Камерун шейудз щагъэкІ щІыпІэм хъыбарыфІыр щагъэІу
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
«БИБЛИЯ. КАК ОНА ДОШЛА ДО НАШИХ ДНЕЙ» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР
УпщІэр: Дауэ уеплърэ, Библиер Алыхьым къыбгъэдэкІ тхылъу щытмэ, дапхуэдэу бийхэм ар ягъэкІуэдыну хэмытами Алыхьым ар ихъумэн хуеякъэ?
Едзыгъуэр: Иса 40:8
Публикациер: Мы статьяхэр Библиер ди зэманым къызэрыса щІыкІэм топсэлъыхь.
«БИБЛИЯ. КАК ОНА ДОШЛА ДО НАШИХ ДНЕЙ» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР (иужьрей напэкІуэцІыр)
УпщІэр: Сыхуейт мы упщІэм теухуауэ уи еплъыкІэр къэсщІэну. [16-нэ напэкІуэцІым ит япэ упщІэм къеджэ.] Иныкъуэхэм ягугъэщ диныр цІыхухэм къагупсысауэ. Ауэ нэгъуэщІхэм диныр Алыхьым къыбгъэдэкІыу ялъытэ. Уэ абы дауэ уеплърэ?
Едзыгъуэр: Екъуб 1:27
Публикациер: Мы статьям абы теухуауэ Библием щыщ нэгъуэщІ гупсысэхэри итщ. Сыхуейт уи деж иджыри зэ сыкъакІуэу ахэр зэпкърытхыну.
ПЛАНХЭР КЪЭБГЪЭСЭБЭПУ ЗЕГЪАСЭ
УпщІэр: Куэдым хъыбарыщІэхэм щеплъым деж ялъагъу ди зэманым теухуауэ Библием ит псалъэхэр къызэрыхъур. Уэ дауэ уеплърэ, Библием къиха мы псалъэхэм щыщу сыт нобэ къэхъур?
Едзыгъуэхэр: 2Тм 3:1—5
Планыр: Апхуэдэу дунейр зэрыхъуар хъыбарыфІу щыту жыпІэ щІэхъуным и щхьэусыгъуэр мы планым щызэпкърыхащ. [«Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм дапщэщ тепщэн щыщІидзар?» жыхуиІэ планыр къэгъэсэбэп.]
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.