Петррэ Иуанрэ ІутІыж махуэшхуэм ищхьэ пэшыр хуагъэхьэзыр (ди эрэм 33 гъэм)
ДИ ГЪАЩІЭР
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм ухуэхьэзыру пІэрэ?
Хьисэ иужь дыдэу игъэлъэпІа ІутІыж махуэшхуэр зыми хуэдэтэкъым. Абы ищІэт куэд мыщІэу зэрылІэнур икІи ар хуейт апостолхэм и гъусэу ІутІыж махуэшхуэр игъэлъэпІэну. Абы нэмыщІ ар хуейт и гъащІэр щитыну махуэр илъэс къэс ягу къагъэкІыжыну унафэ яхуищІыну. Абы къыхэкІкІэ Петррэ Иуанрэ а махуэр щагъэлъэпІэну пэшыр ягъэхьэзырыну яжриІащ (Лк 22:7—13; япэ напэкІуэцІым ит сурэтым еплъ). Дэри дыхуейщ гъатхэпэ мазэм и 27-нэм Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм хуэхьэзыру дыщытыну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм псалъэ жызыІэну къуэш кърагъэблэгъэнущ икІи щІакхъуэмрэ шагъырымрэ ягъэхьэзырынущ. Ауэ дэтхэнэ зыми Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм дапхуэдэу зэрызыхуэдгъэхьэзырыфынур?
Уи гур гъэхьэзыр. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІыну зэманым хухаха едзыгъуэхэм еджэ икІи а Іуэхугъуэм ухэтым хуэдэу уи нэгу къызэрыщІэбгъэхьэным хущІэкъу. Библиер зэрадж графикыр «Исследуем Писания каждый день» жыхуиІэ брошюрэм къыщыбгъуэтыфынущ. Графикыр нэхъ зэпкърыхауэ «Слово Бога в картах и схемах» жыхуиІэ брошюрэм итщ (16-нэ разделыр). (Абы нэмыщІ еплъ 2020 гъэм мэлыжьыхьым къыдэкІа «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъым.) Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр нэхъ лъапІэу плъытэн щхьэкІэ унагъуэм зэгъусэу Библиер щывджхэм деж къэвгъэсэбэп хъунущ «Индекс публикаций Сторожевой башни» е «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуиІэхэр.
НэгъуэщІхэр къегъэблагъэ. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къызэредгъэблагъэ кампанием жыджэру хэт. Абы хэт къебгъэблагъэ хъунуми егупсыс. Псалъэм папщІэ, япэм Библием тегъэщІауэ узэпсэлъауэ щыта, зи гъусэу Библиер бджа, уи цІыхугъэ е уи благъэ гуэр. ХъыбарыфІ гъэІуныр къэзыгъэна къуэш, шыпхъухэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм кърагъэблэгъэн хуейщ. Уэ ппэжыжьэу зыгуэр псэумэ, jw.org сайтым ихьи, ар здэпсэу щІыпІэм Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щагъэлъэпІэну зэманымрэ щІыпІэмрэ къащІэ. Абы щхьэкІэ напэкІуэцІ нэхъыщхьэм ДЭ ТТЕУХУАУЭ жыхуиІэ вкладкэм текъузи, «Пщыхьэщхьэшхэр» жыхуиІэр къыхэх.
Уэ дауэ иджыри зэрызыбгъэхьэзырыфынур?