«Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъым зэрызыхуэдгъэхьэзыр материалыр
ШЫЩХЬЭІУМ И 3—9
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 13, 14
«Фыщыт икІи феплъ Иеговэ фэ... фыкъызэрыригъэлынум»
(Исход 14:13, 14) Абы щыгъуэ Мусэ лъэпкъым жриІащ: «Фымышынэ. Фыщыт икІи феплъ Иеговэ фэ нобэ фыкъызэрыригъэлынум. Нобэ флъагъу мысыр цІыхухэр афІэкІа зэи флъэгъужынукъым. 14 Езы Иеговэ фи пІэкІэ зэуэнущ, фэ фыщыту феплъынуращ».
(Исход 14:21, 22) Мусэ и Іэр хым хуишиящ, арати, Иеговэ къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ къикІыу жьышхуэ жэщ псом къригъэпщащ, хы лъащІэр игъэгъущыурэ икІи псыр зэгуигъэкІыурэ. 22 ИтІанэ Израилым и къуэхэр хы игъущыкІам и щІэмкІэ зэпрыкІыу щІадзащ, псыр ижьырабгъумкІи сэмэгурабгъумкІи блыну щытт.
(Исход 14:26—28) Иеговэ Мусэ жриІащ: «Уи Іэр хым хуэший, псыр и пІэм иувэжу, мысыр цІыхухэр, зауэм хуэщІа шыгухэр икІи шухэр щІиІубэн щхьэкІэ». 27 Мусэ занщІэу и Іэр хым хуишиящ икІи зэманыр пщэдджыжьым щынэблагъэм хыр и пІэм иувэжащ. Мысыр цІыхухэм щІэпхъуэжу щІадзащ, ауэ Иеговэ ахэр хым хидзащ. 28 Псым къигъэзэжри, зауэм хуэщІа шыгухэмрэ абыхэм я ужь иту хым хыхьа фирхьэуным и дзэ псом и шухэмрэ икІэм-икІэжым щІиІубащ. Абыхэм ящыщу зыри къелакъым.
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 13:17, 18) Фирхьэуным израил лъэпкъыр иутІыпщыжа иужь, Алыхьым ахэр филистимлянхэм я щІыналъэмкІэ кІуэ гъуэгу кІэщІымкІэ ишакъым. Алыхьым жиІащ: «Филистимлянхэм езэуэн хуей зэрыхъуу ахэр щІегъуэжынурэ Мысырым ягъэзэжынущ». 18 Алыхьым ахэр гъуэгу кІыхькІэ ишащ, Хы Плъыжьым и лъэныкъуэмкІэ щыІэ губгъуэ нэщІым ухуэзышэ гъуэгумкІэ. Израил лъэпкъыр дзэ зэпэщыр зэрыкІуэм хуэдэу Мысыр щІыналъэм къикІащ.
(Исход 14:2) «Израилым и къуэхэм яжеІэ абыхэм ягъэзэжу я шэтырхэр Пи-Гахироф щІыпІэм деж щагъэувыну, Мигдолымрэ хымрэ я зэхуакум, Ваал-Цефоным и Іэхэлъахэм. Абдежым фыкъыщыувыІи, хым пэгъунэгъуу фи шэтырхэр вгъэув.
ШЫЩХЬЭІУМ И 10—16
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 15, 16
«УэрэдкІэ Иеговэ гъэлъапІэ»
(Исход 15:1, 2) Абы щыгъуэ Мусэрэ Израилым и къуэхэмрэ Иеговэ уэрэд хужаІэу щІадзащ: «Иеговэ уэрэд хужысІэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы езым и цІэр игъэлъэпІащ. Шымрэ шумрэ хым хидзащ абы. 2 Иагщ къару къызэзытыр, аращ сэ сыкъезыгъэлыр. Аращ сэ си Алыхьыр, абы сэ щытхъу къыхуэсхьынущ, си адэм и Алыхьщ, ар сэ згъэлъэпІэнущ.
(Исход 15:11) Хэт, Иеговэ, уэ пхуэдэу тхьэхэм яхэтыр? Хэт уэ пхуэдэу лъапІэу щытыр? Уэращ зыфІэлІыкІын икІи щытхъу уэрэд зыхужыІэн хуейр. Телъыджэ Іуэхухэр зылэжьыр уэращ.
(Исход 15:18) Иеговэ пащтыхьу лІэщІыгъуэ зэпымычкІэ, игъащІэкІэ щытынущ.
(Исход 15:20, 21) Абы щыгъуэ Хьэрун и шыпхъу Мэрям бегъымбар цІыхубзым, цІыхубз псори и гъусэу, щэнтІрыпІ къащтэри къафэу щІадзащ. 21 Мэрям цІыхухъухэм жаІа уэрэдым мыпхуэдэу пищащ: «Иеговэ уэрэд хужыфІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы езым и цІэр игъэлъэпІащ. Шымрэ шуумрэ хым хидзащ абы».
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 16:13) Пщыхьэщхьэм ахэр къыздэувыІа щІыпІэм ныбгъуэ къытрикІутащ икІи пщэдджыжьым а щІыпІэм ихъуреягъкІэ уэсэпс къехащ.
(Исход 16:32—34) Мусэ жиІащ: «Иеговэ и унафэр мыращ: „Ар гоморым изу ифлъхьи, зы щІэблэм икІыу адрей щІэблэм кІуэуэ фхъумэ, Мысыр щІыналъэм фыкъыщисшыжым щыгъуэ губгъуэ нэщІым фызэрыщызгъэшха щІакхъуэр фи щІэблэм илъэгъун щхьэкІэ“». 33 Мусэ Хьэрун жриІащ: «Хьэкъущыкъу къащти, абы зы гомор ирикъуу мэнн илъхьи, Иеговэ и пащхьэ игъэувэ, зы щІэблэм икІыу адрей щІэблэм кІуэуэ ар хъума хъун щхьэкІэ». 34 Хьэрун ар щыхьэт папщІэу пхъуантэ лъапІэм и пащхьэм иригъэуващ, Иеговэ Мусэ зэрыжриІам хуэдэу ар хъума хъун щхьэкІэ.
ШЫЩХЬЭІУМ И 17—23
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 17, 18
«Зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж къуэшхэм нэгъуэщІхэр ягъасэ икІи я къалэнхэмкІэ догуашэ»
(Исход 18:17, 18) Мусэ и щыкъу адэм къыжриІащ: «Уэ зэрыпщІын хуейр апхуэдэукъым. 18 Уэри гугъу зебгъэхьыжу, уи гъусэ цІыхухэри гугъу ебгъэхьынуращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уэ зым уи дежкІэ мы лэжьыгъэр — къалэн хьэлъэІуэщ. Уэ абы уи закъуэу упэлъэщынукъым.
(Исход 18:21, 22) Ауэ лъэпкъ псом щыщу акъыл жан зиІэ цІыхухъухэр, Алыхь фІэлІыкІ зиІэхэр, дзыхь зыхуэпщІ хъуну цІыхухъухэр, Іулъхьэ тыныр зылъагъу мыхъухэр къыхэх икІи цІыху минхэм, цІыхуищэхэм, цІыху щэныкъуэхэм, цІыхуипщІхэм я нэхъыщхьэу гъэув. 22 Лъэпкъым и Іуэхухэр зэхэгъэкІын щыхуейм деж абыхэм зэхагъэкІынущ. Іуэху нэхъ гугъухэр уэ къыурырат, ауэ Іуэху нэхъ тынш псори езыхэм зэхрырагъэкІ. Апхуэдэу уэ уи Іуэхур нэхъ тынш хъунущ, абыхэми а хьэлъэр къыбдагъэпсынщІэнущ.
(Исход 18:24, 25) Мусэ и щыкъу адэм жиІам едаІуэри, занщІэу абы зэрыжиІам хуэдэу псори ищІащ. 25 Мусэ Израил лъэпкъым акъыл жан зиІэ цІыхухъухэр къыхихри, лъэпкъым тригъэуващ, ахэр цІыху минхэм, цІыхуищэхэм, цІыху щэныкъуэхэм, цІыхуипщІхэм я нэхъыщхьэ ищІащ.
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 17:11—13) Мусэ и Іэр къыщиІэтым израил цІыхухэр текІуэт, ауэ и Іэр щрихьэхым Амалек цІыхухэр текІуэт. 12 Мусэ и Іэхэр хьэлъэ щыхъуам мывэ къащтэщ, абы и гъунэгъуу ягъэтІылъри, Мусэ абы трагъэтІысхьащ. Хьэрунрэ Хуррэ лъэныкъуэ зырызкІэ абы и Іэхэр мыхъейуэ дыгъэр тІысыху яІыгъащ. 13 Апхуэдэу Ехьошуа Амалек цІыхухэмрэ абыхэм я гъусахэмрэ джатэкІэ зэтриукІэри текІуащ.
(Исход 17:14) Иеговэ Мусэ жриІащ: «Ягу къагъэкІыжын хуэдэу ар тхылъым итхи, Ехьошуа жеІэ: „Сэ Амалек цІыхухэр дунейм тезгъэкІуэдыкІыжынущ“»
ШЫЩХЬЭІУМ И 24—30
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 19, 20
«УнафипщІым уэ сытым ухурагъэсэфыну?»
(Исход 20:3—7) Сэр нэмыщІ нэгъуэщІ тхьэхэр фиІэ хъунукъым. 4 Уэгум щыІэхэри, щІылъэм тетхэри, псым хэсхэри къыхомыбзыкІ икІи я сурэт умыщІ. 5 Щхьэщэ яхуомыщІ икІи уахуэмылажьэ абыхэм, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэращ уи Алыхь Иеговэр,— езым фІэкІа нэгъуэщІым зыми хуэлэжьэныр зымыдэ Алыхьыр. Сэ сыкъэзылъагъу мыхъу адэхэм я гуэныхьым щхьэкІэ абыхэм я къуэхэм щІэблэ ещанэм икІи еплІанэм нэс тезыр тызолъхьэ, 6 ауэ сэ фІыуэ сыкъэзылъагъухэм икІи си хабзэхэр зыгъэзащІэхэм я щІэблэу миным нэсми си фІылъагъуныгъэр изогъэлъагъу. 7 Уи Алыхь Иеговэ и цІэр къемызэгъ щІыкІэкІэ къомыгъэсэбэп, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ тезырыншэу къигъэнэнукъым абы и цІэр къемызэгъ щІыкІэкІэ къэзыгъэсэбэп дэтхэнэ зыри.
(Исход 20:8—11) Щэбэт махуэр махуэ лъапІэу зэрыщытыр уигу илъу, 9 лэжьыгъэуи Іуэхуу уиІэри махуихым зэфІэгъэкІ. 10 Ауэ ебланэ махуэр ар уи Алыхь Иеговэ хухэха щэбэт махуэщ. Уэри, уи къуэми, уи пхъуми, уи унэІут цІыхухъуми, уи унэІут цІыхубзми, уи былымми, уи къалэм дэс хэхэсми Іуэху лъэпкъ фщІэн хуейкъым. 11 Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ махуихым и кІуэцІкІэ Иеговэ уафэри, щІылъэри, хыри, абыхэм щыІэ псори къигъэщІри, ебланэ махуэм зигъэпсэхун щІидзащ. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ махуэ ебланэм и нэфІ щихуэри, ар махуэ лъапІэу игъэуващ.
(Исход 20:12—17) Уи адэмрэ уи анэмрэ пщІэ яхуэщІ, уи Алыхь Иеговэ щІыналъэ къыуитым уи гъащІэр кІыхь щыхъун щхьэкІэ. 13 ЦІыху умыукІ. 14 Зинэ умыщІэ. 15 Умыдыгъуэ. 16 Уи гъунэгъум пцІы томылъхьэ. 17 Уи гъунэгъум и унэм ущІэмыхъуэпс. Абы и фызи, и унэІут цІыхухъуи, и унэІут цІыхубзи, и гууи, и шыди е абы ей нэгъуэщІ зыгуэрми ущІэмыхъуэпс».
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 19:5, 6) Аращи, сыт и лъэныкъуэкІи сэ жысІэр вгъэзащІэмэ икІи си зэгурыІуэныгъэм фыщІэтмэ, цІыху лъэпкъ псоми къыхэсхауэ лъэпкъ лъапІэ фыхъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ щІылъэ псор зейр сэращ. 6 Фэ си дежкІэ пащтыхьыгъуэр зыІыгъыну дин пашэхэр къызыхэкІыну лъэпкъ лъапІэ фыхъунущ“. Мы псалъэхэращ Израилым и къуэхэм яжепІэн хуейр».
(Исход 20:4, 5) Уэгум щыІэхэри, щІылъэм тетхэри, псым хэсхэри къыхомыбзыкІ икІи я сурэт умыщІ. 5 Щхьэщэ яхуомыщІ икІи уахуэмылажьэ абыхэм, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэращ уи Алыхь Иеговэр,— езым фІэкІа нэгъуэщІым зыми хуэлэжьэныр зымыдэ Алыхьыр. Сэ сыкъэзылъагъу мыхъу адэхэм я гуэныхьым щхьэкІэ абыхэм я къуэхэм щІэблэ ещанэм икІи еплІанэм нэс тезыр тызолъхьэ,
ШЫЩХЬЭІУМ И 31 — ФОКІАДЭМ И 6
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 21, 22
«Иеговэ гъащІэм зэрыхущытым хуэдэу уэри хущыт»
(Исход 21:20) ЦІыху гуэр и унэІут цІыхухъум е и унэІут цІыхубзым башкІэ еуэу ахэр абы илІыкІмэ, Іэмал имыІэу абыхэм я лъыр щІэжын хуейщ.
(Исход 21:22, 23) ЦІыхухъухэр зэзауэурэ цІыхубз уэндэгъум удын тралъхьэу, и пІалъэм нэмысауэ сабийр къилъхумэ, ауэ абы лІэныгъэ къыхэмыкІмэ, а цІыхубзым и лІым жыхуиІэ уасэр хьэкумыщІэхэм я унафэмкІэ къуаншэм ипшыныжын хуейщ. 23 Ауэ абы лІэныгъэ къыхэкІыу щытмэ, уэ гъащІэм пэкІуэу гъащІэ птын хуейщ,
(Исход 21:28, 29) Гуур цІыхухъу е цІыхубз гуэрым епыджэу, ахэр абы илІыкІмэ, а гуур Іэмал имыІэу мывэкІэ букІын хуейщ икІи и лыр пшхы хъунукъым. Гуур зейм тезыр телъхьэн хуейкъым. 29 Ауэ гуур япэми пыджэу щытамэ икІи ар зейм зэрыпыджэр жраІауэ щытамэ, ауэ ар абы кІэлъымыплъу цІыхухъу е цІыхубз гуэр иукІамэ, гуур мывэкІэ букІын икІи гуур зейри букІын хуейщ.
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 21:5, 6) Ауэ пщылІым „Сэ си зиусхьэнри, си щхьэгъусэри, си къуэхэри фІыуэ солъагъури щхьэхуит сыхъужыну сыхуейкъым“ жиІэмэ, 6 абы и зиусхьэным ар Алыхь пэжым деж къишэу, бжэм е бжэблыпкъым бгъэдишэу, и тхьэкІумэр дыдкІэ иугъуэнын хуейщ икІи ар абы и пщылІу игъащІэкІэ къэнэнущ.
(Исход 21:14) Ауэ цІыхур и гъунэгъум Іейуэ хуэгубжьу ищІэр къыгурыІуэу ар иукІыу щытмэ, си къурмэн щІыпІэм бгъэдэтми, ар букІыжын хуейщ.