ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb17 Октябрь н. 7
  • Уи гъащІэмкІэ Иеговэ гъэлъапІэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Уи гъащІэмкІэ Иеговэ гъэлъапІэ
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2017
  • Мыбы ещхь материал
  • Иеговэ хуэфщІэф псом щхьэкІэ фыгуфІэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • НыбжьыщІэхэ, Иеговэ фи ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэу щыту жыфІэфыну?
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2020
  • ПхузэфІэкІым щыщу нэхъыфІыр Иеговэ зэрептым гуфІэгъуэ хэх
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2017
mwb17 Октябрь н. 7

ДИ ГЪАЩІЭР

Уи гъащІэмкІэ Иеговэ гъэлъапІэ

ГъащІэр — тыгъэ лъапІэщ. А тыгъэм пщІэ зэрыхуэтщІыр ди дуней тетыкІэм къегъэлъагъуэ. Дэ Алыхьым дыхуолажьэри ди зэфІэкІхэмкІэ гъащІэр къыдэзыта Иеговэ дгъэлъэпІэну дыхуейщ (Пс 36:9; Апок 4:11). Ауэ Іуэху куэд зэран къытхуэхъункІэ хъунущ Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэу дыхэтыну дыхущІэкъуну (Мк 4:18, 19). Дэтхэнэ зыри дызэупщІыж хъунущ: «НэхъыфІ дыдэу сиІэр Иеговэ есту пІэрэ? (Ос 14:2). Лэжьыгъэм си гъащІэм сыт хуэдэ увыпІэ щиІыгъыр? Сыт сэ сызыхущІэкъур? Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэу сыхэтын щхьэкІэ сыт сщІэ хъуныр?» Уэ зыгуэркІэ зыпхъуэжын хуейуэ плъагъумэ, Иеговэ елъэІу къыбдэІэпыкъуну. Иеговэ уи гъащІэмкІэ бгъэлъапІэмэ, насыпыфІэ ухъунущ икІи гузэгъэгъуэ бгъуэтынущ! (Пс 61:8).

[Сурэт, 7-нэ напэкІуэцІ]

Уи зэфІэкІхэр дауэ къызэрыбгъэсэбэпыр?

«ИСПОЛЬЗУЙ СВОЙ ТАЛАНТ ДЛЯ ИЕГОВЫ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • Уи зэфІэкІхэр ШейтІаным и дунейм щхьэкІэ къэбгъэсэбэпыным сыт Іущагъ щІыхэмылъыр? (1Ин 2:17).

  • НэхъыфІ дыдэу яІэр Иеговэ езытхэм я гъащІэм дапхуэдэу зэрызихъуэжыр?

  • Уи зэфІэкІхэр дауэ къызэрыбгъэсэбэпыфынур Иеговэ и лэжьыгъэм щхьэкІэ?

ФИ УНАГЪУЭМ И ГЪУСЭУ БИБЛИЕР ЩЫВДЖКІЭ ПЩІЭ ХЪУНЫР

  • Иеговэ куэд щІауэ хуэлажьэ ди къуэш е ди шыпхъу гуэр къегъэблагъэ. НэхъыфІ дыдэу иІэр Иеговэ иритын щхьэкІэ абы къигъэнэн хуей хъуам теухуауэ жегъэІэж. Сыт Иеговэ абы къыхуищІэжар? Дауэ абы Иеговэ и нэфІ зэрыщыхуар?

  • Ди телевидением ит интервьюхэмрэ гъащІэм къыщыхъуа хъыбархэмрэ еплъ. Уэ къэпщІэнущ и гъащІэ псор Иеговэ езытахэм сыт хуэдэ гуфІэгъуэ зыхащІами.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын