ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Октябрь н. 24—29
  • Зыр адрейм папщІэ Иеговэ фелъэІу

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Зыр адрейм папщІэ Иеговэ фелъэІу
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • НЭГЪУЭЩІХЭМ ЩХЬЭКІЭ АЛЫХЬЫМ ДЫЩІЕЛЪЭІУН ХУЕЙР СЫТ?
  • АХЭР ДИ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ ХУЭНЫКЪУЭЩ
  • ЦІЫХУ ХЭХА ГУЭРЫМ ЩХЬЭКІЭ АЛЫХЬЫМ УЕЛЪЭІУНЫР
  • ТХЬЭЛЪЭІУМ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ УХУИІЭНЫР
  • ТхьэлъэІум и фІыгъэкІэ Алыхьым гъунэгъу ухуэхъуфынущ
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Дапхуэдэу Алыхьым дызэрелъэІун хуейр?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Уи гупсысэхэри уи гурыщІэхэри Иеговэ къыхузэІупхыу зегъасэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • ТхьэлъэІукІэ Алыхьым гъунэгъу зыхуэщІын
    Сыт къытхуигъэувыр Алыхьым?
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Октябрь н. 24—29

43 СТАТЬЯР

41 УЭРЭДЫР Си тхьэлъэІур зэхэх

Зыр адрейм папщІэ Иеговэ фелъэІу

«Зыр адрейм папщІэ Тхьэм фелъэІу. Щыпкъагъэ зиІэ цІыхум и тхьэлъэІум лъэкІыныгъэ иІэщ икІи куэд лъокІ» (ЕКЪУБ 5:16).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Зыр адрейм папщІэ Иеговэ делъэІуным сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми икІи ар дапхуэдэу тщІэ хъунуми.

1. Дэнэ дэ щытщІэр ди тхьэлъэІухэм Иеговэ мыхьэнэшхуэ зэрыритыр?

ТХЬЭЛЪЭІУР — ар тыгъэ лъапІэщ. Фегупсысыт: Иеговэ мелыІычхэм къалэн гуэрхэр яритащ, ахэр езым хуэгъэзэщІэфынуми (Пс. 91:11). Абы нэмыщІ Иеговэ Хьиси мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэнхэр иритащ (Мт. 28:18). Ауэ тхьэлъэІухэм едэІуэну Иеговэ зыгуэрым къалэн хуищІауэ пІэрэ? Хьэуэ. Ар Иеговэ езым ищІэну хуейщ икІи дэтхэнэ зыми ди тхьэлъэІухэм йодаІуэ (Пс. 65:2).

2. НэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым дызэрелъэІуным теухуауэ Паул сыт хуэдэ щапхъэ къытхуигъэна?

2 Дэ дызыгъэгузавэ псомкІэ хуиту Иеговэ зыхуэдгъазэ хъунущ. Ауэ зыщыдгъэгъупщэнкъым нэгъуэщІхэм щхьэкІи Алыхьым делъэІуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Апостол Паул апхуэдэу ищІэу щытащ. Абы Ефес щыІэ зэхуэсым мыпхуэдэу хуитхащ: «Тхьэм сыщелъэІукІэ, фи гугъу сощІ» (Еф. 1:16). Ауэ Паул къуэш, шыпхъухэм щхьэкІи хэхауэ Алыхьым елъэІут. Псалъэм папщІэ, абы Тимофей хуитхауэ щытащ: «Тхьэм селъэІуу, жэщи махуи зэпымыууэ уи гугъу сщІыуэ, Тхьэм фІыщІэ хузощІ» (2 Тим. 1:3). Паул езым гугъуехь куэди щІэгузэвэни иІэт (2 Кор. 11:23; 12:7, 8). Ауэ, абы емылъытауэ, нэгъуэщІхэм Алыхьым хуелъэІун щхьэкІэ, Паул сыт щыгъуи зэман къигъуэтт.

3. Иныкъуэхэм деж нэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым делъэІуну щІытщыгъупщэр сыт?

3 Иныкъуэхэм деж нэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым делъэІуну тщогъупщэ. Абы щхьэусыгъуэ куэд иІэфынущ. Абыхэм ящыщ зым ди шыпхъу Сабри́нэa топсэлъыхь: «Иджыпсту гъащІэр апхуэдизкІэ зэхэзэрыхьащи, уи гугъуехьхэм фІэкІа нэгъуэщІ зыри уи тхьэлъэІум хомыгъэхьэу ухъуфынущ». Уэри апхуэдэу къыпщыщІамэ, мы статьяр къыбдэІэпыкъунущ. Дэ мыбы щызэпкърытхынущ: 1) нэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым делъэІуным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сытми 2) ар дауэ тщІэ хъунуми.

НЭГЪУЭЩІХЭМ ЩХЬЭКІЭ АЛЫХЬЫМ ДЫЩІЕЛЪЭІУН ХУЕЙР СЫТ?

4, 5. НэгъуэщІхэм щхьэкІэ жытІэ тхьэлъэІухэм «лъэкІыныгъэ яІэщ» жыхуиІэм къикІыр сыт? (Екъуб 5:16).

4 НэгъуэщІхэм щхьэкІэ жытІэ тхьэлъэІухэм «лъэкІыныгъэ яІэщ». (Къеджэ Екъуб 5:16.) НэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым дызэрелъэІур, абыхэм сэбэп яхуэхъуфыну? Шэч хэмылъу яхуэхъуфынущ. Хьисэ ищІэт куэд дэмыкІыу Петр къимыцІыхуу зэрыжиІэнур. Абы къыхэкІкІэ, мыпхуэдэу жиІащ: «ФІэщхъуныгъэм и гъуэгу утемыкІыну сэ Тхьэм сыпхуелъэІуащ» (Лк. 22:32). Апостол Паул шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым къуэш, шыпхъухэр абы щхьэкІэ Алыхьым зэрелъэІум къыхэкІкІэ, и Іуэхур нэхъыфІ зэрыхъуфынум. Рим къалэм щхьэхуимыту щыщыІам щыгъуэ, абы Филимон мыпхуэдэу хуитхащ: «Тхьэм фызэрысхуелъэІуам папщІэ Тхьэм сынывитыжыну сыщогугъ» (Флм. 22). Апхуэдэ дыдэуи къэхъуащ: куэд дэмыкІыу Паул щхьэхуит ящІыжри, абы хъыбарыфІыр игъэІун щІидзэжащ.

5 ДауикІ, абы къикІкъым ди тхьэлъэІухэмкІэ Иеговэ зыгуэр ищІэну хэдгъэзыхьыфыну. Ауэ абы ди гукъеуэхэр къыфІэмыІуэхуу щыткъым икІи иныкъуэхэм деж дызэрелъэІуам хуэдэу ди тхьэлъэІум жэуап кърет. Аращи, дэ абы дыхуегъэуш дызыгъэгузавэ псори Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьэу, шыІэныгъэ тхэлъу и жэуапым дыпэплъэну (Пс. 37:5; 2 Коринф 1:11).

6. НэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым дыщелъэІум деж, абыхэм дазэрыхущытым дапхуэдэу зэрызихъуэжыр? (1 Петр 3:8).

6 НэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым дызэрелъэІур гущІэгъу тхэлъыну къыддоІэпыкъу. (Къеджэ 1 Петр 3:8.) ГущІэгъу зыхэлъ цІыхум нэгъуэщІым и гукъеуэм гу лъетэ икІи ар дигъэпсынщІэну хуейщ (Мк. 1:40, 41). Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэш Майкл къыддогуашэ: «НэгъуэщІхэр зыгуэр хуэныкъуэу къыщысщІэм деж, сэ абыхэм Алыхьым сахуолъэІу. Ар сэ къыздоІэпыкъу абыхэм я гугъуехьыр зыхэсщІэну икІи ахэр нэхъыфІыжу слъагъуну. ТхьэлъэІум сэ абыхэм нэхъ гъунэгъу сахуещІ, абы теухуауэ езыхэм зыри хамыщІыкІми». НэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым уелъэІуным иджыри сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ? Абы теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэш Ри́чард къыддогуашэ: «ЦІыху гуэрым щхьэкІэ Алыхьым дыщелъэІукІэ, абы зыгуэр хуэтщІэну диІэ гукъыдэжыр нэхъ ин мэхъу. А цІыхум дыщыдэІэпыкъум деж, зы лъэныкъуэ гуэркІэ ди тхьэлъэІум дэ езым жэуап еттыжауэ жыпІэ хъунущ».

7. НэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым дызэрелъэІур дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур гугъуехь зиІэр ди закъуэу зэрыщымытыр зыщыдмыгъэгъупщэну? (Филиппи 2:3, 4). (Сурэтхэми феплъ.)

7 НэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым дыщелъэІум деж дэ къыдгуроІуэ гугъуехь зиІэр ди закъуэу зэрыщымытыр. (Къеджэ Филиппи 2:3, 4.) Дызытет дунейр ШейтІаным и ІэмыщІэ зэрилъым къыхэкІкІэ, гугъуехь гуэр зимыІэ зыри къытхэткъым (1 Ин. 5:19; Апок. 12:12). Зэпымыууэ нэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым дызэрелъэІум дигу къегъэкІыж «ди къуэш псоми апхуэдэ гугъуехьхэр зэрашэчыр» (1 Пет. 5:9). Пионеру лажьэ ди шыпхъу Ка́трин къыддогуашэ: «Дэлъху, шыпхъухэм щхьэкІэ Алыхьым сыщелъэІум деж сэ нэхъыфІу къызгуроІуэ абыхэми гугъуехь гуэрхэр зэраІэр. Ар къыздоІэпыкъу си гугъуехьхэм куэду семыгупсысыну».

Коллаж «Езыхэм яІэ гугъуехьхэм емылъытауэ, къуэш, шыпхъухэр нэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым йолъэІу»: 1) хъыджэбз цІыкІур гъуэлъыпІэм ису Алыхьым йолъэІу; и щхьэм тет сурэт цІыкІум къыщыгъэлъэгъуащ псыдзэ къазэрыщІэуам къыхэкІкІэ, кхъуафэжьейм ису щІэпхъуэн хуей хъуа унагъуэр; 2) а унагъуэр тутнакъым ис къуэшым щхьэкІэ Алыхьым йолъэІу; и щхьэм тет сурэт цІыкІум къыщыгъэлъэгъуащ тутнакъым ис къуэшыр; 3) а къуэшыр тутнакъым ису Алыхьым йолъэІу; и щхьэм тет сурэт цІыкІум къыщыгъэлъэгъуащ сымаджэщым щІэлъ зи ныбжь хэкІуэта шыпхъур; 4) а шыпхъур Алыхьым йолъэІу; и щхьэм тет сурэт цІыкІум къыщыгъэлъэгъуащ япэ сурэтым хэта хъыджэбз цІыкІур — ар и закъуэу партэм деж щысщ, и щІыбагъымкІэ къыдеджэхэм щыщ гуэрым къыщалъхуа махуэр ягъэлъапІэ.

НэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым дыщелъэІум деж дэ къыдгуроІуэ гугъуехь зиІэр ди закъуэу зэрыщымытыр (7 абзацым феплъ.)d


АХЭР ДИ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ ХУЭНЫКЪУЭЩ

8. Хэт ди тхьэлъэІухэм хэдгъэхьэ хъунур?

8 Дэ ди тхьэлъэІухэм хэдгъэхьэ хъунущ сымаджэхэр, зи ныбжь хэкІуэтахэр е школым гугъу щрагъэхь сабийхэр. Къуэш, шыпхъу куэдыр я Іыхьлыхэм е къэрал унафэщІхэм гугъу ирагъэхь (Мт. 10:18, 36; Апост. 12:5). Къэралым зэгурыІуэныгъэ зэримылъым къыхэкІкІэ, куэдым я унэр къагъэнэн хуей хъуащ. Хэти гузэвэгъуэшхуэ гуэрым пэщІэхуащ. А къуэш, шыпхъухэр дэ дымыцІыхункІэри хъунущ, ауэ абыхэм щхьэкІэ Алыхьым дыщелъэІум деж къыдогъэлъагъуэ Хьисэ «фІыуэ фызэрылъагъу» жиІэу къытхуигъэна унафэм дызэрытетыр (Ин. 13:34).

9. ПщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэхэмрэ абыхэм я щхьэгъусэхэмрэ щхьэкІэ Иеговэ делъэІун щІыхуейр сыт?

9 Иджыри Иеговэ делъэІу хъунущ, абы и организацэм пщІэ зыпылъ къалэн щызыгъэзащІэхэм щхьэкІэ. Абы хохьэ: УнафэщІ гупым щыщ къуэшхэмрэ абыхэм я дэІэпыкъуэгъухэмрэ, филиалхэм я комитетхэм хэтхэр, Вефилхэм я отделхэм кІэлъыплъхэр, районым и нэхъыжьхэр, зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ и дэІэпыкъуэгъухэмрэ. А къуэшхэр псэемыблэжу къыддоІэпыкъу, езыхэм яІэ гугъуехьхэм емылъытауэ (2 Кор. 12:15). Районым и нэхъыжьу лажьэ ди къуэш Марк жеІэ: «Си дежкІэ псом нэхърэ нэхъ гугъуу щытыр си адэ-анэм я пэжыжьэу сызэрыпсэуращ. Зэманыр кІуэху абыхэм я узыншагъэр нэхъ Іей хъуурэ макІуэ. Си шыпхъумрэ абы и щхьэгъусэмрэ си адэ-анэм я нэІэ трагъэтми, сэ абыхэм сазэримыгъусэфым икІи нэхъыбэ зэрахуэзмыщІэфым си гур хегъэщІ». А къуэшхэм я гугъуехьхэм хэтщІыкІми хэдмыщІыкІми, абыхэм щхьэкІэ Иеговэ делъэІуным мыхьэнэшхуэ иІэщ (1 Фес. 5:12, 13). Абы нэмыщІ а къуэшхэм я щхьэгъусэхэм щхьэкІи Алыхьым делъэІу хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм я фІыгъэкІэ къуэшхэм адэкІи я къалэнхэр ягъэзэщІэф.

10, 11. Иеговэ игъэгуфІэу пІэрэ къуэш, шыпхъу псом щхьэкІэ зэуэ дыщелъэІум деж? КъыдгурывгъаІуэ.

10 ИпэкІэ дызэрытепсэлъыхьащи, дэ щІэх-щІэхыурэ къуэш, шыпхъу куэдым щхьэкІэ Алыхьым долъэІу. Псалъэм папщІэ, Иеговэ делъэІуфынущ тутнакъым исхэм дэІэпыкъуну е зи Іыхьлы зыфІэкІуэдахэм гупсэхугъуэ яритыну. Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэш До́нальд жеІэ: «Гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэм пхырыкІ къуэш, шыпхъухэр ди куэдщ. Аращи, абыхэм щхьэкІэ зэуэ Алыхьым делъэІу хъунущ».

11 Апхуэдэ тхьэлъэІухэм Иеговэ игъэгуфІэу пІэрэ? ДауикІ, егъэгуфІэ! Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ тщІэкъым къуэш, шыпхъу дэтхэнэ зыри зыхуэныкъуэр, аращи, псом щхьэкІэ зэуэ Алыхьым уелъэІуным зыри Іей хэлъкъым (Ин. 17:20, ДЩІ; Еф. 6:18). А тхьэлъэІухэм къагъэлъагъуэ дуней псом тет ди къуэш ди шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъур (1 Пет. 2:17).

ЦІЫХУ ХЭХА ГУЭРЫМ ЩХЬЭКІЭ АЛЫХЬЫМ УЕЛЪЭІУНЫР

12. Набдзэгубдзаплъэу дызэрыщытыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур ди тхьэлъэІухэр нэхъ пыухыкІауэ щытыну?

12 Набдзэгубдзаплъэу фыщыт. Къуэш, шыпхъу псом щхьэкІэ имызакъуэу, атІэ пыухыкІауэ абыхэм щыщ гуэрым щхьэкІи и цІэр къитІуэу, Алыхьым делъэІу хъунущ. Псалъэм папщІэ, уэ гу лъыптауэ къыщІэкІынщ фи зэхуэсым щыщ гуэр сымаджэ хьэлъэ хъуауэ е ныбжьыщІэ гуэрым школым къыдеджэхэм къызэрытракъузэм къыхэкІкІэ, нэщхъейуэ щыту. Абы нэмыщІ и закъуэу зи сабийхэр зыпІ икІи «Зиусхьэным зэрыфІэигъуэм тету» зыгъэсэну хущІэкъу къуэш е шыпхъу гуэр фэ фцІыхуу къыщІэкІынщ (Еф. 6:4). Набдзэгубдзаплъэу фызэрыщытыр фэ къывдэІэпыкъунущ къуэш, шыпхъухэр нэхъыфІыжу флъагъуну икІи а лъагъуныгъэм фыхуигъэушынущ абыхэм щхьэкІэ Алыхьым фелъэІуну (Рим 12:15)b.

13. Къуэшыр е шыпхъур дымыцІыхуми, абы щхьэкІэ Алыхьым делъэІуну сыт къыддэІэпыкъунур?

13 Къуэш, шыпхъухэм я цІэхэр къифІуэ. Алыхьым дыщелъэІукІэ абыхэм я цІэхэр къитІуэн щхьэкІэ, ахэр Іэмал имыІэу тцІыхун хуейуэ щыткъым. Фегупсыс хъунущ тутнакъым ис ди къуэш ди шыпхъухэм, псалъэм папщІэ, Крымым, Урысейм, Сингапурым, Эритреем. Абыхэм я цІэхэр jw.orgc сайтым къыщыбгъуэтыфынущ. Районым и нэхъыжьу лажьэ ди къуэш Бра́йан жеІэ: «Сэ тутнакъым ис къуэшым е шыпхъум и цІэр къызотхыкІри, макъкІэ жызоІэ. Ар къыздоІэпыкъу а цІыхум теухуауэ зыщызмыгъэгъупщэну икІи си тхьэлъэІум хэзгъэхьэну».

14, 15. Ди тхьэлъэІухэр нэхъ пыухыкІауэ щытыну сыт къыддэІэпыкъунур?

14 Фи тхьэлъэІур пыухыкІауэ щрет. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Майкл жеІэ: «Тутнакъым ис къуэшхэм теухуауэ ди сайтым сыщеджэм деж, абыхэм я пІэм ситамэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр сиІэнутэми си нэгу къыщІызогъэхьэ. Шэч хэмылъу, сэ си щхьэгъусэм щхьэкІэ сыгузэвэнут икІи абы зыхуэныкъуэ псор иІэну сыхуеинут. Аращи, Алыхьым сызыхуелъэІу къуэшым щхьэгъусэ иІэу щытмэ, си тхьэлъэІум хэзгъэхьэнур сытми сощІэ» (Евр. 13:3).

15 Тутнакъым ис къуэш, шыпхъухэр махуэ къэс зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм дегупсысмэ, ахэр зыхуэныкъуэр къыдгурыІуэнущ икІи ди тхьэлъэІум хэдгъэхьэнур сытми тщІэнущ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ делъэІу хъунущ къуэш, шыпхъухэр абы хуэлэжьэфын щхьэкІэ тутнакъым и нэхъыщхьэхэр зэран къахуэмыхъуну икІи абы щылажьэ хъумакІуэхэр гуапэу къахущытыну (1 Тим. 2:1, 2). Абы нэмыщІ ди тхьэлъэІум хэдгъэхьэ хъунущ а къуэш, шыпхъухэм я щапхъэм а щІыпІэм щыІэ зэхуэсыр игъэгушхуэну. Дэ иджыри Иеговэ делъэІу хъунущ къуэш, шыпхъухэм я щытыкІэфІым нэгъуэщІхэм гу лъатэу, Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къащІэну гукъыдэж яІэну (1 Пет. 2:12). Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр къэдгъэсэбэп хъунущ нэгъуэщІ гугъуехь пэщІэхуэ къуэш, шыпхъухэм щхьэкІи Алыхьым дыщелъэІум деж. Дэ набдзэгубдзаплъэу дыщытмэ, къуэш, шыпхъухэм я цІэхэр къитІуэмэ икІи ди тхьэлъэІухэр пыухыкІауэ щытмэ, абыкІэ къэдгъэлъэгъуэнущ ди зэхуаку лъагъуныгъэшхуэ зэрыдэлъыр (1 Фес. 3:12).

ТХЬЭЛЪЭІУМ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ УХУИІЭНЫР

16. ТхьэлъэІум еплъыкІэ тэмэм худиІэну сыт къыддэІэпыкъунур? (Маттэ 6:8, ДЩІ).

16 КъызэрытщІащи, дэ ди тхьэлъэІухэмкІэ цІыхум и Іуэхум фІыкІэ зихъуэжыну дыдэІэпыкъуфынущ. Ауэ, тхьэлъэІум еплъыкІэ тэмэм худиІэн хуейщ. Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым Иеговэ дыщелъэІукІэ ар ди чэнджэщ зэрыхуэмыныкъуэр икІи абы имыщІэ гуэр зэрыжедмыІэфынур. (Къеджэ Маттэ 6:8, ДЩІ) Сыт-тІэ нэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым делъэІун щІыхуейр? Дызытепсэлъыхьа щхьэусыгъуэхэм нэмыщІ, абы иджыри зы щхьэусыгъуэ иІэщ: нэгъуэщІхэр фІыуэ зылъагъу цІыхум апхуэдэущ зэрищІэр. Лъагъуныгъэм дэ дыхуегъэуш зыр зым папщІэ Алыхьым делъэІуну. Иеговэ лъагъуныгъэшхуэ зэригъэлъагъуэм хуэдэу, дэри дгъэлъэгъуэну дызэрыхущІэкъур щилъагъум деж, ар мэгуфІэ.

17, 18. Къуэш, шыпхъухэм щхьэкІэ Алыхьым делъэІуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр сыт хуэдэ щапхъэм къыдгуригъаІуэрэ?

17 Мыпхуэдэуи къэхъуфынущ: дэ зыгуэрым щхьэкІэ Алыхьым долъэІу, ауэ абы и Іуэхум зыми зимыхъуэжу къытщохъу. НтІэ, ди тхьэлъэІухэм мыхьэнэ имыІэу ара? ДауикІ, хьэуэ. Абыхэм къагъэлъагъуэ ди къуэш ди шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъур. Иеговэ и дежкІэ абы мыхьэнэшхуэ иІэщ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт унагъуэм зы щІалэ цІыкІурэ зы хъыджэбз цІыкІурэ яІэу. ЩІалэ цІыкІур сымаджэ хъуащ икІи хъыджэбз цІыкІур и адэм мыпхуэдэу йолъэІу: «КхъыІэ си дэлъху цІыкІум зыгуэр хуэщІэ. Абы Іейуэ къытохьэлъэ». Къапщтэмэ, адэм и къуэр фІыуэ елъагъу икІи и пхъур къемылъэІуми, абы хузэфІэкІыу хъуар ещІэ и къуэр нэхъ псынщІэу хъужын щхьэкІэ. Ауэ абы сыту и гуапэ и пхъум и дэлъху цІыкІур фІыуэ зэрилъагъур икІи дэІэпыкъуну зэрыхуейр илъагъуну.

18 Аращ дэ Иеговэ дызыхуигъасэр: фІыуэ дызэрылъагъуну икІи зыр зым папщІэ абы тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну. Апхуэдэ тхьэлъэІухэм къагъэлъагъуэ ди щхьэ закъуэ демыгупсысыжу, къуэш, шыпхъухэми дызэрегупсысыр. Иеговэ абы гу лъетэ икІи хуабжьу мэгуфІэ (2 Фес. 1:3; Евр. 6:10). Абы нэмыщІ къызэрытщІащи, дэ ди тхьэлъэІухэмкІэ цІыхум и Іуэхум фІыкІэ зихъуэжыну дыдэІэпыкъуфынущ. Аращи, нэгъуэщІхэм папщІэ Алыхьым делъэІун щхьэкІэ, Іэмалу диІэу хъуар къэдвгъэгъэсэбэп.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • НэгъуэщІхэм щхьэкІэ жытІэ тхьэлъэІухэм «лъэкІыныгъэ яІэщ» жыхуиІэм къикІыр сыт?

  • Къуэш, шыпхъу псом щхьэкІэ зэуэ Алыхьым делъэІун щІыхуейр сыт?

  • Къуэшым е шыпхъу гуэрым щхьэкІэ Алыхьым дыщелъэІум деж ди тхьэлъэІур нэхъ пыухыкІауэ жытІэну сыт къыддэІэпыкъунур?

101 УЭРЭДЫР Зэкъуэту дызэдолажьэ

a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

b «Такэси Симидзу. Иегова — „Слушатель молитв“» жыхуиІэ видеом, jw.org сайтым фыщеплъ.

c «Страны, где Свидетели Иеговы находятся в заключении за веру» жыхуиІэ статьям, jw.org сайтым фыщеджэ.

d СУРЭТХЭМ ИТЫР. Езыхэм яІэ гугъуехьхэм емылъытауэ, къуэш, шыпхъухэр нэгъуэщІхэм щхьэкІэ Алыхьым йолъэІу.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын