ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Декабрь н. 28—29
  • «Псом щхьэкІи фІыщІэ фщІы»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Псом щхьэкІи фІыщІэ фщІы»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ФІЫЩІЭ ЩІЫНЫМРЭ ДИ ЩХЬЭМ ДЫЗЭРЫХУЩЫТЫМРЭ ЗЭРЫЗЭПХАР
  • ФІЫЩІЭ ЩІЫНЫМ ЦІЫХУХЭР НЭХЪ ГЪУНЭГЪУ ЗЭХУЕЩІ
  • ФІЫЩІЭ ЩІЫНЫМРЭ ГЪАЩІЭМ ДЫЗЭРЫХУЩЫТЫМРЭ ЗЭРЫЗЭПХАР
  • ФІЫГЪУЭ ФИІЭХЭМ ФЕГУПСЫС
  • Сыт Иеговэ хуэсщІэжыфынур?
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2016
  • ФІыщІэ зыщІ цІыхуу щыт
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2018
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Декабрь н. 28—29

«Псом щхьэкІи фІыщІэ фщІы»

ФІЫЩІЭ зыщІ цІыхуу фэ зыкъэфлъытэжрэ? Мы упщІэм уегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Библием щыжыІауэ щытащ ди зэманым куэдым я гум фІыщІэ имылъу зэрыщытынур (2 Тим. 3:2). Псоми зыгуэр къыхуащІэн хуейуэ, ауэ езыхэм зыми фІыщІэ хуащІын хуэмейуэ егупсыс цІыхухэм нобэ дрохьэлІэ. Апхуэдэ цІыхум иригъусэну, дауикІ, зыми ифІэфІкъым.

Иеговэ и лэжьакІуэхэм унафэ яхуищІащ: «ФІыщІэ фщІы» икІи «Псом щхьэкІи фІыщІэ фщІы» (Кол. 3:15, ДЩІ; 1 Фес. 5:18, ДЩІ). НэгъуэщІхэм фІыщІэ яхуэтщІыфу дызэрыщытыр дэ езым сэбэп къытхуохъу. Абы щхьэусыгъуэ зыбжанэ иІэщ.

ФІЫЩІЭ ЩІЫНЫМРЭ ДИ ЩХЬЭМ ДЫЗЭРЫХУЩЫТЫМРЭ ЗЭРЫЗЭПХАР

ФІыщІэ пщІыуэ зебгъэсэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар къыддоІэпыкъу ди щхьэм пщІэ хуэтщІыну. Дэ зыгуэрым фІыщІэ щыхуэтщІым деж, ар лъэныкъуитІкІэ сэбэп мэхъу: нэгъуэщІхэм я гуапэ дощІ, абы нэмыщІ дэри абы гуфІэгъуэ хыдох. Фегупсысыт: цІыхум зыгуэр къыщыфхуищІэм деж, абы къегъэлъагъуэ ар уэ пхуэфащэу зэрилъытэр. Ар фэ къывдэІэпыкъуну хуейщ. ИкІи абы фІы къыфхуищІэну зэрыхуейр щыфлъагъум деж, фи щхьэм пщІэ хуэфщІу мэхъу. Руфэ щыгъуи апхуэдэу щытауэ къыщІэкІынущ. БоІэз хьэлэлагъ хэлъу абы хущытащ. ИкІи, шэч хэмылъу, Руфэ и гуапэ хъуат зыгуэрым фІы къыхуищІэну зэрыхуейр щилъэгъуам (Руфэ 2:10—13).

Псом хуэмыдэу, мыхьэнэшхуэ иІэщ Алыхьым фІыщІэ хуэтщІыным. Фэ, дауикІ, мызэ-мытІэу фегупсысауэ къыщІэкІынщ Алыхьым фІы куэд къызэрытхуищІэм (Втор. 8:17, 18; Апост. 14:17). Абы фІы къызэрытхуищІэм ауэ сытми дегупсыса закъуэу щымыту дыкъэувыІэу, Иеговэ дэри ди Іыхьлыхэми къызэрыддэІэпыкъум нэхъ куууэ дегупсысмэ нэхъыфІщ. ДыкъэзыгъэщІа Алыхьыр хьэлэлагъ хэлъу къызэрыфхущытым фызэрегупсысым фыхуигъэушынущ абы нэхъыбэжу фІыщІэ хуэфщІыну икІи къывгуригъэІуэнущ абы фІыуэ фызэрилъагъур икІи лъапІэу фызэрилъытэр (1 Ин. 4:9).

Иеговэ хьэлэлагъ хэлъу къызэрытхущытым икІи фІыгъуэ къызэрытхуищІэм дегупсысыныр мащІэщ — абы и ІуэхуфІхэм щхьэкІэ фІыщІэ хуэтщІын хуейщ (Пс. 100:4, 5). ЩІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ, фІыщІэ щыпщІым деж уэ езыр нэхъ насыпыфІэ уохъу.

ФІЫЩІЭ ЩІЫНЫМ ЦІЫХУХЭР НЭХЪ ГЪУНЭГЪУ ЗЭХУЕЩІ

ФІыщІэ пщІыуэ зебгъэсэным мыхьэнэшхуэ щІиІэм иджыри и зы щхьэусыгъуэр абы ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ зэрищІыращ. Дэтхэнэ зыри хуейщ ар лъапІэу ялъытэну. Зыгуэрым фІы гуэр къыфхуищІауэ фи гум къыбгъэдэкІыу фІыщІэ щыхуэфщІым деж, абырэ уэрэ нэхъ гъунэгъу фызэхуохъу (Рим 16:3, 4). Абы нэмыщІ фІыщІэ зыщІ цІыхухэр адрейхэм ядэІэпыкъуну нэхъ хьэзыру щытщ. Абыхэм фІы къыхуащІэм гу лъатэри, хуегъэуш езыхэми абы фІы хуащІэжыну. Пэжщ, нэгъуэщІхэм дащыдэІэпыкъум деж, дэ езыр нэхъ насыпыфІэ дохъу. Ар Хьисэ жиІам тохуэ: «Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (Апост. 20:35).

Калифорнием дэт университетым и профессор Ро́берт Э́ммонс фІыщІэ щІыныр къэзыхутэ проектым и нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Абы жеІэ: «ФІыщІэ тщІыуэ дыщытын щхьэкІэ дэ къыдгурыІуэн хуейщ адрейхэмрэ дэрэ дызэрызэпыщІар: зэм дэ нэгъуэщІхэм зыгуэр яхудощІэ, зэм дэ къытхуащІэ». Пэжщ, ди гъащІэмрэ ди насыпымрэ адрей цІыхухэм куэдкІэ елъытащ. Псалъэм папщІэ, нэгъуэщІ цІыхухэр мыхъуамэ, тшхын диІэнутэкъым икІи зыщыдгъэхъужын сымаджэщхэр щыІэнутэкъым (1 Кор. 12:21). ФІыщІэ зыщІ цІыхум адрейхэм къыхуащІэр лъапІэу елъытэ. Аращи, фегупсыс: «НэгъуэщІхэм фІыщІэ хуэфщІу фи хьэл?»

ФІЫЩІЭ ЩІЫНЫМРЭ ГЪАЩІЭМ ДЫЗЭРЫХУЩЫТЫМРЭ ЗЭРЫЗЭПХАР

ФІыщІэ тщІыуэ зедгъэсэн щІыхуейм иджыри зы щхьэусыгъуэ иІэщ: ар къыддоІэпыкъу гъащІэм фІы хэлъхэм гу лъыттэну. Ди акъылыр фильтрым ебгъэщхь хъунущ: ди акъылыр зым тедухуэу нэгъуэщІыр блэдгъэкІыфынущ. ФІыщІэ зыщІ цІыхум фІым гу лъетэ икІи Іейм и акъылыр триухуэкъым. Нэхъыбэрэ нэгъуэщІхэм фІыщІэ яхуэтщІыху, фІым нэхъ гу лъыттэу дохъу икІи абы дыхуегъэуш нэхъыбэжу фІыщІэ тщІыну. НэгъуэщІхэм фІыщІэ щІахуэтщІ хъуным дегупсысу щытмэ, ди дежкІэ нэхъ тынш хъунущ апостол Паул и чэнджэщым дытетыну: «Сыт щыгъуи фыгуфІэ» (Флп. 4:4).

ФІыщІэ зэрытщІыр къыддэІэпыкъунущ фыгъуэм, гу къыдэмыжым икІи зыгъэгусэным дебэныну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фІыщІэ зигу илъ цІыхум а хьэл-Іейхэр игу илъыфынукъым. Абы нэмыщІ фІыщІэ зигу илъ цІыхур ахъшэм хуэнэпсейкъым. Ар иІэмкІэ арэзыщ икІи нэхъыбэ зригъэгъуэтыну хущІэкъукъым (Флп. 4:12).

ФІЫГЪУЭ ФИІЭХЭМ ФЕГУПСЫС

Дэ къыдгуроІуэ: ШейтІаныр хуейщ мы иужьрей махуэхэм гугъуехь дызыпэщІэхуэхэм ди лъэр щІахыну. Ар гуфІэнут дэ Іейм фІэкІ гу лъыдмытэу, сыт щыгъуи дытхьэусыхэу дыщытамэ. Апхуэдэу дыщытатэмэ, Алыхьым и лэжьыгъэр фІыуэ тхуэгъэзэщІэнутэкъым. ФІыщІэ щІыныр Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм пыщІащ, псалъэм папщІэ гуфІэгъуэмрэ фІэщхъуныгъэмрэ: Алыхьым къыдит фІыгъуэхэр щытлъагъум деж дэ догуфІэ икІи абы дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэр псори ди фІэщ мэхъу (Гал. 5:22, 23).

Фэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэр, фІыщІэ щІыным теухуауэ мы статьям щыжыІам арэзы фытехъуэну къыщІэкІынщ. Ауэ фІыщІэ пщІыуэ икІи фІым гу лъыптэу езыр-езыру ухъунукъым. Апхуэдэу зэрыщытым емылъытауэ фи Іэр евмыхьэх — абы зебгъэсэфынущ. Дапхуэдэу? Махуэ къэс зэман хухэфх фІыщІэ фщІыну щхьэусыгъуэ фиІэхэм фегупсысын щхьэкІэ. Нэхъыбэрэ апхуэдэу фщІэху, фІыщІэ фщІыну кІуэ пэтми фи дежкІэ нэхъ тынш хъунущ. Гугъуехьхэм фІэкІ зыми гу лъызымытэ цІыхухэм нэхърэ фэ нэхъ насыпыфІэ фыхъунущ. Алыхьымрэ фыкъэзыухъуреихь цІыхухэмрэ фІы къыфхуащІэу хъуам фегупсыс. Тетрадь зэвгъэпэщу, махуэ къэс фи гъащІэм къыщыхъу ІуэхугъуэфІ зытІущ ифтхэ хъунущ.

Языныкъуэ щІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ, «зэпымыууэ зыгуэрым фІыщІэ зэрыхуэтщІым къыхэкІкІэ ди щхьэкуцІым нейрон зэпыщІахэм я щытыкІэм зихъуэжу, ди акъылыр езыр-езыру сыт щыгъуи фІым теухуауэ хъуфынущ». ФІыщІэ зигу илъ цІыхур нэхъ насыпыфІэщ. Аращи, фІыгъуэ фиІэхэм фегупсыс. Фи гъащІэм фІы къыщыхъухэр лъапІэу флъытэ. Сыт щыгъуи нэгъуэщІхэм фІыщІэ яхуэфщІ! Зыгуэр къыфхуащІэн хуейуэ нэгъуэщІхэм я къалэну къэвмылъытэ — «Иеговэ фІыщІэ хуэфщІ, фІыуэ щыІэр абы хэлъщи». Пэжщ, «псом щхьэкІи фІыщІэ фщІы» (1 Лет. 16:34; 1 Фес. 5:18).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын