«Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъым зэрызыхуэдгъэхьэзыр материалыр
БАДЗЭУЭГЪУЭМ И 6—12
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 6:3) Сэ Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ псори зыхузэфІэкІ Алыхьущ закъызрезгъэцІыхуар, ауэ Иеговэ цІэр къахузэІусхакъым.
(Исход 7:1) Ауэ Иеговэ Мусэ жриІащ: «Еплъ, сэ фирхьэуным и дежкІэ уэ Алыхь усщІащ икІи уи къуэш Хьэрун уи бегъымбару щытынущ.
БАДЗЭУЭГЪУЭМ И 13—19
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 8:21) Ауэ уэ си лъэпкъыр къомыутІыпщу щытмэ, сэ уэри, уи унэІутхэми, уи лъэпкъми, уи унэхэми гъудэхэр фэзутІыпщынущ. Мысырым щыІэ унэхэри, ахэр щыпсэу щІылъэри гъудэхэм зэщІащтэнущ.
(Исход 8:25—27) ИкІэм-икІэжым фирхьэуным Мусэрэ Хьэрунрэ къриджэри, яжриІащ: «ФыкІуи, фи Алыхьым мы щІыналъэм къурмэн къыщыхуэфхь». 26 Ауэ Мусэ жиІащ: «Апхуэдэу тщІэ хъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ ди Алыхь Иеговэ къыхуэтхьыну къурмэныр мысыр цІыхухэм дежкІэ гущыкІыгъуэщ. Дэ мысыр цІыхухэм гущыкІыгъуэу ябжыр я пащхьэм къурмэну къыщытхьмэ, абыхэм мывэкІэ даукІынущ! 27 Дэ махуищкІэ губгъуэ нэщІым дыкІуэнурэ, ди Алыхь Иеговэ къурмэн къыщыхуэтхьынущ, абы къызэрыджиІам хуэдэу».
БАДЗЭУЭГЪУЭМ И 20—26
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 10:1, 2) Абы щыгъуэ Иеговэ Мусэ жриІащ: «Фирхьэуным и деж кІуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и гури и унэІутхэм ягухэри ерыщ хъуну сэ хуит сщІащ, абыхэм я пащхьэм мы Іуэхугъуэ телъыджэхэр щызлэжьын щхьэкІэ 2 икІи уэ уи къуэми, уи къуэм и къуэми Мысырым ткІийуэ сызэрыхущытамрэ абыхэм я деж щызлэжьа Іуэхугъуэ телъыджэхэмрэ яжепІэжыфын щхьэкІэ. Абы щыгъуэ фэ къэфщІэнущ сэ сызэры-Иеговэр».
(Исход 11:7) Ауэ Израилым и къуэхэм зы хьэ къебэнынукъым, цІыхуми псэущхьэми, Иеговэ мысыр цІыхухэмрэ израил цІыхухэмрэ зэрызэхигъэкІыфыр фэ фщІэн щхьэкІэ“.
БАДЗЭУЭГЪУЭМ И 27 — ШЫЩХЬЭІУМ И 2
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 12:12) А жэщ дыдэм сэ Мысыр щІыналъэм срикІуэнущ икІи Мысыр щІыналъэм щыпсэу цІыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ я щыпэлъху псори сыукІынущ. Мысырым я тхьэ псоми хьэкум ятесщІыхьынущ. Сэ сы-Иеговэщ.
(Исход 12:16) Япэ махуэм фэ зэхуэс лъапІэ фиІэнущ, ебланэ махуэми зэхуэс лъапІэ фиІэнущ. А махуэхэм лэжьыгъэ зыри влэжь хъунукъым. Ауэ фшхын ерыскъыр вгъэхьэзыр хъунущ.