«Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъым зэрызыхуэдгъэхьэзыр материалыр
МЭКЪУАУЭГЪУЭМ И 22—28
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 2:10) Сабийр ин хъуа иужь абы ар фирхьэуным и пхъум къыхуишэри, сабийр абы къуэ хуэхъуащ. Фирхьэуным и пхъум «Сэ ар псым къыхэсхащ» — жиІэри, сабийм цІэуэ Мусэ фІищащ.
(Исход 3:1) Мусэ Мадиам щІыналъэм и дин пашэшхуэу щыт и щыкъу адэ Иофор и мэл хъушэр игъэхъуу щІидзащ. Зэгуэр абы хъушэр губгъуэ нэщІым и къухьэпІэмкІэ ихури, Алыхь пэжым и бгым деж, Хорив деж, къэкІуащ.
МЭКЪУАУЭГЪУЭМ И 29 — БАДЗЭУЭГЪУЭМ И 5
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ
(Исход 4:24—26) Гъуэгу здытетым нэху ягъэщыну къэувыІауэ и гъащІэр Іихыну хуейуэ Иеговэ абы къыхуэзащ. 25 Ауэ Сепфорэ мывэ жан къищтэри и къуэр сунэт ищІащ икІи лыфэ кІапэр абы и лъапэм деж идзри жиІащ: «Уэ сэ лъыкІэ узищауэщ». 26 Абы щыгъуэ ар абы иутІыпщыжащ. «ЛъыкІэ узищауэщ» жыхуиІэм абы къригъэкІар сунэт зэрищІаращ.
(Исход 5:2) Ауэ фирхьэуным жиІащ: «Иеговэ хэт сэ абы жиІэм седаІуэу, израил лъэпкъыр сутІыпщыну? Сэ сцІыхуркъым Иеговэ икІи израил лъэпкъыр сутІыпщынукъым».