«Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъым зэрызыхуэдгъэхьэзыр материалыр
ЖЭПУЭГЪУЭМ И 5—11
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 31, 32
«Тхьэнапэ гъэлъэпІэным пэІэщІэ зыхуэщІ»
(Исход 32:1) Абы хэту Мусэ бгым куэдрэ къызэремыхыжыр лъэпкъым щилъагъум Хьэрун деж кІуэри, мыпхуэдэу жриІащ: «Къэтэджи, ди япэ иту кІуэну тхьэ тхуэщІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ тщІэкъым дэ а Мусэ къыщыщІар, Мысыр щІыналъэм дыкъизышыжа цІыхум».
(Исход 32:4—6) Абыхэм къахьа дыщэр къищтэри, Іэмэпсымэхэр къигъэсэбэпу абы танэ къыхищІыкІащ. ЦІыхухэм мыпхуэдэу жаІэу щІадзащ: «Израил, мис Мысыр щІыналъэм укъизышыжа уи Алыхьыр». 5 Хьэрун ар щилъагъум танэм и пащхьэ къурмэнщІыпІэ щигъэуври мыпхуэдэу жиІащ: «Пщэдей Иеговэ хухэха махуэшхуэщ». 6 КъыкІэлъыкІуэ махуэм ахэр жьыуэ къэтэджри, ягъэс къурмэныпхъэхэмрэ мамырыгъэм и къурмэныпхъэхэмрэ къахьащ. Абы иужь лъэпкъыр тІысри ефэн-ешхэн щІидзащ, итІанэ тэджри джэгу ищІащ.
(Исход 32:9, 10) Иеговэ Мусэ жриІащ: «Мы лъэпкъым соплъри, ар зэрыерыщыр солъагъу. 10 Аращи, сыкъэгъанэ. Сэ си губжьыр абыхэм ятескъутэнурэ ахэр згъэкІуэдыжынущ икІи уэ лъэпкъышхуэ къыптезгъэхъукІынущ».
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 31:17) Мыр сэрэ Израилым и къуэхэмрэ игъащІэкІэ ди зэхуаку дэлъыну нэщэнэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ уафэмрэ щІылъэмрэ махуихым и кІуэцІым къигъэщІри, ебланэ махуэм лэжьэн щигъэтащ икІи зигъэпсэхун щІидзащ“».
(Исход 32:32, 33) Абыхэм я гуэныхьыр къахуэбгъэгъуну? Къахуомыгъэгъунумэ, кхъыІэ, уэ птха тхылъым си цІэр икъутыкІыж». 33 Ауэ Иеговэ Мусэ жриІащ: «Сэ си пащхьэ гуэныхь къыщызыхьаращ си тхылъым искъутыкІыжынур.
ЖЭПУЭГЪУЭМ И 12—18
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 33, 34
«Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэр»
(Исход 34:5) Иеговэ пшэм хэту къехри, абы и гъунэгъуу уври, Иеговэ и цІэр игъэІуащ.
(Исход 34:6) Абы иужь Иеговэ абы и пащхьэ щыблэкІри жиІащ: «Иеговэ, Иеговэ — Алыхь гу щабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ, тэмакъкІыхьщ, фІылъагъуныгъи пэжагъи и куэдщ,
(Исход 34:7) и лъагъуныгъэр мин бжыгъэхэм ярегъэлъагъу, хабзэншагъэр, щІэпхъаджагъэр, гуэныхьыр егъэгъу, ауэ къуаншэм Іэмал имыІэу тезыр трелъхьэ. Адэхэм я гуэныхьым щхьэкІэ абы къуэхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ щІэблэ ещанэм икІи еплІанэм нэс тезыр трелъхьэ».
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 33:11) Иеговэ Мусэ бгъэдэту епсэлъащ, цІыхуитІ зэрызэпсалъэм хуэдэу. Абы я увыпІэм къыщигъэзэжым щыгъуэ, абы и ІуэхутхьэбзащІэ икІи дэІэпыкъуэгъу Нун и къуэ Ехьошуа шэтырым къыбгъэдэкІтэкъым.
(Исход 33:20) ИтІанэ абы пищащ: «Си нэгу укъыщІэплъэн плъэкІынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сыкъэзылъэгъуа цІыхур псэууэ къэнэнукъым».
(Исход 34:23, 24) Фи цІыхухъуу хъуар илъэсым и кІуэцІкІэ щэ Зиусхьэн Иеговэ, Израилым и Алыхьым, и пащхьэ иувэн хуейщ. 24 Сэ уи пащхьэ лъэпкъхэр исхунурэ, фи гъунапкъэхэр згъэкІуэтэнущ икІи илъэсым и кІуэцІкІэ щэ уи Алыхь Иеговэ и нэгу плъэгъун щхьэкІэ абы и деж ущыкІуэкІэ, уэ уи щІыналъэм зыри щІэхъуэпсынукъым.
ЖЭПУЭГЪУЭМ И 19—25
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 35, 36
«Иеговэ и лэжьыгъэр дгъэзэщІэн щхьэкІэ дызыхуей псор диІэщ»
(Исход 35:25, 26) Іущагъ зыхэлъ цІыхубз псоми я ІэкІэ цы яджт икІи цы яджар къахьт: Іуданэ щІыхур, щІыхуфэ къызыщІэлъадэ цы плъыжьыр, Іуданэ джа плъыжьыбзэр, чэтэн нэхъыфІ дыдэр. 26 Зигу хуэзыгъэуш цІыхубз Іущ псоми бжэныцыр яджт.
(Исход 35:30—35) Абы иужь Мусэ Израилым и къуэхэм яжриІащ: «Феплъыт, Иеговэ Иудэ лъэпкъым щыщ Хур и къуэ Урие и къуэ Веселеил и цІэр къриІуащ. 31 Абы и къару лъапІэр иритащ Іущагъ, зэхэщІыкІ, щІэныгъэ иІэну, сыт хуэдэ Іуэхуми хуэІэкІуэлъакІуэу щытыну, 32 сыт хуэдэ мурадри игъэзэщІэну, дыщэм, дыжьыным, гъуаплъэм елэжьыну, 33 мывэхэм елэжьыну, ахэр я пІэхэм иригъэтІысхьэн щхьэкІэ игъэхьэзырыну икІи пхъэми елэжьыну абы хьэпшып гъэщІэгъуэн зэмылІэужьыгъуэхэр къыхищІыкІын щхьэкІэ. 34 ИкІи Алыхьым Веселеилрэ Дан лъэпкъым щыщ Ахисамах и къуэ Аголиаврэ я ІэщІагъэм нэгъуэщІхэр хурагъэсэфу зэфІэкІ яхилъхьащ. 35 Абыхэм я гум Алыхьым Іущагъ ирилъхьащ дэтхэнэ зы лэжьыгъэми хуэІэкІуэлъакІуэу щытын щхьэкІэ. Абыхэм Алыхьым къахьилъхьащ хэдыкІын ІэщІагъэр, Іуданэ щІыхур, щІыхуфэ къызыщІэлъадэ цы плъыжьыр, Іуданэ джа плъыжьыбзэр, чэтэн нэхъыфІ дыдэр къэбгъэсэбэпу тхыпхъэхэр щэкІым хэщІыхьын икІи щэкІ щІын ІэщІагъэхэр. Абыхэм дэтхэнэ зы Іуэхури ящІэт икІи сыт хуэдэ мурадри ягъэзащІэт.
(Исход 36:1, 2) ИкІи лэжьэнущ Веселеил, абы нэмыщІ Аголиаврэ Іущагъ зигу илъ цІыхухэмрэ. Иеговэ абыхэм Іущагърэ зэхэщІыкІрэ яритащ лэжьыгъэ лъапІэм пыщІа сыт хуэдэ лэжьыгъэри Иеговэ зэрыжиІам хуэдэу ягъэзэщІэн щхьэкІэ». 2 Мусэ Веселеили, Аголиави, Иеговэ Іущагъ зигу ирилъхьа цІыху Іущхэри, лэжьыгъэм пэрыувэу ар ягъэзэщІэну зи гум хуэзыгъэуш дэтхэнэ зыри къыхуриджащ.
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 35:1—3) Мусэ Израил лъэпкъ псори къриджэри яжриІащ: «Мис щІэн хуейуэ Иеговэ жиІа псалъэхэр: 2 махуихкІэ фылажьэ хъунущ, ауэ ебланэ махуэр фи дежкІэ лъапІэу щытынущ — ар зыщывгъэпсэхун хуей Иеговэ хухэха щэбэт махуэщ. А махуэм лажьэ дэтхэнэ зыри Іэмал имыІэу укІын хуейщ. 3 Щэбэт махуэм фызыщІэс унэхэм мафІэ щыщІэвмыгъанэ».
(Исход 35:21) Абы иужь зигу хуэзыгъэуш дэтхэнэ зыри къакІуэри, Иеговэ тыгъэ къыхуахьащ, шэтыр лъапІэр ящІын икІи абы щыхуэлэжьэн щхьэкІэ зыхуэныкъуэну псори щыгъын лъапІэри ящІын щхьэкІэ.
ЖЭПУЭГЪУЭМ И 26 — ЩЭКІУЭГЪУЭМ И 1
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 37, 38
«Шэтыр лъапІэм и къурмэнщІыпІэхэмрэ абыхэм яІэу щыта мыхьэнэмрэ»
(Исход 37:25) Фимиамыр щагъэсын къурмэнщІыпІэр кІарц жыгым абы къыхищІыкІащ. КъурмэнщІыпІэр зэпэплІимэу щытт: и кІыхьагъыр зы ІэфракІэ хуэдиз и бгъуагъри зы ІэфракІэ хуэдиз хъут, и лъагагъыр ІэфракІитІ хуэдиз хъут. Абы бжьакъуэхэр къыхэкІт.
(Исход 37:29) Абы нэмыщІ дагъэ лъапІэмрэ мэ ІэфІ къызыпих фимиам къабзэмрэ абы зэхилъхьащ. Ар зи лэжьыгъэр дагъэ зэхэзылъхьэращ.
(Исход 38:1) Къурмэнхэр щагъэсын къурмэнщІыпІэр кІарц жыгым абы къыхищІыкІащ. КъурмэнщІыпІэр зэпэплІимэу щытт: и кІыхьагъыр ІэфракІитху хуэдиз и бгъуагъри ІэфракІитху хуэдиз хъут, и лъагагъыр ІэфракІищ хуэдиз хъут.
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 37:1) Веселеил зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр кІарц жыгым къыхищІыкІащ. Абы и кІыхьагъыр ІэфракІитІрэ ныкъуэрэ хуэдиз хъут, и бгъуагъри и лъагагъри ІэфракІэ зэрызрэ ныкъуэрэ хъут.
(Исход 37:10) Абы иужь кІарц жыгым абы стІол къыхищІыкІащ. Абы и кІыхьагъыр ІэфракІитІ хуэдиз хъут, и бгъуагъыр зы ІэфракІэ хуэдиз хъут икІи и лъагагъыр зы ІэфракІэрэ ныкъуэрэ хуэдиз хъут.
(Исход 37:25) Фимиамыр щагъэсын къурмэнщІыпІэр кІарц жыгым абы къыхищІыкІащ. КъурмэнщІыпІэр зэпэплІимэу щытт: и кІыхьагъыр зы ІэфракІэ хуэдиз и бгъуагъри зы ІэфракІэ хуэдиз хъут, и лъагагъыр ІэфракІитІ хуэдиз хъут. Абы бжьакъуэхэр къыхэкІт.
(Исход 38:8) Абы иужь шэтыр лъапІэм и щІыхьэпІэм деж Алыхьым щыхуэлажьэ цІыхубзхэм я гъуджэхэм абы къыхищІыкІащ гъуаплъэ фалъэшхуэмрэ абы и тегъэувапІэмрэ.