АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСАИЯ 1—5
«Иеговэ и бгым дыдэкІуеинщ»
«Иужьрей махуэхэм» |
Дэ иджыпсту дыщыпсэу зэманыращ |
«Иеговэ и унэр зытет бгыр» |
Иеговэ къабзэу дызэрыхуэлажьэр |
«Абы лъэпкъ псори екІуэлІэнущ» |
Иеговэ и лъэпкъым щыщ хъухэр Алыхьым зэкъуэту хуолажьэ |
«ФыкъакІуэ, Иеговэ и бгым дыдэкІуеинщ» |
Иеговэ и лэжьакІуэхэм нэгъуэщІхэр кърагъэблагъэ я гъусэу Алыхьым хуэлэжьэну |
«Абы и гъуэгухэм дригъэсэнущ, икІи дэ абыхэм дытетынущ» |
Езым и ПсалъэмкІэ Иеговэ и гъуэгухэм дрикІуэну дегъасэ икІи ар абыкІэ къыддоІэпыкъу |
«АфІэкІа зауэ́кІэ зрагъэсэжынукъым» |
Ешайа Іэщэхэм зэрылажьэ Іэмэпсымэ къызэрыхащІыкІыжынум топсэлъыхь. Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ и лъэпкъыр мамырыгъэм зэрыхущІэкъуныр. Дауэ а Іэмэпсымэхэр къызэрагъэсэбэпу щытар а бегъымбарым и зэманым? |
«КъыхаІущІыкІыжынущ я джатэхэм пхъэІэщэ» |
1 ПхъэІэщэр щІыр зэравэ Іэмэпсымэу щытащ, икІи абы и вабдзэр иныкъуэм деж гъущІым къыхащІыкІт (1См 13:20) |
«Мыжурэхэм — гъубжэ» |
2 Гъубжэр гъущІым къыхащІыкІт, икІи а Іэмэпсымэр жызум къыщыпачым дежи къагъэсэбэпт (Иса 18:5) |