Алыхьыр цІыхухэм я тепщэу щыщыта зэманым ахэр мамыру икІи зэкъуэту псэуащ
ЦІыхухэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІыхуэныкъуэр сыт?
Япэ цІыхухэм я тепщэу щытар ахэр къэзыгъэщІа Алыхьыращ. Абы и цІэр Иеговэщ. Алыхьым лъагъуныгъэшхуэ хэлъу цІыхухэм и нэІэ ятригъэтт икІи псэупІэ дахэу Іэдэн жыг хадэр абыхэм тыгъэу яритат. Абы нэмыщІ Иеговэ абыхэм шхыныгъуэ зэмылІэужьыгъуэхэмрэ мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн гъэщІэгъуэнрэ яритащ (ЩІэдзапІэ 1:28, 29; 2:8, 15). ЦІыхухэр иджыри къыздэсым мамыру псэунут, Алыхьым и тепщэныгъэм щІэмыкІатэмэ.
Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьыр ІэщІыб ящІащ
Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, зы мелыІыч гуэрым жиІат ди тепщэу щытыну Алыхьым хуитыныгъэ имыІэ хуэдэу. Иеговэ пэщІэува а мелыІычыр ШейтІан Иблисыращ. Абы цІыхухэм я фІэщ ищІащ Алыхьыншэу псэумэ, нэхъ насыпыфІэ хъуну. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дыкъызытехъукІа Іэдэмрэ Хьэуарэ Иблисым и ужь иувэри, Алыхьым пэщІэуващ (ЩІэдзапІэ 3:1—6; Апокалипсис 12:9).
Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьыр ІэщІыб ящІри, жэнэт дахэр, узыншагъэ быдэр икІи гъащІэ мыухыжыр яфІэкІуэдащ (ЩІэдзапІэ 3:17—19). Абыхэм къащІэхъуа щІэблэри а псом хэкІыжащ. Библием зэрыжиІэмкІэ, Іэдэм илэжьа гуэныхьым къыхэкІкІэ, «гуэныхьым щІыгъуу лІэныгъэри дунейм къытехьащ» (Рим 5:12). Гуэныхьым къыпэкІуа Іейхэм иджыри хохьэ зы цІыхум адрейм «зэран хуэхъуу» унафэ ищІ зэрыхъуар (Экклезиаст 8:9). Абы къегъэлъагъуэ цІыхухэр ди тепщэу щытыху гугъуехьхэм дыкъызэрыхэмыкІынур.
ЦІЫХУХЭР ЗЫР АДРЕЙМ И ТЕПЩЭ МЭХЪУ
Нимрод Иеговэ пэува цІыхут
Библием зэрыжиІэмкІэ, япэ дыдэу цІыхухэм тепщэ яхуэхъуар Нимродщ. Ар Иеговэ и тепщэныгъэм пэщІэт цІыхут. Нимрод и зэманым щыщІэдзауэ нобэ къыздэсым тепщэныгъэ зиІэ цІыхухэм адрейхэр гугъу ирагъэхь. Илъэс 3 000 хуэдизкІэ узэІэбэкІыжмэ, пащтыхь Сэлмэн итхауэ щытащ: «Сэ... къэслъэгъуащ хьэзаб зышэчхэм я нэпсхэр, ауэ абыхэм гупсэхугъуэ къезытыжын яІэтэкъым. Хьэзаб абыхэм езыгъэшэчхэм къару ябгъэдэлът» (Экклезиаст 4:1).
Ноби Іуэхум зыкІи зихъуэжакъым. 2009-нэ гъэм ООН-ым къытридза статьям щыжыІат: «ЦІыхубэм гугъуехьу ишэчым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм щыщу къыхагъэщ унафэщІхэм я къэралхэр зэрахуземыхьэр».
ЗЭМАНЫР КЪЭСАЩ!
Нобэ цІыхухэр хуэныкъуэщ дыщыпсэу дунейр нэхъыфІ зыщІыжын унафэщІхэм. Апхуэдэ унафэщІхэр къыдитыну Алыхьым дыкъегъэгугъэ.
Правительствэ нэхъыфІ дыдэхэми цІыхухэм я гугъуехьхэм кІэ иратыфакъым
Алыхьым Пащтыхьыгъуэ, е нэгъуэщІу жыпІэмэ правительствэ, иухуащ икІи ар «игъащІэкІэ щытынущ» (Даниил 2:44). А Пащтыхьыгъуэращ Хьисэ зи гугъу ищІауэ щытар (Маттэ 6:9, 10). Ауэ абы и Пащтыхьу щытынур езы Алыхьыракъым. Абы Пащтыхьу тригъэувар зэгуэр ди щІылъэм щыпсэуащ. Хэту пІэрэ ар?