Накъыгъэм и 2—8
ИОВ 38—42
63-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«НэгъуэщІхэм теухуауэ жытІэ тхьэлъэІухэм Иеговэ егъэгуфІэ» (дакъ. 10)
Иов 42:7, 8. Иеговэ хуейт Іэиуб Елифаз, Вилдад, Софар щхьэкІэ тхьэлъэІу жиІэну (bw535-U 21, абз. 17; w98-U 1/5 30, абз. 3—6)
Иов 42:10. Іэиуб абыхэм щхьэкІэ тхьэлъэІу жиІа иужь, Иеговэ ар узыншэ ищІыжащ (w98-U 1/5 31, абз. 3)
Иов 42:10—17. Іэиуб и фІэщхъуныгъэмрэ и теубыдагъэмрэ щхьэкІэ Иеговэ фІыгъуэ куэд къыхуищІащ (w94-U 15/11 20, абз. 19, 20)
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 8)
Иов 38:4—7. Хэт хъуну «нэхущ вагъуэхэр» икІи сыт дэ абыхэм теухуауэ тщІэр? (bw542-U 8, абз. 3; w06-U 15/1 3, абз. 2)
Иов 42:3—5. Сыт тщІэн хуейр, Іэиуб хуэдэу Алыхьыр тлъэгъун щхьэкІэ? (bw563-U 8, абз. 16, 17)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджам Иеговэ теухуауэ сыт къызигъэщІар?
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджам щыщу сыт хъыбарыфІыр щызгъэІукІэ къэзгъэсэбэп хъуныр?
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): Иов 41:1—26
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Мы мазэм зэрыщІэддзэ хъун псалъэхэр догъэхьэзыр (дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын. ЗэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэм теухуа видеороликхэр къэгъэлъагъуэ икІи кІэщІу зэпкърых. Электроннэ Іэмэпсымэхэр къызэрыбгъэсэбэп хъуным ущытепсэлъыхьым, «Ди сайтыр къызэрыбгъэсэбэп хъуныр» жыхуиІэ статьям кІэщІу и гугъу щІы. Псоми ягу къэгъэкІыж, хъыбарыфІыр щагъэІум видеороликхэр дапщэрэ ягъэлъэгъуами мазэ къэс отчетым иратхэну. Ахэр хуэгъэуш зэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр езыхэм къагупсысыну.
ДИ ГЪАЩІЭР
«Ди сайтыр къэбгъэсэбэпрэ?» (дакъ. 15). Дакъикъитхум и кІуэцІкІэ статьяр зэпкърых. ИужькІэ «Пользуйтесь нашим сайтом» жыхуиІэ видеороликыр гъэлъагъуи, кІэщІу зэпкърых. ИтІанэ «Скачивай публикации» жыхуиІэ видеороликым егъэплъи, кІэщІу зэпкърых. Псори къыхуеджэ ди сайтыр зэрыхъукІэ къагъэсэбэпыну. Накъыгъэм и 16-нэм щІидзэ тхьэмахуэм «Ди сайтыр къызэрыбгъэсэбэп хъуныр» жыхуиІэ статьяр зэпкърыдмых щІыкІэ я электроннэ Іэмэпсымэхэм публикациехэр иралъхьэну псори хуэгъэуш.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): ia-U пс. 14, абз. 14—22, къызэрапщытэж упщІэхэр, н. 124
Мы зэІущІэмрэ къыкІэлъыкІуэмрэ кІэщІу хэплъэныр (дакъ. 3)
77-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ