ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Сентябрь н. 20—25
  • «Си деж фыкъакІуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Си деж фыкъакІуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • «СИ ДЕЖ ФЫКЪАКІУЭ»
  • «СИ БЖЬЫР ЗЫТЕФЛЪХЬЭ»
  • «ЖЫСІЭР ЗЭВГЪАЩІЭ»
  • «ГУЗЭГЪЭГЪУЭ ВГЪУЭТЫНУЩ»
  • АДЭКІИ ГУЗЭГЪЭГЪУЭ ДИІЭНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?
  • Хьисэ гузэгъэгъуэ къыдитыну дыкъигъэгугъащ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2018
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Сентябрь н. 20—25

38 СТАТЬЯР

«Си деж фыкъакІуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи»

«ЦІыху ешаелІа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакІуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи» (МТ. 11:28).

17-НЭ УЭРЭДЫР «Сыхуейщ»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Маттэ 11:28—30 зэритымкІэ, Хьисэ цІыхухэм сыт хуэдэ гугъэ яритар?

ХЬИСЭ жиІэм къедэІуэну къэкІуа цІыхухэм мыпхуэдэ гугъэ дахэ яритащ: «Си деж фыкъакІуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи». (Къеджэ Маттэ 11:28—30.) Хьисэ жиІа закъуэу къэмынэу, цІыхухэм гузэгъэгъуэ яритт. Псалъэм папщІэ, фегупсысыт илъэс куэд щІауэ сымаджэ цІыхубзым абы хуищІам.

2. Илъэс куэдкІэ сымэджа цІыхубзым щхьэкІэ Хьисэ сыт ищІар?

2 А цІыхубзым зигъэхъужыну хуейуэ дохутыр куэдым я деж кІуащ. Илъэс 12 дэкІами, дохутырхэм ар ягъэхъужыфакъым. Мусэ и хабзэмкІэ а цІыхубзыр мыкъабзэу щытт (Лев. 15:25). Абы хэкІыпІэ лъэпкъ илъагъутэкъым. Ауэ абы зэхех Хьисэ сымаджэхэр игъэхъужу, абы къыхэкІкІэ ар абы и деж макІуэ. А цІыхубзым Хьисэ къигъуэта иужь, абы и щыгъын кІапэм йоІусэри занщІэу узыншэ мэхъуж! Ауэ Хьисэ ар игъэхъужа къудейкъым, атІэ пщІэ зэрыхуэфащэри абы зыхригъэщІащ. Псалъэм папщІэ, Хьисэ абы щепсалъэм гуапэу, пщІэ хэлъу «сипхъу» жиІэри зыхуигъэзащ. ДауикІ, Хьисэ и псалъэхэм цІыхубзым къару къыхалъхьэжащ (Лк. 8:43—48).

3. Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэм я жэуапхэр къыщыдгъуэтыну?

3 Гу лъыттэ хъунущ цІыхубзыр езыр Хьисэ зэрыбгъэдыхьам. Апхуэдэу ищІэн щхьэкІэ абы къару ирихьэлІэн хуейт. Ди зэманми апхуэдэущ зэрыщытыр: дэри къару етхьэлІэн хуейщ Хьисэ и деж дыкІуэн щхьэкІэ. Нобэ Хьисэ ди узхэр игъэхъужкъым, ауэ абы дэри дыкърегъэблагъэ: «Си деж фыкъакІуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи». Мы статьям дэ упщІитхум я жэуапхэр къыщыдгъуэтынущ: Хьисэ и деж дауэ дызэрыкІуэнур? «Си бжьыр зытефлъхьэ» щыжиІам щыгъуэ сыт абы зи гугъу ищІар? Абы и щапхъэм сытым дыхуигъэсэфыну? Хьисэ къыдита лэжьыгъэм сыт гузэгъэгъуэ къыщІыдитыр? Хьисэ и бжьым дызэрыщІэтым адэкІи гузэгъэгъуэ къыдитыну сыт къыддэІэпыкъунур?

«СИ ДЕЖ ФЫКЪАКІУЭ»

4, 5. Хьисэ и деж дауэ дызэрыкІуэнур?

4 Хьисэ и деж дызэрыкІуэфыну Іэмалхэм щыщ зыр — абы зыхуригъаджэу икІи ищІэу щытахэр куууэ дджыныращ (Лк. 1:1—4). Ар дэ ди къалэнщ, ди пІэкІэ зыми ар ищІэнукъым. Абы нэмыщІ дэ Хьисэ и деж докІуэ, псым зыщІэдгъауэу, абы и лъэужь диувэну унафэ щытщІым деж.

5 Хьисэ и деж дыкІуэну иджыри Іэмал щыІэхэм ящыщ зыр — зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдэдгъэІэпыкъуныращ. Хьисэ а «тыгъэхэр» — зэхуэсым и нэхъыжьхэр — къегъэсэбэп и мэл цІыкІухэм дэІэпыкъун щхьэкІэ (Еф. 4:7, 8, 11; Ин. 21:16; 1 Пет. 5:1—3). Дэ езым зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыддэІэпыкъуну делъэІун хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ди гум илъыр ялъагъукъым икІи дызыхуэныкъуэ псор ящІэкъым. Ди къуэш Джулиан мыпхуэдэу жиІэжащ: «Сызэрысымаджэм къыхэкІкІэ Вефилым щылэжьэн щызгъэтын хуей хъуати, си ныбжьэгъум чэнджэщ къызитащ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къызэпсэлъэн щхьэкІэ селъэІуну. ЯпэщІыкІэ сэ абы сыхуэмыныкъуэу къысщыхъут. Ауэ иужькІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм селъэІуащ къызэпсэлъэну. Сыту фІыт сэ ахэр къызэрызэпсэлъар!» Иеговэ пэжу хуэлажьэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр, псалъэм папщІэ Джулиан дэІэпыкъуам хуэдэхэр къыддоІэпыкъу «Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ» диІэну (Флп. 2:5; 1 Пет. 2:21). Зэхуэсым и нэхъыжьхэр къакІуэу къызэрыдэпсалъэр — абыхэм къыдатыфыну тыгъэ нэхъыфІ дыдэхэм ящыщ зыщ.

«СИ БЖЬЫР ЗЫТЕФЛЪХЬЭ»

6. Хьисэ сыт зи гугъу ищІар «Си бжьыр зытефлъхьэ» щыжиІам щыгъуэ?

6 «Си бжьыр зытефлъхьэ» жыхуиІэ псалъэхэм «Си тепщэныгъэм фыщІэувэ» къикІыу къыщІэкІынщ. Абы нэмыщІ Хьисэ и псалъэхэм мыпхуэдэу иджыри къикІыфынущ: «Си бжьым фыкъыщІэуви, Иеговэ и лэжьыгъэр зэгъусэу зэдэтщІэнщ». Мы псалъэхэм сыт къимыкІми, бжьым лэжьыгъэ гуэр зэрыдгъэзэщІэн хуейр къегъэлъагъуэ.

7. Маттэ 28:18—20 зэритымкІэ, сыт хуэдэ лэжьыгъэ Иеговэ къыдитар икІи сыт шэч къызытетхьэн хуэмейр?

7 Дэ Хьисэ и деж дыкІуэу жыпІэ хъунущ ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьэу псым зыщыщІэдгъауэм деж. Хьисэ псори кърегъэблагъэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ и гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ хуэлэжьэну хуей цІыхур Хьисэ зэи къигъэнэнукъым (Ин. 6:37, 38). Иеговэ дэтхэнэ зыми щІыхь къытхуищІащ Хьисэ ирита лэжьыгъэм дыхэтыну. Дэ шэч къытетхьэкъым а лэжьыгъэр дгъэзэщІэфын щхьэкІэ Хьисэ къызэрыддэІэпыкъунум. (Къеджэ Маттэ 28:18—20.)

«ЖЫСІЭР ЗЭВГЪАЩІЭ»

Мужчины, женщины и дети собрались вокруг Иисуса и слушают его

Хьисэ щигъусэм деж цІыхухэм гузэгъэгъуэ зыхащІэт. Абы щапхъэ тефх. (8—11-нэ абзацхэм феплъ.)b

8, 9. Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхухэм сытыт щІафІэфІыр Хьисэ и гъусэну? Сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыжын хуей?

8 Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхухэм яфІэфІт Хьисэ и гъусэну (Мт. 19:13, 14; Лк. 7:37, 38). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Хьисэ фарисейхэм куэдкІэ къыщхьэщыкІт. Дин пашэхэр гу щІыІэт икІи адрейхэм нэхърэ нэхъыфІу залъытэжт (Мт. 12:9—14). Хьисэ гу щабэт икІи Іэдэбагъ хэлът. Фарисейхэм пщІэ зыхурагъэщІыну хуейт икІи цІыхубэм увыпІэ щаІыгъым ирипагэт. НэгъуэщІхэм пщІэ зыхуебгъэщІыну ухущІэкъуныр Хьисэ идэтэкъым икІи абы и лъэужь ирикІуэхэр хуигъэушт Іэдэбагъ яхэлъу нэгъуэщІхэм хуэлэжьэну (Мт. 23:2, 6—11). Фарисейхэм цІыхухэр ягъэшынэу, зрагъэдэІуэну хуейт (Ин. 9:13, 22). Хьисэ и псалъэ гуапэхэмкІэ икІи ІуэхуфІхэмкІэ цІыхухэр игъэгушхуэт.

9 Хьисэ щапхъэ тефхрэ? ФызэупщІыж: «Сэ щабэу икІи Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхуу салъытэрэ? Си гум къыбгъэдэкІыу нэгъуэщІхэм сахуэлажьэрэ икІи пщІэ зыпымылъу ябж лэжьыгъэхэр згъэзащІэрэ? НэгъуэщІхэм гуапэу сахущыт?»

10. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сытыт зыхащІэр, абы щригъусэм деж?

10 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм гуапэу яхущытти, абы щригъусэм деж абыхэм я гум гупсэхугъуэ илът. Хьисэ ифІэфІу ахэр иригъаджэт (Лк. 10:1, 19—21). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хуигъэушт упщІэ къратыну икІи ар хуейт абыхэм я еплъыкІэр къищІэну (Мт. 16:13—16). Дыгъэ зытепсэ удзыр зэрыгъагъэм хуэдэу, абы и гъэсэнхэм зыкъызэІуахт. Абыхэм Хьисэ зыхуригъаджэу хъуар зырахьэлІэт икІи фІыгъуэхэр къапыкІт — ІуэхуфІхэр.

Брат играет в футбол с детьми из собрания

ЦІыхухэм зыкъыфхуагъэзэну тыншу щрет икІи гуапэу фахущыт

Брат проповедует с пожилым братом

ХъыбарыфІ гъэІуным жыджэру фыхэт

Брат помогает убирать Зал Царства

Іэдэбагъ зыхэвгъэлъ икІи сыт хуэдэ лэжьыгъэри вгъэзэщІэну хьэзыру фыщытc

11. Сыт хуэдэ упщІэхэр зэптыж хъуну?

11 Фэ тепщэныгъэ гуэр фиІэу щытмэ, фызэупщІыж: «Сэ къару есхьэлІэрэ лэжьапІэм е унэм си гъусэ цІыхухэм гуапэу сахущытын щхьэкІэ икІи абыхэм гупсэхугъуэ зыхащІэн щхьэкІэ? НэгъуэщІхэмрэ сэрэ ди зэхуаку мамырыгъэ дэлъыну сыхущІэкъурэ? ЦІыхухэм я дежкІэ тыншу пІэрэ упщІэкІэ зыкъысхуагъэзэну? НэгъуэщІхэм я еплъыкІэр щыжаІэм деж сыдэІуэну сыхьэзыр?» Дэ дыхуейкъым фарисейхэм хуэдэу дыщытыну. УпщІэ къыщратым деж ахэр къэгубжьт икІи езыхэм я еплъыкІэм хуэдэ зимыІэхэр гугъу ирагъэхьт (Мк. 3:1—6; Ин. 9:29—34).

«ГУЗЭГЪЭГЪУЭ ВГЪУЭТЫНУЩ»

12—14. Хьисэ лэжьыгъэ къыдитам сыт гузэгъэгъуэ къыщІытхуихьыр?

12 Хьисэ лэжьыгъэ къыдитам сыт гузэгъэгъуэ къыщІытхуихьыр? Абы щхьэусыгъуэ куэд иІэщ. Языныкъуэхэр зэпкърытхынщ.

13 Дэ нэхъыщхьэ нэхъыфІ дыдэхэр диІэщ. Иеговэ увыпІэ нэхъ лъагэ дыдэр иІыгъщ, ауэ ар пхъашэу икІи нэгъуэщІхэм ящІэр фІыщІэ имыщІу щыткъым. Дэ тщІэр абы лъапІэу елъытэ (Евр. 6:10). Абы нэмыщІ Иеговэ дызыхуэныкъуэ къарур къыдет, къытхуигъэфэща къалэныр дгъэзэщІэн щхьэкІэ (2 Кор. 4:7; Гал. 6:5). Ди Пащтыхь Хьисэ нэгъуэщІхэм дазэрыхущытын хуейм теухуауэ щапхъэфІ тхуохъу (Ин. 13:15). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм «мэлыхъуэ нэхъыщхьэм» щапхъэ трах (Евр. 13:20, ДЩІ; 1 Пет. 5:2). Абыхэм дыкъахъумэ, дызыхуэныкъуэ шхыныгъуэр къыдат, дагъэгушхуэ, гуапэу къытхущытщ икІи лІыгъэ яхэлъщ.

14 Дэ ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэхэр диІэщ. Ди ныбжьэгъухэмрэ дэрэ дызэзыпх лъагъуныгъэмрэ зэгъусэу дгъэзащІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэмрэ хуэдэ нэгъуэщІхэм зыми яІэкъым. Дэ дызигъусэ къуэш, шыпхъухэм щытыкІэфІ яІэщ, хьэл-щэныфІхэр яхэлъщ, ауэ абы емылъытауэ нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъыфІу залъытэжкъым. Абыхэм зэфІэкІхэр яІэщ, ауэ Іэдэбагъ яхэлъщ икІи закъыфІэщІыжкъым. Къуэш, шыпхъухэм дежкІэ дэ ауэ сытми къадэлажьэ цІыхуу дыщыткъым, атІэ абыхэм дэ ныбжьэгъуу далъытэ. ИкІи ди зэныбжьэгъугъэр апхуэдизкІэ быдэщи, ахэр хьэзырщ дэр щхьэкІэ я гъащІэр ятыну!

15. Сыт хуэдэ гурыщІэхэр диІэ ди лэжьыгъэр щыдгъэзащІэм деж?

15 Дэ лэжьыгъэ нэхъыфІ дыдэр диІэщ. Иеговэ теухуа пэжыр цІыхухэм яжыдоІэ икІи Иблисым и пцІыр къыщІыдогъэщ (Ин. 8:44). Иблисым и пцІымкІэ цІыхухэр гугъу ирегъэхь. Псалъэм папщІэ, абы ди фІэщ ищІыну хуейщ Иеговэ фІыуэ димылъагъуу икІи ди гуэныхьхэр зэи къытхуимыгъэгъуну. Ар цІыхум и гур изыуд пцІышхуэщ! Ауэ дэ Хьисэ и деж дыщыкІуэм ди гуэныхьхэр къытхуогъу. ИкІи пэжыр жыпІэмэ, дэтхэнэ зыри Иеговэ фІыщэу делъагъу (Рим 8:32, 38, 39). Сыту гухэхъуэ Иеговэ дзыхь хуащІу цІыхухэр ебгъэсэну! ИкІи сыту гуфІэгъуэшхуэ цІыхухэм я гъащІэм фІыкІэ зэрызихъуэжыр плъэгъуну!

АДЭКІИ ГУЗЭГЪЭГЪУЭ ДИІЭНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?

16. Хьисэ зытетлъхьэн хуейуэ жиІа хьэлъэр нэгъуэщІ сыт хуэдэ хьэлъэми сыткІэ къыщхьэщыкІрэ?

16 Хьисэ зытетлъхьэн хуейуэ жиІа хьэлъэр нэгъуэщІ сыт хуэдэ хьэлъэми къыщхьэщокІ. Псалъэм папщІэ, лэжьапІэм дыкъикІыжа иужь къару димыІэжу икІи зыри дыхуэмеижу куэдыр дыщытщ. Ауэ Иеговэрэ Хьисэрэ я лэжьыгъэм дыхэта иужь дэ гушхуэныгъэ зыхыдощІэ. Иныкъуэхэм деж лэжьапІэм апхуэдизкІэ дыщошри, къаруушхуэ етхьэлІэн хуей мэхъу пщыхьэщхьэм зэІущІэм дыкІуэн щхьэкІэ. Ауэ зэІущІэ нэужьым къару зэдгъэгъуэтыжауэ докІуэж. Апхуэдэу жыпІэ хъунущ хъыбарыфІ гъэІуным щхьэкІи Библие джыным щхьэкІи: а Іуэхугъуэхэр зэрытщІэм фІыгъуэ къыпэкІуэр куэдкІэ нэхъыбэщ къару етхьэлІэм нэхърэ.

17. Дэ сыт къыдгурыІуэн хуейр икІи сытым дегупсысын хуей?

17 Дэ къыдгурыІуэн хуейщ: ди къарум гъунэ иІэщ. Абы къыхэкІкІэ ди къарур зытедгъэкІуадэм дегупсысын хуейщ. Псалъэм папщІэ, дэ мыхьэнэ имыІэу къару дгъэкІуэдынкІэ хъунущ мылъку зэгъэпэщыным дыхущІэкъуу. Хьисэ зы лІы къулей гуэрым зэрепсэлъар дигу къэдгъэкІыжынщ. А лІыр Хьисэ къеупщІат: «МыкІуэдыжын гъащІэ ІыхьэфІ къыслъысын щхьэкІэ, сыт сщІэн хуейр?» Абы Мусэ и хабзэр игъэзащІэт. Ар цІыхуфІу щытауэ къыщІэкІынщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Марк итхыжа ХъыбарыфІым зэритымкІэ, Хьисэ ар фІыуэ илъэгъуащ. Хьисэ абы жриІат: «КІуэ, уиІэ псори щэжи... [...] ...къакІуи, си ужь къиувэ итІанэ». А лІыр хуейт Хьисэ и лъэужь иувэну, ауэ «мылъкушхуэ иІэти», ар къыхуэгъэнакъым (Мк. 10:17—22). Абы къыхэкІкІэ Хьисэ и бжьыр къимыщтэу, ар мылъкум и пщылІу къэнащ (Мт. 6:24). Фэ сытыт фщІэнур?

18. Сыт дэ щІэх-щІэхыурэ дызэгупсысын хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

18 Ди гъащІэм япэ идгъэщым щІэх-щІэхыурэ дегупсысын хуейщ. Сыт щхьэкІэ? Апхуэдэу тщІэмэ, мыхьэнэ зимыІэм ди къарур тедгъэкІуадэрэ тедмыгъэкІуадэрэ къыдгурыІуэнущ. ЩІалэщІэ Марк жеІэж: «Илъэс куэдкІэ си гугъащ мылъку зэгъэпэщыным сыхущІэмыкъуу сыпсэууэ. Сэ пионеру сылажьэт, ауэ сыт щыгъуи сегупсыст нэхъыбэ къэзлэжьу, си гъащІэр нэхъыфІ зэрысщІыным. ИкІи сэ къызгурыІуэтэкъым гуфІэгъуэ сыщІимыІэр. ИужькІэ сэ къызгурыІуащ си къарури си зэманри си щхьэм зэрытезгъэкІуадэр, къэнэжам фІэкІ Иеговэ зэрезмытыр». Марк и гупсысэкІэр зрихъуэкІри и гъащІэр ихъуэжащ, Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэрэ хэтын щхьэкІэ. Марк жеІэ: «Иныкъуэм деж ахъшэ къэлэжьыным теухуауэ сыщыгузавэ къохъу, ауэ Иеговэрэ Хьисэрэ къыздоІэпыкъу хъыбарыфІ гъэІуныр си гъащІэм псом япэ изгъэщыну».

19. ХъыбарыфІ гъэІуным еплъыкІэ тэмэм худиІэн щІыхуейр сыт?

19 Хьисэ и бжьым дызэрыщІэтым адэкІи гузэгъэгъуэ къыдитын щхьэкІэ чэнджэщищ къыддэІэпыкъунущ. Япэрауэ, хъыбарыфІ гъэІуным еплъыкІэ тэмэм хувиІэу фыщыт. Дэ дызыхэтыр Иеговэ и лэжьыгъэу щытщи, ар зэрыхуейм хуэдэу а лэжьыгъэр дгъэзэщІэн хуейщ. Дэ — дылэжьакІуэщ, Иеговэ — ди Зиусхьэнщ (Лк. 17:10). А лэжьыгъэр дэ дызэрыхуейм хуэдэу дгъэзэщІэну иужь дихьэмэ, ди гъащІэр нэхъ гугъу тщІыну аращ. Ар ебгъэщхь хъунущ бжьы зытелъ вым: цІыхум здигъэкІуэну хуей лъэныкъуэмкІэ мыкІуэу, выр нэгъуэщІ лъэныкъуэмкІэ кІуэмэ, къару иІэм емылъытауэ ар псынщІэу ешынущ икІи уІэгъэ иІэ хъунущ. Дэри апхуэдэу къытщыщІыфынущ, Иеговэ жиІэм демыдаІуэмэ. Ауэ жиІэр дгъэзащІэмэ, тхузэфІэмыкІыну ди гугъэ Іуэхугъуэхэри тхуэщІэнущ икІи сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэлъэщыфынущ. Зыщывмыгъэгъупщэ: Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэным зыри зэран хуэхъуфынукъым (Рим 8:31; 1 Ин. 4:4).

20. Сыт дэ дыхуэзыгъэушын хуейр Хьисэ и бжьым дыщІэувэну?

20 ЕтІуанэрауэ, лъагъуныгъэм къыхэкІыу Иеговэ фыхуэлажьэ. Дэ ди мурадыр — фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэ Иеговэ дгъэгуфІэныращ. Япэ лІэщІыгъуэм языныкъуэ цІыхухэр нэпсеягъэм къыхэкІыу икІи я фейдэ хахыну я мураду Хьисэ и деж къакІуэу щытащ, ауэ зэрагугъам хуэдэу зэрымыхъуам щхьэкІэ Хьисэ и бжьыр къащтакъым (Ин. 6:25—27, 51, 60, 66; Флп. 3:18, 19). Ауэ Алыхьымрэ цІыхухэмрэ хуэгъэзауэ псэемыблэж лъагъуныгъэ зиІэ цІыхухэри щыІэт. Абыхэм Хьисэ и бжьым зэрыщІэтым гуфІэгъуэ хахыу, я лэжьыгъэр щІылъэм щыпсэухукІэ ягъэзащІэт икІи уафэм кІуа иужьи а лэжьыгъэр адэкІи ягъэзэщІэну я мурадт. Дэри лъагъуныгъэм къыхэкІыу ди лэжьыгъэр дгъэзащІэмэ, гуфІэгъуэ диІэу Хьисэ и бжьым дыщІэтынущ.

21. Маттэ 6:31—33 зэритымкІэ, сыт дэ ди фІэщ тщІы хъунур?

21 Ещанэрауэ, фІэщхъуныгъэ зивгъэІэ. Дэ мурад тщІащ псэемыблэжу Иеговэ дыхуэлэжьэну. Хьисэ жиІауэ щытащ дэ дыкъызэрырахуэкІынур. Ауэ сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэлъэщын щхьэкІэ Иеговэ къару къызэрыдитынур ди фІэщ тщІы хъунущ. Гугъуехьхэм дыпэщІэхуа иужь теубыдагъэ зыхэдгъэлъыхукІэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу (Екъуб 1:2—4). Абы нэмыщІ дэ ди фІэщ тщІы хъунущ Иеговэ дызыхуэныкъуэу хъуар къызэрыдитынур, Хьисэ ди мэлыхъуэу зэрыщытынур икІи гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж къуэш, шыпхъухэм дыкъызэрамыгъэнэнур. (Къеджэ Маттэ 6:31—33; Ин. 10:14; 1 Фес. 5:11.) Аращи, теубыдагъэ диІэн щхьэкІэ дызыхуэныкъуэ псори диІэщ!

22. Сыт дэ Хьисэ фІыщІэ щІыхуэтщІыр?

22 Хьисэ игъэхъужа цІыхубзым и узыншагъэр занщІэу нэхъыфІ хъуами, ар Хьисэ иужь иувамэт гузэгъэгъуэ мыухыж щиІэнур. Фегупсысыт: а цІыхубзым Хьисэ и бжьыр къищтамэ, ар иджыпсту уафэм щыІэщ! А цІыхубзыр пэжу Хьисэ и лъэужь иувамэ, абы сыт къимыгъэнами, къыІэрыхьа тыгъэр куэдкІэ нэхъ лъапІэщ. Сыт хуэдэ гугъэ димыІэми — уафэм дыкІуэнуми щІылъэм дыщыпсэунуми, дэ Хьисэ фІыщІэ худощІ «Си деж фыкъакІуэ» жиІэу дыкъызэрыригъэблэгъам щхьэкІэ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Хьисэ и деж дауэ дызэрыкІуэнур?

  • Хьисэ дгъэзэщІэну къыдита лэжьыгъэм сыт гузэгъэгъуэ къыщІытхуихьыр?

  • Хьисэ и бжьым дызэрыщІэтым адэкІи гузэгъэгъуэ къыдитыну сыт къыддэІэпыкъунур?

13-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ щапхъэ тхуохъу

a Хьисэ и деж дыкІуэну дыкърегъэблагъэ. Хьисэ и деж дыкІуэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр? Абы и жэуапыр мы статьям къыщыдгъуэтынущ. Абы нэмыщІ дигу къэдгъэкІыжынщ Хьисэ и бжьым дызэрыщІэтым гузэгъэгъуэ къыдитыну сыт къыддэІэпыкъунуми.

b СУРЭТЫР. Хьисэ цІыхухэр и псалъэхэмкІэ икІи и ІуэхущІафэхэмкІэ игъэгушхуэт.

c СУРЭТЫР. Хьисэ хуэдэу къуэшым нэгъуэщІхэм гузэгъэгъуэ ярет.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын