ДИ ГЪАЩІЭР
Алыхьым ифІэфІ хьэл-щэнхэр зыхэлъхьэ. Іэдэбагъ
МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР
Іэдэбагъыр къыддоІэпыкъу Иеговэ гъунэгъу дыхуэхъуну (Пс 138:6).
Іэдэбагъыр нэгъуэщІхэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну къыддоІэпыкъу (Фп 2:3, 4).
ДАУЭ ЗЭРЫЗЫХЭПЛЪХЬЭНЫР?
Сыт хуэдэ лэжьыгъэ къыуамытами, ар зэрыбгъэзэщІэным иужь ит (Мт 20:25—27).
ЗэфІэкІ уиІэхэм щхьэкІэ е къыпхуагъэфэща къалэнхэм щхьэкІэ укъызэрызыфІэмыщІыжыным кІэлъыплъ (Рм 12:3).
Дауэ сэ Іэдэбагъ зэрысхэлъыр иджыри зэрызгъэлъэгъуэфыныр?
«ИЕГОВЭ ПЭЖУ ДЫХУЭЛЭЖЬЭНУ ЗЭРАН КЪЫТХУЭХЪУ ПСОМИ ЗЫЩЫФХЪУМЭ. ПАГАГЪЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Чэнджэщ къыдатам дызэрыхущытым Іэдэбагъ тхэлърэ тхэмылърэ къигъэлъагъуэу сыт жыпІэ щІэхъуныр?
Дауэ тхьэлъэІур къызэрыддэІэпыкъур Іэдэбагъ зыхэтлъхьэну?
Сыт хуэдэ Іэмалхэр диІэ Іэдэбагъ дгъэлъэгъуэну?