ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Сентябрь н. 2—7
  • Иеговэ Іэдэбагъ зыхэлъ и лэжьакІуэхэр лъапІэу елъытэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ Іэдэбагъ зыхэлъ и лэжьакІуэхэр лъапІэу елъытэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ІЭДЭБАГЪЫР СЫТ ЗИЩІЫСЫР?
  • СЫТ ІЭДЭБАГЪ ЗЫХЭТЛЪХЬЭН ЩІЫХУЕЙР?
  • ІЭДЭБАГЪ ТХЭЛЪРЭ ТХЭМЫЛЪРЭ СЫТ ХУЭДЭ ІУЭХУГЪУЭХЭМ КЪАГЪЭЛЪЭГЪУЭФЫНУ?
  • Алыхьым ифІэфІ хьэл-щэнхэр зыхэлъхьэ. Іэдэбагъ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2017
  • Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхуу ущыт, хьэмэрэ уцІыху пагэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Сентябрь н. 2—7

35 СТАТЬЯР

Иеговэ Іэдэбагъ зыхэлъ и лэжьакІуэхэр лъапІэу елъытэ

«Тхьэм... и нэфІ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым» (1 ПЕТ. 5:5).

120-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ и Іэдэбагъым щапхъэ тефх

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхум Иеговэ дауэ зэрыхущытыр? КъыдгурывгъаІуэ.

ІЭДЭБАГЪ зыхэлъ цІыхухэр Иеговэ фІыуэ елъагъу икІи апхуэдэ цІыхухэращ абы и ныбжьэгъуу щытыфынур. Ауэ «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цІыхум» (1 Пет. 5:5). Дэтхэнэ зыри дыхуейщ Иеговэ дгъэгуфІэну икІи езым фІыуэ дыкъызэрилъагъур зыхэтщІэну. Аращи, дэтхэнэ зыми Іэдэбагъ зыхэтлъхьэн хуейщ.

2. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?

2 Мы статьям упщІищ щызэпкърытхынущ: 1) Іэдэбагъыр сыт зищІысыр? 2) Сыт Іэдэбагъ зыхэтлъхьэн щІыхуейр? 3) Іэдэбагъ тхэлърэ тхэмылърэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм къагъэлъэгъуэфыну? Мы статьям къыдгуригъэІуэнущ Іэдэбагъ зыхэтлъхьэмэ, Иеговэ зэрыдгъэгуфІэнур ди гъащІэри нэхъыфІ зэрыхъунур (Прит. 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр; Ис. 48:17).

ІЭДЭБАГЪЫР СЫТ ЗИЩІЫСЫР?

3. Іэдэбагъыр сыт зищІысыр?

3 Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхур — пагэу икІи щхьэхуещэу щымытыращ. Библием къызэрыхэщымкІэ цІыху Іэдэбым ІупщІу къыгуроІуэ Иеговэ и пащхьэм сыт хуэдэ увыпІэ щиІэми икІи дэтхэнэ цІыхури езым нэхърэ зыгуэркІэ зэрынэхъыфІыр (Флп. 2:3, 4).

4, 5. Языныкъуэ цІыхухэм Іэдэбагъ яхэлъу ди гугъэми, сыт апхуэдэу щІыщымытынкІэ хъунур?

4 Языныкъуэхэр Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхуу япэщІыкІэ къыпщохъу. Апхуэдэ цІыхур щэхуу, укІытэхыу щытынкІэ хъунущ е адрейхэм пщІэ яхуищІу, гуапэу яхущыту ягъэсауэ щытынкІэ хъунущ. Ауэ ар пагэу къыщІэкІыфынущ. ИкІи гува-щІэхами абы и гум илъыр наІуэ мэхъу (Лк. 6:45).

5 НэгъуэщІ цІыхуи щыІэщ: укІытэу щымыт икІи и гум илъыр занщІэу жызыІэ. Ауэ апхуэдэхэр Іэмал имыІэу пагэу щыту жыпІэ хъунукъым (Ин. 1:46, 47). УкІытэхыу щымыт, псэлъэну зыфІэфІ цІыхур хуэсакъын хуейщ зэфІэкІ иІэхэм щыгугъыу пагэ мыхъуну. Сыт хуэдэ цІыхуу дыщымытми, дэтхэнэ зыми къару етхьэлІэн хуейщ Іэдэбагъ зыхэтлъхьэну.

В гостях у христианского брата апостол Павел общается со всеми, в том числе с детьми

Апостол Паул Іэдэбагъ хэлът икІи адрейхэм нэхърэ нэхъыфІу зилъытэжтэкъым. (6-нэ абзацым феплъ.)d

6. 1 Коринф 15:10 итым тепщІыхьмэ, апостол Паул и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

6 Паул и щапхъэр зэпкърытхынщ. Абы Иеговэ дэІэпыкъуэгъу къыхуэхъуурэ зэхуэсхэр иухуэу къалэ куэд къызэхикІухьащ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэ дэтхэнэ зы апостолым нэхърэ Паул хъыбарыфІ гъэІунымкІэ ехъулІэныгъэ нэхъыбэ иІауэ жыпІэ хъунущ. Ауэ Паул нэгъуэщІ къуэшхэм нэхърэ зыгуэркІэ нэхъыфІу зыкъилъытэжтэкъым. Абы Іэдэбагъ хэлъу жиІащ: «Апостолхэм ящыщу нэхъ цІыкІур сэращ, апостол къызжаІэнуи схуэфащэкъым: Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэр исхуэкІыу щытащ» (1 Кор. 15:9). Паул Иеговэ арэзы къыщІыхуэхъуар езым и хьэл-щэнхэмрэ ехъулІэныгъэ иІахэмрэ и фІыгъэтэкъым, атІэ ар зи фІыгъэр къимылэжьауэ Алыхьым и нэфІ къызэрыщыхуарат. Ар езы Паул къызэрыгурыІуэр итхахэм къыхэщт. (Къеджэ 1 Коринф 15:10.) Іэдэбагъ зэрызыхэдгъэлъыным теухуауэ Паул щапхъэфІ игъэлъэгъуащ: Коринф къалэм щыІэ зэхуэсым щыщ языныкъуэхэм Паул нэхърэ зыгуэркІэ нэхъыфІу загъэлъэгъуэну хэтами, абыхэм письмо щахуитхам щыгъуэ, Паул езым и щхьэм щытхъужакъым (2 Кор. 10:10).

Карл Клейн с женой Гретель

Карл Клейн — УнафэщІ гупым хэта Іэдэбагъ зыхэлъа къуэшщ. (7-нэ абзацым феплъ.)

7. ПщІэ зыпылъ къалэн куэд зыгъэзэщІа къуэшхэм Іэдэбагъ зэрагъэлъагъуэу щытам и щапхъэ къэфхь.

7 Иеговэ и Щыхьэт куэдым ягу ирохь УнафэщІ гупым хэта ди къуэш Карл Клейн и гъащІэм теухуауэ жиІэжам еджэну. Абы Іэдэбагъ хэлъу жиІэжат илъэс бжыгъэкІэ гугъуехь зыпэщІэхуахэм теухуауэ. Псалъэм папщІэ, Клейн 1922-нэ гъэм унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр япэ дыдэу игъэІуну кІуат, ауэ абы ар апхуэдизкІэ гугъуу къыщыхъуати, къыкІэлъыкІуэ илъэситІым зэи унэ-унэкІэ хъыбарыфІ гъэІуным хэтакъым. ИужькІэ ар Вефилым щылажьэу чэнджэщ къезыта къуэш гуэрым Іейуэ зыхуигъэгусат. Зэгуэрми абы «нервный срыв» жыхуаІэм хуэдэ иІауэ щытащ, ауэ Клейн абы пэлъэщащ. А псом емылъытауэ, абы пщІэ зыпылъ къалэн гъэщІэгъуэн куэд игъэзэщІащ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт пщІэ зыпылъ къалэн куэд зыгъэзащІэу щыта къуэшым сыт хуэдиз Іэдэбагъ хэлъын хуейми, ищІа щыуагъэхэр жиІэжын щхьэкІэ! Куэдым гуапэу ягу къагъэкІыж ди къуэш Клейн и гум къыбгъэдэкІыу и гъащІэм теухуауэ жиІэжахэрb.

СЫТ ІЭДЭБАГЪ ЗЫХЭТЛЪХЬЭН ЩІЫХУЕЙР?

8. Іэдэбагъым Иеговэ зэригъэгуфІэр къыдгурыІуэну 1 Петр 5:6 итыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

8 Іэдэбагъ зыхэтлъхьэн щІыхуейм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр — абыкІэ Иеговэ зэрыдгъэгуфІэращ. Ар апостол Петр къыдгуригъэІуащ. (Къеджэ 1 Петр 5:6.) Петр и псалъэхэм теухуауэ «Приходи и следуй за мной» тхылъым мыпхуэдэу итщ: «Пагагъэр щхъухьым хуэдэщ. Абы уегъэунэхъур. Уеблэмэ, зэфІэкІышхуэ зиІэ цІыхум Иеговэ и деж мыхьэнэ имыІэу а хьэл-щэным ещІ. Ауэ Іэдэбагъым цІыху къызэрыгуэкІхэр Иеговэ и деж лъапІэ ещІ. [...] Хьисэ Іэдэбагъ зэригъэлъэгъуам щхьэкІэ, Иеговэ ар игъэлъэпІащ. Иеговэ ифІэфІу фэри тыгъэ лъапІэ къывитынущ»c. Уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ бгъэгуфІэным нэхърэ нэхъыфІ зыри щыІэкъым! (Прит. 23:15, Гъэс.).

9. Іэдэбагъ зыгъэлъагъуэхэм сыт цІыхухэр щІыдихьэхыр?

9 Іэдэбагъ зыхэтлъхьэну дыхущІэкъумэ, Иеговэ зэрыдгъэгуфІэм нэмыщІ, абы дэри гуфІэгъуэ къытхуихьынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Іэдэбагъ зыгъэлъагъуэхэращ цІыхухэр дэзыхьэхыр. Апхуэдэу жыпІэ щІэхъуныр къывгурыІуэн щхьэкІэ абыхэм я пІэ зивгъэувэ (Мт. 7:12). Зыми игу ирихьу къыщІэкІынукъым езым жиІэм текІыну хуэмей икІи нэгъуэщІхэм жаІэм емыдаІуэ цІыхум иригъусэну. Ауэ дэ тфІэфІщ Библием ит мыпхуэдэ чэнджэщым тет къуэш, шыпхъухэм даригъусэну: «Зыр зым хуэгумащІэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фІыуэ фызэрылъагъуу, гущІэгъу фиІэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт» (1 Пет. 3:8). Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхухэм даригъусэну дэ дигу щрихькІэ, абыхэми я гуапэу ди гъусэу зэман ягъэкІуэнущ Іэдэбагъ тхэлъу щытмэ.

10. Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхур гугъуехьхэм нэхъ пэлъэщу сыт жыпІэ щІэхъунур?

10 Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхур гугъуехьхэм нэхъ полъэщыф. Дэ щІэх-щІэхыурэ дыпэщІохуэ хабзэншагъэм икІи захуагъэ зыхэмылъ Іуэхухэм. Іущагъышхуэ зыбгъэдэлъа пащтыхь Сэлмэн жиІат: «Сэ слъэгъуащ унэІутхэр шым тесу, ауэ пащтыхьхэр пщылІым хуэдэу лъэсу кІуэуэ» (Эккл. 10:7). ИкІи ар пэжщ, иныкъуэм деж зы Іуэху гуэрым теухуауэ гурыхуэу, акъылыфІэу щыт икІи зэфІэкІ зиІэ цІыхухэм пщІэ хуащІкъым, ауэ апхуэдэуи зэфІэкІ зимыІэхэм пщІэ нэхъ щыхуащІ щыІэщ. Дапхуэдэу мыхъуами, Сэлмэн къыгурыІуэт гъащІэмкІэ арэзыуэ ущытыныр зэрынэхъыфІыр, гъащІэм Іей хэтхэм уи щхьэр етауэ щытыным нэхърэ (Эккл. 6:9). Аращи, Іэдэбагъ тхэлъу щытмэ, ди гъащІэм къыщыхъу дигу иримыхь Іуэхугъуэхэм еплъыкІэ тэмэм худиІэнущ.

ІЭДЭБАГЪ ТХЭЛЪРЭ ТХЭМЫЛЪРЭ СЫТ ХУЭДЭ ІУЭХУГЪУЭХЭМ КЪАГЪЭЛЪЭГЪУЭФЫНУ?

Пожилой брат выслушивает более молодого брата, который говорит ему, в чем нужно исправиться

Мыпхуэдэ Іуэхугъуэм деж Іэдэбагъ зыхэбгъэлъыну сыт тыншу щІыщымытыр? (11, 12-нэ абзацхэм феплъ.)e

11. Чэнджэщ къыщыдатым деж, дапхуэдэу абы дызэрыхущытын хуейр?

11 Дэ махуэ къэс Іэмал куэд диІэщ Іэдэбагъ дгъэлъэгъуэну. Абыхэм щыщ языныкъуэхэр зэпкърытхынщ. Чэнджэщ къыщыдатым деж. Зыщывмыгъэгъупщэ: къыдэпсэлъэн щхьэкІэ зэман хухихыу зыгуэр къыдбгъэдыхьамэ, ди щыуагъэр дэ дызэригугъам хуэмыдэу нэхъ ину къыщІэкІынщ. Апхуэдэм деж чэнджэщ къыдатам мыхьэнэ едмыту цІыхур дгъэкъуаншэу щІэддзэнкІэ хъунущ е ар зэрыжиІа щІыкІэр дигу иримыхьынкІэ хъунущ. Ауэ Іэдэбагъ тхэлъмэ, ди щыуагъэхэр зэрыдагъэлъэгъужым тэмэму дыхущытынущ.

12. Притчи 27:5, 6 зэритымкІэ, чэнджэщ къыщыдатым деж, сыт ар фІыщІэ тщІын щІыхуейр? Щапхъэ къэфхь.

12 ЦІыху Іэдэбым чэнджэщ къыщратым деж, ар фІыщІэ ещІ. Мыпхуэдэ Іуэхугъуэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ: зэхуэсыр щІидзэн ипэ фэ къуэш, шыпхъухэм фепсалъэу фыздэщытым зыгуэрым лъэныкъуэкІэ фыІуешри къывжеІэ фи дзэм зыгуэр зэрыдэнар. Фэ, дауикІ, фыукІытэну къыщІэкІынщ, ауэ а цІыхум фІыщІэ хуэфщІынущ зыри жимыІэу къызэримыгъэнам щхьэкІэ. Фэ ар ипэІуэкІэ къывжаІамэ, нэхъ къэфщтэнут. Абы ещхьу, ди щыуагъэр къыджезыІа къуэш, шыпхъухэм Іэдэбагъ дгъэлъагъуэу фІыщІэ яхуэтщІын хуейщ. Ахэр дэ ди бийкъым, атІэ ди ныбжьэгъущ. (Къеджэ Притчи 27:5, 6, Гъэс.; Гал. 4:16.)

Пожилой брат и его жена слушают более молодого брата, который проводит встречу

Алыхьым и лэжьыгъэм пыщІауэ пщІэ зыпылъ къалэнхэр нэгъуэщІхэм щратым деж, Іэдэбагъ зыхэдгъэлъыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр? (13, 14-нэ абзацхэм феплъ.)f

13. ПщІэ зыпылъ къалэнхэр нэгъуэщІхэм щратым деж, дауэ Іэдэбагъ зэрыбгъэлъэгъуэнур?

13 ПщІэ зыпылъ къалэнхэр нэгъуэщІхэм щратым деж. Зэхуэсым и нэхъыжь Джейсон къыддогуашэ: «Къуэш гуэрым пщІэ зыпылъ къалэн иратауэ къыщысщІэм деж мыпхуэдэу сыщегупсыс щыІэщ: „Сэ сыткІэ сынэхъ Іей?“». Апхуэдэ гурыщІэхэр фэри фиІауэ пІэрэ зэгуэр? Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІауэ пщІэ зыпылъ къалэнхэм ухущІэкъуным зыри Іей хэлъкъым (1 Тим. 3:1). Ауэ ди гупсысэхэм дыкІэлъыплъын хуейщ. Дымысакъмэ, ди гум пагагъэм лъабжьэ щищІыфынущ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ и лэжьакІуэм къыщыхъункІэ хъунущ зы къалэн гуэр езым фІэкІ нэгъуэщІхэм яхуэмыгъэзэщІэну. Е къуэшым и щхьэгъусэр мыпхуэдэу егупсысыфынущ: «Сэ си лІым а къалэныр нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъыфІу игъэзэщІэфынущ». Дэ Іэдэбагъ тхэлъмэ, апхуэдэ гупсысэкІэ диІэнукъым.

14. НэгъуэщІхэм пщІэ зыпылъ къалэнхэр щратым деж, дапхуэдэут Мусэ абы зэрыхущытыр икІи абы и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

14 Дигу къэдгъэкІыжынщ нэгъуэщІхэм пщІэ зыпылъ къалэнхэр щратым деж, Мусэ дауэ абы хущытами. Абы лъапІэу илъытэт Иеговэ къалэн къритар — израил цІыхухэм я пашэу щытыну. Ауэ дауэ Мусэ зэрыхущытар, абы игъэзащІэ къалэнхэм щыщ гуэрхэр нэгъуэщІ цІыхухъухэм Иеговэ зэрыритам? Абы а къалэнхэр езым нэмыщІ нэгъуэщІхэм зыми ягъэзэщІэн хуэмейуэ къилъытакъым (Чис. 11:24—29). Абы нэмыщІ лъэпкъым и унафэ щищІым деж нэгъуэщІхэр зэрызыдигъэІэпыкъуамкІэ Мусэ Іэдэбагъ игъэлъэгъуащ (Исх. 18:13—24). Абы и фІыгъэкІэ Израилым Іуэхухэр зэхэзыгъэкІ цІыхухъухэр нэхъыбэ хъуащ. Абы къыхэкІкІэ я Іуэхур зэхагъэкІыным цІыхухэр куэдрэ пэплъэн хуэмейуэ хъуащ. Зэрытлъагъущи, Мусэ езым и увыпІэр япэ иригъэщтэкъым, атІэ нэгъуэщІхэм яфІ къилъыхъуэт. Сыту щапхъэфІ къытхуигъэна Мусэ! Иеговэ и лэжьыгъэм сэбэп дыщыхъуну дыхуеймэ, зыщыдгъэгъупщэнкъым: псом нэхъапэр зэфІэкІ диІэхэракъым, атІэ Іэдэбагъ зэрытхэлъыращ. Библием щыжыІащ: «Тхьэм... и нэфІ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым» (1 Пет. 5:5).

15. Сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэм пэщІэхуа ди къуэш, ди шыпхъу куэдыр?

15 ГъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыщыхыхьэм деж. Иужьрей илъэсхэм Иеговэ и лэжьыгъэм куэд щІауэ хэт къуэш, шыпхъу куэдым ягъэзащІэ къалэнхэм зихъуэжащ. Апхуэдэу, 2014-нэ гъэм областым и нэхъыжьхэмрэ абыхэм я щхьэгъусэхэмрэ нэгъуэщІ полновременнэ лэжьыгъэм хэтыну къыхураджащ. А гъэ дыдэм унафэ ящІащ районым и нэхъыжьхэр илъэс 70 хъумэ икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм я координаторхэр илъэс 80 хъумэ ягъэзащІэ къалэнхэр къагъэнэн хуейуэ. Абы нэмыщІ Вефилым щылажьэ куэдым а лэжьыгъэр къагъанэу, хъыбарыфІыр ягъэІуну ягъэкІуащ. Зыгуэрхэми полновременнэ лэжьыгъэр къагъэнэн хуей хъуащ я узыншагъэр зэрымыщІагъуэжым щхьэкІэ, унагъуэ Іуэхухэм къыхэкІкІэ е нэгъуэщІ Іуэхухэм щхьэкІэ.

16. Къуэш, шыпхъухэм я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыщыхыхьам щыгъуэ, дауэ Іэдэбагъ зэрызыхагъэлъар?

16 А къуэш, шыпхъухэм я дежкІэ тынштэкъым апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр ящІыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм я лэжьыгъэр фІыуэ ялъагъут икІи языныкъуэхэр абы куэд щІауэ хэтт. Абы къыхэкІкІэ къуэш, шыпхъухэм я дежкІэ егъэлеяуэ гугъут я лэжьыгъэр къагъэнэну. Ауэ хуэмурэ ахэр зэхъуэкІыныгъэхэм есащ. Сыт абыхэм къадэІэпыкъуар? Псом япэрауэ, Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэращ. Абыхэм я гъащІэр лэжьыгъэ гуэркъым зи ІэмыщІэ иралъхьар, атІэ Иеговэщ (Кол. 3:23). Иеговэ сыт хуэдэ къалэн къаримытами, гуфІэгъуэ абы хахыу икІи Іэдэбагъ яхэлъу абыхэм ар ягъэзащІэ. Абыхэм я «гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм» ирахьэлІэ, абы и нэІэ къазэрытригъэтыр ящІэу (1 Пет. 5:6, 7).

17. Іэдэбагъ зыхэдгъэлъыну Алыхьым дызэрыхуигъэушыр сыт дэ фІыщІэ щІэтщІыр?

17 Дэ Алыхьым фІыщІэ худощІ Іэдэбагъ зыхэдгъэлъыну абы и Псалъэм дызэрыхуигъэушым щхьэкІэ. Іэдэбагъ тхэлъмэ, адрейхэм яфІэфІынущ ди гъусэну. Іэдэбагъыр дыкъэзыухъуреихь цІыхухэм нэмыщІ, дэ езыми сэбэп къытхуохъу. А хьэл-щэным и фІыгъэкІэ гугъуехьхэм дыпэлъэщыну нэхъ тынш мэхъу. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр Іэдэбагъым и фІыгъэкІэ уафэм щыІэ ди Адэм нэхъ гъунэгъу дызэрыхуэхъуращ. Дэ хуабжьу дрогуфІэ «зи щІыхьыр ин» Алыхь Иеговэ дэ, Іэдэбагъ зыхэлъ и лэжьакІуэхэр, фІыуэ дыкъызэрилъагъум икІи лъапІэу дызэрилъытэм! (Ис. 57:15).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Іэдэбагъыр сыт зищІысыр?

  • Сыт Іэдэбагъ зыхэтлъхьэн щІыхуейр?

  • Іэдэбагъ тхэлърэ тхэмылърэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм къагъэлъэгъуэфыну?

36-НЭ УЭРЭДЫР Уи гур хъумэ

a Дэ псоми Іэдэбагъ зыхэдгъэлъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ауэ Іэдэбагъыр сыт зищІысыр? Сыт Іэдэбагъ зыхэтлъхьэн щІыхуейр? ИкІи ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыщыхыхьэм деж, дауэ абы Іэдэбагъ тхэлърэ тхэмылърэ къызэригъэлъэгъуэфынур?

b 1984-нэ гъэм, жэпуэгъуэм и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Иегова „воздает мне добром“» жыхуиІэ статьям феплъ (англ.), абы нэмыщІ 2001-нэ гъэм, накъыгъэм и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Иегова так милостив ко мне!» жыхуиІэ статьям феплъ.

c 3-нэ псалъащхьэм и 23-нэ абзацым феплъ.

d СУРЭТЫР. Хьисэ и лъэужь ирикІуэ къуэшым деж апостол Паул хьэщІапІэ щыІэщ. Абы Іэдэбагъ хэлъу псоми йопсалъэ, балигъхэми сабийхэми.

e СУРЭТЫР. Зи ныбжь хэкІуэта къуэшыр ныбжькІэ нэхъ щІалэ къуэшым Библием тегъэщІауэ чэнджэщ къритым йодаІуэ.

f СУРЭТЫР. А зи ныбжь хэкІуэта къуэшыр ныбжькІэ нэхъ щІалэ къуэшым ефыгъуэкъым пщІэ зыпылъ къалэн зэхуэсым щигъэзэщІэну зэрыратам щхьэкІэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын