Алыхьым теухуауэ абы и бегъымбархэм сыт ятхыжар?
Пасэрей зэманым Алыхьым и бегъымбархэр къигъэсэбэпурэ мыхьэнэшхуэ зиІэ хъыбархэр цІыхухэм ялъигъэІэст. Абыхэм ящыщу бегъымбарищым жаІа псалъэхэм дерс къыхэтхынщ.
ИБРЭХЬИМ
Алыхьым и дежкІэ цІыхур къызыхэкІа лъэпкъым мыхьэнэ иІэкъым, ар хуейщ цІыху псори насыпыфІэ ищІыну.
Алыхьым бегъымбар Ибрэхьим псалъэ иритат: «Уэ уи хьэтыркІэ си нэфІ ящыхуэнущ дунейм тет цІыху лъэпкъ псоми!» (ЩІэдзапІэ 12:3).
Дерсыр. Алыхьым дэ псори фІыуэ дыкъелъагъу — цІыхухъухэри, цІыхубзхэри, сабийхэри. Ар хуейщ къыхуэжыІэдаІуэ дэтхэнэ зы унагъуэми и нэфІ щыхуэну, е нэгъуэщІу жыпІэмэ ахэр насыпыфІэ хъуну.
МУСЭ
Алыхьым гущІэгъу хэлъщ икІи абы теухуауэ нэхъыбэ къэзыщІэну хуей дэтхэнэми ар доІэпыкъу.
Псори зыхузэфІэкІ Алыхьым Мусэ бегъымбарым къару иритат абы Іуэху телъыджэхэр ищІэну. Ауэ Мусэ Іэдэбагъ хэлъу Алыхьым елъэІуащ: «СынолъэІу, уи гъуэгухэр къысхузэІупхыну, усцІыхун щхьэкІэ икІи адэкІи уи нэфІ къысщыхуэн щхьэкІэ» (Исход 33:13). Алыхьым Мусэ и лъэІур игу ирихьащ икІи и мурадымрэ и хьэл-щэнхэмрэ нэхъыфІу къыгуригъэІуащ. Псалъэм папщІэ, Мусэ къищІащ Алыхьыр зэрыгущабэр икІи гущІэгъу зэрыхэлъыр (Исход 34:6, 7).
Дерсыр. Алыхьыр езым теухуауэ къэзыщІэну хуей дэтхэнэми дэІэпыкъуну хьэзырщ — цІыхухъухэми, цІыхубзхэми, сабийхэми. Тхыгъэ ЛъапІэм щыжыІащ дапхуэдэу Алыхьым дыхуэлэжьэн хуейми икІи абы дэ къытхуищІэну фІыгъуэхэм теухуауи.
ХЬИСЭ
Хьисэ цІыхухэм гущІэгъу яхуищІт икІи япкъырыт уз псори игъэхъужт
Хьисэ бегъымбар зыхуригъаджэу щытамрэ илэжьу щытамрэ теухуауэ нобэ къатщІэмэ, Алыхьым и нэІэ игъащІэкІэ къыттригъэтынущ.
Хьисэ бегъымбар зыхуригъаджэу щытамрэ илэжьу щытамрэ теухуауэ Тхыгъэ ЛъапІэм куэд къыщытщІэфынущ. Хьисэ Алыхьым и къарукІэ телъыджэ Іуэхухэр ищІэт, псалъэм папщІэ, нэфхэр, дэгухэр икІи щІакъуэхэр игъэхъужт. АбыкІэ абы игъэлъэгъуащ Алыхьым цІыхухэм дяпэкІэ яхуищІэнур. Алыхьым дыкъызэригъэгугъа псалъэхэр зэригъэзэщІэжыр ди нэкІэ тлъэгъун щхьэкІэ дэтхэнэ зыми тщІэн хуейр сытми Хьисэ жиІащ: «ЦІыхухэм мыкІуэдыжын гъащІэ яІэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращІэнури, уэ къэбгъэкІуа Хьисэ Мэссихь зэращІэнури аращ» (Иуан 17:3).
Хьисэ гуапэт, щабэт икІи гущІэгъу хэлът. ЦІыхухъуи цІыхубзи я ныбжьым емылъытауэ абы и деж къакІуэт. Абыхэм Хьисэ жиІа псалъэ щабэхэр гурэ псэкІэ къащтащ: «Си бжьыр зытефлъхьэ, жысІэр зэвгъащІэ, сэ си гур щабэщ икІи пагагъэ схэлъкъыми. ПсэмкІэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итІанэ» (Маттэ 11:29). А зэманым псэуа цІыхухъухэм елъытауэ, Хьисэ пщІэрэ щабагърэ хэлъу цІыхубзхэм яхущытт.
Дерсыр. Хьисэ цІыхухэр фІыщэу илъагъут. Зыр зым зэрыхущытын хуейм теухуауэ Хьисэ щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ.
ХЬИСЭ АЛЫХЬКЪЫМ
Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, «дэ зы Тхьэ закъуэщ диІэр», Хьисэ Мэссихь зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж и лІыкІуэу аращ (1 Коринф 8:6). Хьисэ жиІэт Алыхьыр езым нэхърэ нэхъ лъагэу зэрыщытыр икІи ар щІылъэм къэзыгъэкІуар езы Алыхьырауэ зэрыщытыр (Иуан 11:41, 42; 14:28)a.
a «ФІэщхъуныгъэ пэжым насыпым ухуешэ» жыхуиІэ брошюрэм, 8-нэ, 9-нэ псалъащхьэхэм Хьисэ Мэссихь теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ. Ар www.jw.org сайтым къыщыбгъуэтынущ.