ЩэкІуэгъуэм и 12—18
АПОСТОЛХЭМ 1—3
104-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Япэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсым Алыхьым и къару лъапІэр ярет» (дакъ. 10)
[«Апостолхэм тхылъым ущызыгъэгъуазэ» жыхуиІэ видеороликыр гъэлъагъуэ.]
Апост 2:1—8, 14, 37, 38, 41. Хьисэ и гъэсэнхэм Иеговэ и къару лъапІэр къарита нэужь абыхэм хъыбарыфІыр ягъэІуу щІадзащ; абы и фІыгъэкІэ цІыху 3000 нэблагъэм псым зыщІагъэуащ
Апост 2:42—47. Хьисэ и гъэсэнхэм псым зыщІэзыгъэуахэм хьэщІагъэшхуэ ирахащ икІи яІэхэмкІэ дэгуэшащ, ахэр Ерусалим къанэу, я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІыфын щхьэкІэ (w87-U 1/5 22, абз. 4, 5, 7)
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 8)
Апост 3:15. Хьисэ «ГъащІэ пэжыр цІыхухэм езыткІэ» щІеджэр сыт? (it-U «Иисус Христос», подзаг. «Предводитель жизни», абз. 1)
Апост 3:19. Мы едзыгъуэм зэритымкІэ, зи гуэныхьхэм хущІегъуэжхэм Иеговэ дауэ къазэрыхуигъэгъур? (cl-U 265, абз. 14)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджам Иеговэ теухуауэ сыт къывигъэщІар?
Мы тхьэмахуэм дызэджа псалъащхьэхэм сыт хуэдэ налкъутхэр иджыри къыщывгъуэта?
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): Апост 2:1—21
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Япэу епсэлъэн (дакъ. 2 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит зы щапхъэ къэгъэсэбэп.
ЕтІуанэу епсэлъэн (видео) (дакъ. 5): видеороликыр гъэлъагъуи зэпкърых.
Псалъэ (дакъ. 6 е нэхъ мащІэ): it-U «Апостол», подзаг. «Кто заменил Иуду Искариота, став двенадцатым апостолом?». «Иудэ и пІэкІэ нэгъуэщІ апостол къыхахыу, адрей апостол пэжхэр лІа нэужь абыхэм я пІэкІэ зыри къыщІыхамыхар сыт?» жыхуиІэ темэр.
ДИ ГЪАЩІЭР
«Лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэр щыпсэу щІыпІэм хъыбарыфІыр щагъэІун щхьэкІэ зэхуэсхэр зэрызэдэлажьэр» (дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын. Служебнэ надзирателым ирегъэкІуэкІ. Видеороликыр гъэлъагъуи зэпкърых. Бзэ зэмылІэужьыгъуэкІэ псалъэ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ фадэгуэшэн щхьэкІэ фи щІыпІэм теухуауэ щыІэ унафэхэр жыІэ.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): lvs Приложение 9—12
Мы зэІущІэмрэ къыкІэлъыкІуэмрэ кІэщІу хэплъэныр (дакъ. 3)
68-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ