«Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъым зэрызыхуэдгъэхьэзыр материалыр
ФОКІАДЭМ И 7—13
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 23, 24
«ЦІыху нэхъыбэм ящІэр умыщІэж»
(Исход 23:1) Хъыбар нэпцІхэр умыгъэІу. Мурад бзаджэ зиІэ щыхьэт ухъуу, цІыху мыхъумыщІэм телъхьэ ухуэмыхъу.
(Исход 23:2) ЦІыху нэхъыбэм бзаджагъэ ящІэр ядомыщІэ икІи захуагъэм уебакъуэу, нэхъыбэм ящІэр пщІэжу, зэдэуэныгъэм щыхьэту ущымыув.
(Исход 23:3) ЦІыху зэхэгъэж умыщІ, тхьэмыщкІэм и Іуэхур щызэхэбгъэкІым деж.
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 23:9) Хэхэсым лей томыгъэхьэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Мысыр щІыналъэм фэ езыр хэхэсу фыщыпсэуащи, хэхэсу ущытыным къикІыр уэ езым уощІэ.
(Исход 23:20, 21) Сэ уи япэ иту мелыІычыр нызогъакІуэ, гъуэгу утетыху укъихъумэн икІи уэ пхуэзгъэхьэзыра щІыпІэм уишэн щхьэкІэ. 21 ЗыкІэлъыплъыж, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар уэ уи гъусэщ икІи абы жиІэм едаІуэ. Абы упэщІэмыувэ, уи гуэныхьыр абы къыпхуигъэгъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы си цІэр хэлъщ.
ФОКІАДЭМ И 14—20
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 25, 26
«Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэу шэтырым щІэта хьэпшыпыр»
(Исход 25:9) Фэ шэтыр лъапІэмрэ абы щІэтыну хьэпшыпхэмрэ зэрозгъэлъагъу щапхъэм тету фщІын хуейщ.
(Исход 25:21) Пхъуантэм щхьэтепІэр телъхьэ, езы пхъуантэм уэстыну си унафэхэр зытет мывэ пІащІитІыр дэлъхьэ.
(Исход 25:22) Сэ абдеж уэ зыкъыщыпхуэзгъэзэнущ икІи щхьэтепІэм и щхьэм деж сыныщопсэлъэнущ, зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэм тет херувимитІым я зэхуакум деж, Израилым и къуэхэм хуэгъэза унафэхэр уэстын щхьэкІэ.
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 25:20) Херувимхэм я дамэхэр дэхьеяуэ икІи щхьэтепІэр щІахъумэу щытын хуейщ, я напэхэр зэхуэгъэзауэ щытын хуейщ. Херувимхэм я напэхэр щхьэтепІэм хуэгъэзауэ щытын хуейщ.
(Исход 25:30) ИкІи си пащхьэ къифлъхьэ щІакхъуэр сыт щыгъуи Іэнэм телъхьэ.
ФОКІАДЭМ И 21—27
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 27, 28
«Дин пашэхэм зэрызахуапэу щыта щІыкІэм дэ сытым дыхуригъасэрэ?»
(Исход 28:30) Хьэкумым и бгъэІулъым уримымрэ туммимымрэ илъхьэ икІи Хьэрун Иеговэ деж щыщІыхьэкІэ ахэр и гум пэгъунэгъуу щытын хуейщ. Ахэр сыт щыгъуи Хьэрун и гум пэгъунэгъуу щрырет, Израилым и къуэхэм я хьэкумыр ищІын щхьэкІэ.
(Исход 28:36) Дыщэ къабзэм бзыгъэ цІу къыхэщІыкІи, мыхъурым зэрытратхэм хуэдэу мы псалъэхэр тетхэ: „Иеговэ закъуэщ лъапІэр“.
(Исход 28:42, 43) Чэтэным къыхэщІыкІауэ лъэгуажьэм къэсу гъуэншэдж абыхэм яхуэщІ, я щІыфэ пцІанэр щІахъумэн щхьэкІэ. 43 Хьэрунрэ абы и къуэхэмрэ шэтыр лъапІэм щыщІыхьэкІэ е щІыпІэ лъапІэм щыІэ къурмэнщІыпІэм щыбгъэдыхьэкІэ къуаншагъэ къатемыхуэн икІи мылІэн щхьэкІэ ахэр щрыратІагъэ. Мы унафэр Хьэрунрэ абы къыщІэхъуэну щІэблэмрэ игъащІэкІэ яІэнущ.
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 28:15—21) Хьэкумым и бгъэІулъыр щІы. Мыр зи лэжьыгъэр хэзыдыкІ цІыхуращ. Ар ефодыр зэрыпщІам хуэдэу щІы: ар дыщэм, Іуданэ щІыхум, щІыхуфэ къызыщІэлъадэ цы плъыжьым, Іуданэ джа плъыжьыбзэм, чэтэн Іуданэ ІуэнтІа нэхъыфІ дыдэм къыхэщІыкІ. 16 ТІууэ зэкІуэцІыплъхьа нэужь ар плІимэу щытын хуейщ, и кІыхьагъкІи и бгъуагъкІи ІэгупІэ хуэдиз хъун хуейщ. 17 Мывэхэр сатыриплІу тегъэтІысхьэ. Япэ сатырыр: рубиныр, топазыр, изумрудыр. 18 ЕтІуанэ сатырыр: бирюзар, сапфирыр, яшмэр. 19 Ещанэ сатырыр: ле́шемыр, агатыр, аметистыр. 20 ЕплІанэ сатырыр: хризолитыр, ониксыр, жадеитыр. Ахэр дыщэм хагъэтІысхьауэ щытын хуейщ. 21 Израилым и къуэхэм я цІэхэм хуэкІуэу, мывэхэм я бжыгъэр пщыкІутІ хъун хуейщ. А мывэхэм щыщ дэтхэнэ зыми лъэпкъ пщыкІутІым я цІэхэр зэрызу тратхэн хуейщ, мыхъурым зэрытратхэм хуэдэу.
(Исход 28:38) Ар Хьэрун и натІэм телъынущ икІи абы жэуап ихьыжынущ Израилым и къуэхэм Иеговэ хухаха хьэпшып лъапІэхэм, е нэгъуэщІу жыпІэмэ, абыхэм я тыгъэ лъапІэхэм, хуэгъэзауэ гуэныхь ящІэхэм щхьэкІэ. Ар абы и натІэм сыт щыгъуи телъын хуейщ, Иеговэ абыхэм арэзы къахуэхъун щхьэкІэ.
ФОКІАДЭМ И 28 — ЖЭПУЭГЪУЭМ И 4
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 29, 30
«Иеговэ и лэжьыгъэм щхьэкІэ арэзыуэ тты ахъшэр»
(Исход 30:11, 12) Иеговэ Мусэ иджыри жриІащ: 12 «Израилым и къуэхэм я бжыгъэр щыббжкІэ, абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми и щхьэм щхьэкІэ щхьэщэхуж Иеговэ ирырет, ахэр щабжкІэ, абыхэм узыфэ шынагъуэ къемыуэлІэн щхьэкІэ.
(Исход 30:13—15) Къэбжын хуейм хыхьэхэм ятын хуейр мыращ: щІыпІэ лъапІэм къыщагъэсэбэп сиклым хуэдэ сикль ныкъуэ. Гер тІощІыр зы сикль мэхъу. Сикль ныкъуэр ар Иеговэ тыгъэу къыхуахьыращ. 14 Къэбжын хуейм хыхьэ дэтхэнэ зыми, илъэс тІощІ е нэхъыбэ хъухэм, Иеговэ тыгъэ хуащІын хуейщ. 15 Къулейм и щхьэм щхьэкІэ щхьэщэхуж тыгъэу Иеговэ нэхъыбэ иритын хуейкъым, тхьэмыщкІэми сикль ныкъуэм нэхърэ нэхъ мащІэ тыгъэу итын хуейкъым.
(Исход 30:16) Я щхьэр зэращэхуж дыжьыныр Израилым и къуэхэм къеІыхи, шэтыр лъапІэм щекІуэкІ лэжьыгъэм щхьэкІэ ет, Израилым и къуэхэм фІы къахудэкІуэу, Иеговэ ахэр зэи щымыгъупщэн щхьэкІэ».
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 29:10) Шэтыр лъапІэм гуур къешалІи, Хьэрунрэ абы и къуэхэмрэ абы и щхьэм я Іэхэр трыралъхьэ.
(Исход 30:31—33) Израилым и къуэхэм мыпхуэдэу яжеІэ: „Зы щІэблэм икІыу адрей щІэблэм кІуэуэ ар сэ си дежкІэ дагъэ лъапІэу щытынущ. 32 ЦІыху гуэрым и щІыфэм ар щывмыхуэ икІи ар зэрызэхэлъым хуэдэу нэгъуэщІ зыри зэхэвмылъхьэ. Ар дагъэ лъапІэщ. Ар фи дежкІэ лъапІэу щытынущ. 33 Абы ещхьу дагъэ зэхэзылъхьэр е нэгъуэщІым ар щызыхуэр и лъэпкъым хэзгъэкІуэдыкІыжынущ“».