Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІылъэм тепщэн щыщІидзэнур дапщэщ?
Хьисэ и гъэсэнхэм къащІэну хуейт, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм дапщэщ тепщэн щІидзэнуми. Хьисэ абыхэм яжриІащ махуэмрэ сыхьэтымрэ къазэрыхуэмыщІэнур (Апостолхэм 1:6, 7). Ауэ иджыри ипэІуэкІэ абы жиІат щІылъэм зы зэманым къриубыдэу Іуэхугъуэ гуэрхэр къызэрыхъунур. Ахэр псори зэгъусэу щыхьэт техъуэн хуейт «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр благъэ къызэрыхъуам» икІи куэд мыщІэу Пащтыхьыгъуэм щІылъэм тепщэн зэрыщІидзэнум (Лука 21:31).
СЫТ ХУЭДЭ ІУЭХУГЪУЭХЭРА ХЬИСЭ ЗИ ГУГЪУ ИЩІАР?
Хьисэ жиІат: «Зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым, зы къэралри адрей къэралым езэуэну къызэщІэтэджэнущ... ЩІыр щІыпІэ-щІыпІэхэмкІи хуабжьу щыхъеинущ икІи уз зэрыцІалэхэмрэ гъаблэхэмрэ къэхъунущ» (Лука 21:10, 11). Зы цІыхум и ІэпапІэм хуэдэ дыдэ нэгъуэщІым зыми иІэкъым. Абы ещхьу, а Іуэхугъуэхэр псори зэхуэхьэсыжауэ зы нэщэнэ мэхъу икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр гъунэгъу зэрыхъуар къыбгурагъаІуэ. Хьисэ жыхуиІа Іуэхугъуэхэр зы зэманым икІи щІылъэ псом къыщыхъурэ? Ар иджыпсту зэхэдгъэкІынщ.
1. ЗАУЭХЭР
1914-нэ гъэм къэхъея зауэшхуэм, адрей зауэхэм елъытауэ, дуней псор зэщІищтат. Тхыдэм елэжьхэм зэрыжаІэмкІэ, 1914-нэ гъэм дунейпсо зауэшхуэм зэрыщІидзам и ягъэкІэ гъащІэм зэрыщымытауэ зихъуэжащ. А зауэм куэду къыщагъэсэбэпащ мыпхуэдэ Іэщэхэр: танкхэр, кхъухьлъатэкІэ кърадзых бомбэхэр, пулеметхэр, цІыхур зыгъалІэ газыр, нэгъуэщІхэри. А зауэм къыкІэлъыкІуэу етІуанэ дунейпсо зауэшхуэм щІидзащ икІи а зауэм япэ дыдэу ядернэ Іэщэ къыщагъэсэбэпащ. 1914-нэ гъэ лъандэрэ дуней псом зауэхэр щІыпІэ-щІыпІэкІэ зэпымыууэ къыщохъей икІи а зауэхэм цІыхухэр мелуан бжыгъэкІэ щыхокІуадэ.
2. ЩІЫР МЭХЪЕЙ
«Британская энциклопедия» жыхуаІэм итым тепщІыхьмэ, илъэс къэс щІыр 100 хуэдизрэ хуабжьу мэхъей икІи апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэхэм егъэлеяуэ куэд зэтракъутэ (Britannica Academic). Америкэм и щІэныгъэлІхэм 1900 гъэм щыщІэдзауэ ирахьэкІ лэжьыгъэм къегъэлъагъуэ, илъэс къэс 16 хуэдизрэ щІыр хуабжьу хъеинкІэ шынагъэ зэрыщыІэр. Языныкъуэхэм зэрыжаІэмкІэ, дэ абы теухуауэ нэхъыбэ щІэтщІэр, щІыр зырыхъейм и бжыгъэр нэхъ пэжу ятх зэрыхъуам щхьэкІэщ. Ауэ пэжыр зэрыщытыр мыращ: дуней псом щІыр хуабжьу зэрыхъейм зэи хуэмыдэу куэд зэтрекъутэ икІи цІыху куэд ехь.
3. ГЪАБЛЭ
Зауэм, Іулъхьэ тыным, экономикэм пыщІа кризисым, мэкъумэшыр тэмэму зэрахуземыхьэм къыхокІ гъаблэмрэ шхыныр цІыхухэм зэрахуримыкъумрэ. Абы нэмыщІ цІыхум къилэжьар гузэвэгъуэшхуэм щыІэщІих къохъу. 2018-нэ гъэм ООН-ым и «Всемирная продовольственная программа» жыхуаІэм и отчетым щыжыІат дуней псом цІыху мелуан 821-м шхын зэрахуримыкъур, абыхэм ящыщу мелуан 124-р гъаблэм зэрихьыр. Шхын цІыхухэм зэрахуримыкъур щхьэусыгъуэ хуохъу илъэс къэс дуней псом сабийуэ мелуан 3,1 щІэлІэм. 2011-нэ гъэм сабийуэ лІам и процент 45-м нэсыр гъаблэм илІыкІащ.
4. УЗ ЗЭРЫЦІАЛЭХЭР
Узыншагъэр хъумэным кІэлъыплъ дунейпсо организацэм къыдигъэкІа документым щыжыІащ: «XXI-нэ лъэхъэнэм и пэм щыщІэдзауэ цІыхубэм уз зэрыцІалэ куэд яшэч. Япэм щыІа узыфэхэм къагъэзэжащ: холера, емынэ (чума), желтая лихорадка жыхуаІэхэм. Абы нэмыщІ зэи щымыІа узыфэхэри къежьащ: атипичная пневмония (ТОРС), пандемический грипп, ближневосточный респираторный синдром (БВРС), вирус Эбола, вирус Зика жыхуаІэхэр». Куэд мыщІэу къежьа COVID-19 жыхуаІэ пандемиери абыхэм яхэтщ. Дохутырхэмрэ щІэныгъэлІхэмрэ узыфэхэм теухуауэ куэд ящІэми, абыхэм пэлъэщын хущхъуэ къахуэгъуэткъым.
5. ДУНЕЙ ПСОМ ЩАГЪЭІУ ХЪЫБАРЫФІЫР
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр къызэрыблагъэр къызэращІэну нэщэнэхэм Хьисэ и гъэсэнхэм щахутепсэлъыхьым, абы иджыри зы Іуэхугъуэм и гугъу ищІауэ щытащ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым щІылъэ псом тет цІыхухэр ирагъэдэІуэн хуейуэ щытщ, цІыху лъэпкъ псоми я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкІэ. Дунейм и кІэухыр къэсынущ абы и ужькІэ» (Маттэ 24:14). Дуней псом апхуэдиз гузэвэгъуэ къызэрыхъум емылъытауэ, лъэпкъ псоми къыхэкІауэ цІыху мелуанийм щІигъум Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр къэрал 240-м бзэ 1 000-м щІигъукІэ щагъэІу. Дунейм зэи апхуэдэ къэхъуакъым.
ІУЭХУГЪУЭ КЪЭХЪУХЭМ ДИ ДЕЖКІЭ СЫТ ХУЭДЭ МЫХЬЭНЭ ЯІЭР?
Хьисэ зи гугъу ищІа Іуэхугъуэхэр ди зэманым къохъу. Сыт абы гулъытэ хуэтщІын щІыхуейр? Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «Апхуэдэу, мы Іуэхухэр къэхъуу щыфлъагъукІэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр благъэ къызэрыхъуар зэвгъащІэ» (Лука 21:31).
Алыхьым и мурадыр Абы и Пащтыхьыгъуэм куэд мыщІэу игъэзэщІэнущ
Хьисэ жиІа нэщэнэхэмрэ Библием ит Іуэхугъуэхэр зэрызэкІэлъыкІуэмрэ дыхэплъэмэ, наІуэ мэхъу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр 1914-нэ гъэмa уафэм зэрыщытригъэувар. А гъэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Къуэ Хьисэ Пащтыхьу тригъэуващ (Псалом 2:2, 4, 6—9). Куэд мыщІэу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр щІылъэ псом и тепщэ хъунущ икІи щІылъэм тет пащтыхьыгъуэ псори Іуихынущ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІылъэр жэнэт ищІыжынущ, икІи цІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэу псэунущ.
«Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекІуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щІылъэми щрехъу»,— жыхуиІэ Хьисэ и псалъэхэр къэхъуным куэд иІэжкъым (Маттэ 6:10). 1914-нэ гъэм щыщІэдзауэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм сыт хуэдэ лэжьыгъэ ирихьэкІыр? Ар щІылъэ псом и тепщэ хъуа иужь, сыт хуэдэ гъащІэ щыІэнур?
a 1914-нэ гъэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну ухуеймэ, «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым, 32-нэ урокым еплъ. Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІащ.