Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
Библием зэрыжиІэмкІэ, зыгуэр бгъэкъуэншэн щхьэкІэ нэхъ мащІэ дыдэу щыхьэтитІ щыІэн хуейщ (Чис. 35:30; Втор. 17:6; 19:15; Мт. 18:16; 1 Тим. 5:19). Ауэ Мусэ и хабзэмкІэ, яшэну къыхаха хъыджэбзыр губгъуэм щыІэу цІыхухъу гуэрым абы лей кърихамэ, ауэ хъыджэбзыр кІиямэ, ар зинэ щІэнымкІэ къуаншэу ябжтэкъым, ауэ цІыхухъур къуаншэт. ЦІыхухъум хъыджэбзым лей ирихауэ зылъэгъуа щыхьэтхэр щыщымыІэкІэ, сытыт цІыхухъур къуаншэу щІалытэр, ауэ сытыт хъыджэбзыр щІамыгъэкъуаншэр?
Второзаконие 22:25—27 ит унафэр щІатхар цІыхухъур зэрыкъуаншэр къыщІагъэщын щхьэкІэтэкъым (ар зэрыкъуаншэр наІуэт), атІэ хъыджэбзыр зэрымыкъуаншэр зэхагъэкІын щхьэкІэт. Контекстым деплъынщ.
Второзаконие 22:25—27 ипэ ит едзыгъуэхэр къалэм къыщыхъуа Іуэхугъуэм тепсэлъыхьт: яшэну къыхаха хъыджэбзым цІыхухъур иригъусащ, ауэ хъыджэбзыр кІиякъым. Апхуэдэм деж цІыхухъур зинэ щІэнымкІэ къуаншэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ яшэну къыхаха хъыджэбзым щхьэгъусэ иІэу ялъытэт. Хъыджэбзыр кІиятэмэ, цІыхухэм ар зэхахыу кърагъэлынут. Ауэ щымыкІиякІэ, зинэ щІэнымкІэ ари къуаншэу щытт (Втор. 22:23, 24).
АдэкІэ Хабзэм нэгъуэщІ Іуэхугъуэм и гугъу ещІ: «Яшэну къыхаха хъыджэбзым цІыхухъур губгъуэм щыхуэзэрэ, къиубыду дэгъуэлъмэ, абы дэгъуэлъа цІыхухъур лІэн хуейщ, ауэ хъыджэбзым зыри йомыщІэ. Хъыджэбзым лІэныгъэр тезыру къыщІытехуэн гуэныхь ищІакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мы Іуэхугъуэр ебгъэщхь хъунущ зы цІыхур нэгъуэщІ цІыхум теуэу зэриукІам. Ар яшэну къыхаха хъыджэбзым губгъуэм щыхуэзащ икІи хъыджэбзыр кІияуэ щытми, ар къезыгъэлын щыІэтэкъым» (Втор. 22:25—27).
Мыпхуэдэ Іуэхугъуэм деж хеящІэхэм хъыджэбзым жиІэр я фІэщ ящІт. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, хъыджэбзыр «кІияуэ» къалъытэт, ауэ «ар къезыгъэлын» щымыІауэ. Абы къыхэкІкІэ ар зинэ щІэнымкІэ къуаншэтэкъым. ЦІыхухъур къуаншэт хъыджэбзым лей зэрырихамкІэ икІи зинэ зэрищІамкІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ яшэну къыхаха хъыджэбзыр къиубыдри дэгъуэлъащ.
Аращи, мы хабзэм цІыхухъур зинэ щІэнымкІэ зэрыкъуаншэр къыхэщми, мыр щІатхам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр — хъыджэбзыр зэрымыкъуаншэр зэхагъэкІын щхьэкІэщ. Шэч къытедмыхьэми хъунущ хеящІэхэм псори ІупщІу зэхагъэкІа иужь, Алыхьым и Хабзэм мызэ-мытІэу ущрихьэлІэ икІи гурыІуэгъуэу ит принципхэм тегъэщІауэ унафэ зэращІу щытам (Втор. 13:14; 17:4; Исх. 20:14).