Иеговэ и Щыхьэтхэм Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм цІыхухэр кърагъэблагъэ (Албание)
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
«ПРИМЕТЕ ЛИ ВЫ ВЕЛИЧАЙШИЙ ДАР БОГА?» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР
УпщІэр: ПщІэуэ пІэрэ уэ Алыхьым сыт хуэдэ тыгъэ дэтхэнэ цІыхум хуищІами?
Едзыгъуэр: Ин 3:16
Публикациер: Мы брошюрэм къыбгурегъаІуэ Алыхьым Хьисэ бегъымбар щІылъэм къыщІигъэкІуам и щхьэусыгъуэр икІи абы и гъащІэр къурмэныпхъэу дэр щхьэкІэ щІитар. Иджыри мыбы уэ къыщыпщІэнущ Алыхьым къыпхуищІам щхьэкІэ узэрыхуэарэзыр къызэрыбгъэлъэгъуэфыныр.
АЛЫХЬЫМ И ПАЩТЫХЬЫГЪУЭР СЫТ ЗИЩІЫСЫР?
УпщІэр: Иныкъуэхэм жаІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр ди гум илъу, ар цІыхум уафэм щигъуэтыж тыншыгъуэу е уафэм щыІэ правительствэу. Уэ дауэ уеплърэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр сыт зищІысыр?
Едзыгъуэхэр: Дан 2:44; Иса 9:6
Къытебгъэзэжын щхьэкІэ: ИужькІэ сыкъакІуэм зэпкърытхынщ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм сыт хуэдэ гъащІэ къытхуихьынуми.
ХЬИСЭ И ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭМ КЪЫЗЭРЕДГЪЭБЛАГЪЭР
Публикациер: Сыхуейщ укъезгъэблэгъэну мыхьэнэшхуэ зиІэ зэІущІэм. Абы щызэпкърахынущ Хьисэ бегъымбар и гъащІэр дэр щхьэкІэ итын хуей щІэхъуар. Хьисэ и лІэныгъэм къытхуихь фІыгъуэхэм теухуауэ Библием тегъэщІа псалъэ а зэІущІэм щыжаІэнущ. УкъакІуэмэ, си гуапэ хъунущ.
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.