39 СТАТЬЯР
«ЦІыху куэдыкІей слъэгъуащ»
«Пхуэмыбжыну цІыху куэдыкІей слъэгъуащ. ...Тахътэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм итт ахэр» (АПОК. 7:9).
60-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІым гъащІэр кърегъэл
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Япэ лІэщІыгъуэм и кІэм апостол Иуан сыт хуэдэ Іуэхугъуэ ихуат?
ЯПЭ ЛІЭЩІЫГЪУЭМ и кІэм апостол Иуан Іуэхугъуэ гугъу ихуат. Абы и ныбжьыр хэкІуэтат икІи ар Патмос хытІыгум ссылкэ ягъэкІуауэ щыІэт. Иуану къыщІэкІынт апостолхэм щыщу псэууэ къэнар (Апок. 1:9). Абы ищІэт Алыхьым епцІыжахэм зэхуэсыр зэрыщагъауэр икІи къуэш, шыпхъухэм я зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ зэрыдалъхьэр. МафІэ ужьыхыжым хуэдэу, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр кІуэдыжыну къыпщыхъункІэ хъунут (Иудэ 4; Апок. 2:15, 20; 3:1, 17).
Апостол Иуан «цІыху куэдыкІей» щыгъын хужь ящыгъыу илъэгъуащ. Абыхэм пальмэ жыгым и къудамэхэр яІыгът. (2-нэ абзацым феплъ.)
2. Апокалипсис 7:9—14 зэритымкІэ, Алыхьым Иуан сыт хуэдэ Іуэхугъуэ иригъэлъэгъуар? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
2 Абы щыгъуэ Алыхьым Иуан Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн ирегъэлъагъу. Абы елъагъу псори зэтезыкъутэ гузэвэгъуэшхуэм и жьыбгъэхэм пэувыну мелыІычхэм къалэн зэрыратар, «Тхьэм хуэлажьэ цІыхухэм я натІэм мыхъурыр» трагъэуэхукІэ (Апок. 7:1—3). Мыхъурыр зытрагъэуахэр — 144 000-ращ, ахэр уафэм кІуэнущ Хьисэ и тепщэныгъэр даІыгъын щхьэкІэ (Лк. 12:32; Апок. 7:4). Абы иужь Иуан «пхуэмыбжыну цІыху куэдыкІейм» и гугъу ещІ. А цІыху гупышхуэм теухуауэ, абы мыпхуэдэу етх: «Лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми ящыщу... ...тахътэ́мрэ Щынэмрэ я пащхьэм итт ахэр». (Къеджэ Апокалипсис 7:9—14.) Иуан, дауикІ, хуабжьу гуфІауэ къыщІэкІынт къэкІуэну зэманым цІыху куэд пэжыгъэм тету Алыхьым зэрыхуэлэжьэнур къыщищІам щыгъуэ.
3. 1) Иуан илъэгъуам сыт ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ щІищІыр? 2) Мы статьям сыт къыщытщІэнур?
3 Иуан илъэгъуам, шэч хэмылъу, и фІэщхъуныгъэр быдэ ищІащ. Абы дэри ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ Иуан илъэгъуар къыщыхъу зэманым дыщопсэу! Дэ ди нэкІэ долъагъу гузэвэгъуэшхуэм къелу, щІылъэм игъащІэкІэ щыпсэуну гугъэ зиІэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр Алыхьым зэрызэхуишэсыр. Мы статьям къыщытщІэнущ илъэс 80 ипэкІэ а гупышхуэр хэт хъунуми Иеговэ и лъэпкъым къызэрыхузэІуихар. ИужькІэ а гупышхуэм теухуауэ ІуэхугъуитІ зэпкърытхынущ: 1) абы и куэдагъыр икІи 2) лъэпкъ куэдым къызэрыхэкІар. А гупышхуэм хыхьэну дэтхэнэ зыми и фІэщхъуныгъэр дызэджэнум нэхъ быдэ ищІынущ.
ЦІЫХУ ГУПЫШХУЭР ДЭНЭ ЩЫПСЭУНУР?
4. Библием ит сыт хуэдэ пэж чристэн динхэм къагурымыІуэр икІи Библием и КъэхутакІуэхэр абыхэм сыткІэ къащхьэщыкІрэт?
4 Библием итщ Алыхьым хуэпэж цІыхухэр щІылъэм игъащІэкІэ щыпсэуну, ауэ нобэ чристэн диным цІыхухэр абы хуригъаджэкъым (2 Кор. 4:3, 4). Чристэн диным епха члисэхэм я нэхъыбэм щыжаІэ цІыхуфІхэр лІа иужь псори уафэм кІуэуэ. Ауэ XIX лІэщІыгъуэм и кІэхэм «ХъумакІуэ чэщанэ» журналыр къыдэзыгъэкІыу щІэзыдза гуп цІыкІум нэгъуэщІ еплъыкІэт иІэр. А гупым Библием и КъэхутакІуэкІэ еджэтb. Библием и КъэхутакІуэхэм къагурыІуащ Алыхьым жэнэтыр щІылъэм зэрыщиухуэжынур икІи абы хуэпэж мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр уафэм зэрымыкІуэнур, атІэ мы щІылъэ дызытетым зэрыщыпсэунур. Ауэ щІылъэм щыпсэунухэр хэтми Алыхьым и лэжьакІуэхэм къащыгурыІуар зэман дэкІа иужьщ (Мт. 6:10).
5. Библием и КъэхутакІуэхэм 144 000-м теухуауэ сыт къагурыІуар?
5 Абы нэмыщІ Библием и КъэхутакІуэхэм къагурыІуащ цІыху гуп къызэращэхужынур, Хьисэ и гъусэу уафэм тепщэныгъэ щаІэн щхьэкІэ (Апок. 14:3). А гупыр 144 000 хъун хуейт икІи ахэр щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ Алыхьым хуэпэжу хуэлэжьауэ щытын хуейт. Ауэ цІыху гупышхуэм теухуауэ сыт жыпІэ хъунур?
6. Библием и КъэхутакІуэхэм цІыху гупышхуэм теухуауэ сытыт я гугъэр?
6 Алыхьым Иуан иригъэлъэгъуат цІыху гупышхуэр «тахътэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм» иту (Апок. 7:9). Абы къыхэкІкІэ Библием и КъэхутакІуэхэр егупсысащ 144 000-м хуэдэу, цІыху гупышхуэри уафэм щыпсэуну. НтІэ, абыхэм зэрагугъамкІэ а гупитІыр сыткІэ зэщхьэщыкІрэт? Библием и КъэхутакІуэхэм я гугъэт цІыху гупышхуэм хыхьэнухэр щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу щымытахэрауэ. Апхуэдэ цІыхухэр Алыхьым и хабзэ языныкъуэхэм тетами, ахэр чристэн диным къыхэмыкІауэ щытынкІэ хъунут. Библием и КъэхутакІуэхэм зэрабжу щытамкІэ а гупым хыхьэ цІыхухэм Алыхьым лъагъуныгъэ гуэр хуаІэт, ауэ Хьисэ и тепщэныгъэр даІыгъын щхьэкІэ я лъагъуныгъэр мащІэт. Абыхэм Алыхьым хуаІэ лъагъуныгъэр мащІэу щыщыткІэ, ахэр тахътэм темысу абы и пащхьэм итын хуейуэ арат.
7. Библием и КъэхутакІуэхэм зэрагугъэмкІэ, Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым щыгъуэ хэтыт щІылъэм щыпсэун хуейр? Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ Алыхьым пэжу хуэлажьэу щыта цІыхухъухэм теухуауэ сытыт я гугъэр?
7 Библием и КъэхутакІуэхэм зэрагугъэмкІэ хэтыт-тІэ щІылъэм щыпсэун хуейр? Ахэр егупсыст 144 000-мрэ цІыху гупышхуэмрэ уафэм дэкІуеижа иужь, мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм щІылъэм щыпсэуну Іэмал яІэну икІи Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым къихьыну фІыгъуэхэр зыхащІэну. Библием и КъэхутакІуэхэм зэралъытэмкІэ, Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым щІидзэн ипэ а цІыхухэр Іэмал имыІэу Иеговэ хуэлэжьэн хуейуэ щыттэкъым. ЗэрагугъэмкІэ, а илъэс миным и кІуэцІым къриубыдэу ахэр ягъэсэнут Алыхьым и хабзэхэр ягъэзащІэу. Абы иужь Иеговэ жиІэм едаІуэхэм щІылъэм игъащІэкІэ щыпсэуну тыгъэ къалъысынут, емыдаІуэхэр — хэкІуэдэнут. Абы нэмыщІ Библием и КъэхутакІуэхэм я гугъэт а зэманым «щІылъэм пщыуэ тетынухэм» щыщ языныкъуэхэр Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманыр иуха иужь уафэм кІуэну (Пс. 45:16). ЗэрабжымкІэ, уафэм дэкІуеижыну «пщыхэм» хэтынут Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ Алыхьым пэжу хуэлажьэу щыта цІыхухъу къэтэджыжынухэри.
8. Библием и КъэхутакІуэхэм сыт хуэдэ гупищт щыІэну я гугъэр?
8 Аращи, Библием и КъэхутакІуэхэм гупищ щыІэну я гугъэт: 1) Хьисэ и тепщэныгъэр дэзыІыгъыну 144 000-ращ; 2) Алыхьым хуэгъэзауэ лъагъуныгъэ мащІэ зиІэ цІыху гупышхуэращ, а гупыр «тахътэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм» итынущ; 3) Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым щыгъуэ Алыхьым и хабзэр ягъэзащІэу зезыгъэсэну мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэращc. Ауэ «дыгъэпсым зиІэтыху нэхъ ину» къызэрызэщІэблэм хуэдэу, Иеговэ и пэжыр и зэманым нэхъ наІуэ ищІащ (Прит. 4:18, Гъэсэпэтхыдэхэр).
ИЕГОВЭ И ПЭЖЫР НЭХЪ НАІУЭ ЕЩІ
1935-нэ гъэм екІуэкІа конгрессым щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэ цІыху куэдым псым зыщІагъэуащ. (9-нэ абзацым феплъ.)
9. 1) ЦІыху гупышхуэр «тахътэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм» дапхуэдэу зэритыр? 2) Апокалипсис 7:9 ит псалъэхэр апхуэдэу къыбгурыІуэныр сыт пэжу жыпІэ щІэхъунур?
9 1935-нэ гъэм, Иеговэ и Щыхьэтхэм я дежкІэ наІуэ хъуащ Иуан илъэгъуа цІыху гупышхуэр хэту щытми. Абыхэм къагурыІуащ: «тахътэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм» итын щхьэкІэ цІыху гупышхуэр уафэм щыІэн хуейуэ щыткъым. ЩІылъэм щыІэуи цІыху гупышхуэр «тахътэм... и пащхьэм» итыфынущ, абы щхьэкІэ ахэр Иеговэ и тепщэныгъэм щІэтын хуейщ икІи абы жиІэу хъуам едэІуэн хуейщ (Ис. 66:1). А гупым щыщ цІыхухэм Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр я фІэщ зэрыхъум щхьэкІэ, ахэр «Щынэм и пащхьэм» иту жыпІэ хъунущ. Абы нэмыщІ Библием щыщ нэгъуэщІ зы едзыгъуэм къыдгурегъаІуэ Апокалипсис 7:9 зи гугъу ищІыр. Маттэ 25:31, 32 итщ «лъэпкъ псори», цІыху бзаджэхэри мыхъумыщІэхэри абыхэм яхэту, тахътэм тес Хьисэ «и пащхьэм къыщызэхуэсыну». ГурыІуэгъуэщ: «лъэпкъ псори» уафэракъым здэщыІэр, атІэ щІылъэращ. Апхуэдэ гупсысэкІэм псори гурыІуэгъуэ ещІ. Абы къыбгурегъаІуэ Библием зэрыжиІэмкІэ цІыху гупышхуэр уафэм щІэмыкІуэнур. ГъащІэ мыухыж иІэу уафэм щыпсэунур зы гуп закъуэщ — ар Хьисэ и тепщэныгъэр дэзыІыгъыну 144 000-ращ (Апок. 5:10).
10. Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманыр къэмыс щІыкІэ сыт цІыху гупышхуэм Иеговэ теухуауэ щІэныгъэ зригъэгъуэтын щІыхуейр?
10 Аращи, 1935-нэ гъэм щыщІэдзауэ Иеговэ и Щыхьэтхэм къагуроІуэ: Иуан илъэгъуа цІыху гупышхуэм хыхьэр — Алыхьым пэжу хуэлажьэ икІи щІылъэм гъащІэ мыухыж яІэу щыпсэуну гугъэ зиІэ цІыхухэращ. Гузэвэгъуэшхуэм къелын щхьэкІэ абыхэм Иеговэ теухуауэ щІэныгъэ зрагъэгъуэтын хуейщ икІи Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманыр къэмыс щІыкІэ Алыхьым хуэлажьэу щытын хуейщ. Абы нэмыщІ абыхэм фІэщхъуныгъэ быдэ яІэн хуейщ, Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманыр къэсын ипэ «къэхъуну псоми» хэкІын щхьэкІэ (Лк. 21:34—36).
11. Библием и КъэхутакІуэхэм сытыт щІагугъэр Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым и кІэм Алыхьым и лэжьакІуэхэм щыщ языныкъуэхэр уафэм кІуэну?
11 ЗэрыжытІащи, Библием и КъэхутакІуэхэм я гугъэт Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым и кІэм Алыхьым пэжу хуэлажьэу щыта языныкъуэ цІыхухъу къэтэджыжынухэр уафэм кІуэну. Сытыт апхуэдэу щІагугъэр? Ахэр мыпхуэдэу егупсыст: «Алыхьым хуэгъэзауэ лъагъуныгъэ мащІэ зиІэхэр уафэм щыкІуэнукІэ, Алыхьым пэжу хуэлажьэу щыта цІыхухъу къэтэджыжынухэр уафэм мыкІуэу сыт щІылъэм щІыщыпсэунур?» Абы къыхэкІкІэ 1913-нэ гъэм, мазаем и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» иратхауэ щытащ Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым и кІэм Алыхьым пэжу хуэлажьэу щыта цІыхухъу къэтэджыжынухэм ящыщу языныкъуэхэр уафэм кІуэну. Абыхэм апхуэдэ еплъыкІэ нэпцІ щІаІэр щыуэу мыпхуэдэу егупсысти арат: 1) цІыху гупышхуэр уафэм щыпсэунущ икІи 2) цІыху гупышхуэм Алыхьым хуэгъэзауэ лъагъуныгъэ мащІэ зиІэхэращ хыхьэр.
12, 13. Уафэм кІуэнухэми щІылъэм щыпсэунухэми гугъэ яІэм теухуауэ сыт ящІэр?
12 Ауэ, зэрыжытІащи, 1935-нэ гъэм Иеговэ и Щыхьэтхэм ІупщІу къагурыІуащ Армагеддоным къелынухэр — Иуан илъэгъуа цІыху гупышхуэрауэ зэрыщытыр. Ахэр гузэвэгъуэшхуэм къыхэкІынурэ, макъышхуэкІэ жаІэнущ: «Ди Тхьэуэ тахътэм тесымрэ Щынэмрэщ дымыкІуэду дыкъезыгъэлыр» (Апок. 7:10, 14). Ар щІылъэращ къыщыхъунур. Абы нэмыщІ Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым пэжу хуэлажьэу щыта япэм псэуа цІыху къэтэджыжынухэм нэхърэ уафэм кІуэнухэм «нэхъыфІ» гуэр къаІэрыхьэнущ. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм къагурыІуащ Алыхьым пэжу хуэлажьэу щыта япэм псэуа цІыху къэтэджыжынухэр уафэм мыкІуэу щІылъэм зэрыщыпсэунур (Евр. 11:40). Къуэшхэм гупышхуэм теухуауэ пэжыр къащІа иужь гушхуэныгъэ я гум илъу цІыхухэм жраІэу щІадзащ гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну абыхэм Іэмал зэраІэр икІи Иеговэ хуэлэжьэну къыхураджэу щІадзащ.
13 ЦІыху гупышхуэм хыхьэхэр мэгуфІэ щІылъэм гъащІэ мыухыж яІэу щыпсэуну гугъэ зэраІэм щхьэкІэ. Абыхэм къагуроІуэ Иеговэ езым унафэ зэрищІыр и лэжьакІуэхэм щыщу хэт уафэм кІуэнуми хэт щІылъэм щыпсэунуми. Уафэм кІуэнухэми щІылъэм щыпсэунухэми ящІэ: абыхэм апхуэдэ гугъэ яІэ щІэхъуар Иеговэ гущІэгъушхуэ яхуищІу, Хьисэ Мэссихь и гъащІэр къурмэныпхъэу зэритам щхьэкІэщ (Рим 3:24).
ПЭЖ ДЫДЭУ «ЦІЫХУ КУЭДЫКІЕЙЩ»
14. 1935-нэ гъэм щыщІэдзауэ сытыт куэдым къащІэну щІахуейр щІылъэм щыпсэунухэм я бжыгъэр дапхуэдэу хэхъуэнуми?
14 1935-нэ гъэм Иеговэ и Щыхьэтхэм пэжу къагурыІуащ Иуан илъэгъуам къикІыр. Ауэ куэдым къащІэну хуейт щІылъэм щыпсэунухэм я бжыгъэр дапхуэдэу хэхъуэнуми, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр «цІыху куэдыкІей» хъун хуейт. А зэманым Ро́нальд Па́ркин илъэс 12 хъут, абы игу къегъэкІыж: «Абы щыгъуэ дуней псом хъыбарыфІыр зыгъэІухэм я бжыгъэр 56 000-рэ хуэдиз хъут икІи абыхэм щыщ куэдым, къапщтэу щытмэ и нэхъыбэм уафэм кІуэну гугъэ яІэт. Абы къыхэкІкІэ цІыху гупышхуэр куэд хъууэ къыпщыхъутэкъым».
15. Гупышхуэм хыхьэ цІыхухэм я бжыгъэр дауэ зэрыхэхъуэр?
15 Ауэ къыкІэлъыкІуэ илъэсхэм нэгъуэщІ къэралхэм ягъэкІуа миссионерхэм ягъэзэщІа лэжьыгъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я бжыгъэр зэпымыууэ хэхъуэт. ИужькІэ цІыхухэр Библием ирагъэджэн щхьэкІэ 1968-нэ гъэм «Истина, ведущая к вечной жизни» жыхуиІэ тхылъыр къагъэсэбэпу щІадзащ. А тхылъым Библием ит пэжхэр тыншу икІи гурыІуэгъуэу итти, абы и фІыгъэкІэ Іэдэбагъ зыхэлъ цІыху куэдым Иеговэ теухуауэ къащІащ. Абы ипэкІэ апхуэдиз цІыхум пэжыр къащІэу зэи къэхъуатэкъым. ИлъэсиплІым къриубыдэу мелуан ныкъуэм нэхърэ нэхъыбэм псым зыщІагъэуащ. Латинскэ Америкэм икІи нэгъуэщІ къэралхэм католикхэм я члисэм кІуэ цІыхухэр нэхъ мащІэ хъут, абы нэмыщІ КъуэкІыпІэ Европэмрэ Африкэмрэ Иеговэ и Щыхьэтхэм ирагъэкІуэкІ лэжьыгъэр зэхуэщІауэ щытти, абыхэм я лэжьыгъэр ирахьэкІыну хуит ящІыжт. Абы къыхэкІкІэ иджыри мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм псым зыщІагъэуащ (Ис. 60:22). Иужьрей илъэсхэм Иеговэ и организацэм цІыхухэр Библием иригъэджэн щхьэкІэ нэгъуэщІ Іэмэпсымэхэри къигъэсэбэпу хъуащ. Иджыпсту дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым Иеговэ цІыху гупышхуэр зэрызэхуишэсым,— абы хыхьэ цІыхухэм я бжыгъэр мелуанийм щІегъу.
ЛЪЭПКЪ КУЭДЫМ КЪЫХЭКІА ЦІЫХУ ГУПЫШХУЭ
16. ЦІыху гупышхуэм хэт хыхьэр?
16 Иуан илъэгъуам щытепсэлъыхьыжым итхат цІыху гупышхуэр «лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми ящыщу» зэрыщытынур. Абы ипэ Иуан итхам хуэдэ бегъымбар Захарие итхат: «Лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм къыхэкІауэ, бзэ зэмыщхькІэ псалъэ цІыхуипщІым иудейм и щыгъын кІапэр яубыдынурэ жаІэнущ: „Дэ фи гъусэу дынэкІуэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ зэхэтхащ фэ Алыхьыр фи гъусэу“» (Зах. 8:23).
17. Иеговэ и организацэр дауэ зэрыдэІэпыкъур лъэпкъ псоми, бзэ псоми щыщ цІыхухэм?
17 Иеговэ и Щыхьэтхэм къагуроІуэ: «бзэ псоми» щыщ цІыхухэр зэхуэпшэсын щхьэкІэ, бзэ куэдкІэ хъыбарыфІыр бгъэІун хуейщ. Дэ Библиер нэхъ гурыІуэгъуэ зыщІ тхыгъэхэр илъэсищэрэ щэщІрэ (130) хъуауэ зэдодзэкІ, ауэ иджы хуэдэу бзэ куэдкІэ щызэддзэкІ зэи къэхъуакъым — дэ щибгъум щІигъу бзэкІэ зэдодзэкІ. Нобэ ди нэкІэ тлъагъуу Иеговэ Іуэху телъыджэ ещІэ — лъэпкъ псоми щыщу цІыху гупышхуэ зэхуешэс. Библиемрэ абы тегъэщІа тхыгъэхэмрэ бзэ куэдкІэ дызэриІэм и фІыгъэкІэ а цІыхухэр зэкъуэту Иеговэ хуолажьэ, ахэр лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм къызэрыхэкІам емылъытауэ. ХъыбарыфІ гъэІуным жыджэру зэрыхэтымкІэ икІи я зэхуаку лъагъуныгъэ зэрыдэлъымкІэ ахэр нэгъуэщІ цІыхухэм къащхьэщокІ. Апхуэдэу зэрыщытым хуабжьу дегъэгушхуэ! (Мт. 24:14; Ин. 13:35).
ИУАН ИЛЪЭГЪУАМ ДИ ДЕЖКІЭ СЫТ ХУЭДЭ МЫХЬЭНЭ ИІЭР?
18. 1) Исаия 46:10, 11 зэритымкІэ, цІыху гупышхуэм теухуауэ Иеговэ и мурадыр телъыджэу зэригъэзащІэр сыт дэ щІэдмыгъэщІагъуэр? 2) ЩІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэр сыт щІемыгупсысыр Иеговэ зы фІы гуэр яримыту къигъэнауэ?
18 ЦІыху гупышхуэм теухуауэ Иуан илъэгъуар къызэрыхъум дэ хуабжьу ди гур хегъахъуэ! Дэ дгъэщІагъуэкъым Иеговэ и мурадыр телъыджэу зэригъэзащІэр. (Къеджэ Исаия 46:10, 11d.) ЦІыху гупышхуэм хыхьэхэм Иеговэ фІыщІэшхуэ хуащІ гугъэ къаритам щхьэкІэ. Ахэр егупсыскъым Хьисэ и гъусэу тепщэу щытыну Иеговэ къызэрыхимыхам щхьэкІэ зы фІы гуэр яримыту къигъэнауэ. Иеговэ и къару лъапІэр зритауэ щыта, ауэ 144 000-м хэмыхьа цІыхухъухэми цІыхубзхэми я щапхъэ Библием итщ. Псалъэм папщІэ, цІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан (Мт. 11:11). Абы нэмыщІ — пащтыхь Даут (Апост. 2:34). Ахэр нэгъуэщІ цІыху куэдым я гъусэу къэтэджыжынущ щІылъэм щыІэну жэнэтым щыпсэун щхьэкІэ. Абыхэми цІыху гупышхуэми Іэмал яІэнущ Иеговэ зэрыхуэпэжыр икІи абы и тепщэныгъэр зэрыдаІыгъыр къагъэлъэгъуэну.
19. ЦІыху гупышхуэм теухуауэ Иуан илъэгъуар ди зэманым къызэрыхъур къызэрыдгурыІуэм сытым дыхуигъэушрэ?
19 ИгъащІэм зэи къэмыхъуауэ Алыхьым лъэпкъ псоми щыщ, мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр зэхуишэсащ. Дэ сыт хуэдэ гугъэ димыІэми — уафэм дыкІуэнуми щІылъэм дыщыпсэунуми, зэрыхъукІэ цІыху нэхъыбэм дыдэІэпыкъун хуейщ, цІыху гупышхуэм щыщ хъун щхьэкІэ (Ин. 10:16). Куэд мыщІэу Библием зэритым хуэдэу, гузэвэгъуэшхуэ къэхъунущ икІи цІыхухэм хьэзаб езыгъэшэч къэрал унафэщІхэмрэ динхэмрэ Иеговэ игъэкІуэдынущ. Сыту гъащІэ дахэ къапэщылъ цІыху гупышхуэм щыщхэм — гъащІэ мыухыж яІэу Иеговэ щІылъэм щыхуэлэжьэну! (Апок. 7:14).
139-НЭ УЭРЭДЫР ДунеищІэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ
a КъэкІуэну зэманым теухуауэ Алыхьым апостол Иуан Іуэхугъуэ иригъэлъэгъуам мы статьяр топсэлъыхь. Абы илъэгъуащ цІыху гупышхуэр Алыхьым зэрызэхуишэсыр. А гупым хыхьэ дэтхэнэ зыми и фІэщхъуныгъэр Иуан илъэгъуа Іуэхугъуэм нэхъ быдэ ищІынущ.
b Апхуэдэу япэм Иеговэ и Щыхьэтхэм еджэу щытащ.
d Исаия 46:10, 11: «Сэ икІэм къэхъунур ипэкІэ жызоІэ, икІи пасэрей зэманым щыщІэдзауэ — иджыри къэмыхъуар. Сэ жызоІэ: „Си мурадыр къэхъунущ икІи сэ сызыхуейр згъэзэщІэнущ“. Сэ къезджэнущ къуэкІыпІэмкІэ псэущхьэшх бзу, щІыпІэ жыжьэм къикІауэ си мурадыр зыгъэзэщІэну цІыху. Сэ жысІащ, икІи жыхуэсІар сщІэнущ. Сэ мурад сщІащ икІи ар згъэзэщІэнущ».