Ищхьэм: бегъымбар Ешайа итхыжа тхылъым щыщ Іыхьэ (Хы Псэншэм и тхылъхэр). Илъабжьэм: бегъымбар Ешайа итхыжа тхылъыр ди зэманым хьэрыпыбзэкІэ зэдзэкІауэ. Мы тхыгъэхэр зэбгъэпща иужь гурыІуэгъуэ мэхъу Алыхьым и Псалъэм зэхъуэкІыныгъэ зэрыхэмыхьар
Алыхьым и Псалъэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр халъхьауэ пІэрэ?
Языныкъуэхэм я гугъэщ Алыхьым и Псалъэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр халъхьауэ. Ауэ бегъымбар Ешайа зэрыжиІамкІэ, «ди Алыхьым и псалъэр игъащІэкІэ щыІэнущ» (Исаия 40:8). Тхауэ ди зэманым щыІэ Алыхьым и Псалъэм зэхъуэкІыныгъэ зэрыхамылъхьар ди фІэщ тщІыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр щыІэ?
Алыхьым лъэкІыныгъэ иІэщ и Псалъэм зэхъуэкІыныгъэ зыми хримыгъалъхьэу ихъумэну. Іэрытххэм фІэкІа щыщымыІэу щыта зэманым Тхыгъэ ЛъапІэм итыр къизытхыкІыжхэм хьэрф къэс ябжт, зыри дамыгъэхун, щІамыгъун икІи ямыхъуэжын щхьэкІэ. Ауэ а цІыхухэм, адрейхэми хуэдэу, гуэныхь яхэлъти, мыхьэнэшхуэ зимыІэ щыуагъэхэр щыхагъэхьа къэхъуащ.
ДЭНЭ ДЭ ЩЫТЩІЭР АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭ ЗЭРЫХЭМЫХЬАР?
Алыхьым къыбгъэдэкІ псалъэхэр зэрыт Іэрытххэр нобэ мин бжыгъэкІэ щыІэщ. Абыхэм ящыщ зым щыуагъэ гуэр хыхьами, ар тыншу къыпхуэгъуэтынущ адрей Іэрытххэм ебгъапщэмэ. («Есть ли в тексте Библии изменения или подделки?» жыхуиІэ статьям абы теухуауэ уэ нэхъыбэ къыщыпщІэнущ. Ар jw.org® сайтым къыщыбгъуэтынущ.)
Псалъэм папщІэ, 1947-нэ гъэм Хы Псэншэм пэмыжыжьэу пасэрей Іэрытххэр бгъуэнщІагъхэм къыщагъуэтат. А Іэрытххэм Тхыгъэ ЛъапІэм щыщ Іыхьэхэр итт икІи абыхэм нобэ Хы Псэншэм и тхылъкІэ йоджэ. Абыхэм я ныбжьыр илъэс минитІым щІегъу! ЩІэныгъэлІхэм пасэрей Іэрытххэмрэ нобэ щыІэ Тхыгъэ ЛъапІэмрэ щызэрагъэпщам сыт къахутар?
ЩІэныгъэлІхэм къагурыІуащ нобэ щыІэ Тхыгъэ ЛъапІэм итымрэ пасэрей Іэрытххэм итымрэ зэрызэтехуэрa. Абыхэм ирагъэкІуэкІа лэжьыгъэм къызэрыхэщымкІэ, мыхьэнэшхуэ зиІэ гуэркІэ ахэр зэщхьэщыкІкъым. Зэрытлъагъущи, Алыхьым и Псалъэр зэхъуэкІыныгъэ хэмыхьэу ихъумащ.
Абы къыхэкІкІэ Тхыгъэ ЛъапІэм дыщеджэкІэ шэч къытедмыхьэми хъунущ Алыхьым къыджиІэну зыхуей дыдэр абы зэритым. АдэкІэ къэтщІэнщ Алыхьым теухуауэ абы и бегъымбархэм ятхыжауэ щытар.
a The Complete Dead Sea Scrolls in English, by Geza Vermes, page 16.