АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | 1 КОРИНФ 1—3
Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ хьэмэрэ зимыІэ цІыхуу узэрыщытыр?
Иеговэ и еплъыкІэкІэ цІыху балигъ дызэрыхъуным дэ псори дыхущІэкъун хуейщ (Еф 4:23, 24). Абы щхьэкІэ дэ Иеговэ къыбгъэдэкІ ерыскъыр зэтхьэлІэн, абы и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэр дгъэувын икІи Алыхьым и лэжьакІуэхэм яхэлъын хуей хьэл-щэнхэр зыхэтлъхьэн хуейщ.
Иеговэ и лэжьыгъэм епхауэ сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр уиІа илъэс блэкІам? Иужьрей илъэсипщІым? Псым зэрызыщІэбгъауэрэ?