СТАТЬЯР 32
Іэдэбагъ фхэлъу икІи фи зэфІэкІыр здынэсыр фщІэжу Иеговэ фыхуэлажьэ
«ЦІыху Іэсэми Іущыгъэр и Іэпэгъущ» (ПРИТ. 11:2, Гъэсэпэтхыдэхэр).
31-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и гъусэу къэкІухь!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Даут Иеговэ и Іэдэбагъым теухуауэ сыт жиІар?
ИЕГОВЭ Іэдэбагъ хэлъ? ДауикІ, хэлъщ. Даут жиІауэ щытащ: «Сыкъезыгъэлын мэІуху сэ уэ къызэптынущ; уэ уи Іэдэбагъым сэ сегъэлъапІэ» (2 Сам. 22:36; Пс. 18:35). Мы псалъэхэр щыжиІэм щыгъуэ Даут егупсысу къыщІэкІынут и адэм и унэм бегъымбар Самуел къыщыкІуа махуэм. Алыхьым Самуел къалэн хуищІат Израилым и пащтыхьу щытынур къыхихыну. Даут зэкъуэшийм я нэхъыщІэт, ауэ Иеговэ мурад ищІат ар Щаул и пІэкІэ пащтыхьу тригъэувэну (1 Сам. 16:1, 10—13).
2. Мы статьям дэ сыт къыщытщІэнур?
2 Даут арэзы техъуэну къыщІэкІынт Псаломыр зытхахэм ящыщ зым Иеговэ теухуауэ жиІам: «Абы зырегъэзых уафэми щІылъэми еплъын щхьэкІэ; къулейсызыр сабэм къыхехыж, тхьэмыщкІэр... къеІэтыж, пщыхэм я гъусэу игъэтІысын щхьэкІэ» (Пс. 113:6—8). Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ Іэдэбагъ дапхуэдэу игъэлъэгъуами икІи дэ абы дапхуэдэу щапхъэ тетх хъунуми. Абы нэмыщІ пащтыхь Щаул, бегъымбар Данил икІи Хьисэ Мэссихь сымэ я щапхъэхэм Іэдэбагъым теухуауэ сытым дыхуагъэсэфынуми дэ къэтщІэнущ.
ИЕГОВЭ И ЩАПХЪЭМ СЫТЫМ ДЫХУИГЪАСЭРЭ?
3. Иеговэ дапхуэдэу къызэрытхущытыр икІи сыт абы къигъэлъагъуэр?
3 Иеговэ Іэдэбагъ зэрыхэлъыр къыхощ гуэныхь зыхэлъ и лэжьакІуэхэм зэрыхущытым. Дэ абы дызэрыхуэлажьэм ар арэзы техъуэ закъуэкъым, атІэ и ныбжьэгъуу делъытэ икІи хуейщ дэ абы дзыхь хуэтщІыну (Пс. 25:14). Абы и ныбжьэгъуу дыщытын щхьэкІэ япэ лъэбакъуэр езым ичащ — ди гуэныхьхэр тхуипшыныжын щхьэкІэ и Къуэр къурмэныпхъэу итащ. Ди Алыхь Иеговэ сыту гущІэгъушхуэ хэлъ!
4. Иеговэ сыт дэ къыдитар икІи сыт щхьэкІэ?
4 Иеговэ Іэдэбагъ зэрыхэлъыр къызыхэщ зы щапхъэм иджыри дегупсысынщ. Алыхьыр хуитт цІыхур къыщигъэщІым щыгъуэ зыхуейр къыхихыну хуитыныгъэ иримытыну. Ауэ абы апхуэдэу ищІакъым. Абы цІыхухэр езым ещхьу къигъэщІащ икІи Іэмал яритащ езыхэр зэрыхуейм хуэдэу я гъащІэр ирахьэкІыну. Иеговэ елъытауэ дэ зыри дримыщІысу жыпІэ хъунущ, ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу дэ унафэ къатщтэхэм Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ. Иеговэ хуейщ лъагъуныгъэм къыхэкІыу икІи и хабзэхэм ди сэбэпынагъ зэрыхэлъыр къызэрыдгурыІуэм щхьэкІэ абы дыхуэлэжьэну (Втор. 10:12; Ис. 48:17, 18). Дэ Иеговэ хуабжьу фІыщІэ худощІ апхуэдэ Іэдэбагъ зэрыхэлъым щхьэкІэ!
Хьисэ уафэм щыІэщ, и тепщэныгъэр дэзыІыгъынухэр и гъусэщ; абы и пащхьэм бжыгъэ зимыІэ мелыІыч куэд итщ. Языныкъуэ мелыІычхэр щІылъэм макІуэ я къалэнхэр ягъэзэщІэн щхьэкІэ. Иеговэ а и лэжьакІуэхэм псоми езым игъэзащІэ къалэнхэм щыщ ягъэзэщІэну яритащ. (5-нэ абзацым феплъ.)
5. Іэдэбагъ зыхэдгъэлъыну Иеговэ дапхуэдэу дызэригъасэр? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
5 Иеговэ и щапхъэмкІэ дегъасэ Іэдэбагъ тхэлъу дыщытыну. Абы нэхърэ нэхъ Іущ зыри щыІэкъым, ауэ абы емылъытауэ ар хьэзыру нэгъуэщІхэм долажьэ икІи абыхэм я еплъыкІэм мыхьэнэ ирет. Апхуэдэу Дунеишхуэр къыщигъэщІым щыгъуэ и Къуэр къыдэІэпыкъуну хуит ищІащ (Прит. 8:27—30; Кол. 1:15, 16). Иеговэ псори хузэфІэкІыу щытми, нэгъуэщІхэм къалэнхэмкІэ догуашэ. Псалъэм папщІэ, Хьисэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу игъэуващ, абы нэмыщІ 144 000 хъу цІыхухъухэмрэ цІыхубзхэмрэ Хьисэ и тепщэныгъэр даІыгъыну къыхихащ (Лк. 12:32). ДауикІ, Иеговэ Хьисэ игъэхьэзыращ Пащтыхьу икІи Дин пашэшхуэу щытын щхьэкІэ (Евр. 5:8, 9). Абы нэмыщІ Иеговэ Хьисэ и тепщэныгъэр дэзыІыгъынухэр ирегъаджэ, ауэ абыхэм ящІэу хъуам кІэлъыплъкъым. Иеговэ шэч къытрихьэкъым езыр зэрыщыгугъым хуэдэу абыхэм псори зэращІэнум (Апок. 5:10).
НэгъуэщІхэр щедгъаджэм деж икІи ди къалэнхэмкІэ дащыдэгуашэм деж Иеговэ щапхъэ тыдох. (6, 7-нэ абзацхэм феплъ.)b
6, 7. Иеговэ и щапхъэм дапхуэдэу дызэрыхуигъасэр къалэнхэмкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуэшэну?
6 ДэІэпыкъуэгъу хуэмыныкъуэ уафэм щыІэ ди Адэр къалэнхэмкІэ нэгъуэщІхэм щыдэгуашэкІэ, дэри апхуэдэу тщІэн хуейщ. Псалъэм папщІэ, унагъуэм и нэхъыжьхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ Иеговэ щапхъэ трах, езыхэм я къалэнхэмкІэ нэгъуэщІхэм щыдэгуашэм деж икІи къалэн зратахэм ящІэу хъуам кІэлъыплъыну хьэл яІэм щебэным деж. Абы и фІыгъэкІэ лэжьыгъэр псори гъэзэщІа зэрыхъум нэмыщІ нэгъуэщІхэр щІэ гуэрым хувогъасэ икІи абыхэм тегушхуэныгъэ нэхъ яІэ мэхъу (Ис. 41:10). Тепщэныгъэ зиІэхэр Иеговэ и щапхъэм сытым хуигъасэрэ?
7 Библием зэритымкІэ, Иеговэ фІэгъэщІэгъуэнщ и къуэ мелыІычхэр зэгупсысыр (1 Цар. 22:19—22). Адэ-анэхэ, Иеговэ дауэ щапхъэ тефх хъуну? Къыщезэгъым деж, фи сабийхэм феупщІ зы Іуэху гуэрым теухуауэ ар дауэ бгъэзащІэ хъунуми. ИкІи Іуэхум хуэкІуэ гуэр жаІауэ щытмэ, зэрыжаІам хуэдэу фщІэ.
8. Иеговэ дапхуэдэу шыІэныгъэ хэлъу Ибрэхьимрэ Сарэрэ зэрахущытар?
8 Иеговэ Іэдэбагъ зэрыхэлъыр шыІэныгъэ зэригъэлъагъуэми къыхощ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ ищІа унафэхэм и лэжьакІуэхэм шэч къыщытрахьэ къэхъуащ. Ауэ ахэр я гупсысэхэмкІэ пщІэ хэлъу абы щыдэгуашэм деж, Алыхьыр абыхэм шыІэныгъэ хэлъу яхущытт. Содомрэ Іаморэрэ игъэкІуэдыну Иеговэ унафэ щищІам Ибрэхьим гузэват. Иеговэ абы едэІуащ, и гурыщІэхэр къыгурыІуэу (ЩІэдз. 18:22—33). Фигу къэвгъэкІыжыт Иеговэ Ибрэхьим и щхьэгъусэ Сарэ дапхуэдэу хущытами. Сарэ и ныбжьыр хэкІуэтауэ къуэ къилъхуну Иеговэ къызэригъэгугъэр щызэхихам, ар дыхьэшхат. Ауэ Алыхьым абы пщІэ къыхуимыщІауэ къилъытакъым икІи хуэгубжьакъым (ЩІэдз. 18:10—14). Абы ипІэкІэ Иеговэ Сарэ пщІэ хуищІащ.
9. Иеговэ и щапхъэм адэ-анэхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ сытым хуигъасэрэ?
9 Адэ-анэхэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэ, фэ Иеговэ и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ? Фи сабийхэр е зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр унафэ фщІам арэзы щытемыхъуэм деж дапхуэдэу абы фызэрыхущытыр? Фэ унафэ фщІар зэрыпэжыр, ауэ абыхэм жаІэр зэрымытэмэмыр къагурывгъэІуэну иужь фит? Хьэмэрэ абыхэм я еплъыкІэр къызэрывгурыІуэным фыхущІэкъурэ? Тепщэныгъэ зиІэхэм Иеговэ щапхъэ трахыу щытмэ, ар псоми сэбэп яхуохъу — унагъуэхэми зэхуэсхэми. Аращи, дэ дытепсэлъыхьащ Иеговэ и щапхъэм Іэдэбагъ зыхэдгъэлъыну дапхуэдэу дыхуигъасэми. АдэкІэ дегупсысынщ Библием ит Алыхьым и лэжьакІуэ нэгъуэщІхэм я щапхъэхэм ди зэфІэкІыр здынэсыр тщІэжу дыщытыну дапхуэдэу дыхуагъэсэфынуми.
НЭГЪУЭЩІХЭМ Я ЩАПХЪЭХЭМ СЫТЫМ ДЫХУАГЪАСЭРЭ?
10. НэгъуэщІхэм я щапхъэхэмкІэ Иеговэ дауэ дызэригъасэр?
10 Иеговэ — ди «УщиякІуэшхуэщ», абы и Псалъэм къыщыхьа нэгъуэщІ щапхъэхэмкІи дегъасэ (Ис. 30:20, 21). Алыхьым фІэфІ хьэл-щэнхэр зыгъэлъэгъуа Библиер зытепсэлъыхьыж цІыхухэм я щапхъэхэм дэ куэдым дыхуагъэсэфынущ. А хьэл-щэнхэм ящыщщ абыхэм я зэфІэкІыр здынэсыр зэращІэжу зэрыщытар. Алыхьым фІэфІ хьэл-щэнхэр зыхуримыкъуу щытахэм я щапхъэхэми куэдым дыхуагъэсэфынущ (Пс. 37:37; 1 Кор. 10:11).
11. Щаул и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
11 Девгъэгупсыс пащтыхь Щаул къыщыщІам. И щІалэгъуэм щыгъуэ абы и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжу щытащ. Абы и зэфІэкІым гъунэ зэриІэр къыгурыІуэт, уеблэмэ, къалэн нэхъыбэ къищтэнуи тегушхуэтэкъым (1 Сам. 9:21; 10:20—22). Ауэ зэман дэкІри Щаул и щхьэ щыгугъыжу хъуащ. А хьэл-щэн Іейр абы щызыхилъхьар пащтыхь хъуа иужь куэд дэмыкІыущ. Зэгуэр абы шыІэныгъэ хурикъуакъым бегъымбар Самуел къэсыху ежьэну. Щаул и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжу щытын хуейт икІи Иеговэ и лъэпкъым къызэрыщхьэщыжынур и фІэщ хъун хуейт. Абы ипІэкІэ Щаул къурмэныпхъэр игъэсащ, апхуэдэу ищІэну хуитыныгъэ имыІэми. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ абы къыхуэмыарэзы хъуащ, икІэм-икІэжым и пащтыхьыгъуэри фІэкІуэдащ (1 Сам. 13:8—14). Мы Іуэхугъуэр дэ дерс тхуохъу: ди щхьэ дыщыгугъыж хъунукъым!
12. Данил и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжу зэрыщытар сытым къигъэлъагъуэрэ?
12 Щаул елъытауэ бегъымбар Данил щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Ар Іэдэбагъ зыхэлъ икІи зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж Алыхьым и лэжьакІуэу и гъащІэ псокІэ щытащ икІи сыт щыгъуи Иеговэ чэнджэщ къритыну елъэІут. Зэгуэр Иеговэ Данил дэІэпыкъуащ Навуходоносор и пщІыхьэпІэм къикІыр къыгурыІуэну. Ауэ бегъымбарым ар езым и фІыщІэу жиІакъым. Абы и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжу щІыхьыр Иеговэ хуищІащ (Дан. 2:26—28, Данил бегъымбар, 2018). Абы дэ сытым дыхуигъасэрэ? Дэ зэхуэсым и пащхьэ дыкъызэрыщыпсалъэр къуэш, шыпхъухэм ягу ирихьу щытмэ е хъыбарыфІыр ехъулІэныгъэ диІэу дгъэІумэ, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым а псор Иеговэ и фІыгъэу зэрыщытыр. Ди зэфІэкІыр здынэсыр зэрытщІэжыр дэ къыддэІэпыкъунущ къыдгурыІуэну Иеговэ къыддэмыІэпыкъуу щытамэ, зыри зэрытхузэфІэмыкІынур (Флп. 4:13). Апхуэдэу щытщІэм деж дэ иджыри Хьисэ щапхъэ тыдох.
13. Иуан 5:19, 30 ит Хьисэ и псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?
13 Хьисэ гуэныхь хэмылъу щытами, ар и Адэм сыт щыгъуи щыгугът. (Къеджэ Иуан 5:19, 30.) Абы Иеговэ и тепщэныгъэр иубыдыну зэи хущІэкъуакъым. Хьисэ мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «Сэ сызыхуейр сщІэну аракъым уафэм сыкъыщІехар, атІэ сэ сыкъэзыгъэкІуар зыхуейр сщІэн щхьэкІэщ» (Ин. 6:38). Хьисэ Къуэ жыІэдаІуэт: абы и зэфІэкІым гъунэ зэриІэр къыгурыІуэт икІи и Адэм и тепщэныгъэм пщІэ хуищІт.
Хьисэ и тепщэныгъэм гъунэ зэриІэр къыгурыІуэт икІи ар абы зэи ебакъуэтэкъым. (14-нэ абзацым феплъ.)
14. Хьисэ унафэ ищІыну зыхуимыт Іуэхугъуэм теухуауэ къыщелъэІуам щыгъуэ, сыт абы ищІар?
14 Зы Іуэхугъуэ дигу къэдгъэкІыжынщ. Екъубрэ Иуанрэ я анэр я гъусэу Хьисэ зыгуэркІэ елъэІуат, ауэ а Іуэхугъуэм теухуауэ Хьисэ унафэ ищІыну хуитыныгъэ иІэтэкъым. Хьисэ абыхэм занщІэу яжриІащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм хэт ижьырабгъумкІэ, хэт сэмэгурабгъумкІэ тІысынуми унафэ зыщІыр Адэрауэ зэрыщытыр (Мт. 20:20—23). Апхуэдэу Хьисэ къигъэлъэгъуащ абы и тепщэныгъэм гъунэ зэриІэр. Абы и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжт икІи Иеговэ унафэ къыхуищІам зэи ар ебакъуэтэкъым (Ин. 12:49). Хьисэ щапхъэ дауэ тетх хъуну?
Хьисэ и зэфІэкІыр здынэсыр къыгурыІуэу зэрыщытам дауэ щапхъэ тетх хъуну? (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)c
15, 16. 1 Коринф 4:6 ит псалъэхэр дапхуэдэу къэдгъэсэбэп хъуну?
15 «Тхьэм и псалъэ тхахэм фатемыкІ» жыхуиІэ чэнджэщым дытету щытмэ, Хьисэ и зэфІэкІыр здынэсыр къыгурыІуэу зэрыщытам щапхъэ тыдох (1 Кор. 4:6). Абы къыхэкІкІэ чэнджэщ къыщытІахым деж дэ ди еплъыкІэм тедгъэчыныхь хъунукъым е япэу ди щхьэм къихьэр жытІэн хуейкъым. Абы ипІэкІэ цІыхум гу лъедгъэтэн хуейщ Библиемрэ ди тхыгъэхэмрэ ит чэнджэщхэм. Апхуэдэу щытщІэм деж ди зэфІэкІыр здынэсыр зэрытщІэжыр къыдогъэлъагъуэ — упщІэу хъуам я жэуапыр зэрыдмыщІэр икІи ЛъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхьым и чэнджэщхэр ди чэнджэщхэм нэхърэ зэрынэхъыфІыр (Апок. 15:3, 4).
16 Ди зэфІэкІыр здынэсыр зэрытщІэжыр къыддоІэпыкъу Иеговэ дгъэлъэпІэну. Ауэ а хьэл-щэныр зыхэдгъэлъын щІыхуейм и щхьэусыгъуэр а зыракъым. АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ Іэдэбагъымрэ ди зэфІэкІыр здынэсыр зэрытщІэжымрэ гуфІэгъуэ къызэрытхуахьым икІи нэгъуэщІхэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну къызэрыддэІэпыкъум.
ІЭДЭБАГЪЫМРЭ ДИ ЗЭФІЭКІЫР ЗДЫНЭСЫР ЗЭРЫТЩІЭЖЫМРЭ СЫТ ХУЭДЭ ФІЫГЪУЭХЭР КЪЫТХУАХЬРЭ?
17. Іэдэбагъымрэ ди зэфІэкІыр здынэсыр зэрытщІэжымрэ гуфІэгъуэ къыщІытхуахьыр сыт?
17 Іэдэбагъымрэ ди зэфІэкІыр здынэсыр зэрытщІэжымрэ гуфІэгъуэ къытхуахь. Сыт щхьэкІэ? Ди зэфІэкІыр здынэсыр тщІэжу щытмэ, нэгъуэщІхэр къызэрыддэІэпыкъур фІыщІэ тщІынущ. Дигу къэдгъэкІыжынщ, псалъэм папщІэ Хьисэ уэшын уз зыпкърыт лІипщІ щигъэхъужам щыгъуэ къэхъуар. А лІипщІым щыщу Хьисэ фІыщІэ хуищІыну зыращ къэзыгъэзэжар. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, абы къыгурыІуэт, Хьисэ мыхъуамэ, езым зэи зигъэхъужыну зэрыхузэфІэмыкІынур. А Іэдэбагъ зыхэлъ икІи зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж цІыхухъум къыхуащІар фІыщІэ ищІащ икІи абы щхьэкІэ Алыхьым щІыхь хуищІащ (Лк. 17:11—19).
18. Рим 12:10 ит чэнджэщыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур нэгъуэщІхэм дезэгъыну?
18 Іэдэбагъ зыхэлъ икІи зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж цІыхухэм я дежкІэ нэхъ тыншщ нэгъуэщІхэм езэгъыну икІи ныбжьэгъу къагъуэтыну. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, апхуэдэ цІыхухэм нэгъуэщІхэм дзыхь хуащІ икІи адрейхэм хьэл-щэн дахэхэр зэрахэлъыр къагуроІуэ. Ахэр мэгуфІэ къуэш, шыпхъухэм хъыбарыфІ гъэІунымкІэ ехъулІэныгъэ щаІэм деж, абы нэмыщІ я гум къыбгъэдэкІыу щотхъу икІи пщІэ хуащІу абыхэм хущытщ. (Къеджэ Рим 12:10.)
19. Пагагъэ тхэлъын щІыхуэмейм и щхьэусыгъуэр сыт?
19 ЦІыху пагэхэм я дежкІэ гугъущ нэгъуэщІхэм щытхъуну, абыхэм щытхъур езыхэм къалъысмэ нэхъ къащтэ. Абыхэм нэгъуэщІхэм зрагъэпщэну икІи пеуэну я хьэлщ. НэгъуэщІхэр ирагъэджэным икІи я къалэнхэмкІэ дэгуэшэным ипІэкІэ абыхэм жаІэ: «Зыгуэр фІыуэ пщІэну ухуеймэ, уэ езым щІэж». ЦІыху пагэм и нэхъыбэм деж нэгъуэщІхэм пщІэ лей зыхуригъэщІыну ифІэфІщ икІи фыгъуэныр хэлъщ (Гал. 5:26). Апхуэдэ цІыхухэм и нэхъыбэм деж ныбжьэгъугъэр яхуэхъумэкъым. Дэри пагагъэ гуэр тхэлъу гу зылъыттэжамэ, Иеговэ ди гупсысэкІэр зэрихъуэкІыну лъэІу гуащІэкІэ зыхуэдгъэзэн хуейщ. Апхуэдэу тщІэмэ, а хьэл-щэн Іейм ди гум лъабжьэ щищІынукъым (Рим 12:2).
20. Сыт дэ Іэдэбу икІи ди зэфІэкІыр здынэсыр тщІэжу дыщытын щІыхуейр?
20 Иеговэ щапхъэ дызэригъэлъагъур дэ фІыщІэшхуэ дощІ! Дэ долъагъу Иеговэ Іэдэбагъ хэлъу и лэжьакІуэхэм зэрыхущытыр икІи абы щапхъэ тетхыну дыхуейщ. Абы нэмыщІ Библиер щатха зэманым щыгъуэ Іэдэбагъ яхэлъу Иеговэ хуэлэжьахэм щапхъэ ятетхыну дыхуейщ. Аращи, ди Алыхьым пщІэрэ щІыхьрэ хуэдвгъэщІ. Ар абы хуэфащэщ (Апок. 4:11). Апхуэдэу тщІэмэ, игъащІэ псокІэ Иеговэ и ныбжьэгъуу дыщытыфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы цІыху Іэдэбхэмрэ зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэжхэмрэ фІыуэ елъагъу.
123-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и унафэм пэжу дытетщ
a Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхур нэгъуэщІхэм гущІэгъу хэлъу яхущытщ. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ Іэдэбагъ зыхэлъ Алыхьу жыпІэ хъунущ. Іэдэбагъ зыхэдгъэлъыну Иеговэ и щапхъэм дапхуэдэу дыхуигъасэми мы статьям дэ къыщытщІэнущ. Абы нэмыщІ ди зэфІэкІыр здынэсыр тщІэжу дыщытыным теухуауэ пащтыхь Щаул, бегъымбар Данил, Хьисэ Мэссихь сымэ я щапхъэхэм сытым дыхуагъасэми дегупсысынущ.
b СУРЭТЫР. ХъыбарыфІыр щыдгъэІу участокхэм кІэлъыплъыну къалэн зыхуащІа къуэш ныбжьыщІэм зэхуэсым и нэхъыжьыр доІэпыкъу, ар зэрищІыну щІыкІэр къыгурегъаІуэ. Абы иужь зэхуэсым и нэхъыжьыр къуэшым и къалэныр зэригъэзащІэ псом кІэлъыплъкъым.
c СУРЭТЫР. Шыпхъур члисэм щекІуэкІыну хьэгъуэлІыгъуэм кІуэ хъунрэ мыхъунрэ зэхуэсым и нэхъыжьым йоупщІ. Зэхуэсым и нэхъыжьым езым и еплъыкІэр жимыІэу, Библием ит принципхэр абы и гъусэу зэпкърех.