АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСАИЯ 38—42
Иеговэ ешам къару ирет
Бгъэм жьы хуабэ дэкІуейр къигъэсэбэпурэ, сыхьэт бжыгъэкІэ уафэм щохуарзэ. Жьы хуабэ къигъуэта иужь абы хэту къыщелъэтыхь, нэхъ лъагэу дэкІуейурэ. Абы зиІэта нэужь нэгъуэщІ жьы хуабэм хуэмурэ хохьэ. Бгъэм апхуэдэу зэпымыууэ ещІэ, къару нэхъ мащІэ игъэкІуэдын щхьэкІэ.
Бгъэм къыщилъэтыхьым деж къару куэд зэримыгъэкІуэдым къегъэлъагъуэ, Алыхьым къыдит къарум и фІыгъэкІэ дэ адэкІи абы дызэрыхуэлэжьэфыныр.