49 СТАТЬЯР
«Псоми зэман иІэщ»: ущылэжьэн зэмани зыщыбгъэпсэхун зэмани
«ЩІыпІэ пхыдза гуэрым ди закъуэу зыщывгъэпсэхужыну дывгъакІуэ» (МК. 6:31).
143-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІыр вгъэІу, Иеговэ фыпэплъэу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. ЦІыху куэдыр дапхуэдэу лэжьыгъэм зэрыхущытыр?
ФЭ ФЫЩЫПСЭУ щІыпІэм цІыхухэр лэжьыгъэм дапхуэдэу зэрыхущытыр? Къэрал куэдым цІыхухэр нэхъыбэрэ лажьэу хъуащ. АпхуэдизкІэ лэжьыгъэм зэман куэд трагъэкІуадэри абыхэм зэман къахуэнэжкъым я унагъуэм щхьэкІи, загъэпсэхунуи, Алыхьым теухуауэ къащІэнуи (Эккл. 2:23). Ауэ лэжьэн зыфІэмыфІхэри щыІэщ икІи абыхэм щІэмылажьэм щхьэусыгъуэ куэд къыхуагъуэт (Прит. 26:13, 14, Гъэсэпэтхыдэхэр).
2, 3. Иеговэрэ Хьисэрэ лэжьыгъэм дапхуэдэу зэрыхущытыр?
2 Мы дунейр лэжьыгъэм зэрыхущытымрэ Иеговэрэ Хьисэрэ лэжьыгъэм зэрыхущытымрэ зэтехуэкъым. Дэ дощІэ Иеговэ лэжьэн зэрыфІэфІыр. Хьисэ ар къыдгуригъэІуащ мы псалъэхэр щыжиІам щыгъуэ: «Си Адэм иджыри къэс зэпымычу Іуэху елэжь, сэри Іуэху солэжь» (Ин. 5:17). Фегупсысыт Алыхьым дапхуэдиз лэжьыгъэ иригъэкІуэкІами бжыгъэ зимыІэ мелыІычхэмрэ мы Дунеишхуэмрэ къигъэщІын щхьэкІэ. ИкІи сыту Иеговэ и ІэдакъэщІэкІ дахэ куэди щІылъэм тет! Псаломыр зытхам абы теухуауэ фІы дыдэу жиІащ: «Сыту куэд уэ къэбгъэщІа, Иеговэ! Акъылышхуэ хэлъщ а псом. ЩІылъэр уи ІэдакъэщІэкІхэмкІэ гъэнщІащ» (Пс. 104:24).
3 Хьисэ и Адэм щапхъэ трихт. Притчи тхылъым зэрыжиІэмкІэ, Иеговэ «уафэгухэр... къыщигъэувым» Хьисэ абы дэлэжьащ (Прит. 8:27—31, Гъэс.). ИужькІэ Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуи Иеговэ кърита къалэныр фІы дыдэу игъэзэщІащ. А къалэныр Хьисэ и дежкІэ шхыныгъуэм хуэдэт икІи абы и дуней тетыкІэм къигъэлъагъуэт Алыхьым ар къызэригъэкІуар (Ин. 4:34; 5:36; 14:10).
4. Иеговэрэ Хьисэрэ зыгъэпсэхуным дапхуэдэу зэрыхущытыр?
4 Иеговэрэ Хьисэрэ сыт щыгъуи щылажьэкІэ, абы къикІрэ дэри зыдмыгъэпсэхуми хъуну? ДауикІ, къикІкъым. Иеговэ зэи езэшкъым, абы къыхэкІкІэ цІыхухэм зэрызагъэпсэхум хуэдэу, зигъэпсэхун хуейуэ щыткъым. Пэжщ, Библием щыжыІащ уафэмрэ щІылъэмрэ къигъэщІа иужь Иеговэ «лэжьэн щигъэтри зигъэпсэхун» щІидзауэ (Исх. 31:17). Ауэ абы къикІыр Иеговэ зыгуэр къигъэщІын щигъэту ищІамкІэ арэзы зэрыхъуаращ. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ куэд ищІэн хуейт, ауэ и ныбжьэгъухэм я гъусэу зигъэпсэхун зэрыхуейр зыщигъэгъупщэтэкъым (Мт. 14:13; Лк. 7:34).
5. Сыт куэдым къегугъуэкІыр?
5 Библием Алыхьым и лэжьакІуэхэр хуегъэуш лэжьыгъэр фІыуэ ялъагъуну икІи щхьэхынэу щымытыну (Прит. 15:19, Гъэс.). Дэ тщыщ куэдыр мэлажьэ я унагъуэр зыхуейр хуагъэзэн щхьэкІэ. ИкІи дэ псори, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр, хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэм дыхэтщ. Ауэ дэ тэмэму зыдмыгъэпсэхуу хъунукъым. Лэжьыгъэм, зыгъэпсэхуным икІи хъыбарыфІ гъэІуным еплъыкІэ тэмэм хувиІэну фи дежкІэ гугъуу щыщыт къэхъурэ? Лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхунымрэ зэман тедгъэкІуэдэн хуейр дауэ зэрызэхэдгъэкІынур?
ЛЭЖЬЫГЪЭМРЭ ЗЫГЪЭПСЭХУНЫМРЭ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ХУДИІЭН ХУЕЙЩ
6. Марк 6:30—34 ит Іуэхугъуэм дауэ къызэригъэлъагъуэр Хьисэ лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхунымрэ еплъыкІэ тэмэм хуиІэу зэрыщытар?
6 Дэ лэжьыгъэм еплъыкІэ тэмэм худиІэн хуейщ. Алыхьым и къару лъапІэмкІэ пащтыхь Сэлмэн иригъэтхауэ щытащ: «Псоми зэман иІэщ икІи сыт хуэдэ Іуэхуми зэман иІэжщ». Абы нэмыщІ абы жиІащ хэсэнми, ухуэнми, гъынми, дыхьэшхынми икІи къэфэнми зэман иІэу (Эккл. 3:1—8). Пэжщ, лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхунымрэ ди гъащІэм мыхьэнэшхуэ щаІэщ. Хьисэ лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхунымрэ еплъыкІэ тэмэм хуиІэт. Зэгуэрым апостолхэр хъыбарыфІ гъэІуным куэдрэ хэтати, шхэнуи зэман яІакъым. Апхуэдэу щыхъум Хьисэ абыхэм яжриІащ: «ЩІыпІэ пхыдза гуэрым ди закъуэу зыщывгъэпсэхужыну дывгъакІуэ». (Къеджэ Марк 6:30—34.) Хьисэрэ абы и лъэужь ирикІуэхэмрэ загъэпсэхуну зыхуейм хуэдиз зэман сыт щыгъуи ямыІами, Хьисэ къыгурыІуэт зыгъэпсэхуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр.
7. Щэбэт махуэм теухуа унафэхэр зэрызэпкърытхынур сыткІэ сэбэп къытхуэхъуну?
7 Зэман-зэманкІэрэ зыдгъэпсэхун е ди махуэр зэретхьэкІым зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хэтлъхьэн хуейщ. Щэбэт махуэм теухуауэ тхьэмахуэ къэс зытетын хуейуэ Алыхьым израил лъэпкъым ирита хабзэм ар къыхощ. Дэ нобэ Мусэ и хабзэм дытемытми, щэбэтым теухуауэ абы унафэ хэтахэр къэтщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ар къыддэІэпыкъунущ лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхунымрэ еплъыкІэ тэмэм худиІэрэ худимыІэрэ зэхэдгъэкІыну.
ЩЭБЭТ МАХУЭР — ЗЫЩЫБГЪЭПСЭХУН ИКІИ АЛЫХЬЫМ УЩЫХУЭЛЭЖЬЭН ЗЭМАНЩ
8. Исход 31:12—15 зэритымкІэ, Алыхьым израил цІыхухэм щэбэт махуэр сытыт къащІритар?
8 Алыхьым и Псалъэм зэритымкІэ, «махуихкІэ» лэжьа иужь Иеговэ щІылъэм зыгуэр къыщигъэщІын щигъэтащ (ЩІэдз. 2:2). Ауэ Иеговэ лэжьэн ифІэфІщ икІи абы «иджыри къэс зэпымычу Іуэху елэжь», илэжь Іуэхур иджыпсту нэгъуэщІми (Ин. 5:17). ЩІэдзапІэм зи гугъу ищІ Иеговэ зыщигъэпсэхужа махуэр лъабжьэ хуэхъуащ израил цІыхухэм тхьэмахуэ къэс ягъэзащІэу щыта щэбэт махуэм. Алыхьым жиІат езымрэ израил цІыхухэмрэ я зэхуаку зэхущытыкІэ быдэ зэрыдэлъыр щэбэт махуэм къигъэлъагъуэу. А махуэр — «зыщагъэпсэху щэбэт махуэ» хъуащ, «ар Иеговэ и дежкІэ лъапІэщ». (Къеджэ Исход 31:12—15b.) Щэбэт махуэм зыри лажьэ хъунутэкъым — сабийхэри, пщылІхэри, Іэщхэри (Исх. 20:10). Абы и фІыгъэкІэ израил цІыхухэм Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ зэман нэхъыбэ яІэнут.
9. Хьисэ щыпсэуа зэманым щыгъуэ щэбэт махуэм теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ нэпцІхэр цІыхухэм яІэт?
9 Щэбэт махуэм теухуа унафэр Алыхьым и лъэпкъым сэбэп хуэхъут. Ауэ Хьисэ щыпсэуа зэманым щыгъуэ дин пашэ куэдым щэбэт махуэм теухуа унафэр гъэзэщІэным егъэлеяуэ ткІийуэ бгъэдыхьэт. Абыхэм жаІэт а махуэм гуэдз щхьэмыжхэр къыпыпч икІи сымаджэхэр бгъэхъуж мыхъуну (Мк. 2:23—27; 3:2—5). Абыхэм я еплъыкІэр Алыхьым и еплъыкІэм къыщхьэщыкІт, икІи апхуэдэу зэрыщытыр Хьисэ къедэІуэну хьэзырхэм къагуригъаІуэт.
Хьисэ къыщыхъуа унагъуэм щэбэт махуэр Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ къагъэсэбэпт. (10-нэ абзацым феплъ.)d
10. Маттэ 12:9—12 зэритымкІэ, Хьисэ дапхуэдэу щэбэт махуэм зэрыхущытар?
10 Хьисэрэ иудейхэм ящыщ абы и лъэужь ирикІуэхэмрэ щэбэт махуэм теухуа унафэр ягъэзащІэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Мусэ и хабзэм щІэттc. Ауэ Хьисэ игъэлъэгъуащ щэбэт махуэм еплъыкІэ тэмэм ухуиІэн зэрыхуейр икІи а махуэм нэгъуэщІхэм уадэІэпыкъу зэрыхъунур. Абы гурыІуэгъуэу жиІащ: «Щэбэт махуэм фІы пщІэну хабзэм къозэгъ». (Къеджэ Маттэ 12:9—12.) Абы ибжтэкъым фІы пщІэмэ, щэбэт махуэм теухуа унафэм уебакъуэу. Хьисэ и ІуэхущІафэхэм къыхэщт Алыхьым щэбэт махуэр цІыхухэм щІаритам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр къызэрыгурыІуэр: лъэпкъыр мылажьэу зыщигъэпсэхум деж Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъуну Іэмал иІэт. Хьисэ къыщыхъуа унагъуэм щэбэт махуэр Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ къагъэсэбэпу къыщІэкІынут. Апхуэдэу зэрыщытар къыхощ Хьисэ къыщалъхуа къалэм къыщыхъуа Іуэхугъуэм. Лука итхыжа ХъыбарыфІым итщ: «Хьисэ щапІа Назарет къалэм кІуащ. И хабзэм тету, щэбэт махуэм синэгуэгум щІыхьащ. Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэну, абы щІэсхэм я пащхьэм иуващ» (Лк. 4:15—19).
ЛЭЖЬЫГЪЭМ ДАПХУЭДЭУ ФЫЗЭРЫХУЩЫТЫР?
11. Лэжьыгъэм зэрыхущытын хуейм теухуауэ хэт Хьисэ щапхъэфІ езыгъэлъэгъуар?
11 Исуф пхъащІэ ІэщІагъэр и къуэ Хьисэ щригъащІэм, абы, дауикІ, дэІэпыкъут Алыхьым лэжьыгъэм теухуауэ еплъыкІэ иІэм хуэдэ зыхилъхьэну (Мт. 13:55, 56). Абы нэмыщІ Хьисэ илъагъут Исуф махуэ къэс зэрылажьэр и унагъуэшхуэр зыхуейр хуигъэзэн щхьэкІэ. ГъэщІэгъуэнщ иужькІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІауэ щытар: «ЛэжьакІуэм и лэжьапщІэр игъуэтыпхъэщ» (Лк. 10:7). Пэжщ, Хьисэ лэжьыгъэ хьэлъэр зищІысыр ищІэт.
12. Библием ит сыт хуэдэ едзыгъуэхэм къагъэлъагъуэрэ Паул лэжьыгъэм зэрыхущытар?
12 Паул щхьэкІи апхуэдэу жыпІэ хъунущ. Абы и дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэу щытар Хьисэрэ абы зыхуригъаджэу щытахэмрэ теухуауэ нэгъуэщІхэм яжриІэнырат. Ауэ Паул лажьэт и щхьэр ипІыжын щхьэкІэ. Абы Фессалоникэ дэсхэм яхуитхат: «Гугъу зедгъэхьурэ, хуабжьу дылажьэурэ, фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкІэ, жэщи махуи лэжьыгъэм дыпэрытащ» (2 Фес. 3:8; Апост. 20:34, 35). Паул «лэжьыгъэ» жиІэу зи гугъу ищІар и ІэщІагъэрауэ къыщІэкІынщ — шэтыр щІыныр. Ар Коринф щыщыІам щыгъуэ Акилэрэ Прискиллэрэ я деж щыпсэуащ икІи абыхэм я гъусэу шэтырхэр ищІу щытащ. Паул «жэщи махуи» зэрылэжьам къикІкъым и зэману хъуар абы тригъэкІуадэу щытауэ. Псалъэм папщІэ, ар щэбэт махуэм лажьэтэкъым. Абы и фІыгъэкІэ Паул щэбэтым мылажьэ иудейхэм хъыбарыфІыр яжриІэфт (Апост. 13:14—16, 42—44; 16:13; 18:1—4).
13. Паул и щапхъэм дэ сытым дыхуигъасэрэ?
13 Апостол Паул дэ щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Ар лэжьэн хуей хъут. Иеговэ ар хуигъэушауэ щытащ мыпхуэдэу итхыну: «Лэжьэну хуэмейр иремышхэ» (2 Фес. 3:10). Ауэ Паул къару ирихьэлІэт «Тхьэм деж къикІ хъыбарыфІыр» зэпымыууэ игъэІун щхьэкІэ (Рим 15:16; 2 Кор. 11:23). А лэжьыгъэм хэтыну Паул нэгъуэщІхэри хуигъэушт. Псалъэм папщІэ, Коринф дэсхэр къыхуриджэт: «Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Іуэхум зэпымыууэ и ужь фит» (1 Кор. 15:58; 2 Кор. 9:8). Абы нэмыщІ Акилэрэ Прискиллэрэ и гъусэу хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхэтари жиІащ (Рим 12:11; 16:3).
14. Иуан 14:12 ит Хьисэ и псалъэхэм сыт къикІыр?
14 Мы дунейм икІэ махуэхэм тщІэн хуейуэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэр — хъыбарыфІ гъэІунымрэ цІыхухэм Хьисэ и лъэужь иувэну дэІэпыкъунымрэщ. Хьисэ жиІауэ щытащ и лъэужь ирикІуэхэм езым ищІа Іуэхухэм нэхърэ нэхъ «Іуэхушхуэжхэри» зэралэжьынур! (Къеджэ Иуан 14:12.) Сыт Хьисэ зи гугъу ищІар? ГурыІуэгъуэщ абы ищІэу щыта телъыджэхэм хуэдэ дэ зэрытхуэмыщІэнур. Абы жиІам къикІыр — и лъэужь ирикІуэхэм щІыпІэ нэхъыбэм хъыбарыфІыр зэрыщагъэІунур, цІыху нэхъыбэм зэрепсэлъэнур икІи зэман нэхъыбэкІэ а Іуэхум зэрыхэтынуращ.
15. Сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыжын хуей икІи сыт щхьэкІэ?
15 Улажьэу щытмэ, зэупщІыж: «Лэжьыгъэр фІыуэ зыгъэзащІэ лэжьакІуэу сызэрацІыхур? Си лэжьыгъэр и зэманым сыухрэ икІи ар нэгъэсауэ згъэзащІэрэ?» Мы упщІэхэм «нтІэ» жыпІэу жэуап ептауэ щытмэ, узыгъэлажьэм дзыхь къыпхуищІыну къыщІэкІынущ. Абы нэмыщІ къыбдэлажьэхэр хъыбарыфІым нэхъыфІу къедэІуэнущ. Иджы мыпхуэдэ упщІэхэр зэтыж: «Сэ сызэрацІыхур хъыбарыфІыр фІыуэ зыгъэІу егъэджакІуэфІу? ЦІыхухэм сепсэлъэн ипэ фІыуэ зызгъэхьэзыру пІэрэ? ЗыфІэгъэщІэгъуэн хъуахэм я деж занщІэу тезгъэзэжу пІэрэ? ЩІэх-щІэхыурэ хъыбарыфІыр зэрыбгъэІу хъун Іэмал щыІэхэм сыхэт?» Мы упщІэхэм «нтІэ» жыпІэу жэуап ептауэ щытмэ, хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ къыпхуихьынущ.
ЗЫГЪЭПСЭХУНЫМ ДАПХУЭДЭУ ФЫЗЭРЫХУЩЫТЫР?
16. Хьисэрэ абы и апостолхэмрэ зыгъэпсэхуным теухуауэ яІа еплъыкІэр нобэ цІыху куэдым яІэ еплъыкІэм сыткІэ къыщхьэщыкІрэ?
16 Хьисэ къыгурыІуэт езымрэ и апостолхэмрэ зэман-зэманкІэрэ загъэпсэхун зэрыхуейр. Ауэ абы щыгъуи иджыпстуи куэдыр Хьисэ и ущие хъыбарым хэта мылъкушхуэ зыбгъэдэлъа цІыхум ещхьщ. А цІыхум мыпхуэдэу зыжриІэжт: «Зыгъэпсэху, шхэ, ефэ, зыгъэтхъэж» (Лк. 12:19; 2 Тим. 3:4). Ар зыгъэпсэхунымрэ нэгу зегъэужьынымрэ фІэкІ нэгъуэщІым зыми егупсыстэкъым. Ауэ Хьисэрэ абы и апостолхэмрэ хуейтэкъым зыгъэпсэхунымрэ нэгу зегъэужьынымрэ я гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэу щытыну.
Лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхунымрэ теухуауэ еплъыкІэ тэмэм дызэриІэр къыддоІэпыкъу къару къыдэзытыж ІуэхуфІхэм зэман тедгъэкІуэдэну. (17-нэ абзацым феплъ.)e
17. Дыщымылажьэ махуэхэм е лэжьапІэ нэужьым ди зэманыр дапхуэдэу къызэрыдгъэсэбэпыр?
17 Дэ Хьисэ щапхъэ тетхыу, дыщымылажьэ махуэхэм е лэжьапІэ нэужьым, ди зэманыр зыгъэпсэхун закъуэм тедмыгъэкІуадэу, хъыбарыфІыр догъэІу икІи зэІущІэхэми докІуэ. ЦІыхухэм Хьисэ и лъэужь иувэну дэІэпыкъунымрэ зэІущІэхэм кІуэнымрэ дэ ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщи, тхузэфІэкІыр дощІэ а Іуэху лъапІэхэм зэпымыууэ дыхэтын щхьэкІэ (Евр. 10:24, 25). Отпуск дыкІуа иужьи дэ Алыхьым нэхъ гъунэгъу дыхуэзыщІ Іуэхугъуэхэр къэдгъанэкъым: дэнэ дыщымыІами зэІущІэхэм докІуэ, абы нэмыщІ Библием теухуауэ цІыхухэм депсэлъэну Іэмал къыдолъыхъуэ (2 Тим. 4:2).
18. Ди Пащтыхь, Хьисэ Мэссихь, дапхуэдэу дыщытыну хуей?
18 Дэ хуабжьу догуфІэ ди Пащтыхь, Хьисэ Мэссихь, тхузэфІэмыкІын къызэрытхуимыгъэувым щхьэкІэ икІи лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхунымрэ еплъыкІэ тэмэм худиІэну къызэрыддэІэпыкъум щхьэкІэ! (Евр. 4:15). Ар хуейщ дэ дызыхуэныкъуэм хуэдизрэ зыдгъэпсэхуну. Ауэ иджыри ар хуейщ дэ дегугъуу дылэжьэну ди щхьэр тпІыжын щхьэкІэ икІи гуфІэгъуэ къытхуэзыхь хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтыну. КъыкІэлъыкІуэ статьям дыщытепсэлъыхьынущ гуэныхьым дыкъыІэщІихын щхьэкІэ Хьисэ сыт хуэдэ къалэн игъэзащІэми.
38-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ
a Библием дыхуегъэуш лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхунымрэ Іущагъ хэлъу дыхущытыну. Щэбэт махуэм теухуауэ тхьэмахуэ къэс зытетын хуейуэ Алыхьым израил лъэпкъым ирита хабзэр мы статьям щызэпкърытхынущ. Ар къыддэІэпыкъунущ лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхунымрэ еплъыкІэ тэмэм худиІэрэ худимыІэрэ зэхэдгъэкІыну.
b Исход 31:12—15: «Иеговэ Мусэ жриІащ: „Уэ израил цІыхухэм яжеІэ: ,Іэмал имыІэу си щэбэтхэр вгъэзащІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы сэрэ фэрэ, абы нэмыщІ фи щІэблэхэмрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ зэрыдэлъыр къегъэлъагъуэ, фэ фщІэн щхьэкІэ сэ, Иеговэ, фызэрызгъэкъабзэр. Щэбэт махуэм теухуа унафэр вгъэзащІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар фи дежкІэ лъапІэщ. Щэбэт махуэр зыуцІэпІыр Іэмал имыІэу лІэн хуейщ. А махуэм лажьэ дэтхэнэ зыри и лъэпкъым хаукІыкІынущ. МахуихкІэ улажьэ хъунущ, ауэ ебланэ махуэр — зыщыбгъэпсэхун хуей щэбэт махуэщ. Ар Иеговэ и дежкІэ лъапІэщ. Щэбэт махуэм лажьэ дэтхэнэ зыри Іэмал имыІэу лІэн хуейщ‘“».
c Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щэбэт махуэм теухуа хабзэм апхуэдизкІэ пщІэ хуащІти, щэбэт махуэм иужьщ щагъэхьэзырар Хьисэ щыщІалъхьэжкІэ къагъэсэбэпыну «мэ ІэфІ къызыпих дагъэхэмрэ дагъэ лъапІэхэмрэ» (Лк. 23:55, 56).
d СУРЭТЫР. Исуф щэбэт махуэм и унагъуэр синэгуэгум ешэ.
e СУРЭТЫР. Ди къуэшыр мэлажьэ и унагъуэр ипІын щхьэкІэ, ауэ абы щыгъупщэкъым Алыхьым и Іуэхум хэтын щхьэкІэ зэман зэрыхухихын хуейр, отпуск щыІэу щытми.