ДИ ГЪАЩІЭР
Фи фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ фыкъыщрахуэкІым деж фыгуфІэ
Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ягъэщІагъуэкъым ахэр къызэрырахуэкІыр (Ин 15:20). ДыкъызэрырахуэкІым гухэщІрэ гузэвэгъуэрэ къытхуихьми, абы щыгъуи дэ гуфІэгъуэ зыхэтщІэфынущ (Мт 5:10—12; 1Пт 2:19, 20).
«ДИ ІУЭХУР ЗЫІУТЫМ ЕМЫЛЪЫТАУЭ, ГУФІЭГЪУЭР ЗЫФІЭДГЪЭКІУЭДКЪЫМ. ГУГЪУ ДЫЩРАГЪЭХЬЫМ ДЕЖ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Ди къуэш Константин и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ:
махуэ къэс Библие дызэреджэн хуейм теухуауэ?
къуэш, шыпхъухэр зэрызыдэдгъэІэпыкъун хуейм теухуауэ?a
сытым дежи Алыхьым лъэІукІэ зэрызыхуэдгъэзэн хуейм теухуауэ?
ди уэрэдхэр зэрыжытІэн хуейм теухуауэ?
хъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм дазэрыдэгуэшэн хуейм теухуауэ?
a Я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ тутнакъым ис ди къуэш, ди шыпхъухэм я цІэхэр къитІуэу Алыхьым дахуелъэІу хъунущ. Ауэ къуэш, шыпхъухэм яхуэтх письмохэр яІэрыгъэхьэныр филиалым и къалэнкъым.