АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИУАН 20, 21
«Мыбыхэм нэхърэ нэхъыфІу сыплъагъурэ?»
21:1—19, ДЩІ
Библиер щатха зэманым бдзэжьеящэфІыр и къарум щымысхьу, шыІэныгъэ хэлъу лажьэт. Куэду бдзэжьей къиубыдын щхьэкІэ, ар гугъуехь куэдым пэщІэтыну хьэзырт (w12-U 1/8 18—20). Петр а хьэл-щэныфІ псори хэлът икІи абы ахэр къыдэІэпыкъунут Хьисэ и гъэсэнхэр игъэхьэзырыну. Ауэ Петр фІыуэ илъагъу лэжьыгъэмрэ Хьисэ къалэн къыхуищІа Іуэхумрэ хэдэу, и гъащІэм япэ иригъэщынур дэтхэнэрами къыхихын хуейт.
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр япэ ибгъэщын щхьэкІэ, сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр уи гъащІэм хэплъхьа?