущ: «Сыт сэ Алыхьым сыкъыщІыхихар?» Ауэ Алыхьым и къару лъапІэр зрита адрей къуэш, шыпхъухэм абы теухуауэ нэгъуэщІ еплъыкІэщ яІэр. Дапхуэдэу щымытми, апостол Паул къыдгуригъэІуащ цІыхум Алыхьым и къару лъапІэр къыщыІэрыхьэм деж сыт къэхъуми: «МэссихькІэ фІэщхъуныгъэ фиІэ щыхъум, Тхьэм езым и Псэ ЛъапІэу дыкъызэригъэгугъар мыхъурымc хуэдэу фи гум кърилъхьащ. Дэ... Тхьэм и Псэ ЛъапІэр ди сакъылэтщ» (Еф. 1:13, 14). Аращи, Иеговэ и къару лъапІэр къегъэсэбэп уафэм кІуэну къызэрыхихар абыхэм ІупщІу къагуригъэІуэн щхьэкІэ. Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ абыхэм быдэу я фІэщ мэхъу щІылъэм щымыпсэууэ, уафэм игъащІэкІэ зэрыщыпсэунур. (Къеджэ 2 Коринф 1:21, 22.)
6. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ цІыхум и тыгъэр къыІэрыхьэн щхьэкІэ сыт ищІэн хуейр?
6 Хьисэ и лъэужь ирикІуэм Алыхьым и къару лъапІэр къыІэрыхьамэ, абы къикІрэ сыт къэмыхъуами ар уафэм кІуэну? Хьэуэ. Уафэм кІуэну Иеговэ къызэрыхихам шэч къытримыхьэми, цІыхум зыщигъэгъупщэ хъунукъым мы псалъэхэр: «Си къуэшхэ, Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар икІи фыкъызэрыхихар зэрывгъэпэжыным сыт щыгъуи нэхъыбэрэ фыхущІэкъу. Ар влэжьмэ, Тхьэм и гъуэгум зэи фытекІынукъым» (2 Пет. 1:10). Аращи, Алыхьым и къару лъапІэр зрита цІыхур уафэм кІуэну къыхихауэ щытми, абы а тыгъэр къыщыІэрыхьэнур Алыхьым хуэпэжу къанэу щытмэщ (Флп. 3:12—14; Евр. 3:1; Апок. 2:10).
АЛЫХЬЫМ И ЛЭЖЬАКІУЭМ ДАУЭ КЪЫЗЭРИЩІЭР УАФЭМ КІУЭНУ АЛЫХЬЫМ АР КЪЫЗЭРЫХИХАР?
7. Дауэ Алыхьым и лэжьакІуэм къызэрищІэр уафэм кІуэну Алыхьым ар къызэрыхихар?
7 Ауэ дауэ Алыхьым и лэжьакІуэм къызэрищІэр уафэм кІуэну Алыхьым ар къызэрыхихар? Ар къыдгурагъаІуэ апостол Паул Алыхьым «и цІыху лъапІэхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэм» яжриІа псалъэхэм. Абы яхуитхащ: «Тхьэм езым и Псэ ЛъапІэу фи гум кърилъхьам фигъэпщылІу икІи фигъэшынэу щыткъым. Ауэ Тхьэм езым и Псэ ЛъапІэу фи гум кърилъхьам Тхьэм и бын хуэдэу фелъытэ. Езым и Псэ ЛъапІэм, „Аббэ, Адэ лъапІэ“, жытІэу, Тхьэм дрегъаджэ. Тхьэм и Псэ ЛъапІэм Тхьэм дызэрибынхэр жиІэурэ, дигухэм ящІыгъуу абы щыхьэту тоувэ» (Рим 1:7; 8:15, 16). Аращи, Иеговэ и къару лъапІэр къегъэсэбэп уафэм кІуэну къызэрыхихар цІыхум ІупщІу къыгуригъэІуэн щхьэкІэ (1 Фес. 2:12).
8. 1 Иуан 2:20, 27 дауэ къызэрыхэщыр уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр зэрыхуэмыныкъуэр Алыхьым къызэрыхихар нэгъуэщІ цІыхум къагуригъэІуэну?
8 Иеговэ цІыхур къызэрыхихар апхуэдизу ІупщІу къыгурегъаІуэри, уафэм кІуэну гугъэ зэриІэм а цІыхум шэч лъэпкъ къытрихьэкъым. (Къеджэ 1 Иуан 2:20, 27.) ДауикІ, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэри адрей къуэш, шыпхъухэм хуэдэу Иеговэ и деж щеджэн хуейщ икІи зэхуэсыр къигъэсэбэпу абы дызэрыригъаджэр лъапІэу ялъытэн хуейщ. Ауэ ахэр хуэныкъуэкъым уафэм кІуэну Алыхьым къызэрыхихар нэгъуэщІ цІыхум къагуригъэІуэну. Алыхьым и къару лъапІэр — Дуней псом псом нэхърэ нэхъ къару лъэщыр Иеговэ къегъэсэбэп абыхэм ІупщІу къагуригъэІуэн щхьэкІэ уафэм кІуэну къызэрыхихар!
АХЭР ЩІЭРЫЩІЭУ КЪАЛЪХУЖАЩ
9. Ефес 1:18 зэритымкІэ, уафэм кІуэну Иеговэ къыхих цІыхум дапхуэдэу зэрызихъуэжыр?
9 Алыхьым и лэжьакІуэ и нэхъыбэм я дежкІэ гугъущ къагурыІуэну языныкъуэхэм уафэм кІуэну гугъэ къазэрыІэрыхьэр. Апхуэдэу зэрыщытыр гъэщІэгъуэнкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мащІэщ апхуэдэ гугъэ зиІэр. Иеговэ цІыхухэр уафэм щыпсэун щхьэкІэ къигъэщІакъым, атІэ щІылъэм игъащІэкІэ щыпсэун щхьэкІэщ (ЩІэдз. 1:28; Пс. 37:29). Ауэ абы мурад ищІащ языныкъуэ цІыхухэр уафэм щыпсэуну. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым и къару лъапІэр цІыхум ирита иужь, абы и гупсысэкІэр зэрыщыту ехъуэж икІи нэгъуэщІ гугъэ ирет — уафэм щыпсэуну. (Къеджэ Ефес 1:18.)
10. ЩІэрыщІэу къалъхужыным къикІыр сыт? (Абы нэмыщІ сноскэм феплъ.)
10 Хьисэ и лъэужь ирикІуэ цІыхум уафэм кІуэну гугъэ къыщыІэрыхьэм деж, ар щІэрыщІэу къалъхужd. Хьисэ жиІат уафэм кІуэну гугъэ зимыІэ цІыхум и кІэм нэс къызэрыгурымыІуэнур «щІэрыщІэу къалъхужыным» е Алыхьым и къару лъапІэм къилъхуным къикІыр сытми (Ин. 3:3—8).
11. Алыхьым и лэжьакІуэхэм уафэм кІуэну гугъэ яІэ хъуа иужь дапхуэдэу я гупсысэкІэм зэрызихъуэжыр?
11 Алыхьым и лэжьакІуэхэм уафэм кІуэну гугъэ яІэ хъуа иужь дапхуэдэу я гупсысэкІэм зэрызихъуэжыр? Апхуэдэ гугъэ къаІэрыхьэн ипэ щІылъэм игъащІэкІэ щыпсэуну гугъэ яІэр абыхэм лъапІэу ялъытэт. Ахэр хуабжьу пэплъэт Иеговэ Іейр игъэкІуэду, щІылъэм жэнэтыр щиухуэжыну зэманым. Абыхэм я нэгу къыщІагъэхьэу къыщІэкІынт фІыуэ ялъагъу я лІахэр къызэрырагъэблагъэжынур. Ауэ уафэм кІуэну гугъэ яІэ хъуа иужь псоми зихъуэжащ. Сыт щхьэкІэ? ЩІылъэм щыІэну дунеищІэр ягу иримыхьыж хъуауэ жыпІэ хъунукъым. Гугъуехь гуэр зэраІам къыхэкІкІэ я еплъыкІэм зихъуэжауэ аракъым. Ахэр егупсыскъым щІылъэм щыІэну гъащІэ мыухыжыр зэшыгъуэу щытыну. Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр яІэ щІэхъуар Иеговэ и къару лъапІэмкІэ абыхэм я гупсысэкІэмрэ гугъэ яІэмрэ зэрихъуэжам щхьэкІэщ.
12. 1 Петр 1:3, 4 зэритымкІэ, уафэм кІуэну гугъэ зиІэ къуэш, шыпхъухэр дапхуэдэу гугъэ яІэм зэрыхущытыр?
12 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм апхуэдэ щІыхь Алыхьым къазэрыхуищІар яхуэмыфащэу егупсысынкІэ хъунущ. Ауэ абыхэм шэч лъэпкъ къытрахьэкъым Иеговэ ахэр къызэрыхихам. Къалъысыну гугъэм ахэр щегупсысым деж гуфІэгъуэр я гум из мэхъу икІи ар фІыщІэшхуэ ящІ. (Къеджэ 1 Петр 1:3, 4.)
13. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр дауэ щІылъэм щрахьэкІ я гъащІэм зэрыхущытыр?
13 Абы къикІрэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр лІэну хуейуэ? Мы упщІэм апостол Паул жэуап иритащ. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр «тэхъуанэм» е, нэгъуэщІу жыпІэмэ шэтырым иригъэщхьри абы итхащ: «Мы ди пкъыу тэхъуанэм хуэдэм дыщыпсэуху, догумэщІ икІи гузэвэгъуэм дыхэтщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ лІэн хуей пкъыр къызэднэкІыну дыхуейкъым, итІанэ уафэм щыщ пкъыр къызэрытхалъхьэным дыщІокъу. Апхуэдэу, лІэн хуейм и пІэр гъащІэм иубыдынущ» (2 Кор. 5:4). Абыхэм щІылъэм щыпсэуну яфІэмыгъэщІэгъуэн хъуауэ псынщІэу лІэну яхуейуэ аракъым. Абыхэм гъащІэр фІыуэ ялъагъу икІи я ныбжьэгъухэмрэ я Іыхьлыхэмрэ я гъусэу Иеговэ махуэ къэс зэрыхуэлажьэр лъапІэу ялъытэ. Ауэ абыхэм гугъэ дахэ яІэр сыт щыгъуи я гум илъщ (1 Кор. 15:53; 2 Пет. 1:4; 1 Ин. 3:2, 3; Апок. 20:6).
УАФЭМ ФЫКІУЭНУ ИЕГОВЭ ФЫКЪЫХИХАУЭ ПІЭРЭ?
14. ЦІыхур хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру хэтмэ икІи и гъащІэм Иеговэ и Іэр щилъагъумэ, абы къикІрэ уафэм кІуэну ар Алыхьым къыхихауэ?
14 Фэ фызэупщІыжу къыщІэкІынщ: «Уафэм сыкІуэну Иеговэ сыкъыхихауэ пІэрэ?» Фыкъыхихауэ къыфщыхъумэ, мыпхуэдэ упщІэхэм фегупсыс: Иеговэ и мурадыр вгъэзэщІэну хуабжьу фыхущІэкъуу пІэрэ? ХъыбарыфІ гъэІуным жыджэру фыхэт? Алыхьым и Псалъэр куууэ вджыну икІи щІэ гуэр къэфщІэну фигу ирихьрэ? (1 Кор. 2:10). ХъыбарыфІ гъэІунымкІэ Иеговэ ехъулІэныгъэхэр къывитрэ? НэгъуэщІхэм Иеговэ къевгъэцІыхуныр фи къалэн нэхъыщхьэу къэфлъытэрэ? Иеговэ мызэ-мытІэу къызэрывдэІэпыкъуар зыхэфщІа? Мы упщІэхэм «нтІэ» жыфІэу жэуап ефтамэ, абы къикІрэ фэ уафэм фыкІуэну Алыхьым фыкъыхихауэ? Хьэуэ. Сыт щхьэкІэ? Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм ямызакъуэу, Алыхьым и лэжьакІуэ псоми апхуэдэ жэуап иратыфынущ. Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэми и къару лъапІэмкІэ зэхуэдэу дэІэпыкъуфынущ, цІыхум гугъэ иІэм емылъытауэ. Уафэм фыкІуэну Алыхьым фыкъыхихарэ фыкъыхимыхарэ фхузэхэмыгъэкІмэ, а зым къегъэлъагъуэ уафэм фыкІуэну гугъэ фызэримыІэр. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм шэч къытрахьэкъым Иеговэ ахэр къызэрыхихам. Абыхэм ар фІыуэ къагуроІуэ!
Иеговэ Ибрэхьим, Сарэ, Даут икІи цІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан сымэ и къару лъапІэр щІритар ахэр уафэм кІуэн щхьэкІэкъым, атІэ Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэр ящІэн щхьэкІэщ. (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)e
15. Дэнэ дэ щытщІэр Алыхьым и къару лъапІэр зрита псори уафэм кІуэну къызэрыхимыхар?
15 Алыхьым и къару лъапІэр зрита и лэжьакІуэхэм я щапхъэ куэд Библием итщ, ауэ абыхэм уафэм кІуэну гугъэ яІэтэкъым. Псалъэм папщІэ, Алыхьым и къару лъапІэр пащтыхь Даут иритауэ щытащ (1 Сам. 16:13). Алыхьым и къару лъапІэр абы дэІэпыкъуащ Иеговэ теухуа пэжхэр куууэ къыгурыІуэну икІи хуигъэушащ Библием щыщ Іыхьэ зыбжанэ итхыну (Мк. 12:36). А псом емылъытауэ Петр Пэнтэкост махуэшхуэм щыгъуэ жиІауэ щытащ: «Даут уафэм дэкІуеижакъым» (Апост. 2:34). ЦІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуани Алыхьым и къару лъапІэр иритауэ щытащ (Лк. 1:13—16). Хьисэ жиІат: «ЦІыхубзхэм къалъхуам щыщу умэхъакІуэ Иуан нэхърэ нэхъ ин щыІэкъым». Ауэ абы иджыри жиІащ Иуан уафэм зэрымыкІуэнур (Мт. 11:10, 11). Иеговэ абыхэм и къару лъапІэр щІритар ахэр уафэм кІуэн щхьэкІэкъым, атІэ Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэр ящІэн щхьэкІэщ. Абы къикІрэ зи гугъу тщІа Алыхьым и лэжьакІуэхэм нэхърэ уафэм кІуэну гугъэ къызыІэрыхьахэр Алыхьым нэхъ хуэпэжу щытауэ? Хьэуэ. Абы къикІыр ахэр уафэм мыкІуэнуми, щІылъэм щыІэну жэнэтым щыпсэун щхьэкІэ ахэр Иеговэ къызэригъэтэджыжынуращ (Ин. 5:28, 29; Апост. 24:15).
16. Нобэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм щыщу я нэхъыбэм сыт хуэдэ гугъэ яІэр?
16 Нобэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм щыщу я нэхъыбэм уафэм кІуэну гугъэ яІэкъым. Ибрэхьим, Сарэ, Даут, цІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан сымэ, абы нэмыщІ Алыхьым хуэпэжу щыта япэм псэуа нэгъуэщІ и лэжьакІуэхэри пэплъэт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІэту щыпсэуну зэманым. Абыхэм хуэдэу щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэри къахуэмыгъэсу поплъэ а зэманым (Евр. 11:10).
17. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?
17 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм щыщ языныкъуэхэр иджыри щІылъэм щопсэу. Абы къыхэкІкІэ упщІэ зыбжанэ къохъей (Апок. 12:17). Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр дапхуэдэу зэрызыхущытыжын хуейр? Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІуалъхьэу щІэзыдзэ фи зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу фызэрыхущытын хуейр? ИкІи апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм я бжыгъэр зэрыхэхъуэм щхьэкІэ дыгузэвэн хуей? Мы упщІэхэр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.
a Ди эрэм 33-нэ гъэм, Пэнтэкост махуэшхуэм щыщІэдзауэ Иеговэ и лэжьакІуэ языныкъуэхэм гугъэ ярет и Къуэм и Пащтыхьыгъуэр уафэм щыдаІыгъыну. Ауэ абыхэм дэнэ щащІэр Иеговэ ахэр къызэрыхихар? Сыт къэхъур абыхэм а гугъэр къащыІэрыхьэм деж? Мы упщІэхэм я жэуапхэр мы статьям къыщыдгъуэтынущ. Мы статьям лъабжьэ хуэхъуащ 2016-нэ гъэм, щІышылэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ита гупсысэхэр.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Алыхьым и къару лъапІэр зритахэр е уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр,— ахэр Иеговэ къыхихахэращ, уафэм кІуэуэ, Хьисэ и тепщэныгъэр даІыгъын щхьэкІэ. Иеговэ и къару лъапІэмкІэ апхуэдэ цІыхухэм гугъэ быдэ ярет тыгъэр къазэрылъысынумкІэ (Еф. 1:13, 14). Абыхэм жаІэфынущ Алыхьым и къару лъапІэр щыхьэт зэрыхъур я тыгъэр уафэм зэрыщыІэмкІэ е апхуэдэу зэрыщытыр къазэрыгуригъаІуэр (Рим 8:16).
c ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Мы едзыгъуэм зи гугъу ищІ мыхъурыр трагъэуа иужь, уафэм кІуэну гугъэ зиІэ икІэм нэс пэжу къанэхэм лІэн ипэ е гузэвэгъуэшхуэр щІидзэн ипэ иджыри зэ мыхъур трагъэуэнущ (Еф. 4:30; Апок. 7:2—4; 2016-нэ гъэм, мэлыжьыхьым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ рубрикэм феплъ).
d ЩІэрыщІэу къалъхужыным къикІым теухуауэ нэхъыбэ къыщыфщІэнущ 2009-нэ гъэм, мэлыжьыхьым и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм». Мы журналым мыпхуэдэ статьяхэр къыщывгъуэтынущ: «Новое рождение. Ведет ли оно к спасению?», «Новое рождение. Насколько оно важно?», «Новое рождение. Вопрос личного выбора?», «Новое рождение. Какова его цель?», «Новое рождение. Как оно происходит?», «Новое рождение. С какой переменой оно связано?», абы нэмыщІ «Правители небесного Царства и его подданные».
27-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и къуэхэр куэд мыщІэу дунейм иригъэлъэгъунущ
e СУРЭТЫР. Ди фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ тутнакъым дисми е хуиту хъыбарыфІыр дгъэІуми дэ гугъэ диІэщ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэ дыщІэту щІылъэм дыщыпсэуну.