ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp20 № 2 н. 6—7
  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьыр хэт?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьыр хэт?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • Хьисэ Мэссихь — тепщэу щыІэм я нэхъыфІщ
  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжыр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2020
  • Сыт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр?
    Сыт къытхуигъэувыр Алыхьым?
  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр сыт?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн щІидзащ
    Мыухыж гъащІэм ухуэзышэ щІэныгъэ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2020
wp20 № 2 н. 6—7

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьыр хэт?

Алыхьым Библием иригъэтхащ Пащтыхьу тригъэувар къызэрыпцІыхуну нэщэнэхэр. Мис абыхэм щыщу языныкъуэхэр.

  • Алыхьым езым къыхихащ. «Сэ си Пащтыхьыр тезгъэуващ... ...Сэ лъэпкъхэр щІэину уэ уэстащ икІи щІыр и гъунэм нэс уи ІэмыщІэ ислъхьащ» (Псалом 2:6, 8).

  • Пащтыхь Даут и щІэблэщ. «Дэ сабий къытхуалъхуащ, дэ тыгъэу къуэ дгъуэтащ. [...] Абы и тепщэныгъэм ину зиубгъунущ икІи Даут и тахътэмрэ и пащтыхьыгъуэмрэ щыІэну мамырыгъэр зэи иухынукъым. Ар сыт щыгъуи щытынущ» (Исаия 9:6, 7).

  • Бэтлэхьэм къалэм къыщалъхуащ. «Бэтлэхьэм... уи деж къыхэкІынущ сэр щхьэкІэ пащтыхь хъунур... [...] ...Абы и щІыхьыр щІым и гъунэм нэсынущ» (Михей 5:2, 4).

  • ЦІыхухэм Іумпэм ящІри, пкъом ираІулІащ. «ЦІыхухэм абы нэмыплъ иратт икІи зэрапэстэкъым... [...] Ди щІэпхъаджагъэхэм щхьэкІэ абы и джабэр гъуанэ ящІащ икІи ди гуэныхьхэм щхьэкІэ ар хьэзаб телъу яукІащ» (Исаия 53:3, 5).

  • ЛІахэм къахэтэджыкІыжащ икІи щІыхь къылъысащ. «Тхьэм абы и хьэдэр хьэдрыхэ [кхъэм] къыщинэнукъым икІи абы и хьэдэр игъэфынукъым... ...Тхьэм Хьисэ уафэм дришеижри и ижьырабгъумкІэ зыбгъэдигъэтІысхьащ» (Апостолхэм 2:31, 33).

Хьисэ Мэссихь — тепщэу щыІэм я нэхъыфІщ

Зи гугъу тщІа нэщэнэхэр зыхуэпхь хъунур зы цІыху закъуэщ. Ар Хьисэ Мэссихьщ. Хьисэ и анэ Мэрием мелыІычым къыжриІат: «И адэшхуэ Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм абы къритынущ. ...И тепщэныгъэшхуэм зэи кІэ иІэнукъым» (Лука 1:31—33).

ЩІылъэм щыпсэуам щыгъуэ Хьисэ Пащтыхьу теувакъым. Абы и Пащтыхьыгъуэр здэщыІэр уафэращ, ауэ абы и лъабжьэ щІэтынухэр щыпсэунур щІылъэращ. Абы нэхърэ нэхъ тепщэфІ щымыІэу сыт жыпІэ щІэхъунур? Абы щыхьэт тохъуэ Хьисэ илэжьа Іуэхухэр.

  • Хьисэ цІыхухэр фІыуэ илъагъут. Хьисэ цІыхухъухэми цІыхубзхэми ядэІэпыкъут икІи цІыхум и ныбжьым, къызыхэкІа лъэпкъым, увыпІэ иІыгъым емылъытауэ, псоми сэбэп зэрахуэхъуным иужь итт (Маттэ 9:36; Марк 10:16). Зэгуэр уэшын уз зэфыкІ цІыхухъур абы къелъэІуат: «Ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ». Абы щыгъуэ Хьисэ лІым гущІэгъу хуищІри, игъэхъужащ (Марк 1:40—42).

  • Хьисэ къыдигъэщІащ Алыхьыр зыгъэгуфІэ Іуэхухэр. Абы жиІащ: «Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкІынукъым фэ». Хьисэ дрегъасэ адрейхэр къытхущытыну дызэрыхуейм хуэдэу дэри абыхэм дахущытыну. Иджыри Хьисэ жиІэт Алыхьым и дежкІэ ди ІуэхущІафэхэм нэмыщІ, ди гупсысэхэми ди гурыщІэхэми мыхьэнэшхуэ зэраІэр. Дэ Алыхьыр дгъэгуфІэну дыхуеймэ, ди гур зыщІэхъуэпсым дыкІэлъыплъыжын хуейщ (Маттэ 5:28; 6:24; 7:12). Абы нэмыщІ Хьисэ къыхигъэщт: нэгъэсауэ насыпыфІэ дыщыхъунур Алыхьым и мурадыр тщІэрэ ар дгъэзащІэмэщ (Лука 11:28).

  • Хьисэ дигъэлъэгъуащ лъагъуныгъэ пэжыр зищІысыр. Абы жиІэ псалъэхэмрэ илэжь Іуэхухэмрэ цІыхухэм я гум нэст икІи фІы ящІэну хуагъэушт. Маттэ 7:28, 29 щыжыІащ: «Хьисэ а псалъэхэр жиІа нэужь, цІыху куэдым Іуэхухэр зэраригъащІэу щыта щІыкІэр ягъэщІэгъуащ... тепщэныгъэшхуэ иІэу цІыхухэм Тхьэм и гъуэгур яригъащІэрти». Хьисэ цІыхухэр хуигъэушт я бийхэр фІыуэ ялъагъуну (Маттэ 5:44). Ар зыукІахэм ящыщхэм щхьэкІэ Алыхьым елъэІуащ: «Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм... ялэжьыр зищІысыр къагурыІуэркъым» (Лука 23:34).

Хьисэ Мэссихь закъуэщ зыхуэфащэр дуней псом и тепщэу щытыну. Абы хуэдэу гурэ псэкІэ цІыхухэм ядэІэпыкъун зыри щыІэкъым. Дапщэщ ар и лэжьыгъэм щыпэрыхьэнур?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын