ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Февраль н. 16—21
  • Сыт къикІыр Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу ущытыным?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Сыт къикІыр Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу ущытыным?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫМ И ЕПЛЪЫКІЭ ЗИІЭ ЦІЫХУКІЭ ХЭТ УЗЭДЖЭ ХЪУНУР?
  • ЩАПХЪЭ ЗЫТЕТХ ХЪУНУХЭР
  • ДЭ ХЬИСЭ И ГУПСЫСЭКІЭМ ХУЭДЭ ДИІЭН ХУЕЙЩ
  • Алыхьым и еплъыкІэ нэхъыбэу фызэриІэным адэкІи фыхущІэкъу!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ хьэмэрэ зимыІэ цІыхуу узэрыщытыр?
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Февраль н. 16—21

Сыт къикІыр Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу ущытыным?

«Фи гупсысэкІэр Мэссихь Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ ирехъу» (ФЛП. 2:5).

УЭРЭДХЭР: 17, 13

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • ЦІыхум Алыхьым и еплъыкІэ зэриІэр сыт къэзыгъэлъагъуэр?

  • Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхухэм я щапхъэм сытым дыхуагъэсэфыну?

  • Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ диІэн щхьэкІэ къарууэ диІэр етхьэлІэн щІыхуейр сыт?

1, 2. 1) Иеговэ и лэжьакІуэ куэдым Алыхьым и еплъыкІэ уиІэным теухуауэ сыт жаІэр? 2) Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?

«СЭ СЫХУЩІОКЪУ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу (духовный человек) сыщытыну. Абы сэ насыпыфІэ сещІ икІи махуэ къэс сызрихьэлІэ гугъуехьхэм сыпэлъэщыну къыздоІэпыкъу»,— жеІэ Канадэм щыщ ди зы шыпхъум. Бразилием щыщ ди зы къуэшыр къыддогуашэ: «Сэ илъэс 23 хъуауэ унагъуэ сиІэщ, икІи икъукІэ сынасыпыфІэщ. Ар зи фІыгъэр си щхьэгъусэмрэ сэрэ Алыхьым и еплъыкІэ диІэну дызэрыхущІэкъуращ». Филиппины щыщ ди къуэшми мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ псоми Алыхьым и еплъыкІэкІэ соплъ. Ар къыздоІэпыкъу гупсэхугъуэ сиІэну икІи къуэш, шыпхъухэм псоми сагурыІуэну, ахэр къызыхэкІам, я гупсысэкІэм емылъытауэ».

2 Мы щапхъэхэм къагъэлъагъуэ Алыхьым и еплъыкІэ уиІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Сыт дэ тщІэн хуейр адэкІи Алыхьым и еплъыкІэ нэхъыбэу диІэн щхьэкІэ икІи дызытепсэлъыхьа къуэш, шыпхъухэм яІэ гурыщІэхэм хуэдэ дэри диІэн щхьэкІэ? Мы упщІэм жэуап еттын ипэ, дэ къэтщІэн хуейщ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ, абы и къару лъапІэмкІэ иунэтІ цІыхухэм теухуауэ Библием жиІэр. Мы статьям мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІищым и жэуапхэр къыщыдгъуэтынущ: 1) Сыт къикІыр Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу ущытыным? 2) Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я щапхъэр дауэ къыддэІэпыкъуну Алыхьым и еплъыкІэ нэхъыбэу диІэну? 3) Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ диІэну дызэрыхущІэкъур дауэ къыддэІэпыкъуну Алыхьым и еплъыкІэ нэхъыбэу диІэну?

АЛЫХЬЫМ И ЕПЛЪЫКІЭ ЗИІЭ ЦІЫХУКІЭ ХЭТ УЗЭДЖЭ ХЪУНУР?

3. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхумрэ и Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу цІыхумрэ зэрызэщхьэщыкІыр Библием дауэ къыхигъэщрэ?

3 Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхумрэ «Тхьэм и Псэ ЛъапІэр зи гум имылъ цІыхумрэ» е нэгъуэщІу жыпІэмэ и Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу цІыхумрэ сыткІэ зэщхьэщыкІми къыдгурыІуэну Апостол Паул къыддоІэпыкъу. (Къеджэ 1 Коринф 2:14—16.) И Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу цІыхум «Тхьэм и Псэ ЛъапІэм [къару лъапІэм, ДЩІ] деж къикІ Іуэхухэр идэркъым. Ахэр абы фІэделагъэщ, зэхищІыкІыни лъэкІынукъым». Ауэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхум «Іуэху псори зэхещІыкІ» икІи Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ иІэщ. Паул дыкъыхуреджэ апхуэдэ цІыхуу дыщытыну. СыткІэ иджыри зэщхьэщыкІрэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхумрэ и Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу цІыхумрэ?

4, 5. И Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу цІыхум сыт хуэдэ щытыкІэ иІэ?

4 И Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу цІыхум сыт хуэдэ гупсысэкІэ иІэр? Абы щхьэхуещагъэм ухуэзыгъэуш мы дунейм и еплъыкІэр къытокІуэ (Еф. 2:2). А еплъыкІэм цІыхухэр хуегъэуш псори зэрыщытым хуэдэу езыхэри щытыну. Абы къыхэкІкІэ, абыхэм езыхэм пэжу къалъытэращ ящІэр икІи Алыхьым и хабзэхэм тету псэуну хущІэкъуну ягугъэххэкъым. И Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу цІыхум пщІэ иІэр, мылъкур икІи езым хуитыныгъэ иІэр псом нэхърэ нэхъапэу къелъытэ.

5 И Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу цІыхум иджыри сыт хуэдэ щытыкІэ иІэ? Библием зэрыжиІэмкІэ абы «цІыхум и гуэныхьыщІэ щэныжьым къыхэкІ Іейхэр» егъэлъагъуэ (Гал. 5:19—21). Коринф дэсхэм япэу яхуитха тхылъым Паул къыщребжэкІ и Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу цІыхум ищІэ нэгъуэщІ Іуэхухэри. Апхуэдэ цІыхум зэгурымыІуэныгъэ цІыхухэм я зэхуаку делъхьэ, дэуэну къызэщІегъэст, судым нэгъуэщІхэр ирет, зэхуэсым е унагъуэм и нэхъыжьым пщІэ хуищІкъым икІи шхэнымрэ ефэнымрэ егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ ирет. Ар гъэунэхуапІэ ихуа иужь, псынщІэу зыдрегъэхьэх (Прит. 7:21, 22, Гъэсэпэтхыдэхэр). Иудэ жиІащ апхуэдэ цІыхум Алыхьым и еплъыкІэ зэрыфІэкІуэдыпэнкІэ хъунур (Иудэ 18, 19).

6. Сыт къикІыр Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу ущытыным?

6 НтІэ, Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу ущытыным сыт къикІыр? И Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу цІыхум елъытауэ, апхуэдэ цІыхум Алыхьымрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм мыхьэнэшхуэ ирет. Абы Алыхьым и къару лъапІэм иунэтІыну хуит ещІ, Иеговэ щапхъэ зэрытрихыным хущІокъу (Еф. 5:1). Апхуэдэ цІыхум Алыхьым и гупсысэкІэр къищІэну иужь итщ икІи ар зыхилъхьэну къару ирехьэлІэ. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхум Алыхьыр зэрыщыІэр быдэу и фІэщ мэхъу. И Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу цІыхум елъытауэ, апхуэдэ цІыхум сыт и лъэныкъуэкІи Иеговэ и принципхэр къигъэсэбэпыну иужь итщ (Пс. 119:33; 143:10). Абы «гуэныхьыщІэ щэныжьым къыхэкІ Іейхэр» ищІэкъым, атІэ Алыхьым ифІэфІ хьэл-щэнхэр зэрызыхилъхьэным иужь итщ (Гал. 5:22, 23).

7. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхухэм теухуауэ сыт Библием жиІэр?

7 Библием жеІэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхухэр насыпыфІэу. Псалъэм папщІэ, абы мыпхуэдэу итщ: «Гъуэгу махуэ теуващ [Тхьэм зэрыхуэныкъуэр зыщІэхэр], ахэр Тхьэуэ уафэм щыІэм и Тепщэныгъэшхуэм щІэтщи» (Мт. 5:3, сноскэ). Рим 8:6 итым къыдгурегъаІуэ ди гъащІэр сытым елъытами: «Фэ фи гуэныхьыщІэ щэныжьыр зыщІэхъуэпс Іуэхухэм фегупсысыным Іейуэ къыхэкІыр ажалыращ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапІэм и Іуэхухэм фегупсысыным фІыуэ къыхэкІыр гъащІэрэ гузэгъэгъуэрэщ». Аращи, Алыхьым и еплъыкІэ диІэу щытмэ, Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку мамырыгъэ дэлъынущ, гупсэхугъуэ ди гум илъынущ икІи мыухыж гъащІэр къытлъысыну гугъэ диІэнущ.

8. Алыхьым и еплъыкІэ тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ къару етхьэлІэн щІыхуейр сыт?

8 Дэ нобэ дуней шынагъуэм дыщопсэу. Дыкъэзыухъуреихь цІыхухэм я нэхъыбэр я щхьэм фІэкІа нэгъуэщІхэм зыми егупсыскъыми, дэ къаруушхуэ етхьэлІэн хуейщ Алыхьым и еплъыкІэ нэхъыбэу диІэн икІи зэдгъэгъуэтари тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ. Дэ ди гупсысэкІэр Иеговэ и еплъыкІэм тедмыгъахуэмэ, мы дунейм и еплъыкІэм хуэдэ диІэ хъунущ, и Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу цІыхум хуэдэу. Апхуэдэ къэмыхъун щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур? Алыхьым и еплъыкІэ нэхъыбэу диІэн щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунур?

ЩАПХЪЭ ЗЫТЕТХ ХЪУНУХЭР

9. 1) Алыхьым и еплъыкІэ нэхъыбэу диІэну сыт къыддэІэпыкъунур? 2) Сыт хуэдэ щапхъэхэр зэпкърытхыну?

9 Сабийм и адэ-анэм я щытыкІэфІым щапхъэ зэрытрихым хуэдэу, Иеговэ хуэпэжхэм дакІэлъыплъурэ щапхъэ ятетхмэ, Алыхьым и еплъыкІэ нэхъыбэу диІэ хъунущ. Абы нэмыщІ щхьэхуещагъэм къыхэкІыу я гур зыщІэхъуэпс Іуэхугъуэхэр зыщІэ цІыхухэм я ІуэхущІафэхэр щытлъагъукІэ, дэ къыдгуроІуэ дызэрыщытын хуэмей щІыкІэр (1 Кор. 3:1—4). ЩапхъэфІ зыгъэлъэгъуахэмрэ щапхъэ Іей зыгъэлъэгъуахэмрэ я хъыбархэр Библием итщ. Ауэ дэ ди мурадыр — Алыхьым и еплъыкІэ нэхъыбэу диІэ зэрыхъуныращ. Абы къыхэкІкІэ щапхъэфІ зыгъэлъэгъуахэм дытепсэлъыхьынщ: Екъуб, Мэрием итІанэ Хьисэ.

Екъуб и щапхъэм сыт къыдгуригъаІуэр? (10-нэ абзацым феплъ.)

10. Екъуб Алыхьым и еплъыкІэ зэриІар сытым къыхэщрэ?

10 ЯпэщІыкІэ Екъуб и щапхъэр зэпкърытхынщ. Дэ тщыщ куэдми хуэдэу, Екъуб и гъащІэр тынштэкъым. Абы и къуэш Эсау (Исав) ар иукІыну хуеящ. Абы и щыкъу адэм фейдэ хихын щхьэкІэ, ар мызэ-мытІэу къигъэпцІащ. ИкІи ар къэзыухъуреихь цІыхухэр я Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъуу щытами, абы Алыхьым и еплъыкІэр фІэкІуэдакъым. Алыхьым Ибрэхьим къызэригъэгугъауэ щытар Екъуб быдэу и фІэщ хъут. Абы ищІэт Иеговэ и мурадыр гъэзэщІэным и унагъуэри зэрыхэтыр, абы къыхэкІкІэ ар и унагъуэм хуэсакът, зыхуей хуигъазэт (ЩІэдз. 28:10—15). Екъуб и псалъэхэмрэ и ІуэхущІафэхэмрэ къагъэлъагъуэ Алыхьым и хабзэхэмрэ и мурадымрэ зэи зэрыщымыгъупщар. Псалъэм папщІэ, и къуэш Эсау Іей гуэр кърищІэну шынагъэ щыщыІам щыгъуэ, абы Алыхьым зыхуигъэзащ мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ: «СынолъэІу, сыІэщІэх сэ си къуэшым и Іэм... Уэракъэ къызжезыІар: „Сэ фІыгъуэ пхуэсщІэнущ, сщІынущ уэ къыптехъукІыну бынхэр куэд, пхуэмыбжу хы пшахъуэм хуэдиз“» (ЩІэдз. 32:6—12). Мы псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ, Екъуб Иеговэ къызэригъэгугъар зэригъэзэщІэжынур быдэу и фІэщ хъут икІи ар и гъащІэмкІэ къигъэлъэгъуащ.

Мэрием и щапхъэм сыт къыдгуригъаІуэр? (11-нэ абзацым феплъ.)

11. Мэрием Алыхьым и еплъыкІэ иІауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

11 Иджы Мэрием и щапхъэм дытепсэлъыхьынщ. Сыт Иеговэ ар Хьисэ и анэу щытыну къыщІыхихар? Шэч хэмылъу, Иеговэ и еплъыкІэ иІэти аращ. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Фигу къэвгъэкІыж Зэчрейрэ Елизаветрэ я деж хьэщІапІэ щыкІуам щыгъуэ Мэрием жиІа псалъэхэр. (Къеджэ Лука 1:46—55.) Абы и псалъэхэм къагъэлъагъуэ Алыхьым и псалъэр фІыуэ илъагъуу икІи ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр фІыуэ ищІэу зэрыщытар (ЩІэдз. 30:13; 1 Сам. 2:1—10; Мал. 3:12). Гу лъытапхъэщ, Мэриемрэ Исуфрэ зэрышагъащІэу щытами, Хьисэ къалъхухукІэ ахэр зэрызэмыгъусар. Абы къегъэлъагъуэ, абыхэм я дежкІэ езыхэр зыхуейм нэхърэ, Алыхьым и мурадыр нэхъапэу зэрыщытар (Мт. 1:25). Абы нэмыщІ Мэрием набдзэгубдзаплъэу кІэлъыплът Хьисэ и гъащІэм къыщыхъу псом икІи абы жиІэ псалъэ Іущхэм щІэдэІут. Библием зэрыжиІэмкІэ Мэрием а псалъэхэр «игу ириубыдащ» (Лк. 2:51). Абы хуабжьу фІэгъэщІэгъуэнт Мэссихь теухуауэ Алыхьым жиІа псалъэхэр зэригъэзэщІэнур. Мэрием и щапхъэм дыхуегъэуш Алыхьым и мурадыр ипэ зэридгъэщыным дегупсысыну.

12. 1) Дауэт Хьисэ и Адэм щапхъэ зэрытрихыр? 2) СыткІэ Хьисэ щапхъэ тетх хъуну? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

12 Алыхьым и еплъыкІэ зигъэІэнымкІэ псом нэхърэ нэхъ щапхъэфІ зыгъэлъэгъуар, дауикІ, Хьисэщ. Абы и Адэ Иеговэ сыт щыгъуи щапхъэ трихт, абы къыхэкІкІэ я гупсысэкІэмрэ я гурыщІэмрэ зэтехуэт. Иеговэ ищІэнырат абы сыт щыгъуи ищІэр. Хьисэ Алыхьым и мурадыр игъэзэщІэну хущІэкъут икІи абы игъэува хабзэхэм пщІэ хуищІт (Ин. 8:29; 14:9; 15:10). Псалъэм папщІэ, Иеговэ и гущІэгъум теухуауэ бегъымбар Ешайа итхамрэ Марк Хьисэ и гурыщІэхэр зэритхыжамрэ зэхуэвгъадэ. (Къеджэ Исаия 63:9a; Марк 6:34.) Фыхьэзыр фэ, Хьисэ щапхъэ тефхыу, дэІэпыкъуэгъу зыхуэныкъуэхэм гущІэгъу яхуэфщІыну? ХъыбарыфІ гъэІуным икІи цІыхухэм пэжыр къегъэщІэным Хьисэ зэрыхущытам хуэдэу фыхущыт? (Лк. 4:43). Апхуэдэу щытмэ, Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу фыщыту жыпІэ хъунущ.

13, 14. 1) Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм я щапхъэхэм сытым дыхуигъэсэфыну? 2) Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм я щапхъэ жыфІэж.

13 Ноби Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъу куэд щыІэщ. Абыхэми Хьисэ щапхъэ трах. Фэ гу лъыфтэу къыщІэкІынщ ахэр жыджэру хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхэтым, хьэщІагъэшхуэ зэрахэлъым, гущІэгъу зэраІэм икІи нэгъуэщІ хьэл-щэн дахэхэри зэрагъэлъагъуэм. ДауикІ, абыхэм ныкъусаныгъэ яхэмылъу щыткъым, ауэ ахэр хущІокъу Алыхьым игу ирихь хьэл-щэнхэр зыхалъхьэну. Бразилием щыщ Рейчел зицІэ ди зы шыпхъум мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ щІэуэ къежьэ щыгъынхэр щыстІэгъэну сфІэфІт икІи къемызэгъыу зысхуапэт. Пэжыр къэсщІа иужь сэ мурад сщІащ зысхъуэжыну икІи Алыхьым и еплъыкІэ зэзгъэгъуэтыну. Зысхъуэжыну тынштэкъым, ауэ абы и фІыгъэкІэ сэ насыпыфІэ сыхъуащ, си гъащІэми мыхьэнэ иІэ хъуащ».

14 Филиппины щыпсэу, Рейли́н зицІэ ди зы шыпхъум нэгъуэщІ гугъуехьщ иІар. Абы и гугъэт щІэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтрэ, лэжьапІэфІ увмэ, ехъулІэныгъэ иІэну. Рейли́н игу къегъэкІыж: «Хуэм-хуэмурэ Иеговэ хуэлэжьэным мыхьэнэшхуэ езмытыжу сыхъуащ, абы щыгъуэ къызгурыІуэу щІэздзащ си лэжьыгъэм нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ гуэр зэрысфІэкІуэдыр. Абы иужь Иеговэ хуэлэжьэныр си гъащІэм псом ипэ изгъэувэжащ». Абы лъандэрэ Рейли́н и гъащІэмкІэ къегъэлъагъуэ Маттэ 6:33, 34 ит псалъэхэм дзыхь зэрыхуищІыр. Ар къыддогуашэ: «Иеговэ къызэрыздэІэпыкъунур сэ быдэу сощІэ!» Фэри фи зэхуэсхэм апхуэдэ къуэш, шыпхъухэр хэт хъунщ. Ахэр Хьисэ и лъэужь зэрырикІуэр щытлъагъум деж, абыхэм щапхъэ ятетхыну дыхуегъэуш (1 Кор. 11:1; 2 Фес. 3:7).

ДЭ ХЬИСЭ И ГУПСЫСЭКІЭМ ХУЭДЭ ДИІЭН ХУЕЙЩ

15, 16. 1) Хьисэ щапхъэ тетхыну сыт къыддэІэпыкъунур? 2) Хьисэ и гупсысэкІэр нэхъыфІу къэтщІэн щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунур?

15 Дауэ дэтхэнэ зыми Хьисэ щапхъэ зэрытетх хъунур? 1 Коринф 2:16 щыжыІащ: «Мэссихь и гум илъыр дэ дигуми илъщ». Абы нэмыщІ Филиппи 2:5 итщ: «Фи гупсысэкІэр Мэссихь Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ ирехъу». Аращи, Хьисэ щапхъэ тетхын щхьэкІэ, ар зэрыгупсысэу щытар икІи хьэл-щэн игъэлъагъуэу щытахэр тщІэн хуейщ. Абы нэмыщІ «Хьисэ си пІэ итамэ, сытыт ищІэнур?» жытІэу дегупсысу, апхуэдэу дэри тщІэн хуейщ. Хьисэ и дежкІэ Алыхьымрэ езымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр псом нэхърэ нэхъапэт. Аращи, Хьисэ щапхъэ тетхмэ, дэ Иеговэ гъунэгъу дыхуохъу. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтыным мыхьэнэшхуэ иІэщ.

16 Сыт абыкІэ къыддэІэпыкъунур? Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ялъэгъуащ абы телъыджэхэр зэрищІар, зэхахащ хъыбарыфІыр зэригъэІуар, кІэлъыплъащ дэтхэнэ цІыхуми зэрыхущытам икІи Алыхьым и принципхэр къызэригъэсэбэпу щытам. Абыхэм жаІащ: «Хьисэ журтхэм я къэралми Ерусалими щилэжьа Іуэху псоми дэ дращыхьэтщ» (Апост. 10:39). Ауэ дэ нобэ Хьисэ тлъэгъуну апхуэдэ Іэмал диІэкъым. Абы ипкъ иткІэ Иеговэ и лъагъуныгъэм къыхэкІыу Тхыгъэ ЛъапІэр къыдитащ, абы и фІыгъэкІэ дэ Хьисэ зэрыщытар ди нэгу къыщІэдгъэхьэфынущ. Маттэ, Марк, Лука икІи Иуан сымэ Хьисэ теухуауэ ятхыжа хъыбархэм дыщеджэкІэ икІи дыщегупсыскІэ, дэ Хьисэ и гупсысэкІэм теухуауэ нэхъыбэ къыдощІэ. Апхуэдэу дэ Хьисэ и лъэужьым дрикІуэфынущ икІи абы и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтыфынущ (1 Пет. 2:21; 4:1).

17. Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ зэрызэдгъэгъуэтыр дауэ сэбэп къызэрытхуэхъур?

17 Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ зэрызэдгъэгъуэтыр дауэ сэбэп къызэрытхуэхъур? Къэуат зыщІэлъ, ерыскъы узыншэм къару къыузэритым хуэдэу, Хьисэ и щапхъэм дызэрегупсысым Иеговэ дызэрыхуэлэжьэн къару къыдет. Хуэм-хуэмурэ дэ къыдгуроІуэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэм дежи Хьисэ ищІэнур. Ар къыддэІэпыкъунущ напэ къабзэ къыдэзытын икІи Алыхьыр зыгъэгуфІэн унафэхэр тщІыну. Фэри арэзы фытехъуэну къыщІэкІынщ ар щхьэусыгъуэ зэрыхъум мыпхуэдэ псалъэхэм утетыну: «Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фи фащэ ирехъу» (Рим 13:14).

18. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу ущытыным теухуауэ мы статьям сыт къывгуригъэІуар?

18 Мы статьям дэ щызэпкърытхащ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу ущытыным къикІыр сытми? Абы нэмыщІ дэ къэтщІащ апхуэдэ еплъыкІэ зиІэ цІыхухэм щапхъэ зэрытетх хъунур. ИкІи къыдгурыІуащ Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ диІэмэ, Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ зэрытщІыфынур. Ауэ иджыри щыІэщ зэпкърытхын хуей, мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэр. Псалъэм папщІэ, Алыхьым и еплъыкІэ нэгъэсауэ диІэрэ димыІэрэ дауэ зэрызэхэдгъэкІыфынур? Сыт иджыри къыддэІэпыкъунур Алыхьым и еплъыкІэ нэхъыбэу диІэну? Алыхьым и еплъыкІэ дызэриІэр махуэ къэс тщІэ Іуэхухэм дауэ къызэрыхэщыр? Мы упщІэхэм я жэуапхэр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.

a Исаия 63:9: «Ахэр гугъуехь хуэзэхукІэ абы и гур хэщІт. ИкІи и мелыІычым ахэр къригъэлт. Абы и гущІэгъумрэ и лъагъуныгъэмрэ къыхэкІыу ахэр къищэхужт. Абы ахэр блэкІа зэманхэм сыт щыгъуи къиІэтыжт икІи кърихьэкІт».

ЯЗЫНЫКЪУЭ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР

  • Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхур Иеговэ и къару лъапІэмкІэ еунэтІ. Алыхьымрэ абырэ зэхущытыкІэ быдэ я зэхуаку дэлъщ. Апхуэдэ цІыхум езым и щхьэ Іуэхум икІи нэгъуэщІхэр арэзы зэрищІыным нэхърэ Иеговэ зыгъэгуфІэр нэхъапэ ирегъэщ.

  • И Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсым хущІэкъу цІыхум и еплъыкІэр зэлъытар и хъуапсапІэхэращ. Алыхьымрэ абырэ зэхущытыкІэ быдэ я зэхуаку дэлъкъым. Апхуэдэ цІыхум япэ иригъэщыр Иеговэ зыгъэгуфІэракъым, атІэ езым и щхьэ Іуэхуращ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын