ФщІэжу пІэрэ?
2019-нэ гъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» щызэпкърытха упщІэхэм я жэуапхэр ефтыфыну пІэрэ?
Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ мы псалъэхэм сыт къикІыр: «Уэ къыппэщІэувэн щхьэкІэ ящІа зы Іэщэми ехъулІэныгъэ иІэнукъым»? (Ис. 54:17).
Дэ шэч къытетхьэкъым: Иеговэ ди жагъуэгъухэм дыщихъумэнущ (Ис. 25:4, 5). Иеговэ хузэмыгъэзэхуэжын ди бийхэм къыдащІэфынукъым (w19.01, 6—7-нэ напэкІуэцІхэр).
Хананей цІыхухэмрэ израил цІыху ерыщхэмрэ Иеговэ зэрыхущытам дапхуэдэу къызэрыхэщыр абы захуагъэ зэрыхэлъыр?
Алыхьым тезыр ятрилъхьэт цІыху гуп зэгъусэу зинэ щІэным хэтхэм, абы нэмыщІ цІыхубзхэмрэ сабийхэмрэ гущІэгъуншэу хущытхэм. Ауэ и нэфІ щыхуэт абы жиІэм едаІуэм икІи адрейхэм захуагъэ хэлъу хущытым (w19.02, 22—23-нэ напэкІуэцІхэр).
Иеговэ хуэмылажьэ гуэрым дэ дыщыту Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъазэмэ сыт тщІэн хуейр?
Апхуэдэм деж зыри жыдмыІэмэ нэхъыфІщ. Дэ абыхэм я тхьэлъэІум дыхэт хуэдэу мыхъун щхьэкІэ «Іэмин» жытІэнукъым икІи абыхэм я Іэхэр дубыдауэ я гъусэу дыщытынукъым. ДигукІэ Иеговэ зыхуэдгъазэ хъунущ (w19.03, 31-нэ напэкІуэцІыр).
Сабийм лей ехыныр гуэныхь хьэлъэу сыт жыпІэ щІэхъунур?
Сабийм лей ирахамэ — а гуэныхьыр езы сабийм зэран хуохъу, зэхуэсми зэран хуохъу, абы нэмыщІ апхуэдэ гуэныхь зыщІэр къэрал унафэм йобакъуэ, Алыхьым и пащхьэми гуэныхьышхуэ къыщехь. Сабийм лей ирахауэ зыгуэрым гурыщхъуэ ищІу зэхуэсым и нэхъыжьхэм къащІамэ, абыхэм полицэм жеІэн хуейрэ хуэмейрэ зэхагъэкІыу, къэралым и унафэм тетын хуейщ (w19.05, 9—10-нэ напэкІуэцІхэр).
Фи гупсысэкІэр фхъуэжыну сыт къывдэІэпыкъунур?
Абы щхьэкІэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэвгъэзэн хуейщ фи гупсысэкІэмрэ гурыщІэ фиІэхэмрэ зэхэвгъэкІын щхьэкІэ. Абы нэмыщІ Іущагъ хэлъу ныбжьэгъу къыхэфх (w19.06, 11-нэ напэкІуэцІыр).
Пэжым щхьэкІэ гугъуехь фагъэшэчынухэм дауэ иджыпсту зэрызыхуэвгъэхьэзыр хъунур?
Иеговэрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ фщІы. Шэч къытевмыхьэ: Иеговэ фэ фІыуэ фелъагъу икІи абы зэи фыкъигъэнэнукъым. Библием махуэ къэс феджэ икІи зэпымыууэ Алыхьым фелъэІу. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къихьыну фІыгъуэхэм шэч къытевмыхьэ. Библием ит фІыуэ флъагъу едзыгъуэхэмрэ Иеговэ зыгъэлъапІэ уэрэдхэмрэ гукІэ зэвгъащІэ (w19.07, 2—4-нэ напэкІуэцІхэр).
Фи Іыхьлыхэр къелын щхьэкІэ дапхуэдэу фазэрыдэІэпыкъунур?
Я гурыщІэхэм гулъытэ хуэфщІ. Зыщывмыгъэгъупщэ: псалъэхэм нэхърэ ІуэхущІафэхэм нэхъ мыхьэнэ яІэщ. ШыІэныгъэ зыхэвгъэлъ икІи гуапэу фахущыт (w19.08, 15—17-нэ напэкІуэцІхэр).
Маттэ 11:28 зи гугъу ищІ гузэгъэгъуэр зэдгъэгъуэтын щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъур?
Дэ фІыуэ дыкъэзылъагъу нэхъыщхьэ нэхъыфІ дыдэхэр диІэщ, абы нэмыщІ ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэхэр икІи лэжьыгъэ нэхъыфІ дыдэр диІэщ (w19.09, 23-нэ напэкІуэцІыр).
Дапхуэдэу Алыхьым гукъыдэжрэ лъэкІыныгъэрэ къызэрыдитыфынур езым и мурадым пыщІа Іуэхухэр тщІэн щхьэкІэ? (Флп. 2:13).
Дэ Алыхьым и Псалъэм деджэрэ абы дегупсысмэ, Алыхьым гукъыдэжрэ лъэкІыныгъэрэ къыдитынущ езым и мурадым пыщІа Іуэхухэр тщІэн щхьэкІэ. Абы и къару лъапІэ лъэщыр къыдитынущ дыкъызэралъхурэ зэфІэкІ тхэлъхэр нэхъыфІыжу къэдгъэсэбэпын щхьэкІэ (w19.10, 20—21-нэ напэкІуэцІхэр).
Сыт хуэдэ чэнджэщхэр къыддэІэпыкъуну мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ къыщытщтэм деж?
1) Алыхьым Іущагъ къывитыну фелъэІу. 2) Лъэныкъуэ псоми фегупсыс. 3) Унафэ фщІыну сытым фыхуигъэушми фегупсыс. 4) Фи мурадхэр пыухыкІауэ щрет. 5) ФхузэфІэмыкІын зыхуэвмыгъэувыж (w19.11, 27—29-нэ напэкІуэцІхэр).
ЦІыхум и псэр мылІэу нэгъуэщІыпІэ щыпсэууэ нобэ куэдым яІэ гупсысэкІэр Іэдэн жыг хадэм къыщежьауэ пІэрэ, ШейтІаныр Хьэуа щепсэлъам щыгъуэ?
Къыщежьауэ къыщІэкІынукъым. Иблисым жиІакъым Алыхьым фымышх жыхуиІа пхъэщхьэмыщхьэр Хьэуа ишхмэ, лІэнур и Іэпкълъэпкърауэ. Блэр къигъэсэбэпри ШейтІаным Хьэуа жриІащ жыгым пытыр ишхыу щытмэ, ар мылІэну. Диным пыщІа зы гупсысэ нэпцІи Псыдзэшхуэм къелакъым. Аращи, цІыхум и псэр мылІэу нэгъуэщІыпІэ щыпсэууэ нобэ куэдым яІэ гупсысэкІэр къыщежьар Алыхьым Бабилэным бзэхэр щызэхигъэзэрыхьам щыгъуэу къыщІэкІынущ (w19.12, 15-нэ напэкІуэцІыр).