ДИ ГЪАЩІЭР
Хэт сэ къезгъэблэгъэнур?
Илъэс къэс Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм ди щІыпІэм щыпсэу цІыхухэр къедгъэблэгъэн щхьэкІэ дэ къару идохьэлІэ. Иджыпсту ди Іуэхур зыІутым къыхэкІкІэ дэ фІыуэ дымыцІыху цІыхухэр а зэІущІэм къедгъэблагъэкъым. Ауэ фІыуэ тцІыхухэр абы къедгъэблэгъэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. ЦІыхухэр а зэІущІэм нэхъ тыншу къекІуэлІэнущ, къезыгъэблагъэр яцІыхуу щытмэ (yb08-U 11, абз. 3; 14, абз. 1). Уэ пцІыхухэм щыщу а зэІущІэм хэт къебгъэблагъэ хъунуми егупсыс. Абыхэм хыхьэфынущ:
уи благъэхэр;
къыбдэлажьэхэр е къыбдеджэхэр;
уи гъунэгъухэр;
уэ щІэх-щІэхыурэ хъыбарыфІымкІэ уздэгуашэ е зэгуэрым Библием ебгъаджэу щыта цІыхухэр.
Зэхуэсым и нэхъыжьхэм хъыбарыфІыр зымыгъэІужхэр икІи зэІущІэхэм къэмыкІуэжхэр Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм кърагъэблэгъэнущ. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэу уэ хэт къебгъэблагъэ хъунуми егупсыс икІи ар нэхъыфІу зэрыпщІыным теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ечэнджэщ.