АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЗАХАРИЯ 1—8
Иудейм и щыгъын кІапэр быдэу убыд
Лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм къыхэкІауэ, бзэ зэмыщхькІэ псалъэ цІыхуипщІым иудейм и щыгъын кІапэр яубыдынурэ жаІэнущ: «Дэ фи гъусэу дынэкІуэнущ». Мы иужьрей махуэхэм лъэпкъ псоми щыщ цІыхухэм уафэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэм гъусэ зыхуащІ, абыхэм я гъусэу Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ.
Дауэ «нэгъуэщІ мэлхэр» уафэм щыпсэну гугъэ зиІэхэм зэрыдэІэпыкъур?
Ахэр жыджэру хъыбарыфІ гъэІуным хэтщ.
Абыхэм арэзыуэ ахъшэ ят, Алыхьым и лэжьыгъэр адэкІэ ягъэкІуэтэн щхьэкІэ.