ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Декабрь н. 22—27
  • Адэ-анэхэ — фи сабийхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуу вгъасэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Адэ-анэхэ — фи сабийхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуу вгъасэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭМ УНАФЭ ЯЩІАМ ПЩІЭ ХУЭФЩІ
  • ФИ САБИЙХЭМ ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ЯЛЪАГЪУУ ВГЪАСЭ
  • ИЕГОВЭ ІЭМАЛ ИМЫІЭУ КЪЫВДЭІЭПЫКЪУНУЩ
  • Сабийхэр щІэину Иеговэ къыдитащ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Адэ-анэхэ, Иеговэ фІыуэ ялъагъуу фи сабийхэр евгъасэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Унагъуэр сыт насыпыфІэ зыщІыфынур? (2 Іыхьэр)
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Декабрь н. 22—27

52 СТАТЬЯР

Адэ-анэхэ — фи сабийхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуу вгъасэ

«Бынхэр — Иеговэ къыбгъэдэкІ щІэинщ» (ПС. 127:3, ДЩІ, 2013, англ., сноскэ).

134-НЭ УЭРЭДЫР Быныр — Иеговэ и тыгъэщ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Иеговэ сыт адэ-анэхэм дзыхь яхуищІыр?

ІЭДЭМРЭ Хьэуарэ сабий яІэну яхуейуэ Иеговэ къигъэщІат. Библием щыжыІащ: «Бынхэр — Иеговэ къыбгъэдэкІ щІэинщ» (Пс. 127:3, ДЩІ, 2013, англ., сноскэ). Сыт мы псалъэхэм къикІыр? Фи нэгу къыщІэвгъэхьэ фи ныбжьэгъум хуэфхъумэн щхьэкІэ ахъшэ куэд къывитауэ. Фэ абы дзыхь къызэрыфхуищІыр фи гуапэ хъуну къыщІэкІынт. Ауэ ахъшэр зэрыфхъумэну щІыкІэм, дауикІ, фригузэвэнут. Ди ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэ Иеговэ ахъшэм нэхърэ куэдкІэ нэхъ лъапІэ гуэр адэ-анэхэм «яхъумэну» ярет. Сабийхэм я гъащІэмрэ я насыпымрэ абыхэм дзыхь яхуещІ.

2. Сыт хуэдэу упщІэхэр зэпкърытхыну?

2 Хэт унафэ зыщІын хуейр зэщхьэгъуситІым бын зрагъэгъуэтынрэ зрамыгъэгъуэтынрэ икІи зрагъэгъуэтыну яхуеймэ, дэпщэщми? Адэ-анэм я быныр насыпыфІэ хъун щхьэкІэ сыт ящІэ хъунур? Иеговэ и лэжьакІуэу щыт зэщхьэгъусэхэм Іущагъ зыхэлъ унафэ къащтэн щхьэкІэ къадэІэпыкъуну языныкъуэ принципхэр зэпкърытхынщ.

ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭМ УНАФЭ ЯЩІАМ ПЩІЭ ХУЭФЩІ

3. 1) Хэт унафэ зыщІын хуейр зэщхьэгъусэхэм сабий зрагъэгъуэтынрэ зрамыгъэгъуэтынрэ? 2) Библием ит сыт хуэдэ принципхэра зэщхьэгъуситІым я ныбжьэгъухэмрэ я Іыхьлыхэмрэ зыщагъэгъупщэн хуэмейр?

3 Языныкъуэ щІыпІэхэм цІыхухэм къалъытэ зэрышагъащІэхэм нэхъ псынщІэу сабий зрагъэгъуэтмэ нэхъыфІу. Уеблэмэ, я Іыхьлыхэмрэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ къытракъузэнкІэ хъунущ апхуэдэ хабзэм тетыну. Азием щыпсэу ди къуэш Дже́тро жеІэ: «Зэхуэсым сабий зиІэ языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм сабий зимыІэхэм щытракъузи къохъу ахэр псынщІэ-псынщІэу адэ-анэ хъуну». Азием щыпсэу нэгъуэщІ ди къуэш Дже́ффри къыддогуашэ: «Зэхуэсым щыщ сабий зиІэ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм сабий зимыІэхэм щыжраІэ щыІэщ жьы хъуа иужь абыхэм къакІэлъыплъыжын ямыІэну». Ауэ езы зэщхьэгъусэхэращ унафэ зыщІын хуейр сабий зрагъэгъуэтынрэ зрамыгъэгъуэтынрэ, езыхэращ абыкІэ жэуап зыхьыжынур (Гал. 6:5). ЗэрышагъащІэхэм я ныбжьэгъухэмрэ я Іыхьлыхэмрэ, дауикІ, ахэр фІы хуагъэзэну хуейуэ аращ. Ауэ абыхэм зыщагъэгъупщэ хъунукъым — сабий яІэнрэ ямыІэнрэ езы зэщхьэгъусэхэращ унафэ зыщІыр (1 Фес. 4:11).

4, 5. Зэщхьэгъусэхэр сыт хуэдэ упщІитІым егупсысын хуей икІи дапщэщ ар ящІэмэ нэхъыфІ? КъыдгурывгъаІуэ.

4 Сабий зрагъэгъуэтыну мурад зыщІа зэщхьэгъусэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІитІ зэпкърахын хуейщ: дапщэщ абыхэм сабий щызрагъэгъуэтынур икІи дапщэ? Мы упщІэхэм сыт мыхьэнэшхуэ щІаІэр икІи дапщэщ ахэр щызэхагъэкІын хуейр?

5 И нэхъыбэм деж, щІалэмрэ хъыджэбзымрэ зэрымышэ щІыкІэ а упщІэхэр зэхагъэкІмэ нэхъыфІщ. Сыт щхьэкІэ? А упщІэхэм теухуауэ зэщхьэгъусэхэм я еплъыкІэр зэтехуэн хуейщ. Абы нэмыщІ ахэр егупсысын хуейщ апхуэдэ къалэн я пщэ далъхьэну хьэзыррэ мыхьэзыррэ. Языныкъуэхэм мурад ящІащ зэрыша иужь зы илъэс-илъэситІкІэ сабий зрамыгъэгъуэтыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сабийхэм къарурэ зэман куэдрэ токІуадэ. Ахэр зэрегупсысымкІэ, апхуэдэу ящІэмэ зыр зым есэу, нэхъ гъунэгъу зэхуэхъуну Іэмал яІэнущ (Еф. 5:33).

6. «Зэман гугъухэм» дызэрыщыпсэум къыхэкІкІэ языныкъуэ зэщхьэгъусэхэм сыт хуэдэ мурад ящІар?

6 Алыхьым и лэжьакІуэ языныкъуэхэм мурад ящІащ Нухь и къуэхэмрэ абыхэм я щхьэгъусэхэмрэ щапхъэ трахыну. А унагъуищым сабий занщІэу зрагъэгъуэтакъым (ЩІэдз. 6:18; 9:18, 19; 10:1; 2 Пет. 2:5). Хьисэ дыщыпсэу зэманыр «Нухь бегъымбарым и махуэхэм» иригъэщхьащ икІи шэч лъэпкъ хэлъкъым «зэман гугъухэм» дызэрыщыпсэум (Мт. 24:37; 2 Тим. 3:1). Абы егупсысри, языныкъуэ зэщхьэгъусэхэм мурад ящІащ зэкІэ сабий зрамыгъэгъуэтыну, нэхъыбэрэ Алыхьым и лэжьыгъэм хэтын щхьэкІэ.

Супруги-христиане обсуждают, стоит ли заводить детей. На заднем плане изображены: они, радостно держащие на руках своего малыша; молодая мама, обессилившая от плача младенца; отец в рабочей одежде, общающийся со своим ребенком

Сабий зибгъэІэну мурад щыпщІкІэ е дапхуэдиз зибгъэІэнуми унафэ къыщыпщтэкІэ сабийр зыхуей хуэбгъэзэфынрэ хуумыгъэзэфынрэ уегупсысыным Іущагъ хэлъщ. (7-нэ абзацым феплъ.)e

7. Лука 14:28—30 икІи Притчи 21:5 ит принципхэр дауэ зэщхьэгъусэхэм къазэрыдэІэпыкъунур?

7 Сабий зибгъэІэну мурад щыпщІкІэ е дапхуэдиз зибгъэІэнуми унафэ къыщыпщтэкІэ сабийр зыхуей хуэбгъэзэфынрэ хуумыгъэзэфынрэ уегупсысыным Іущагъ хэлъщ. (Къеджэ Лука 14:28—30.) Сабий зыпІа адэ-анэхэм жаІэ, абы ахъшэ текІуадэм нэмыщІ иджыри зэманрэ къару куэдрэ зэрытекІуадэр. Абы къыхэкІкІэ зэщхьэгъусэхэр мыпхуэдэ упщІэхэм егупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ: «Унагъуэр зыхуэныкъуэр едгъэгъуэтын щхьэкІэ тІури дылэжьэн хуэмеину пІэрэ? Ди унагъуэр „зыхуэныкъуэм“ теухуауэ диІэ еплъыкІэр зэтехуэрэ? Дэ тІури дылажьэу щытмэ, ди сабийхэм хэт кІэлъыплъынур? НэгъуэщІ гуэр кІэлъыплъу щытмэ, хэт и еплъыкІэ абыхэм зыхалъхьэнур?» Мы упщІэхэр тІысу, тэмэму зэхэзыгъэкІ зэщхьэгъусэхэр Притчи 21:5 (Гъэсэпэтхыдэхэр) итым тету жыпІэ хъунущ. (Къеджэ.)

Мать сидит рядом с сыном на встрече собрания и поднимает руку, чтобы ответить на вопрос, а отец в это время стоит в конце зала с маленькой дочкой на руках

Зи щхьэгъусэр фІыуэ зылъагъу цІыхухъум хузэфІэкІыр ищІэнущ и щхьэгъусэм дэІэпыкъуу, сабийм кІэлъыплъын щхьэкІэ. (8-нэ абзацым феплъ.)

8. Зэщхьэгъусэхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэфыну икІи зи щхьэгъусэр фІыуэ зылъагъу цІыхухъум сыт ищІэнур?

8 Адэми анэми я къалэнщ сабийм къару трагъэкІуэдэну икІи зыхуэныкъуэ зэманым хуэдиз хухахыну. Сабийр абы хуабжьу хуэныкъуэщ. Абы къыхэкІкІэ унагъуэм сабий куэд яІэмэ икІи абыхэм я зэхуаку илъэс бжыгъэ куэд дэмылъмэ, адэ-анэхэм я дежкІэ гугъункІэ хъунущ дэтхэнэ зыми зэман хухахыну. Сабий цІыкІу куэд зиІэ зэщхьэгъусэхэм жаІэ Іуэху куэд зэраІэм къыхэкІкІэ зэман мащІэ къазэрыхуэнэр. Анэм къаруи гукъыдэжи имыІэжу щытынкІэ хъунущ. Абы къару къыхуэмынэжынкІэ хъунущ махуэ къэс Библием еджэну, Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъэзэну, хъыбарыфІ гъэІуным хэтыну, абы нэмыщІ зэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ едаІуэу, ар къыгурыІуэну. ДауикІ, зи щхьэгъусэр фІыуэ зылъагъу цІыхухъум хузэфІэкІыр ищІэнущ и щхьэгъусэм дэІэпыкъуу, сабийхэм кІэлъыплъын щхьэкІэ — зэІущІэхэм щыщыІэми унэм щыщІэсми. Псалъэм папщІэ, ар унэ ІуэхухэмкІэ дэІэпыкъу хъунущ. Абы къару ирихьэлІэнущ тхьэмахуэ къэс унагъуэм зэгъусэу Библиер яджын щхьэкІэ икІи ар унагъуэм щыщхэм псоми сэбэп яхуэхъун щхьэкІэ. ИкІи адэм зэман хихынущ унагъуэм и гъусэу хъыбарыфІыр игъэІун щхьэкІэ.

ФИ САБИЙХЭМ ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ЯЛЪАГЪУУ ВГЪАСЭ

9, 10. Зи быным дэІэпыкъуну хуей адэ-анэхэм сыт ящІэн хуейр?

9 Сабийхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуу хъун щхьэкІэ адэ-анэхэм сыт ящІэ хъунур? Мы дуней Іейм ахэр дапхуэдэу зэрыщахъумэнур? Чэнджэщ зыбжанэ зэпкърытхынщ.

10 Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу. Самсо́н и адэмрэ и анэмрэ я щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы и адэ Мано́й сабий зэриІэнур къыщищІам щыгъуэ, ар Иеговэ елъэІуу щІидзащ сабийр дапхуэдэу ягъэсэнуми къажриІэну.

11. Судей 13:8 зэритымкІэ, Маной Иеговэ сыткІэ зэрелъэІуар икІи адэ-анэхэм абы дауэ щапхъэ зэрытрахыфынур?

11 Босния и Герцеговинэ щыщ Ни́хадрэ А́лмэрэ Маной и щапхъэр къадэІэпыкъуащ. Ахэр къыддогуашэ: «Маной хуэдэу дэри Иеговэ делъэІут адэфІ икІи анэфІ дыхъуну къыддэІэпыкъуну. Иеговэ Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ жэуап къыдитт: БиблиемкІэ, абы тегъэщІа тхыгъэхэмкІэ, зэІущІэхэмкІэ икІи конгрессхэмкІэ». (Къеджэ Судей 13:8b.)

12. Исуфрэ Мэриемрэ я сабийхэм сыт хуэдэ щапхъэт ирагъэлъагъур?

12 Фи щапхъэмкІэ вгъасэ. Фи сабийхэм жефІэм, дауикІ, мыхьэнэ иІэщ, ауэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр фэ езым фи щытыкІэращ. Дэ шэч къытетхьэкъым Исуфрэ Мэриемрэ я бынхэм, Хьиси абыхэм яхэту, щапхъэфІ зэрахуэхъуу щытам. Исуф егугъуу лажьэт и унагъуэр игъэшхэн щхьэкІэ. Абы нэмыщІ и сабийхэр хуигъэушт Алыхьым хуэлэжьэныр лъапІэу ялъытэну (Втор. 4:9, 10). Исуф илъэс къэс и унагъуэр ІутІыж махуэшхуэр ягъэлъэпІэн щхьэкІэ Ерусалим здишэт, апхуэдэу ищІэну Хабзэм хуимыгъэуву щытми (Лк. 2:41, 42). Языныкъуэ адэхэр егупсысынкІэ хъунут апхуэдэ гъуэгуанэр мытыншу, ахъшэ куэд текІуадэу икІи зэман куэд ихьу. Ауэ Исуф Алыхьым хуэлэжьэныр лъапІэу илъытэт икІи сабийхэри апхуэдэу игъасэт. Мэриеми щапхъэфІ игъэлъагъуэт. Абы Тхыгъэ ЛъапІэр фІыуэ ищІэт. И псалъэхэмкІэ икІи и ІуэхущІафэхэмкІэ абы, шэч хэмылъу, сабийхэр игъасэт Алыхьым и Псалъэр фІыуэ ялъагъуну.

13. Исуфрэ Мэриемрэ я щапхъэр зы унагъуэм дапхуэдэу сэбэп зэрыхуэхъуар?

13 ИпэкІэ зи гугъу тщІа Нихадрэ Алмэрэ хущІэкъут Исуфрэ Мэриемрэ щапхъэ трахыну. Апхуэдэу зэращІэр дауэ абыхэм къазэрыдэІэпыкъуар я къуэм Алыхьыр фІыуэ илъагъуу икІи абы хуэлажьэу ягъэсэну? Абыхэм жаІэ: «Ди дуней тетыкІэмкІэ ди къуэм едгъэлъэгъуэну дыхущІэкъут Иеговэ и принципхэм утетмэ, абы насыпыфІэ узэрищІыр». Нихад пещэ: «Фи сабийр щытыну фызэрыхуейм хуэдэу фэ езыр фыщыт».

14. Адэ-анэхэм сыт ящІэн щІыхуейр я сабийхэм хэт я гъусэу зэман ягъакІуэми?

14 Сабийхэм фадэІэпыкъу ныбжьэгъуфІ къыхахыну. Адэми анэми ящІэн хуейщ я сабийхэм хэт я гъусэу зэман ягъакІуэми икІи сыт абыхэм ящІэми. Аращи, адэ-анэхэм ящІэн хуейщ я сабийхэр социальнэ сетьхэмкІэ, абы нэмыщІ телефонкІэ хэт епсалъэми. Сабийм и гупсысэкІэр икІи и щытыкІэр зэпсалъэ цІыхухэм яхъуэжынкІэ хъунущ (1 Кор. 15:33).

15. Джесси и щапхъэм адэ-анэхэр сытым хуигъэсэфыну?

15 Компьютерхэм икІи электроннэ Іэмэпсымэхэм хэзымыщІыкІ адэ-анэхэм сыт ящІэн хуейр? Филиппины щыпсэу унагъуэм и нэхъыжь Дже́сси жеІэ: «Иджы къыдэкІа электроннэ Іэмэпсымэхэм дэ мащІэт хэтщІыкІыр. Ауэ абы емылъытауэ электроннэ Іэмэпсымэхэм къахьыфыну зэраныр ди сабийхэм къагурыдгъэІуэфт». Джесси электроннэ Іэмэпсымэхэм зэрыхимыщІыкІым щхьэкІэ ахэр и сабийхэм къагъэсэбэпын хуэмейуэ ибжтэкъым. Абы жеІэ: «Сабийхэр хуэзгъэушт электроннэ Іэмэпсымэхэр къагъэсэбэпу нэгъуэщІыбзэ зрагъэщІэну, зэхуэсхэм зыхуагъэхьэзырыну икІи махуэ къэс Библием еджэну». Фэ сабий фиІэу щытмэ, мессенджерхэр къызэрыгъэсэбэпын хуеймрэ сурэтхэр интернетым илъхьэнымрэ теухуауэ чэнджэщ щыІэхэм абыхэм я гъусэу феджэу, зэпкърыфхауэ пІэрэ? Мы темэм теухуа статьяхэр къыщывгъуэтыфынущ jw.org® сайтым «Подростки» разделым. Фи сабийхэм я гъусэу феплъауэ пІэрэ мыпхуэдэ видеороликхэм: «Электронные устройства. Ты их хозяин или раб?», абы нэмыщІ «Соцсети. Не ведите себя как дети!»?c Мы материалхэр къывдэІэпыкъунущ электроннэ Іэмэпсымэхэр Іущагъ хэлъу къагъэсэбэпу фи сабийхэр евгъэсэну (Прит. 13:20, Гъэс.).

16. Адэ-анэ куэдым сыт ящІэр икІи сыт абы къыпэкІуэр?

16 Адэ-анэ куэдым яхузэфІэкІыр ящІэ я сабийр Алыхьым псэемыблэжу хуэлажьэ къуэш, шыпхъухэм ныбжьэгъу хуэхъун щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, Кот-д’Ивуар къэралым щыщ зэщхьэгъусэ Н’Де́нирэ Бо́минрэ щІэх-щІэхыурэ районым и нэхъыжьыр я деж щыІэну кърагъэблагъэт. Н’Де́ни игу къегъэкІыж: «Ар дэ ди къуэм сэбэп къыхуэхъуащ. Абы пионер лэжьыгъэр къищтащ, иджы районым и нэхъыжьым и дэІэпыкъуэгъуу мэлажьэ». Фэри фи сабийхэм ныбжьэгъуфІхэр яІэн щхьэкІэ фадэІэпыкъуфыну пІэрэ?

17, 18. Сабийхэр дапщэщ гъэсэн щыщІэдзэн хуейр?

17 Фи сабийхэр вгъасэу нэхъ щІэх щІэвдзэ. Зыщывмыгъэгъупщэ: нэхъ щІэхыу щІэвдзэмэ нэхъыфІщ (Прит. 22:6, Гъэс.). Тимофей и щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Тимофей къызэралъхуу, и анэ Евникэрэ и анэшхуэ Лоидэрэ ягъасэу щІадзащ (2 Тим. 1:5; 3:15). ИкІи ар ин хъуа иужь апостол Паул хъыбарыфІ гъэІунымкІэ дэІэпыкъуащ.

18 Кот-д’Ивуар щыщ зэщхьэгъусэ Жан-Клодрэ Писрэ сабийуэ хы яІэт. Ахэр абыхэм псоми ядэІэпыкъуащ Иеговэ фІыуэ ялъагъуну икІи и лэжьакІуэ хъуну. А зэщхьэгъусэхэм ар дауэ зэрахузэфІэкІар? Абыхэм Евникэрэ Лоидэрэ щапхъэ трахащ. Зэщхьэгъусэхэм жаІэ: «Алыхьым и Псалъэр фІыуэ ялъагъуу ди сабийхэр занщІэу едгъасэу щІэддзащ — дунейм къызэрытехьэу».

19. Алыхьым и Псалъэр сабийхэм «хэпщэным» сыт къикІыр?

19 Второзаконие 6:6, 7 адэ-анэхэм хуэгъэза чэнджэщ итщ. Абы щыжыІащ я сабийхэм Иеговэ и хабзэхэр «хапщэн» хуейуэ. «Хэпщэн» жаІэу зэрадзэкІа журтыбзэ псалъэм «тебгъэзэжурэ жыІэн», «и фІэщ щІын» къокІ. Абы щхьэкІэ адэ-анэхэм зэпымыууэ зэман хахын хуейщ я сабийхэм яригъусэн щхьэкІэ. Иныкъуэхэм деж фигу къеуэнкІэ хъунущ зэ жыфІар къытевгъэзэжурэ фи сабийм жефІэн хуей зэрыхъур. Апхуэдэу щытмэ, къытевгъэзэжурэ зэрыжыфІэм сабийр зэрывгъасэ хъун Іэмалу фыхущыт: абы и фІыгъэкІэ Алыхьым и Псалъэр къыгурыІуэу икІи и гъащІэм къыщигъэсэбэпу фи сабийр евгъэсэфынущ.

Муж и жена изучают Библию с каждым ребенком по отдельности

Адэ-анэхэр егупсысын хуейщ дэтхэнэ я сабийри дапхуэдэу ирагъэджэн хуейми. (20-нэ абзацым феплъ.)f

20. Псалом 127:4 итыр сабийр щыбгъасэкІэ дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур?

20 Фи сабийхэр зыхуэныкъуэр къызэрыфщІэным иужь фит. 127-нэ Псаломым сабийхэр шабзэм ирегъэщхь. (Къеджэ Псалом 127:4d.) Шабзэхэр я инагъкІэ икІи къызыхэщІыкІамкІэ зэщхьэщыкІынкІэ хъунущ. Апхуэдэу сабийхэри зэщхькъым, абы къыхэкІкІэ адэ-анэхэр егупсысын хуейщ дэтхэнэ я сабийри дапхуэдэу ирагъэджэн хуейми. Израилым щыпсэу сабиитІ зиІэ зэщхьэгъусэхэм я быныр Иеговэ хуэлажьэу ягъэсэн щхьэкІэ сыт къадэІэпыкъуами жаІэж: «Дэ сабийхэр зэрызурэ Библием едгъаджэт». ДауикІ, унагъуэм и нэхъыжьым и сабийхэр щригъаджэкІэ апхуэдэ Іэмалыр къигъэсэбэпынрэ къимыгъэсэбэпынрэ езым унафэ ищІын хуейщ.

ИЕГОВЭ ІЭМАЛ ИМЫІЭУ КЪЫВДЭІЭПЫКЪУНУЩ

21. Адэ-анэхэм Иеговэ дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъур?

21 Иныкъуэхэм деж адэ-анэхэм къащыхъункІэ хъунущ сабийр бгъэсэну егъэлеяуэ гугъуу. Ауэ абыхэм зыщагъэгъупщэн хуейкъым: сабийр — Иеговэ и тыгъэщ икІи ар сыт щыгъуи хьэзырщ дэІэпыкъуэгъу хъуну. Адэ-анэхэм я лъэІум ар йодаІуэ икІи Библиемрэ абы тегъэщІа тхыгъэхэмрэ къигъэсэбэпу жэуап ярет. Абы нэмыщІ я лъэІум жэуап яритыфынущ зэхуэсым щыщ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ адэ-анэхэм я щапхъэхэмкІэ е я чэнджэщхэмкІэ.

22. Адэ-анэхэм я сабийхэм сыт нэхъыфІ дыдэу иратыфынур?

22 ДауикІ, адэ-анэхэр сыт щыгъуи адэ-анэу щытынущ, ауэ цІыхухэм щІэх-щІэхыурэ зэрыжаІэщи, сабий гъэсэныр илъэс 20-кІэ екІуэкІ Іуэхугъуэщ. А зэманым къриубыдэу адэ-анэм я сабийм нэхъыфІ дыдэу иратыфынур — лъагъуныгъэр, зэманыр икІи Библием тегъэщІа гъэсэныгъэращ. Гъэсэныгъэр хэти зыхелъхьэ, хэти зыхилъхьэкъым. Ауэ Иеговэ фІыуэ зылъагъу унагъуэм къыщыхъуа сабий куэдым Азием щыпсэу Джоаннэ-Мэй и гурыщІэхэм хуэдэ яІэщ: «Си адэ-анэм сэ фІыщІэшхуэ яхузощІ фІыуэ сызэрагъэсам щхьэкІэ икІи Иеговэ фІыуэ слъагъуну къызэрыздэІэпыкъуам щхьэкІэ! Абыхэм сэ гъащІэ къызата закъуэкъым, атІэ си гъащІэм мыхьэнэ иІэу ящІащ» (Прит. 23:24, 25, Гъэс.). Алыхьым хуэлажьэ унагъуэхэм къыщыхъуауэ мелуан бжыгъэ хъу Иеговэ и лэжьакІуэхэми апхуэдэу жаІэфынущ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Зэщхьэгъусэхэм сабий яІэну нэгъуэщІхэм зэрыхуагъэуш закъуэм щхьэкІэ сыт сабий зрагъэгъуэтын щІыхуэмейр?

  • Зэщхьэгъусэхэр сыт зэгупсысын хуейр сабий зрагъэгъуэтыну мурад щащІым деж?

  • Адэ-анэхэм я сабийхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуу дауэ зэрагъэсэнур?

59-НЭ УЭРЭДЫР Си гъусэу Иаг щІыхь хуэщІ

a Зэщхьэгъусэхэм бын зрагъэгъуэтын хуей икІи зрагъэгъуэтыну щытмэ, дапщэ? Адэ-анэхэм я сабийхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуу икІи абы хуэлажьэу дауэ зэрагъэсэнур? Мы упщІэхэм жэуап еттын щхьэкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я щапхъэхэм деплъынщ икІи Библием ит языныкъуэ принципхэр зэпкърытхынщ.

b Судей 13:8: «Абы щыгъуэ Мано́й Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхуигъэзащ икІи жиІащ: „Иеговэ, къысхуэгъэгъу. СынолъэІу, Алыхь пэжым и цІыху къытхуэбгъэкІуар иджыри зэ къэбгъэкІуэну икІи къалъхун хуей сабийр дапхуэдэу дгъэсэнуми къыджебгъэІэну“».

c Абы нэмыщІ феплъ «Уи упщІэхэм я жэуапхэр» жыхуиІэ тхылъым и 1 томым, 36-нэ псалъащхьэм, иджыри феплъ и 2-нэ томым, 11-нэ псалъащхьэм.

d Псалом 127:4: «КъарууфІэм ІэщІэлъ шабзэхэм хуэдэщ цІыхум и щІалэгъуэм къилъхуа и къуэхэр».

e СУРЭТЫР. Алыхьым и лэжьакІуэ зэщхьэгъусэхэр сабий зрагъэгъуэтынрэ зрамыгъэгъуэтынрэ йогупсыс. Абы гуфІэгъуэ къахуихьынумрэ гугъуехь яІэнухэмрэ зэпашэч.

f СУРЭТЫР. Зэщхьэгъусэхэм я сабийхэр зэрызу Библием ирагъаджэ. Сабийхэр щрагъаджэкІэ абыхэм я ныбжьымрэ я зэфІэкІхэмрэ йогупсыс.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын