Жэпуэгъуэм и 30 — ЩэкІуэгъуэм и 5
Иоиль 1—3
77-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Си псалъэхэр фи къуэхэмрэ фипхъухэмрэ я гум къислъхьэнурэ, жезгъэІэнущ» (дакъ. 10)
[«Знакомство с книгой Иоиля» жыхуиІэ видеороликыр гъэлъагъуэ.]
Ил 2:28, 29. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм Иеговэ и псалъэхэр ягъэІу (w02-U 1/8 15, абз. 4, 5; jd-U 167, абз. 4)
Ил 2:30—32. Иеговэ и цІэр къезыджэхэращ Алыхьым и «махуэшхуэ шынагъуэм» къелыныр (w07-U 1/10 13, абз. 2)
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 8)
Ил 2:12, 13. Мы псалъэхэм зэрыжаІэмкІэ, гурэ псэкІэ узэрыхущІегъуэжар дапхуэдэу къызэрыбгъэлъэгъуэныр? (w07-U 1/10 13, абз. 5)
Ил 3:14. «Хьэкум щащІ аузыр» сыт зищІысыр? (w07-U 1/10 13, абз. 3)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджам Иеговэ теухуауэ сыт къывигъэщІар?
Мы тхьэмахуэм дызэджа псалъащхьэхэм сыт хуэдэ налкъутхэр иджыри къыщывгъуэта?
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): Ил 2:28—3:8
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Япэу епсэлъэн (дакъ. 2 е нэхъ мащІэ): фи щІыпІэм цІыхухэр зыгъэпІейтей упщІэкІэ цІыхум зыхуэгъазэ. ЕтІуанэу къытебгъэзэжыну гурыІуэ.
ЕтІуанэу къытегъэзэжын (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): фи щІыпІэм цІыхухэр зыгъэпІейтей упщІэ адэкІи зэпкърых. Къытебгъэзэжыну гурыІуэ.
Библием егъэджэн (дакъ. 6 е нэхъ мащІэ): «Сыт тщІэн хуейр Алыхьым пэжу дыхуэлэжьэн щхьэкІэ?» жыхуиІэ темэр зэпкърых, абы хуэкІуэ план къэбгъэсэбэпу.
ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ гъэунэхуапІэхэм къыддоІэпыкъу (дакъ. 9). «Иегова — моя крепкая башня» жыхуиІэ видеороликыр гъэлъагъуэ. КъодаІуэхэм еупщІ: Хеншельхэ я унагъуэр сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ хуэза? Адэ-анэхэм фІэщхъуныгъэ быдэрэ теубыдагъэрэ зэрагъэлъагъуэр я сабийхэм сыткІэ сэбэп яхуэхъурэ? Дапхуэдэу Иеговэ къару къызэрыпхилъхьэфынур ди къуэш Хеншель зэрыдэІэпыкъуам хуэдэу?
Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъу. Иеговэ и цІэр (дакъ. 6). «Стань другом Иеговы. Имя Иеговы» жыхуиІэ видеороликыр гъэлъагъуэ. Абы иужь узыгурыІуауэ щыта сабий зытІущ сценэм къегъэблагъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр ет: сыт Иеговэ и цІэм къикІыр? Сыт Иеговэ къигъэщІар? Дапхуэдэу уэ Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъуфынур?
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): kr-U пс. 20, абз. 17—19; «Иеговэ нэхъыбэ хуищІэну а Іуэхум хуигъэушащ», «Дуней псом гузэвэгъуэ пэщэхуахэм дэІэпыкъуну хьэзырхэр», «Пащтыхьыгъуэр зэрыщыІэр сыт уи фІэщ зыщІыр?» рамкэхэр
Мы зэІущІэмрэ къыкІэлъыкІуэмрэ кІэщІу хэплъэныр (дакъ. 3)
106-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ