37 СТАТЬЯР
Уи гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ жиІэр бгъэзащІэрэ?
«Адэ лъапІэм абы нэхърэ нэхъыбэу дыхуэІурыщІэн хуейщ» (ЕВР. 12:9).
9-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ — ди Пащтыхьщ!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Иеговэ жиІэр сыт дгъэзэщІэн щІыхуейр?
ДЭ ИЕГОВЭ жиІэр дгъэзэщІэн хуейщb, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дыкъигъэщІащ. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ хуитыныгъэ иІэщ дызытетын хуей хабзэхэр игъэувыну (Апок. 4:11). Ауэ Иеговэ жиІэр дгъэзэщІэну нэгъуэщІ щхьэусыгъуи диІэщ — абы и тепщэныгъэм нэхърэ нэхъыфІ зыри щыІэкъым. Алыхьым цІыхухэр къызэригъэщІрэ пащтыхь куэд щыІащ. Ауэ Иеговэ и Іущагъым, лъагъуныгъэм икІи гущІэгъум хуэбгъэдэн зыри щыІэкъым (Исх. 34:6; Рим 16:27; 1 Ин. 4:8).
2. Еврейхэм 12:9—11 зэритымкІэ, сыт Иеговэ жиІэр дгъэзэщІэн щІыхуейр?
2 Иеговэ хуейкъым шынэм къыхэкІыу дедэІуэну, атІэ лъагъуныгъэмрэ ар ди Адэу зэрытлъытэмрэ къыхэкІыу жиІэр дгъэзэщІэну хуейщ. Еврейхэм яхуитха письмом Паул къыдгурегъаІуэ «ди Адэ лъапІэм... нэхъыбэу дыхуэІурыщІэн» зэрыхуейр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дызэрыригъаджэм ди сэбэпынагъ хэлъщ. (Къеджэ Еврейхэм 12:9—11.)
3. 1) Иеговэ жиІэр зэрыдгъэзащІэр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэнур? 2) Сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну?
3 Иеговэ жиІэр зэрыдгъэзащІэр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэнур? Абы жиІэм дедэІуэн щхьэкІэ къарууэ диІэр етхьэлІэн хуейщ икІи дэ дызэрыхуейм хуэдэу тщІэну хьэл диІэм дебэнын хуейщ (Прит. 3:5, Гъэсэпэтхыдэхэр). Дэ ди дежкІэ нэхъ тынш хъунущ Иеговэ жиІэр дгъэзэщІэну абы и хьэл-щэнхэр нэхъыфІу къатщІэу щытмэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и хьэл-щэн дахэхэр Іуэху ищІэхэм лъабжьэ хуохъу (Пс. 145:9). Иеговэ нэхъыфІу къыщытцІыхум деж ар нэхъыфІу тлъагъуу мэхъу. Иеговэ фІыуэ щытлъагъум деж дэ тщІэ хъунымрэ мыхъунымрэ къетхыхауэ диІэн хуейкъым. Алыхьым фІымрэ Іеймрэ теухуауэ еплъыкІэ иІэм хуэдэ диІэну икІи ар ди гупсысэмрэ ди гурыщІэмрэ къыхэщыну зыдогъасэ (Пс. 97:10). Ауэ Иеговэ жиІэр бгъэзэщІэну сыт щыгъуи тыншкъым. Сыт щхьэкІэ? Зэхуэсым и нэхъыжьхэр, адэхэр икІи анэхэр унафэщІ Неемия, пащтыхь Даут, Хьисэ и анэ Мэрием сымэ я щапхъэм сытым хуигъэсэфыну? Мы упщІэхэр адэкІэ зэпкърытхынщ.
ИЕГОВЭ ЖИІЭР БГЪЭЗЭЩІЭНУ СЫТ ЩЫГЪУИ ТЫНШУ ЩІЫЩЫМЫТЫР СЫТ?
4, 5. Рим 7:21—23 зэритымкІэ, Иеговэ жиІэр бгъэзэщІэну сыт щыгъуи тыншу щІыщымытыр сыт?
4 Иеговэ жиІэр бгъэзэщІэну сыт щыгъуи тыншу щІыщымытыр сыт? Япэ щхьэусыгъуэр гуэныхь зэрытхэлъыращ. Абы къыхэкІкІэ нэгъуэщІым жиІэм демыдаІуэу дызыхуейр тщІэну дыхуейуэ дыщытщ. Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым пэщІэувэу, яшх мыхъуну къажриІа пхъэщхьэмыщхьэр щашхам щыгъуэ, абыкІэ абыхэм къагъэлъэгъуащ Іеймрэ фІымрэ теухуауэ езыхэм унафэ ящІыну зэрахуейр (ЩІэдз. 3:22). Нобэ къыздэсым и нэхъыбэ цІыхухэр Иеговэ и еплъыкІэм йобакъуэри, Іеймрэ фІымрэ теухуауэ езыхэм унафэ ящІ.
5 Иеговэ зыцІыхухэм икІи ар фІыуэ зылъагъухэм я дежкІи, абы жиІэр ягъэзэщІэну сыт щыгъуи тыншу щыщымыт къохъу. Ар къыхощ апостол Паул и щапхъэм. (Къеджэ Рим 7:21—23.) Дэри Паул хуэдэу Иеговэ дгъэгуфІэну дыхуейщ. Ауэ Иеговэ и еплъыкІэм пэщІэувэ гуэр тщІэну гуэныхьым дызэрыхуигъэушым сыт щыгъуи дебэнын хуей мэхъу.
6, 7. Иеговэ жиІэр бгъэзэщІэну сыт щыгъуи тыншу щІыщымытым сыт иджыри щхьэусыгъуэ хуэхъуфынур? Щапхъэ къэфхь.
6 Иеговэ жиІэм дедэІуэну къыщІыдэгугъуэкІынкІэ хъуну нэгъуэщІ щхьэусыгъуи щыІэщ — ар дызыщІапІыкІа хабзэхэращ. Мы дунейм къыщекІуэкІ еплъыкІэ куэдыр Иеговэ и мурадым пэщІоувэ, абы къыхэкІкІэ дэ сытым дежи къару етхьэлІэн хуейщ апхуэдэ еплъыкІэр къэдмыщтэн щхьэкІэ. Зы щапхъэ зэпкърытхынщ.
7 Языныкъуэ къэралхэм ахъшэфІ къэлэжьыныр гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэу щыту щІалэгъуалэм жраІэ. Апхуэдэ Іуэхугъуэ ихуат ди шыпхъу Мэриc. Пэжыр къищІэн ипэ ар къэралым и университет нэхъыфІ дыдэм щеджэт. Мэри и адэ-анэр хуейт, ахъшэфІ къызэрыкІ лэжьапІэм ар увыну. Мэри езыри абы хуейт. Ауэ Иеговэ къицІыхуу, ар фІыуэ илъагъуа иужь, абы и мурадхэр ихъуэжащ. Абы емылъытауэ, Иеговэ жиІэр игъэзэщІэну абы и дежкІэ сыт щыгъуи щымытынш къохъу. Мэри жеІэ: «Иныкъуэхэм деж ахъшэ куэд къыщызлэжьын лэжьапІэфІ къыщыкъуэкІ къохъу, ауэ сэ къызгуроІуэ Иеговэ сызэрыхуейм хуэдэу сыхуэлэжьэну ар зэран къызэрысхуэхъунур. СызыщІапІыкІам къыхэкІкІэ „хьэуэ“ жысІэну си дежкІэ гугъущ. Апхуэдэ Іуэхугъуэ сыщихуэм деж, Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхузогъазэ а гъэунэхуапІэм сыпэлъэщын щхьэкІэ икІи Иеговэ сыхуэлэжьэну зэран къысхуэхъуну лэжьыгъэм сымыувын щхьэкІэ» (Мт. 6:24).
8. Сыт дэ зэпкърытхынур?
8 Иеговэ жиІэр зэрыдгъэзащІэм ди сэбэпынагъ хэлъщ. Ауэ тепщэныгъэ зиІэхэм, псалъэм папщІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм, адэхэм икІи анэхэм иджыри зы щхьэусыгъуэ яІэщ Алыхьым жиІэм едэІуэну — ахэр нэгъуэщІхэм сэбэп яхуэхъуфынущ. АдэкІэ Библием ит щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ, ахэр къыддэІэпыкъунущ тепщэныгъэ диІэр тэмэму къэдгъэсэбэпыну.
НЕЕМИЕ И ЩАПХЪЭМ ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭР СЫТЫМ ХУИГЪЭСЭФЫНУ?
Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дыщызэхуэс Унэр зехьэным хэтщ, Неемие Ерусалимым и блынхэр щызэтрагъэувэжым зэрыхэтам хуэдэу. (9—11-нэ абзацхэм феплъ.)e
9. Неемие сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуат?
9 Иеговэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я пщэм дилъхьащ и лъэпкъыр зыхуей хуагъэзэну (1 Пет. 5:2). Иеговэ и лъэпкъым зэрыхущытын хуейм теухуауэ Неемие зэхуэсым и нэхъыжьхэм щапхъэфІ къахуигъэнащ. Неемие Иудэм и унафэщІт икІи тепщэныгъэшхуэ иІэт (Неем. 1:11; 2:7, 8; 5:14). Ар зыпэщІэхуа языныкъуэ гугъуехьхэм деплъынщ. Неемие къищІат Алыхьым и унэр къемызэгъыу къызэрагъэсэбэпыр, Хабзэм зэрыжиІэм тету левитхэм иратын хуей Іыхьэр зэрырамытыр, щэбэт махуэр зэрамыгъэлъапІэр икІи языныкъуэхэм нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхубзхэр къызэрашэр. А Іуэху гугъур Неемие зэхигъэкІын хуейт (Неем. 13:4—30).
10. Неемие Иеговэ и лъэпкъым дапхуэдэут зэрыхущытыр?
10 Неемие езыр зыхуей хабзэ гуэрхэр Алыхьым и лъэпкъым хуигъэувтэкъым икІи тепщэныгъэ иІэр тэмэму къигъэсэбэпт. Уеблэмэ, Иеговэ къыдэІэпыкъун щхьэкІэ лъэІу гуащІэкІэ абы зыхуигъазэт икІи цІыхухэр Алыхьым и Хабзэм хуригъаджэт (Неем. 1:4—10; 13:1—3). Абы нэмыщІ Неемие Іэдэбагъ хэлъу адрей иудейхэм ядэлажьэт икІи Ерусалимым и блынхэр зэтрагъэувэжыну дэІэпыкъут (Неем. 4:15).
11. 1 Фессалоникэ 2:7, 8 зэритымкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу зэрахущытын хуейр?
11 Зэхуэсым и нэхъыжьхэр Неемие зыпэщІэхуа гугъуехьхэм хуэдэ пэщІэмыхуэми, ахэр абы и щапхъэм куэдым хуигъэсэфынущ. Псалъэм папщІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр псэемыблэжу къуэш, шыпхъухэм доІэпыкъу. Абыхэм къагуроІуэ тепщэныгъэ зэраІэм щхьэкІэ адрейхэм нэхърэ нэхъыфІу залъытэжын зэрыхуэмейр. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр псоми гуапэу яхущытщ. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 2:7, 8.) Абыхэм лъагъуныгъэрэ Іэдэбагърэ зэрахэлъыр я псалъэхэм къыхощ. Илъэс куэд щІауэ зэхуэсым и нэхъыжьу щыт Э́ндрю жеІэ: «Сэ гу лъыстащ: зэхуэсым и нэхъыжьыр гуапэу икІи щабэу щыщытым деж къуэш, шыпхъухэм ар я гум нос икІи абы дэлэжьэну гукъыдэж яІэ мэхъу». Куэд щІауэ зэхуэсым и нэхъыжьу щыт То́ни къыддогуашэ: «Филиппи 2:3 ит чэнджэщым сызэрытетыным сыхущІокъу. Сэ сыт щыгъуи сигу къызогъэкІыж адрейхэр сэр нэхърэ нэхъыфІу слъытэн зэрыхуейр. Ар къыздоІэпыкъу псори зэзгъэдэІуэну иужь симытыну».
12. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт Іэдэбагъ щІахэлъын хуейр?
12 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэ щапхъэ трахыу Іэдэбагъ зыхагъэлъын хуейщ. Дуней псор Иеговэ къигъэщІами, абы «зрегъэзых» «тхьэмыщкІэр сабэм» къыхихыжын щхьэкІэ (Пс. 113:6, 7; 18:35). ЦІыху пагэхэр икІи зыкъызыфІэщІыжахэр Иеговэ и деж гущыкІыгъуэщ (Прит. 16:5, Гъэс.).
13. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр я бзэм кІэлъыплъын щІыхуейр сыт?
13 Иеговэ жиІэр ягъэзэщІэн щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр я бзэм кІэлъыплъын хуейщ. Армыхъумэ, къуэшхэм е шыпхъухэм пщІэ къыхуамыщІауэ щытмэ, захуэмыІыгъыу къемызэгъ гуэр жаІэнкІэ хъунущ (Гал. 5:14, 15; Екъуб 1:26). ИпэкІэ зи гугъу тщІа Эндрю жеІэ: «Иныкъуэм деж пщІэ къысхуамыщІауэ къысщыхъуамэ, а къуэшыр е шыпхъур и пІэ изгъэувэжыну сыщыхуей къохъу. Ауэ сэ Библием ит Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я щапхъэм согупсыс икІи абы сигу къегъэкІыж Іэдэбагърэ, щабагърэ зыхэзгъэлъыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр». Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэ жиІэр зэрагъэзащІэр къагъэлъагъуэ щабэу икІи лъагъуныгъэ яхэлъу къуэш, шыпхъухэм, абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжь нэгъуэщІхэм зарепсалъэмкІэ (Кол. 4:6).
ПАЩТЫХЬ ДАУТ И ЩАПХЪЭМ АДЭХЭР СЫТЫМ ХУИГЪЭСЭФЫНУ?
14. Иеговэ адэм сыт хуэдэ къалэн иритар икІи ар сыткІэ абы щыгугърэ?
14 Иеговэ адэм къалэн иритащ унагъуэм и нэхъыжьу щытыну, икІи ар щогугъ адэм и быныр игъэсэну икІи иригъэджэну (1 Кор. 11:3; Еф. 6:4). Ауэ адэм и тепщэныгъэм гъунэ иІэщ — абы «унагъуэ псоми я цІэр къызытекІ» Иеговэ и пащхьэм жэуап щихьыжынущ (Еф. 3:14, 15). Иеговэ жиІэр зэрагъэзащІэр дапхуэдэу адэхэм къызэрагъэлъагъуэр? Абыхэм я тепщэныгъэр къагъэсэбэп Алыхьыр ягъэгуфІэн щхьэкІэ. Пащтыхь Даут и щапхъэм адэхэр куэдым хуигъэсэфынущ.
Адэм Іэдэбагъ зэрыхэлъыр и лъэІум къыхэщын хуейщ. (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)f
15. Пащтыхь Даут адэхэм сыткІэ щапхъэфІ яхуэхъурэ?
15 Иеговэ Даут къалэн иритащ унагъуэм и нэхъыжьу зэрыщытым нэмыщІ, израил лъэпкъ псом и нэхъыжьу щытыну. Пащтыхь Даут тепщэныгъэшхуэ иІэт. Абы и тепщэныгъэр тэмэму къимыгъэсэбэпу щыуагъэшхуэхэр щищІаи къэхъуащ (2 Сам. 11:14, 15). Ауэ абы Иеговэ жиІэр зэригъэзащІэр къыхэщт и щыуагъэхэр къыщыгурагъэІуэжым деж зихъуэжыну зэрыхэтым. Даут и гум илъыр Иеговэ лъэІукІэ хуиІуатэт икІи къарууэ иІэр ирихьэлІэт Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу щытын щхьэкІэ (Пс. 51:1—4). Абы нэмыщІ Даут чэнджэщыфІ къратхэм Іэдэбагъ хэлъу едаІуэт, ар къезытыр цІыхухъуу щытми, цІыхубзу щытми (1 Сам. 19:11, 12; 25:32, 33). Даут и щыуагъэхэм дерс хихт икІи Иеговэ хуэлэжьэныр и гъащІэм псом япэ иригъэщт.
16. Пащтыхь Даут и щапхъэм сыт хуэдэ дерсхэр адэхэм хахыфыну?
16 Пащтыхь Даут и щапхъэм адэхэм дерс куэд хахыфынущ. Адэхэ, Иеговэ тепщэныгъэ къывитар ІейкІэ къэвмыгъэсэбэп. Іэдэбагъ фхэлъу фызэрыщыуар жыфІэ икІи Библием тегъэщІауэ чэнджэщ къыватхэм федаІуэ. Апхуэдэу фщІэмэ, Іэдэбагъ зэрыфхэлъым щхьэкІэ фи унагъуэм щыщхэм пщІэ къыфхуащІынущ. Унагъуэм и гъусэу Иеговэ лъэІукІэ зыщыхуэвгъазэм деж, фи гурыщІэхэр абы хуэфІуатэ — унагъуэм щыщхэм зэхырырах Иеговэ и дэІэпыкъуэгъум хуабжьу фызэрыхуэныкъуэр. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр: абыхэм я дежкІэ наІуэу щытын хуейщ Иеговэ фыхуэмылажьэу фызэрымыпсэуфынур (Втор. 6:6—9). Унагъуэм тыгъэ хуэфщІэфынухэм щыщу псом нэхърэ нэхъ лъапІэр — фэ фи щапхъэфІыращ.
МЭРИЕМ И ЩАПХЪЭМ АНЭХЭР СЫТЫМ ХУИГЪЭСЭФЫНУ?
17. Иеговэ анэм сыт хуэдэ къалэн иритар?
17 Иеговэ анэм пщІэ зыпылъ къалэн иритащ икІи сабийм тепщэныгъэ хуиІэну игъэуващ (Прит. 6:20, Гъэс.). Анэм ищІэмрэ жиІэмрэ сабийм игъащІэ псокІэ щапхъэ хуэхъуфынущ (Прит. 22:6, Гъэс.). Хьисэ и Анэ Мэрием и щапхъэм шыпхъухэр сытым хуигъэсэфыну?
18, 19. Мэрием и щапхъэм шыпхъухэр сытым хуигъэсэфыну?
18 Мэрием Тхыгъэ ЛъапІэм итыр фІыуэ ищІэт. Абы Иеговэ пщІэшхуэ хуищІт икІи зэхущытыкІэфІ я зэхуаку дэлът. Ар хьэзырт Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэну абы щхьэкІэ и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр къыхыхьэну щытми (Лк. 1:35—38, 46—55).
Ущезэшам деж къару куэд епхьэлІэн хуейщ уи губжьыр унагъуэм щыщхэм ятумыкъутэн щхьэкІэ икІи ахэр фІыуэ зэрыплъагъур бгъэлъэгъуэн щхьэкІэ. (19-нэ абзацым феплъ.)g
19 Шыпхъухэ, Мэрием и щапхъэр сыткІэ сэбэп къыфхуэхъуну? Япэрауэ, Иеговэрэ фэрэ фи зэхуаку зэхущытыкІэфІ зэрыдэлъыным фыхущІэкъу. АбыкІэ фэ къывдэІэпыкъунущ Библием фызэреджэр икІи сыт щыгъуи Иеговэ лъэІукІэ зэрызыхуэвгъазэр. ЕтІуанэрауэ, Иеговэ вгъэгуфІэн щхьэкІэ фи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хэфлъхьэну хьэзыру фыщыт. Фэ фыкъыщыхъуа унагъуэм фи адэ-анэхэр сабийхэм хуэгубжьу икІи псынщІэу я пІэм къикІыу щытамэ, сабийхэм уащІэкІиеныр тэмэму къэфлъытэнкІэ хъунущ. Быныр зэрыгъэсэн хуейм теухуауэ Иеговэ и еплъыкІэр къэфщІа иужьи фэ гу зылъыфтэжу къыщІэкІынщ зышыІэныгъэ зыхэвгъэлъыну гугъуу зэрыщытыр. Псом хуэмыдэу ар гугъущ фэ фезэшауэ сабийхэр къыщывэмыдаІуэм деж (Еф. 4:31). Апхуэдэм деж Иеговэ фелъэІуным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ди шыпхъу Лидие жеІэ: «Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхуэзгъэзэн хуей мэхъу си къуэр къыщызэмыдаІуэм деж сыкъэмыгубжьын щхьэкІэ. Иныкъуэм деж си къуэм зыгуэр жесІэу щІэздзауэ, зыкъэзгъэувыІэжу, Иеговэ сигукІэ сыщелъэІу щыІэщ. ТхьэлъэІур сытеужыну къыздоІэпыкъу» (Пс. 37:5).
20. Языныкъуэ анэхэр сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуэрэ икІи дауэ ахэр абы зэрыпэлъэщынур?
20 Языныкъуэ анэхэм я дежкІэ гугъуу къыщІэкІынщ фІыуэ зэралъагъур я сабийхэм ирагъэлъэгъуну (Тит 2:3, 4). А цІыхубзхэр къыщыхъуа унагъуэм адэ-анэхэмрэ сабийхэмрэ гуапэу зэхущытауэ къыщІэкІынкъым. Апхуэдэ унагъуэм фыкъыщыхъуауэ щытми, фи адэ-анэм я щыуагъэм хуэдэ фымыщІэ. Иеговэ жиІэр зыгъэзащІэ цІыхубзым сабийхэр фІыуэ зэрилъагъур игъэлъагъуэу зригъэсэн хуейщ. Абы и гупсысэкІэр, и гурыщІэхэр икІи и щытыкІэр ихъуэжыну тыншу къыщІэкІынкъым. Ауэ ар абы хузэфІэкІынущ! ИкІи апхуэдэу ищІэмэ, и унагъуэми езыми гуфІэгъуэ яІэнущ.
АДЭКІИ ИЕГОВЭ ЖИІЭР ВГЪЭЗАЩІЭ
21, 22. Исаия 65:13, 14 зэритымкІэ, Иеговэ жиІэр зэрыдгъэзащІэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытхуихьрэ?
21 Пащтыхь Даут къыгурыІуэт Иеговэ жиІэр зэригъэзащІэм гуфІэгъуэ къызэрыхуихьыр. Абы итхащ: «Иеговэ и унафэхэм захуагъэ хэлъщ — уи гур егъэгуфІэ. Иеговэ и унафэхэм къабзагъэ хэлъщ — уи нэр егъэнэху. Абыхэм уи лэжьакІуэр къехъумэ, ахэр зыгъэзащІэм тыгъэшхуэ иІэнущ» (Пс. 19:8, 11). Нобэ дэ долъагъу Иеговэ жиІэр зыгъэзащІэхэмрэ абы жиІэм емыдаІуэхэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр. Абы жиІэр зыгъэзащІэхэр «я гум илъ гуфІэгъуэм щхьэкІэ хэІэтыкІауэ гуфІэнущ». (Къеджэ Исаия 65:13, 14d.)
22 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм, адэхэм икІи анэхэм Иеговэ жиІэр я гум къыбгъэдэкІыу щагъэзащІэм деж, я гъащІэр нэхъыфІ мэхъу, я унагъуэхэм лъагъуныгъэрэ гуфІэгъуэрэ илъщ, зэхуэсри зэкъуэт мэхъу. Ауэ псом нэхъапэращи, абы Иеговэ егъэгуфІэ (Прит. 27:11, Гъэс.). Абы нэхърэ нэхъыфІ щыІэ?
123-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и унафэм пэжу дытетщ
a Мы статьям щызэпкърытхынущ Иеговэ жиІэр дгъэзэщІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сытми. Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэр, адэхэр икІи анэхэр — тепщэныгъэ гуэр зиІэхэр,— унафэщІ Неемия, пащтыхь Даут, Хьисэ и анэ Мэрием сымэ я щапхъэм сытым хуигъэсэфынуми къэтщІэнущ.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. ЖаІэм едэІуэну хагъэзыхь цІыхум и деж «жаІэр гъэзэщІэн», «хуэІурыщІэн» псалъэхэм къикІыр Іейщ. Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм я гум къыбгъэдэкІыу мурад ящІащ абы жиІэр ягъэзэщІэну, абы къыхэкІкІэ а псалъэхэм Іей гуэр къикІыу къалъытэкъым.
c Мы статьям ит языныкъуэ цІэхэр хъуэжащ.
d Исаия 65:13, 14: «Абы щхьэкІэ Зиусхьэн Иеговэ мыпхуэдэу жеІэ: „Сэ си лэжьакІуэхэр шхэнущ, ауэ фэ фымэжэлІэнущ. Сэ си лэжьакІуэхэм псы яІэнущ, ауэ фэ псы фыхуэлІэнущ. Сэ си лэжьакІуэхэм гуфІэгъуэ яІэнущ, ауэ фэ фи напэр сынущ. Сэ си лэжьакІуэхэр я гум илъ гуфІэгъуэм щхьэкІэ хэІэтыкІауэ гуфІэнущ, ауэ фэ фи гуузым фигъэкІиинущ икІи фигу иудауэ зэрыщытым фигъэщэІунущ».
e СУРЭТЫР. Зэхуэсым и нэхъыжьыр и къуэм и гъусэу дыщызэхуэс Унэм щолажьэ. Абы щапхъэ трех Ерусалимым и блынхэр щызэтрагъэувэжым хэта Неемие.
f СУРЭТЫР. Адэм и унагъуэм и гъусэу Иеговэ лъэІукІэ и гум къыбгъэдэкІыу зыхуегъазэ.
g СУРЭТЫР. ЩІалэ цІыкІум видеоджэгухэм зэман куэд зэрыригъэхьам щхьэкІэ унэм зыри щищІакъым икІи школым зыхуигъэхьэзыракъым. Абы и анэр езэшауэ лэжьапІэм къикІыжащ. Анэм и къуэм къыгурегъаІуэ апхуэдэу ущыт зэрымыхъунур, ауэ ар къэгубжькъым икІи и къуэм ешхыдэкъым.