ДИ ГЪАЩІЭР
НыбжьыщІэхэ, Иеговэ фи ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэу щыту жыфІэфыну?
Ныбжьэгъум сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр хэлъын хуейуэ плъытэрэ? Абы пэжагъ, гуапагъ, хьэлэлагъ хэлъын хуейуэ уэ къэплъытэу къыщІэкІынщ. Мы хьэл-щэнищри Иеговэ хэлъщ (Исх 34:6; Апост 14:17). Ар уэ уи тхьэлъэІухэм йодаІуэ икІи дэІэпыкъуэгъу ущыхуэныкъуэм деж абы зыкъыпщІегъакъуэ (Пс 18:19, 35). Абы уэ уи щыуагъэхэр къыпхуегъэгъу (1Ин 1:9). Иеговэ ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэу зэрыщытым шэч лъэпкъ хэлъкъым!
Уэ-щэ? Уэ дауэ Иеговэ ныбжьэгъуфІ узэрыхуэхъуфынур? Абы и Псалъэ Библием уеджэурэ, ар зэгъэцІыху икІи дзыхь хуэпщІу зегъасэ (Пс 62:8; 142:2). Иеговэ лъапІэу илъытэр, псалъэм папщІэ и Къуэр, и Пащтыхьыгъуэр, и мурадыр, уэри лъапІэу зэрыплъытэр къэгъэлъагъуэ. Абы теухуауэ нэгъуэщІ цІыхухэм яжеІэ (Вт 32:3). Уэ Иеговэ ныбжьэгъу ухуэхъуу щытмэ, ар уэ уи ныбжьэгъуу игъащІэкІэ щытынущ (Пс 73:25, 26, 28).
«ЮНОШИ И ДЕВУШКИ, „ВКУСИТЕ И УЗНАЙТЕ, КАК ДОБР ИЕГОВА“!» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу псым зыщІэбгъэуэным зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъуныр дауэ?
Иеговэ ухуэлэжьэну зэхуэсым щыщхэр дауэ къызэрыбдэІэпыкъуфынур?
ХъыбарыфІ гъэІуным Иеговэ гъунэгъу дауэ узэрыхуищІыр?
Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм зэи кІэ иІэнукъым!
Иеговэ нэхъыбэу ухуэлэжьэну сыт хуэдэ Іэмалхэр уэ уиІэ?
Уэ Иеговэ сыт фІыуэ щІэплъагъур?