Зэщхьэгъусэхэм планшетыр къагъэсэбэпу Библиер ядж
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
«КОГДА УМЕР БЛИЗКИЙ ЧЕЛОВЕК» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР
УпщІэр: Дауэ уеплърэ, мы псалъэхэр къэхъуну пІэрэ зэгуэр?
Едзыгъуэхэр: Апок 21:3, 4
Публикациер: Мы брошюрэм итщ мы псалъэхэр Алыхьым дауэ игъэзэщІэнуми икІи абы уэр щхьэкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми.
«КОГДА УМЕР БЛИЗКИЙ ЧЕЛОВЕК» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР (иужьрей напэкІуэцІыр)
УпщІэр: Мы упщІэм гу лъозгъэтэну сыхуейт. [16-нэ напэкІуэцІым ит япэ упщІэмрэ абы и жэуапхэмрэ егъэлъагъу.] Уэ абы дауэ уеплърэ?
Едзыгъуэр: Пс 83:18
Публикациер: Алыхьым и цІэм теухуауэ Библием сыт иджыри итми мы статьям къыщыпщІэнущ.
ПЛАНХЭР КЪЭБГЪЭСЭБЭПУ ЗЕГЪАСЭ
УпщІэр: Иныкъуэхэм ягугъэщ мы дунейр Алыхьым и ІэмыщІэ илъу. Ауэ Тхыгъэ ЛъапІэм абы теухуауэ итыр нэгъуэщІщ. Зэхэпхауэ пІэрэ уэ абы итыр?
Едзыгъуэр: 1Ин 5:19
Планыр: Абы теухуауэ Тхыгъэ ЛъапІэм жиІэр мы планым итщ. [«Алыхьым ШейтІаныр дунейм и тепщэу щытыну хуит щІищІыр сыт?» жыхуиІэ планыр къэгъэсэбэп.]
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.