«Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъым зэрызыхуэдгъэхьэзыр материалыр
ЩЭКІУЭГЪУЭМ И 2—8
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 39, 40
«Мусэ Иеговэ кърита унафэр нэгъэсауэ игъэзэщІащ»
(Исход 39:32) Апхуэдэу шэтыр лъапІэр, е нэгъуэщІу жыпІэмэ зэхуэсым и шэтырыр, щІын яухащ. Иеговэ Мусэ унафэ зэрыхуищІам хуэдэу Израилым и къуэхэм псори ящІащ. Апхуэдэ дыдэу ящІащ.
(Исход 39:43) ЯщІа лэжьыгъэм Мусэ еплъри, Иеговэ унафэ къазэрыхуищІам хуэдэ дыдэу а лэжьыгъэр абыхэм зэращІар къилъэгъуащ. Апхуэдэ дыдэу ящІащ. ИкІи Мусэ и нэфІ абыхэм щыхуащ.
(Исход 40:1, 2) Абы иужь Иеговэ Мусэ жриІащ: 2 «Япэ мазэм и япэ махуэм шэтыр лъапІэр, е нэгъуэщІу жыпІэмэ зэхуэсым и шэтырыр, гъэув.
(Исход 40:16) Иеговэ унафэ къызэрыхуищІам хуэдэ дыдэу Мусэ псори ищІащ. Апхуэдэ дыдэу ищІащ.
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 40:16) Иеговэ унафэ къызэрыхуищІам хуэдэ дыдэу Мусэ псори ищІащ. Апхуэдэ дыдэу ищІащ.
(Исход 40:34) Абы щыгъуэ зэхуэсым и шэтырыр пшэм щІихъумащ икІи Иеговэ и щІыхьыр шэтыр лъапІэм щІэз хъуащ.
ЩЭКІУЭГЪУЭМ И 9—15
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛЕВИТ 1—3
«Къурмэныпхъэхэр къыщІахьу щытар»
(Левит 1:3) Абы Алыхьым къыхуихьыр былымым щыщ ягъэс къурмэныпхъэу щытмэ, а Іэщыр дагъуэ зимыІэ хъууэ щытын хуейщ. ЦІыхум арэзыуэ былымыр зэхуэсым и шэтыр щІыхьэпІэм деж къыІурыреши, Иеговэ и пащхьэ ирырегъэувэ.
(Левит 2:1) Зыгуэрым Иеговэ щІакхъуэхэкІ къурмэныпхъэ къыхуихьыну хуейуэ щытмэ, ар хьэжыгъэ нэхъыфІ дыдэу щытын хуейщ. Ар къэзыхьым абы дагъэ трырекІэ икІи ладан трырелъхьэ.
(Левит 2:12) Япэ дыдэу кърахьэлІэжхэр къызэрахьым хуэдэу ахэр Иеговэ къыхуэфхь, ауэ мэ ІэфІ къызыпих къурмэныпхъэр къурмэнщІыпІэм къызэрахьым хуэдэу ахэр къэпхь хъунукъым.
(Левит 3:1) Абы Алыхьым къыхуихьыр мамырыгъэм и къурмэныпхъэ былыму щытмэ, ар хъуми бзыми, абы дагъуэ зимыІэ псэущхьэр къишэу Иеговэ и пащхьэ иригъэувэн хуейщ.
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Левит 2:13) Къурмэныпхъэу къэпхь дэтхэнэ зы щІакхъуэхэкІми шыгъу хэлъхьэ. ЩІакхъуэхэкІ къурмэныпхъэр шыгъу хэмылъу къэпхь хъунукъым. А шыгъум уигу къегъэкІыж Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэгурыІуэныгъэр. Къурмэныпхъэ къэс шыгъу и гъусэу къэхь.
(Левит 3:17) Мыр фэри фи щІэблэми игъащІэ псокІэ фи унафэу щытынущ, фэ дэнэ фыщымыпсэуами: щэ лъэпкъи лъы лъэпкъи фымышх“».
ЩЭКІУЭГЪУЭМ И 16—22
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛЕВИТ 4, 5
«Иеговэ нэхъыфІ дыдэр ефт»
(Левит 5:5, 6) А псом щыщ гуэркІэ къуаншагъэ ищІамэ, къуаншагъэ ищІамкІэ зреумысыж. 6 Къуаншагъэ зыщІам къихь къурмэныпхъэм хуэдэ гуэныхь зыщІам Иеговэ къыхурырехь. Хъушэм щыщу мэлыщІэ е бжэныщІэ гуэныхьыр зыпшыныж къурмэныпхъэм хуэдэу кърырехь, икІи дин пашэм абы и гуэныхьыр ипшыныжынущ.
(Левит 5:7) Мэл къихьыну абы хузэфІэмыкІыу щытмэ, гуэныхь ищІам щхьэкІэ, къуаншагъэ зыщІам къихь къурмэныпхъэм хуэдэу, губгъуэ тхьэрыкъуитІ е тхьэрыкъуэщІитІ Иеговэ къыхурырехь. Зы бзур гуэныхь ищІам щхьэкІэ, етІуанэр ягъэс къурмэныпхъэу кърырехь.
(Левит 5:11) Ауэ абы губгъуэ тхьэрыкъуитІ е тхьэрыкъуэщІитІ къихьыну хузэфІэмыкІыу щытмэ, ищІа гуэныхьым щхьэкІэ хьэжыгъэ нэхъыфІ дыдэу ефэм и Іыхьэ пщІанэр кърырехь. А хьэжыгъэм дагъэ трыремыкІэ икІи ладан трыремылъхьэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар и гуэныхьым щхьэкІэ къихь къурмэныпхъэщ.
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Левит 5:1) Зыгуэрым нэгъуэщІым ищІа гуэныхьым теухуауэ зэхихамэ е илъэгъуамэ, ауэ ар ибзыщІамэ, абы гуэныхь къихьащ икІи а гуэныхьым щхьэкІэ жэуап ихьыжын хуейщ.
(Левит 5:15, 16) Зыгуэрым щыуагъэкІэ Иеговэ и дежкІэ лъапІэу щытым хуэгъэзауэ гуэныхь ищІэмэ, къуаншагъэ зыщІам къихь къурмэныпхъэм хуэдэ кърырехь. Абы и хъушэм щыщу дагъуэ зимыІэ тІы кърырехь, уасэ хуагъэувам хуэкІуэу дыжьын сиклым хуэдиз, щІыпІэ лъапІэм къыщагъэсэбэп сиклым хуэдиз. 16 Абы щІыпІэ лъапІэм хуэгъэзауэ ищІа гуэныхьым щхьэкІэ уасэ щІитынущ икІи а уасэм и Іыхьэ тхуанэр щІигъужынурэ дин пашэм а псор иритынущ. Дин пашэм абы и гуэныхьыр ипшыныжынущ, къуаншагъэ зыщІам къихь къурмэныпхъэм хуэдэу тІыр къихьынурэ, абы и гуэныхьыр къыхуэгъунущ.
ЩЭКІУЭГЪУЭМ И 23—29
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛЕВИТ 6, 7
«Ди гум илъ фІыщІэр зэрыдгъэлъагъуэ хъуныр»
(Левит 7:11, 12) Мамырыгъэм и къурмэныпхъэу Иеговэ къыхуахьынум теухуа хабзэр мыращ. 12 Зыгуэрым фІыщІэ зэрищІым къыхэкІкІэ ар къихьмэ, абы и гъусэу къихьын хуейщ дагъэ хэлъу ящІауэ хьэлыгъуанэм ещхь щІакхъуэ мыгъэтэдж, дагъэ зыщыхуа щІакхъуэ пІащІэ мыгъэтэдж хъурей, хьэжыгъэ нэхъыфІ дыдэмрэ дагъэмрэ къыхэщІыкІауэ фІыуэ пща тхьэвым къыхэщІыкІа хьэлыгъуанэм ещхь щІакхъуэ.
(Левит 7:13—15) Абы и къурмэныпхъэмрэ фІыщІэ зэрищІым къыхэкІкІэ къихь мамырыгъэм и къурмэныпхъэмрэ пщагъэ зыхэлъ хьэлыгъуанэм ещхь щІакхъуэм и гъусэу кърырехь. 14 Къурмэныпхъэу къахь щІакхъуэ лІэужьыгъуэхэм щыщу зырыз Иеговэ и Іыхьэ лъапІэу кърырехь. Ар мамырыгъэм и къурмэныпхъэм и лъыр къурмэнщІыпІэм тезыутхэ дин пашэм ейщ. 15 ФІыщІэ зэращІым къыхэкІкІэ къахь мамырыгъэм и къурмэныпхъэм и лыр ар къыщахьа махуэ дыдэм яшхын хуейщ. Абы щыщу пщэдджыжь хъуху зыри къигъэнэн хуейкъым.
(Левит 7:20) ЦІыху мыкъабзэ гуэрым Иеговэ къыхуахьа мамырыгъэм и къурмэныпхъэм щыщ лыр ишхмэ, ар и лъэпкъым хагъэкІуэдыкІынущ.
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Левит 6:13) КъурмэнщІыпІэм и мафІэр сыт щыгъуи блэн хуейщ икІи ар зэи ункІыфІын хуейкъым.
(Левит 6:25) «Хьэрунрэ абы и къуэхэмрэ яжеІэ: „Гуэныхьым щхьэкІэ къахь къурмэныпхъэм теухуа хабзэр мыращ: гуэныхьым щхьэкІэ къурмэныпхъэу къахь псэущхьэр ягъэс къурмэныпхъэр щыфІагъэж щІыпІэм деж, Иеговэ и пащхьэм деж, щаукІын хуейщ. Ар псом нэхърэ нэхъ лъапІэ дыдэщ.
ЩЭКІУЭГЪУЭМ И 30 — ДЫГЪЭГЪАЗЭМ И 6
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛЕВИТ 8, 9
«Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэрыхуэарэзым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ»
(Левит 8:6—9) Мусэ Хьэрунрэ абы и къуэхэмрэ къриджэри, загъэпскІыну унафэ яхуищІащ. 7 Абы иужь Мусэ Хьэрун джанэ кІыхь щитІагъэри, бгырыпхкІэ щІипхэжащ, Іэщхьэ зыпымыт джанэрэ ефодрэ щитІагъэри, ефодым и бгырыпхымкІэ ефодыр быдэу щІипхэжащ. 8 ИужькІэ абы бгъэІулъыр щитІагъэри, бгъэІулъым уримымрэ туммимымрэ ирилъхьащ. 9 Абы иужь тюрбан щхьэритІэгъащ икІи дыщэ къабзэм къыхэщІыкІа бзыгъэ цІур — Иеговэ щхьэкІэ хэхауэ зэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэ дамыгъэр — тюрбаным и гупэмкІэ кІэригъэбыдащ, Иеговэ Мусэ унафэ зэрыхуищІам хуэдэу.
(Левит 8:12) ИкІэм-икІэжым абы дагъэ лъапІэм щыщ Хьэрун и щхьэм трикІащ, ар Иеговэ щхьэкІэ хэхауэ зэрыщытыр къигъэлъагъуэу.
(Левит 9:1—5) Еянэ махуэм Мусэ Хьэрун, абы и къуэхэр, Израилым и нэхъыжьхэр къриджэри, 2 Хьэрун жриІащ: «Къурмэныпхъэу гуэныхьым щхьэкІэ къахь шкІэрэ къурмэныпхъэу ягъэс тІырэ къащтэ, тІуми дагъуэ ямыІэу. Ахэр къаши Иеговэ и пащхьэ игъэувэ. 3 Израилым и къуэхэм яжеІэ: „Иеговэ и пащхьэм деж къыщыфхьын папщІэ, къурмэныпхъэу гуэныхьым щхьэкІэ ажэ, къурмэныпхъэу ягъэс илъэс хъу дагъуэ зимыІэ танэрэ тІырэ, 4 абы нэмыщІ мамырыгъэм и къурмэныпхъэу гуурэ тІырэ къафщтэ. Иджыри дагъэ зыхэлъ щІакхъуэхэкІ къурмэныпхъэр къафщтэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ нобэ фэ Иеговэ къыфхуэлъэгъуэнущ“». 5 Шэтырым деж къашэн хуейуэ Мусэ яжриІауэ хъуар абыхэм къашащ. Абы иужь лъэпкъ псор къакІуэри Иеговэ и пащхьэм къиуващ.
(Левит 9:23, 24) Мусэрэ Хьэрунрэ зэхуэсым и шэтырым щІыхьащ икІи къыщІэкІыжа иужь я нэфІ лъэпкъым щыхуащ. Абы щыгъуэ лъэпкъ псом Иеговэ и щІыхьыр къахуэлъэгъуащ, 24 икІи Иеговэ мафІэ къыбгъэдэкІри, къурмэнщІыпІэм телъымрэ щэмрэ игъэсащ. Лъэпкъым ар щилъагъум цІыхухэр кІийри, щІым зытрадзащ.
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Левит 8:6) Мусэ Хьэрунрэ абы и къуэхэмрэ къриджэри, загъэпскІыну унафэ яхуищІащ.
(Левит 8:14—17) ИужькІэ къурмэныпхъэу гуэныхьым щхьэкІэ гуу къишэри, Хьэрунрэ абы и къуэхэмрэ я Іэхэр абы и щхьэм тралъхьащ. 15 Ар Мусэ фІигъэжри, абы и лъым щыщ къищтэри, къурмэнщІыпІэм и къуапиплІым къыхэкІ бжьакъуэхэм ІэпэкІэ щихуэри, къурмэнщІыпІэм и гуэныхьыр игъэкъэбзэжащ. Лъы къэнэжар къурмэнщІыпІэм и лъабжьэм деж щрикІутри, ар игъэкъэбзащ, абы щхьэщэхуж къурмэныпхъэхэр къыщахьын щхьэкІэ. 16 Абы иужькІэ Мусэ кІуэцІфэцІым телъ щэ псор, тхьэмщІыгъум телъ щэр, жьэжьеитІымрэ абыхэм ятелъ щэмрэ къищтэри, а псор къурмэнщІыпІэм щигъэсащ. 17 Гуур, абы и фэр, и лыр, и вэнвейр лагерым дихри игъэсащ, Иеговэ Мусэ хуищІа унафэм тету.