АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
Мыарэзыуэ ущытыным сыт хуэдэ Іей къыпэкІуэр?
ЦІыхур мыарэзыуэ щыщытым деж ар Иеговэ игу ирихькъым (Чс 11:1; w01-U 15/6 17, абз. 20).
Мыарэзыуэ щытым къегъэлъагъуэ ар щхьэхуещэу икІи фІыщІэ зигу имылъ цІыхуу зэрыщытыр (Чс 11:4—6; w06-U 15/7 15, абз. 7).
Мыарэзыуэ щыт цІыхур нэгъуэщІхэм зэран хуохъу (Чс 11:10—15; it-U «Ссора», подзаг. «Ропот», абз. 1).
Израил лъэпкъыр губгъуэ нэщІым гугъу щехьами, абыхэм фІыщІэ щІащІын щхьэусыгъуэ куэд яІащ. Иеговэ къытхуищІэ псом гу лъыттэмэ, ар къыддэІэпыкъунущ арэзыуэ дыщытыну.