ДИ ГЪАЩІЭР
ХъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыдогъасэ. «Сохраняйте себя в Божьей любви» жыхуиІэ тхылъыр къэдгъэсэбэпу едгъаджэм и гум дынос
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: ЦІыхухэм Иеговэ и хабзэхэр ящІэн хуейщ икІи абыхэм тету псэун хуейщ, ар арэзы ящІын щхьэкІэ (Иса 2:3, 4). «Божья любовь» тхылъыр — Библие зэредгъаджэ ди етІуанэ тхылъщ. Абы Библие зыджым Алыхьым и хабзэхэр къызэригъэсэбэп хъуныр нэхъыфІу къыгурегъаІуэ (Евр 5:14). ЦІыхур Библие щедгъаджэм абы и гум дызэрынэсыным иужь дитын хуейщ. ЦІыхум и гум дынэсмэ, и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэнущ (Рм 6:17).
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
ФІыуэ зыгъэхьэзыр; цІыхур зыхуэныкъуэм егупсыс. УпщІэхэр къэгъэсэбэп цІыхум и еплъыкІэр къэпщІэн щхьэкІэ. Ахэр къыбдэІэпыкъунущ ебгъаджэр къищІам зэрыхущытыр къыбгурыІуэну (Пр 20:5)
Тхылъым ит рамкэхэр къэгъэсэбэп, ебгъаджэм Библием ит чэнджэщхэм пылъ сэбэпынагъыр илъэгъун щхьэкІэ
Библием ебгъаджэм дэІэпыкъу езым унафэ пэжхэр къищтэу зригъэсэну; ауэ уэ абы и пІэкІэ унафэ умыщІ (Гл 6:5)
ЦІыхум Библием ит чэнджэщхэр къигъэсэбэпын щхьэкІэ дэІэпыкъуэгъу хуеймэ къащІэ. Щабэу къыгурыгъаІуэ Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэр къызэрыдэІэпыкъуныр, ар зыхуэныкъуэ зэхъуэкІыныгъэхэр зыхилъхьэну (Пр 27:11; Ин 14:31)