АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИОИЛЬ 1—3
«Си псалъэхэр фи къуэхэмрэ фипхъухэмрэ я гум къислъхьэнурэ, жезгъэІэнущ»
Уафэм щыпсэуну гугъэ зиІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм Алыхьым и псалъэхэр ягъэІу. Абыхэм «Тхьэм илэжьа Іуэхушхуэхэм я хъыбарымрэ» «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІымрэ» ягъэІу (Апост 2:11, 17—21; Мт 24:14). «НэгъуэщІ мэлхэр» абыхэм ядоІэпыкъу я къалэныр ягъэзэщІэну.
Иеговэ и цІэр къеджэным сыт къикІыр?
Абы и цІэр щІэныр.
Абы и цІэм пщІэ хуэщІыныр.
А цІэр зезыхьэм дзыхь хуэщІыныр.
ЗэупщІыж: «Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм Алыхьым и хъыбарыр зэрагъэІумкІэ сэ дауэ сазэрыдэІэпыкъуфынур?»