ДИ ГЪАЩІЭР
Гугъу ирагъэхь ди къуэш, ди шыпхъухэм щхьэкІэ Алыхьым уелъэІуну зыщомыгъэгъупщэ
Библием щыжыІауэ щытащ ШейтІаныр ди ужь зэритыныр, Алыхьым дыхуэмылэжьэн щхьэкІэ (Ин 15:20; Апок 12:17). Гугъу ирагъэхь ди къуэш, ди шыпхъухэм дауэ дазэрыдэІэпыкъуфынур? Абыхэм щхьэкІэ Алыхьым делъэІу хъунущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «щыпкъагъэ зиІэ цІыхум и тхьэлъэІум лъэкІыныгъэ иІэщ икІи куэд лъокІ» (Екъуб 5:16).
Сыт Иеговэ дызэрелъэІу хъунур? Ди къуэш, ди шыпхъухэр мышынэн щхьэкІэ лІыгъэ къаритыну делъэІу хъунущ (Иса 41:10—13). ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ зэран къытхуэмыхъун щхьэкІэ, абы нэмыщІ «мамыру икІи дигу зэгъауэ дыпсэуфын щхьэкІэ, пащтыхьхэмрэ тепщэныгъэ зиІэхэмрэ Тхьэм фахуелъэІу» (1Тм 2:1, 2).
Паулрэ Петррэ гугъу щехьым щыгъуэ, я къуэшхэр абыхэм щхьэкІэ Иеговэ елъэІут, я цІэхэр къраІуэу (Апост 12:5; Рм 15:30, 31). Гугъу ирагъэхь ди къуэш, ди шыпхъу псоми я цІэхэр дымыщІэми, ахэр щыпсэу щІыпІэр, къэралыр е я зэхуэсым и цІэр ди тхьэлъэІухэм къыхэдгъэщ хъунущ.