ДИ ГЪАЩІЭР
ХъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыдогъасэ. Письмо зэрыптх хъуну щІыкІэр
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: 1 Коринф жыхуиІэ письмор Паул динкІэ и къуэш, и шыпхъухэр игъэгушхуэн щхьэкІэ яхуитха тхылъ пщыкІуплІым ящыщ зыщ. Письмом Іэмал къыует птхыну псалъэхэм фІыуэ уегупсысыну икІи ар зыхуэптхыр абы мызэ-мытІэу къеджэжыфынущ. ПисьмокІэ уи благъэхэмрэ уи цІыхугъэхэмрэ хъыбарыфІымкІэ уадэгуэшэну тыншщ. Абы нэмыщІ хъыбарыфІкІэ дыдэгуэшэн щхьэкІэ цІыхум зыхуэдгъэзэну Іэмал димыІэмэ, письмор дэІэпыкъуэгъу къытхуохъу. Псалъэм папщІэ, хъыбарыфІыр зыфІэгъэщІэгъуэн хъуа гуэр унэм щІэсу щыдмыгъуэтым деж е хъумакІуэ иІэу, уздыщІэмыхьэф унэхэмрэ щІыпІэ пхыдзахэмрэ щыпсэухэм хъыбарыфІымкІэ ущыдэмыгуэшэфым деж. Письмо щыттхкІэ сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр, псом хуэмыдэу ар зыхуэттхыр дымыцІыхуу щытмэ?
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
ЦІыхум ухуэзауэ щытамэ, сытыт жепІэнур? Мис ар уи письмом итхэ. ЯпэщІыкІэ цІыхум зыкъегъэцІыху икІи письмо щІыхуэптхым и щхьэусыгъуэр къыгурыгъаІуэ. Абы иужь цІыхур зыгъэгупсысэн упщІэ ет. Библиер пщІэншэу бджыну Іэмал зэрыщыІэр жеІэ е Библие зэрыддж тхылъхэм ярыт темэ языныкъуэхэр къыхэгъэщ.
Уи письмор кІыхь умыщІ, цІыхур абы къыщеджэкІэ емызэшын щхьэкІэ.
Птхам щыуагъэ хэтрэ хэмытрэ еплъ. Уи письмор къеджэгъуафІэу, гуапэу, фІым тепсэлъыхьу щыт? Ахэр псори зэхэгъэкІ. Письмор почтэкІэ ебгъэхьу щытмэ, зыхуэныкъуэ маркэхэр тегъауэ.
Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ечэнджэщ.