ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Декабрь н. 8—13
  • Иеговэ хуитыныгъэ къыдет

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ хуитыныгъэ къыдет
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ХУИТЫНЫГЪЭ ДЫЗЭРИІЭНУР ХЬИСЭ ИГЪЭІУАЩ
  • ЯПЭ ДЫДЭУ ХУИТЫНЫГЪЭ КЪЫЗЫІЭРЫХЬАХЭР
  • МЕЛУАН БЖЫГЪЭ ХЪУ ЦІЫХУХЭР ХУИТ ХЪУЖЫНУЩ
  • Юбилей илъэсым хуитыныгъэ къехь
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Декабрь н. 8—13

50 СТАТЬЯР

Иеговэ хуитыныгъэ къыдет

«ЩІылъэм хуитыныгъэр щывгъэІу абы щыпсэухэм папщІэ» (ЛЕВ. 25:10).

22-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр кърекІуэ!

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. 1) ЮбилейкІэ сыт зэджэр? («Япэм Израилым сытыт юбилейуэ ялъытэр?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) 2) Лука 4:16—18 зэритымкІэ, Хьисэ сыт хуэдэ псалъэхэр жиІа?

ЯЗЫНЫКЪУЭ къэралхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэ гуэр къызэрыхъурэ илъэс тхущІ щрикъум деж, абы юбилейкІэ йоджэ икІи а махуэр ягъэлъапІэ. Ар махуэ псокІэ, тхьэмахуэкІэ, уеблэмэ, нэхъыбэкІи ягъэлъэпІэнкІэ хъунущ. Ауэ икІэм-икІэжым а махуэхэр еух, абыхэм пыщІа гуфІэгъуэри мэкІуэдыж.

2 Япэм Израилым дэтхэнэ зы етхущІанэ гъэри юбилейуэ ялъытэт. А илъэсым израил цІыхухэм щІэгуфІэн щхьэусыгъуэ яІэ хъут: абыхэм хуитыныгъэ къратт. Сыт дэ абы дыщІытепсэлъыхьын хуейр? Израил цІыхухэм юбилейуэ ябжу щыта гъэм дигу къегъэкІыж Иеговэ дэр щхьэкІэ ищІар Хьисэ зытепсэлъыхьа хуитыныгъэ мыухыжыр къытлъысын щхьэкІэ. (Къеджэ Лука 4:16—18.)

Япэм Израилым сытыт юбилейуэ ялъытэр?

Юбилейр — зыгуэр щагъэлъапІэ гуфІэгъуэщ. Израил цІыхухэм юбилейр ягъэлъэпІэн хуейт илъэс тхущІ къэс. Израил цІыхухэр Алыхьым къаритыну къызэригъэгугъауэ щыта щІыналъэм ихьа иужь, илъэсихым и кІуэцІым губгъуэхэм жылэ трасэу, щІым елэжьын икІи гъавэ Іуахыжын хуейт, ауэ ебланэ илъэсыр щэбэт ящІын хуейт — губгъуэхэм зыри трасэ икІи жызум хадэхэр паупщІ хъунутэкъым. Апхуэдэу илъэсиблурэ блы дэкІа иужь (7 × 7 = 49) къыкІэлъыкІуэ илъэсыр юбилейуэ ябжт, 50-нэ илъэсыр къэст. Япэ юбилей илъэсыр ди эрэм ипэ 1424-нэ гъэм, тишри мазэм щІидзащ (фокІадэ — жэпуэгъуэ) — Алыхьым къаритыну къызэригъэгугъауэ щыта щІыналъэм ихьа иужьщ ябжу щыщІадзар (Лев. 25:2—4, 8—10).

В юбилейный год мужчины, которые оказались в рабстве, становятся свободными; родные бегут им навстречу, чтобы обнять

Юбилейуэ ябж илъэсым израил цІыхухэм гуфІэгъуэшхуэ къахуихьт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ пщылІ хъуа израил цІыхур хуит ящІыжти, и унагъуэм ягъэкІуэжт икІи и щІылъэр иратыжт. (3-нэ абзацым феплъ.)c

3. Левит 25:10—12 зэритымкІэ, юбилейуэ ябж илъэсым сытыт израил цІыхухэм къахуихьыр?

3 Хуитыныгъэм теухуауэ Хьисэ и псалъэхэр къыдгурыІуэн щхьэкІэ, израил цІыхухэм юбилей илъэсыр ягъэлъэпІэн хуейуэ Алыхьым унафэ яритам дытепсэлъыхьынщ. Иеговэ абыхэм яжриІащ: «ЕтхущІанэ илъэсыр лъапІэу флъытэ икІи щІылъэм хуитыныгъэр щывгъэІу абы щыпсэухэм папщІэ. Ар фи дежкІэ юбилейуэ щытынущ. Фэ фщыщ дэтхэнэ зыри иІыгъа щІым ирегъэзэж икІи дэтхэнэ зыри и унагъуэм хырехьэж. ЕтхущІанэ илъэсыр фи дежкІэ юбилейуэ щытынущ. Жылэ хэвмысэ, щІым жылэ хэхуахэм къикІыкІар Іувмыхыж икІи памыупщІа жызумыпкъым жызум пывмычыж. Ар юбилейщ. Фи дежкІэ лъапІэу щытын хуейщ ар. ЩІым къывитауэ губгъуэм къыщыкІар фшхы» (Лев. 25:10—12; 25:8, 9). Мыбы ипэ дджа статьям дыщытепсэлъыхьащ щэбэтыр израил лъэпкъым тхьэмахуэ къэс щІигъэлъэпІэн хуеяр сытми. Ауэ юбилейуэ ябж илъэсым сытыт абыхэм къахуихьыр? Псалъэм папщІэ, израил цІыхум и щІыхуэр ипшыныжын щхьэкІэ и щІыр ищэн хуей хъуащ. Юбилейуэ ябж илъэсым а щІыр абы къратыжынут. Апхуэдэу абы «иІыгъа щІым игъэзэжу», ар щІэину и бынхэм яритыфынут. Е, псалъэм папщІэ зы цІыху гуэрым апхуэдизкІэ щІыхуэшхуэ телъти, езым пщылІу зищэн хуей хъуащ е и сабийхэм щыщ гуэр ищэн хуей хъуащ. Юбилейуэ ябж илъэсым пщылІыр яутІыпщыжу, и унагъуэм ягъэкІуэжын хуейт. Аращи, къаутІыпщыжыну гугъэ имыІэу игъащІэкІэ зыри пщылІ хъутэкъым! Пэж дыдэу Иеговэ и лъэпкъым хуэсакът.

4, 5. Юбилейуэ ябж илъэсым теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэн щІыхуейр сыт?

4 Юбилейуэ ябж илъэсым сытыт иджыри израил цІыхухэм къахуихьыр? Иеговэ жиІащ: «Уэ тхьэмыщкІэ къыпхэт хъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къыпІэрыхьэн щхьэкІэ уи Алыхь Иеговэ щІэину къыуит щІыналъэм Иеговэ Іэмал имыІэу и нэфІ къыщыпщыхуэнущ» (Втор. 15:4). Ар сыту хуабжьу къыщхьэщыкІрэ мы дыщыпсэу дунейм — къулейхэр нэхъ къулеиж мэхъу, тхьэмыщкІэхэр нэхъ тхьэмыщкІэж мэхъу!

5 Нобэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм Мусэ и хабзэр ягъэзэщІэн хуейкъым. Абы къыхэкІкІэ юбилейуэ ябж илъэсым пыщІа унафэхэр дэ дэхьэлІакъым, псалъэм папщІэ пщылІыр утІыпщыжыныр, щІыхуэ хуэгъэгъуныр, щІыр етыжыныр (Рим 7:4; 10:4; Еф. 2:15). Ауэ дегупсысын хуейкъым юбилейуэ ябж илъэсым теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэн хуэмейуэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, дэри япэм псэуа израил цІыхухэм хуэдэу хуитыныгъэ къытІэрыхьэфынущ.

ХУИТЫНЫГЪЭ ДЫЗЭРИІЭНУР ХЬИСЭ ИГЪЭІУАЩ

6. Сыт хуэдэ хуитыныгъэ цІыхухэр зыхуэныкъуэр?

6 Дэ псори хуитыныгъэ дыхуэныкъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гуэныхьым дрипщылІщ, гуэныхьыр — зиусхьэн гущІэгъуншэщ. Аращи, узыфэхэр, жьыгъэр икІи лІэныгъэр ди Іыхьэ хъуащ. Псом хуэмыдэу куэдым я дежкІэ ар наІуэ мэхъу гъуджэм щиплъэм е дохутырым зыщыхуагъазэм деж. Абы нэмыщІ гуэныхь щытщІэм деж абы ди гур хегъэщІ. Апостол Паул езым щхьэкІэ жиІащ: «Хабзэжьым си Іэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм яхэлъ гуэныхь хабзэжьым сыхуегъэпщылІ. Сыту сыцІыху тхьэмыщкІэ! Си пкъыу сызытекІуадэм сыкъыхихыжу, хэт сэ сымыкІуэду сыкъезыгъэлынур?» (Рим 7:23, 24).

7. Хуитыныгъэм теухуауэ сыт Ешайа жиІауэ щытар?

7 Ди насыпщи, Алыхьым гуэныхьым дыкъызэрыІэщІихыжын Іэмал къытхуигъуэтащ. Гуэныхьым дыкъыІэщІэкІыжын щхьэкІэ Хьисэ игъэзащІэ къалэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ар къалъхуным илъэс 700-м нэхърэ нэхъыбэ иІэу Ешайа бегъымбарым жиІат къэкІуэну зэманым цІыхухэм хуитыныгъэ къазэрыІэрыхьэнур. ИкІи а хуитыныгъэр израил цІыхухэм юбилейкІэ зэджэ илъэсым къаІэрыхьэ хуитыныгъэм нэхърэ куэдкІэ нэхъыбэнут. Ешайа итхат: «Псори зи ІэмыщІэ илъ Зиусхьэн Иеговэ и къару лъапІэр сиІэщ, Иеговэ дагъэ лъапІэр къысщихуащи. КъыщІысщихуар Іэдэбхэм хъыбарыфІыр яхуэсІуэтэн папщІэкІэщ. Зи гур ехуэхахэм ягу къызэфІэзгъэувэжыну, щхьэхуит зэрыхъужынум и хъыбар гъэрыпІэм щыІэхэм езгъэщІэну сыкъигъэкІуащ» (Ис. 61:1). Хэт мы псалъэхэр зыхуэгъэзар?

8. ЦІыхухэм хуитыныгъэ къазэрыІэрыхьэнум теухуа псалъэхэр хэт зыгъэзэщІар?

8 ЦІыхухэм хуитыныгъэ къазэрыІэрыхьэнум теухуа псалъэхэр къэхъуу щІидзащ Хьисэ хъыбарыфІыр щІылъэм щигъэІуу щІидза иужь. Къыщыхъуа Назарет къалэм и синэгуэгум Хьисэ щыщІыхьам, абы екІуэлІа иудейхэм Ешайа итха псалъэхэм къахуеджащ. Хьисэ а псалъэхэр езым и щхьэ хуихьри мыпхуэдэу жиІащ: «Зиусхьэным и Псэ ЛъапІэр сигу илъ хъуащ; Тхьэм дагъэ лъапІэр къысщихуащи. КъыщІысщихуар тхьэмыщкІэхэм хъыбарыфІыр яхуэсІуэтэн папщІэкІэщ. Зи гур кІуэдахэм ягу къызэфІэзгъэувэжыну, щхьэхуит зэрыхъужынум и хъыбар лъэхъуэщым щІэсхэм езгъэщІэну, нэфхэр къэзгъэплъэжынуи, гугъуехь зытелъхэр щхьэхуит сщІыжынуи Тхьэм сыкъигъэкІуащ. Зиусхьэным и нэфІ цІыхухэм къащыщыхуэну илъэсыр къызэрысам и хъыбар езгъэщІэнуи сыкъигъэкІуащ» (Лк. 4:16—19). Дауэ Хьисэ мы псалъэхэр зэригъэзэщІар?

ЯПЭ ДЫДЭУ ХУИТЫНЫГЪЭ КЪЫЗЫІЭРЫХЬАХЭР

Иисус читает свиток в синагоге в Назарете

ЦІыхухэм хуитыныгъэ зэраІэнур Назарет къалэм и синэгуэгум Хьисэ щигъэІуащ. (8, 9-нэ абзацхэм феплъ.)

9. Хьисэ щІылъэм щытета зэманым цІыху куэдыр сыт хуэдэ хуитыныгъэт зыпэплъэр?

9 Ешайа зи гугъу ищІа хуитыныгъэр икІи Хьисэ къызэджа хуитыныгъэр япэ лІэщІыгъуэм цІыхухэм къаІэрыхьэу щІадзащ. Абы Хьисэ и псалъэхэр щыхьэт тохъуэ: «ФедаІуэурэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт мы псалъэхэр нобэ пэж хъуащ» (Лк. 4:21). Бегъымбар Ешайа къэхъуну жиІауэ щыта псалъэхэм Хьисэ къыщеджэм, абы едаІуэ куэдыр зэхъуэкІыныгъэхэм пэплъэу къыщІэкІынт — Римым и тепщэныгъэм къыщІэкІыну. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэри апхуэдэу къэхъуну хуейуэ къыщІэкІынт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ящыщ цІыхуитІым иужькІэ мыпхуэдэу Хьисэ щхьэкІэ жаІауэ щытащ: «Израил лъэпкъым щхьэхуитыныгъэ къритынкІэ дыщыгугъырт абы» (Лк. 24:13, 21). Ауэ дэ зэрытщІэмкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къыхуриджэтэкъым Римым пэщІэувэну. АтІэ ахэр игъасэт «кесарым ейр кесарым» иратыжыну (Мт. 22:21). Дапхуэдэу-тІэ Хьисэ цІыхухэм хуитыныгъэ зэраритар?

10. Хьисэ цІыхухэм сыт хуэдэ хуитыныгъэ ярита?

10 Алыхьым и Къуэр щІылъэм къэкІуащ цІыхухэм хуитыныгъэ зрагъэгъуэтыжыну дэІэпыкъун щхьэкІэ. Япэрауэ, дин пашэхэм зыхурагъаджэ пцІым и лъабжьэ къыщІэкІыу хуит зэрыхъужыну гъуэгур абы цІыхухэм яригъэлъэгъуащ. А зэманым иудей куэдыр еплъыкІэ нэпцІхэмрэ хабзэ къекІуэкІхэмрэ я пщылІу щытт (Мт. 5:31—37; 15:1—11). Алыхьым хуэлэжьэну цІыхухэм ядэІэпыкъун хуей дин пашэхэр езыхэр Алыхьым хуэлажьэтэкъым, ахэр нэфхэм хуэдэт. Абыхэм Мэссихьымрэ абы зыхуригъаджэу щыта пэжымрэ ІэщІыб ящІащ, абы къыхэкІкІэ ахэр кІыфІыгъэм къыхэнэри гуэныхьым и пщылІу къэнащ (Ин. 9:1, 14—16, 35—41). ЦІыхухэр пэжым хуригъаджэурэ икІи щапхъэ яригъэлъагъуурэ Хьисэ Іэдэбагъ зыхэлъхэм дэІэпыкъут дин пашэхэм зыхурагъаджэ пцІым къыІэщІэкІыну (Мк. 1:22; 2:23—3:5).

11. Хьисэ цІыхухэм иджыри сыт хуэдэ Іэмал ярита?

11 ЕтІуанэрауэ, Хьисэ Іэмал къыдитащ Іэдэм и ягъэкІэ гуэныхьым и пщылІыпІэм дихуами, хуитыныгъэ дгъуэтыжыну. Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ цІыхум и гуэныхьыр Алыхьым къыхуигъэгъунут, абы а щхьэщэхужыр и фІэщ хъумэ икІи и фІэщхъуныгъэр ІуэхукІэ къигъэлъагъуэмэ (Евр. 10:12—18). Хьисэ жиІащ: «Аращи, Къуэ лъапІэм щхьэхуит фищІыжмэ, пэжу щхьэхуит фыхъунущ» (Ин. 8:36, Хъыб., 1993). А хуитыныгъэр куэдкІэ нэхъыфІт япэм израил цІыхухэм къаІэрыхьэфыну хуитыныгъэм нэхърэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, юбилейуэ ябж илъэсым хуитыныгъэ зрата цІыхур иужькІэ аргуэру пщылІ хъункІэ хъунут, ауэ апхуэдэу къэмыхъуми, икІэм-икІэжым ар лІэнут.

12. Хьисэ зи гугъу ищІа хуитыныгъэр хэт япэу къызыІэрыхьар?

12 Ди эрэм 33-нэ гъэм Пэнтэкост махуэшхуэм Иеговэ и къару лъапІэр апостолхэм, абы нэмыщІ нэгъуэщІ цІыхухъухэм икІи цІыхубзхэм яритащ. Ахэр Алыхьым и быным хуэдэ хъуащ, къэкІуэну зэманым къэтэджыжу уафэм кІуэуэ, Хьисэ и тепщэныгъэр даІыгъын щхьэкІэ (Рим 8:2, 15—17). Хьисэ Назарет дэт синэгуэгум зи гугъу щищІа хуитыныгъэр япэу къызыІэрыхьар ахэращ. Тхыгъэм пэщІэувэ хабзэхэмрэ дин пашэхэм зыхурагъаджэ пцІыхэмрэ я пщылІыпІэм ахэр къикІыжащ. Алыхьым и дежкІэ ахэр лІэныгъэм ухуэзышэ гуэныхьым и тепщэныгъэм щІэкІащ. Израил лъэпкъым юбилейуэ ялъытэу щыта илъэсым ебгъэщхь хъуну «илъэсыр» щыщІидзар ди эрэм 33-нэ гъэращ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым и къару лъапІэр къащритам щыгъуэ. ИкІи ар щиухынур Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманыр щиухым дежщ. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэр иджыри къэхъуну къытпэщылъ а «илъэсым»?

Израил лъэпкъым юбилейуэ ялъытэу щыта илъэсым ебгъэщхь хъуну «илъэсыр»

  1. ДИ ЭРЭМ 30-НЭ ГЪЭМ. ЦІыхухэм хуитыныгъэ зэраІэнур Назарет къалэм и синэгуэгум Хьисэ щегъэІу (Лк. 4:21)

  2. ДИ ЭРЭМ 33-НЭ ГЪЭМ. Израил лъэпкъым юбилейуэ ялъытэу щыта илъэсым ебгъэщхь хъуну «илъэсыр» щІидзащ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым и къару лъапІэр къащритам щыгъуэ (Рим 8:2, 15—17)

  3. ДИ ЗЭМАНЫМ. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм фІыгъуэ куэд къаІэрохьэ, юбилей «илъэсым» и фІыгъэкІэ

  4. ХЬИСЭ ИЛЪЭС МИНКІЭ ТЕПЩЭУ ЩЫЩЫТЫНУ ЗЭМАНЫМ. ЦІыхухэр хуэм-хуэмурэ гуэныхьым къыІэщІокІри дагъуэншэ мэхъу

  5. ХЬИСЭ ИЛЪЭС МИНКІЭ ТЕПЩЭУ ЩЫЩЫТЫНУ ЗЭМАНЫР ЩИУХЫМ. Юбилей «илъэсыр» еух. Гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ щыІэжкъым (Рим 8:21)

МЕЛУАН БЖЫГЪЭ ХЪУ ЦІЫХУХЭР ХУИТ ХЪУЖЫНУЩ

13, 14. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм нэмыщІ хэт иджыри Хьисэ зи гугъу ищІа хуитыныгъэр къызыІэрыхьэфынур?

13 Библием иджыри зы гупым и гугъу ещІ — «нэгъуэщІ мэлхэм» (Ин. 10:16). Лъэпкъ псоми къыхэкІауэ зигу къабзэ цІыху мелуан куэд нобэ а гупым хохьэ. Алыхьым ахэр къыхуриджакъым уафэм кІуэуэ Хьисэ и тепщэныгъэр даІыгъыну. ЩІылъэм игъащІэкІэ щыпсэуну Библием тегъэщІа гугъэ быдэ яІэщ абыхэм.

14 А гупым фыщыщу щытмэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэныгъэ щызиІэнухэм фІыгъуэ яІэм щыщ фэри иджыпсту фиІэу жыпІэ хъунущ. Хьисэ ита къурмэныпхъэр фи фІэщ зэрыхъум и фІыгъэкІэ Иеговэ фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъуну фелъэІу хъунущ. Абы къыхэкІкІэ Алыхьыр арэзы къытхуэхъуу, абы и пащхьэм напэ къабзэ дыщиІэфынущ (Еф. 1:7; Апок. 7:14, 15). Абы нэмыщІ Библием имыт хабзэхэм я пщылІу дызэрыщымытым къытхуихь фІыгъуэхэм фегупсыс. Хьисэ жиІащ: «Абы щыгъуэ пэжыгъэр къэфщІэнущ, пэжыгъэми щхьэхуит фищІыжынущ» (Ин. 8:32, Хъыб., 1993). Сыту гуфІэгъуэшхуэ апхуэдэ хуитыныгъэ уиІэну!

15. Сыт хуэдэ хуитыныгъэ дэ куэд мыщІэу диІэнур икІи сыт дэ къытпэщылъыр?

15 КъэкІуэну зэманым дэ хуитыныгъэ диІэм нэхърэ нэхъыбэ къытІэрыхьэнущ. Куэд мыщІэу Хьисэ дин нэпцІымрэ цІыхухэм я пащтыхьыгъуэ мыхъумыщІэмрэ кІэ къахуигъэкІуэнущ. Алыхьым къыхуэлажьэ «цІыху куэдыкІейр» къихъумэнущ икІи жэнэтым щыІэну гъащІэ дахэр тыгъэу яритынущ (Апок. 7:9, 14). ЛІа куэд къэтэджыжынущ. Абыхэм Іэмал яІэ хъунущ Іэдэм и гуэныхьым кърикІуа Іейм къыІэщІэкІыжыну (Апост. 24:15).

16. КъэкІуэну зэманым цІыхухэм сыт хуэдэ хуитыныгъэ къаІэрыхьэнур?

16 Хьисэрэ абы и тепщэныгъэр дэзыІыгъынухэмрэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым щыгъуэ цІыхухэм ядэІэпыкъунущ узыншагъэфІ яІэну икІи Иеговэ ныбжьэгъуфІ хуэхъуну. Израил цІыхухэм юбилейуэ ябжу щыта илъэсым хуитыныгъэ къазэрыІэрыхьэу щытам хуэдэу, щІылъэм щыпсэуну Иеговэ хуэпэж и лэжьакІуэхэр гуэныхьым къыІэщІэкІыжынущ икІи дагъуэншэ хъужынущ.

В новом мире семьи разных рас собирают виноград

ДунеищІэм дэ сэбэпынагърэ гуфІэгъуэрэ къытхуэзыхь дигу ирихь лэжьыгъэ диІэнущ. (17-нэ абзацым феплъ.)

17. Исаия 65:21—23 зэритымкІэ, Алыхьым и лъэпкъым сыт хуэдэ гъащІэ иІэнур? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

17 Жэнэт хъужа щІылъэм сыт хуэдэ гъащІэ щыІэнуми Исаия 65:21—23b къыщыдгъуэтыфынущ. (Къеджэ.) Жэнэтым зыри дымыщІэу, дымылажьэу дыщыпсэунукъым. Библием зэритымкІэ, а зэманым Алыхьым и цІыхухэм сэбэпынагърэ гуфІэгъуэрэ къахуэзыхь ягу ирихь лэжьыгъэ яІэнущ. Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ Алыхьым къигъэщІахэр «кІуэдыныгъэм и пщылІыпІэм къришыжу, щхьэхуит ищІыжу, Тхьэм и бынхэм я щхьэхуитыныгъэрэ я щІыхьышхуэрэ абыхэм» яІэ зэрыхъунум (Рим 8:21).

18. ГъащІэ насыпыфІэ къызэрытпэщылъым сыт дэ шэч къыщІытедмыхьэр?

18 Иеговэ израил цІыхухэм ядэІэпыкъуауэ щытащ лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхунымрэ еплъыкІэ тэмэм хуаІэну. Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым Иеговэ дэри къыддэІэпыкъунущ лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхунымрэ еплъыкІэ тэмэм худиІэну. Нобэ ди насыпыр Алыхьым дызэрыхуэлажьэм епхащ, дауикІ, апхуэдэу дунеищІэми щытынущ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым дэ дапхуэдиз гуфІэгъуэ диІэнуми икІи Иеговэ дыщыхуэлажьэкІэ дапхуэдиз ІуэхуфІ тхуэщІэнуми!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Япэм Израилым сытыт юбилейуэ ялъытэр икІи сытыт абы израил цІыхухэм къахуихьыр?

  • Иеговэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр дауэ хуит зэрищІыжар?

  • Иеговэ «нэгъуэщІ мэлхэр» дапхуэдэу хуит зэрищІыжынур?

142-НЭ УЭРЭДЫР Ди гугъапІэм быдэу дэ дытетщ

a Япэм пщылІ хъуа израил цІыхухэм Иеговэ Іэмал яритат хуитыныгъэр зрагъэгъуэтыжыну. Юбилейуэ ябж илъэсым ахэр къаутІыпщыжт. Нобэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр Мусэ и хабзэм теткъым, ауэ юбилейуэ ябжу щыта илъэсым дэр щхьэкІи мыхьэнэшхуэ иІэщ. Мы статьям къыщытщІэнущ Израилым юбилейуэ ябжу щыта илъэсым дапхуэдэу дигу къигъэкІыжми Иеговэ дэ къытхуищІар икІи абы дэ сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытхуихьми.

b Исаия 65:21—23: «ЦІыхухэм унэхэр яухуэнущ икІи абыхэм щыпсэунущ, жызум хадэхэри хасэнущ икІи абыхэм къыпыкІэхэри яшхынущ. Яухуэнукъым, нэгъуэщІхэр щыпсэун щхьэкІэ, хасэнукъым, нэгъуэщІхэм яшхын щхьэкІэ. Си лъэпкъым и махуэхэр жыгым и махуэхэм хуэдэнущ, икІи сэ къыхэсхахэм я ІэдакъэщІэкІыр куэдрэ къагъэсэбэпынущ. ПщІэншэу лэжьэнукъым икІи сабийхэр гуауэм къыхуалъхунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр — Иеговэ и нэфІ зыщыхуа щІэблэщ, абыхэм я гъусэу я щІэблэри».

c СУРЭТЫР. Юбилейуэ ябж илъэсым пщылІ хъуа израил цІыхур хуит ящІыжти, и унагъуэм ягъэкІуэжт икІи и щІылъэр иратыжт.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын