ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Август н. 20—25
  • ФІыуэ плъагъу лэжьыгъэр къэбгъэнэн щыхуейм деж

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ФІыуэ плъагъу лэжьыгъэр къэбгъэнэн щыхуейм деж
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ГЪАЩІЭМ ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭ КЪЫХЫХЬЭХЭМ ДЕСЭНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?
  • НЭГЪУЭЩІХЭР ДАПХУЭДЭУ ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ЗЭРЫХЪУФЫНУР?
  • АДЭКІИ КЪАРУ ЕФХЬЭЛІЭ
  • ЦІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан и щапхъэр къыддоІэпыкъу гуфІэгъуэр тфІэмыкІуэдыну
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Август н. 20—25

34 СТАТЬЯР

ФІыуэ плъагъу лэжьыгъэр къэбгъэнэн щыхуейм деж

«Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Іуэхур щыгъупщэнукъым. ...Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фІылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым» (ЕВР. 6:10).

38-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1—3. Полновременнэ лэжьыгъэм хэтхэм иныкъуэм деж сыт я лэжьыгъэр къагъэнэн хуей щІэхъур?

«ДЭ МИССИОНЕР лэжьыгъэм илъэс 21-кІэ дыхэтащ. Ар зэманыфІ дыдэт,— ягу къагъэкІыж Ро́бертрэ Мэ́ри-Джорэ.— Ауэ зи ныбжь хэкІуэта ди адэ-анэхэм дакІэлъыплъыжын хуей хъуащ. Дэ абыхэм дакІэлъыплъыну ди гуапэт, ауэ фІыуэ тлъагъуа щІыпІэр къэдгъэнэну дыхуейтэкъым».

2 «Ди узыншагъэм кІэричу зэрыхъуам къыхэкІкІэ адэкІэ Иеговэ и организацэм щыдгъэзащІэ лэжьыгъэм дызэрыхэмытыжыфынур къыщытщІам, ди нэпсхэр тхуэІыгъакъым,— къыддогуашэ Уи́льямрэ Те́ррирэ.— Дэ сыт щыгъуи дыхуейт нэгъуэщІ къэралхэм Иеговэ дыщыхуэлэжьэну, ауэ иджы апхуэдэ Іэмал диІэжтэкъым».

3 «Дэ тщІэт ди филиалыр зэхуащІыну къэрал унафэщІхэр зэрыхуейр,— жеІэ Алексей.— Ауэ Вефилыр зэхуащІу, ар къэдгъэнэн хуей зэрыхъуар хуабжьу дигу къеуащ».

4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

4 Вефилым щылажьэ икІи полновременнэ лэжьыгъэр зыгъэзащІэ куэдым жаІэжыфынущ апхуэдэ гуэр я гъащІэм къыщыхъуауэ. А къуэш, шыпхъухэм я деж тынштэкъым фІыуэ ялъэгъуа я лэжьыгъэр къагъэнэнуb. Абыхэм я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьахэм есэн щхьэкІэ сыт къадэІэпыкъунур? Фэ дауэ абыхэм фазэрыдэІэпыкъуфынур? Мы упщІэхэм я жэуапыр дэ псоми къыддэІэпыкъунущ дыхуэмыхьэзыру ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм десэну.

ГЪАЩІЭМ ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭ КЪЫХЫХЬЭХЭМ ДЕСЭНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?

Супруги-миссионеры вынуждены оставить свое служение. Они в слезах прощаются с собранием

Полновременнэ лэжьыгъэр зыгъэзащІэхэм я дежкІэ сыт гугъуу щІыщытыфынур я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм есэну? (5-нэ абзацым феплъ.)e

5. НэгъуэщІыпІэ дызэрыІэпхъуэжам къыхэкІкІэ сыт хуэдэ гугъуехьхэр диІэнкІэ хъуну?

5 Дапхуэдэу Иеговэ дыхуэмылажьэми — Вефилым дыщыІэми е унэ-унэкІэ хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтми фІыуэ тлъагъуа дызигъусэ цІыхухэмрэ дыздэщыІэ щІыпІэмрэ къэдгъэнэн ди гум пымыкІынкІэ хъунущ. Аращи, дызэса щІыпІэмрэ фІыуэ тлъагъуа цІыхухэмрэ къэдгъанэу дызэрыІэпхъуэр хуабжьу дигу къеуэнкІэ хъунущ. Алыхьым дызэрыхуэлажьэм зэран хуэхъуну яхуейуэ дыкъызэрырахуэкІым щхьэкІэ нэгъуэщІыпІэ дыІэпхъуэмэ, къэдгъанэ цІыхухэм щхьэкІэ нэхъ дыгузэвэнкІэ хъунущ (Мт. 10:23; 2 Кор. 11:28, 29). Абы нэмыщІ щІэуэ лэжьыгъэ диІэри унэм зэрыдгъэзэжари къыдэгугъуэкІынкІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а щІыпІэм къыщекІуэкІ хабзэхэм аргуэру десэн хуейщ. «Дэ дыкъыщыхъуа щІыпІэм къыщекІуэкІ хабзэхэм дыщыужат. Уеблэмэ, ди бзэкІэ хъыбарыфІыр дгъэІуу десэжын хуейт. Ди къэралым дыщыхамэу къытщыхъут»,— жаІэж Робертрэ Мэри-Джорэ. Іэпхъуэжа иужь языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм ахъшэм пыщІа гугъуехь яІэ мэхъу. Абы къыхэкІкІэ ахэр Іэнкун хъууэ гушхуэныгъэ яфІэкІуэдынкІэ хъунущ. Сыт-тІэ абыхэм къадэІэпыкъунур?

Вернувшись на родину, супруги настойчиво просят Иегову помочь им справиться с новыми трудностями

Мыхьэнэшхуэ иІэщ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр быдэу тхъумэным икІи абы сыт щыгъуи дзыхь хуэтщІыным. (6, 7-нэ абзацхэм феплъ.)f

6. Иеговэрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр дапхуэдэу зэрыфхъумэнур?

6 Иеговэрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр фхъумэ (Екъуб 4:8). Дапхуэдэу? «ТхьэлъэІухэм едаІуэм» фи гурыщІэхэр хуэфІуатэ (Пс. 65:2). 1 Петр 5:7 зэритым хуэдэу «фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ». Иеговэ «дызэрелъэІуфынухэмрэ дызэгупсысыфынухэмрэ нэхърэ егъэлеяуэ нэхъыбэж ищІыфынущ» (Еф. 3:20). Дэ Алыхьым зыхуэдгъазэу, дызэрелъэІуа закъуэракъым къытхуищІэр, атІэ дызэримыгугъа щІыкІэкІэ ди гугъуехьхэр зэхигъэкІыфынущ.

7. 1) Иеговэрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр быдэу къэнэн щхьэкІэ сыт фщІэ хъунур? 2) Еврейхэм 6:10—12 зэритымкІэ, адэкІи Иеговэ пэжу дыхуэлэжьэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

7 Иеговэрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр быдэу къэнэн щхьэкІэ махуэ къэс Библием феджэ икІи фызэджам куууэ фегупсыс. Миссионер лэжьыгъэр зыгъэзащІэу щыта ди зы къуэшым жеІэж: «АдэкІи унагъуэм зэгъусэу Библиер вджы икІи зэІущІэхэм зыхуэвгъэхьэзыр. Фи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхэмыхьэ щІыкІэ фызытета графикым фытет». Абы нэмыщІ зэхуэсыщІэм и гъусэу хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру фыхэт. Иеговэ пэжу къыхуэлажьэхэр щыгъупщэкъым, уеблэмэ, япэм ящІэу щытам хуэдиз зыхуэмыщІэжхэри. (Къеджэ Еврейхэм 6:10—12.)

8. 1 Иуан 2:15—17 итыр мылъку зэгъэпэщыным фыхущІэмыкъуну дапхуэдэу сэбэп къызэрыфхуэхъунур?

8 Мылъку зэгъэпэщыным фыхущІэмыкъу. «Мы дунейм щызекІуэ гугъуехьхэр», нэгъуэщІу жыпІэмэ цІыхухэр щІэгузавэ Іуэхугъуэхэр Иеговэ фызэрыхуэлажьэм зэран хуэвмыгъэхъу (Мт. 13:22). Фэр щхьэкІэ гузавэу фи ныбжьэгъухэм икІи Іыхьлыхэм фыхуагъэушынкІэ хъунущ фи псэукІэр нэхъыфІ фщІын щхьэкІэ ахъшэ нэхъыбэ къэвлэжьыну, ауэ апхуэдэ еплъыкІэр зэран зыхуэвмыгъэхъу. (Къеджэ 1 Иуан 2:15—17.) Иеговэ дзыхь хуэфщІ, абы дыкъегъэгугъэ и зэманым дызыхуэныкъуэу хъуар къыдитыну. Ар къыддэІэпыкъунущ ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытыну, гузэгъэгъуэр тфІэмыкІуэдыну икІи дызэрыпсэун диІэну (Евр. 4:16; 13:5, 6).

9. Притчи 22:3, 7 зэритымкІэ, узыхуэмыныкъуэ щІыхуэ къэпщтэн щІыхуэмейр сыт? Унафэ пэж тщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?

9 Фыхуэмыныкъуэу щытмэ, щІыхуэ къэвмыщтэ. (Къеджэ Притчи 22:3, 7, Гъэсэпэтхыдэхэр.) НэгъуэщІыпІэ фыщыІэпхъуэжым деж, абы ахъшэ куэд текІуэдэнкІэ хъунущ, абы къыхэкІкІэ фемыгупсысу щІыхуэ къэфщтэнкІэ хъунущ. Аращи, фызыхуэмыныкъуэ хьэпшып кредиту къэвмыщтэ. Стресс ущиІэм деж (псалъэм папщІэ, сымаджэ хъуа уи Іыхьлы гуэрым укІэлъыплъын хуеймэ) дапхуэдиз ахъшэ щІыхуэу къэпщтэнуми унафэ пщІыну гугъущ. Апхуэдэм деж, зыщывмыгъэгъупщэ: Алыхьым фызэрелъэІур, лъэІу гуащІэкІэ зэрызыхуэвгъазэр къывдэІэпыкъунущ унафэ пэж фщІыну. Иеговэ фи лъэІум жэуап къритынурэ, фи гум гузэгъэгъуэ кърилъхьэнущ икІи а гузэгъэгъуэм «фигури фи гупсысэхэри... къихъумэнущ» (Флп. 4:6, 7; 1 Пет. 5:7).

10. Дапхуэдэу ныбжьэгъущІэхэр къызэрыбгъуэтынур?

10 Фи ныбжьэгъухэм икІи фи унагъуэм щыщхэм хувиІэ зэхущытыкІэр фхъумэ. Фи гурыщІэхэмкІэ икІи гугъуехьхэмкІэ фи ныбжьэгъухэм фадэгуашэ, псом хуэмыдэу апхуэдэ гуэрым пэщІэхуахэм. Ар къывдэІэпыкъунущ гупсэхугъуэ зэвгъэгъуэтыжыну (Эккл. 4:9, 10). НэгъуэщІыпІэ фымыІэпхъуэ щІыкІэ ныбжьэгъу зэвгъэгъуэтахэр адэкІи фи ныбжьэгъуу щытынущ, ауэ иджы щІыпІэ фыздэщыІэм ныбжьэгъущІэхэр къыщывгъуэтын хуейщ. Зыщывмыгъэгъупщэ: ныбжьэгъу фиІэн щхьэкІэ фэ езыр ныбжьэгъуфІу фыщытын хуейщ. Дауэ-тІэ ныбжьэгъу къызэрывгъуэтынур? Иеговэ и лэжьыгъэм фызэрыхэтым гуфІэгъуэ къыфхуихьымкІэ къуэш, шыпхъухэм фадэгуашэ. Зэхуэсым щыщ языныкъуэхэм полновременнэ лэжьыгъэм фыхэтыну фигу щІрихьыр къагурымыІуэнкІэ хъунущ, ауэ нэгъуэщІхэм фи щапхъэр яфІэгъэщІэгъуэн хъууэ, ныбжьэгъу къыфхуэхъуфынущ. Зыщывмыгъэгъупщэ фысакъын зэрыхуейр гулъытэ куэд зыхуевмыгъэщІын щхьэкІэ икІи фи гугъуехьхэм фІэкІ фытемыпсэлъыхьын щхьэкІэ.

11. Сыт хуэдэ еплъыкІэм ухуэсакъын хуей уи щхьэгъусэмрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэІымыхьэн щхьэкІэ?

11 Фи щхьэгъусэр сымаджэ зэрыхъуам къыхэкІкІэ вгъэзащІэ лэжьыгъэр къэвгъэнамэ е нэгъуэщІыпІэ фыІэпхъуэн хуей хъуамэ, ар фымыгъэкъуаншэ. Абы нэмыщІ сымаджэ хъуар фэрауэ щытмэ, ар фи къуаншагъэу икІи фи щхьэгъусэр а лэжьыгъэм зэрыхэмытыжыр фи ягъэу фемыгупсыс. Зыщывмыгъэгъупщэ фэ «тІури зыпкъыу» фызэрыщытыр икІи фэ Иеговэ къызэрывгъэгугъуар щІэгъэкъуэн фызэхуэхъуну — гуауэми гуфІэгъуэми (Мт. 19:5, 6). Сабий зэвгъэгъуэтыну мурад фимыІами, сабий фиІэ зэрыхъуам къыхэкІкІэ фи лэжьыгъэр къэвгъэнэн хуей хъуамэ, сабийм зыхевгъащІэ фи дежкІэ ар сыт хуэдэ лэжьыгъэм нэхъри зэрынэхъ лъапІэр. Фи сабийм къыгурывгъаІуэ ар «Иеговэ къыбгъэдэкІ щІэину» зэрыщытыр (Пс. 127:3—5). Иеговэ и организацэм щывгъэзащІэу щыта лэжьыгъэр гъэщІэгъуэну зэрыщытар жефІэж. Ар абы къыдэІэпыкъунущ Алыхьым хуэлэжьэну апхуэдэ мурадхэр игъэувыну.

НЭГЪУЭЩІХЭР ДАПХУЭДЭУ ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ЗЭРЫХЪУФЫНУР?

12. 1) Полновременнэ лэжьыгъэр зыгъэзащІэхэм дапхуэдэу фадэІэпыкъу хъуну, ахэр адэкІи я лэжьыгъэм хэтын щхьэкІэ? 2) Фи деж къызэрыІэпхъуар нэхъ тынш ящыфщІын щхьэкІэ сыт фщІэ хъунур?

12 Зэхуэс куэдым икІи языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм къарууэ яІэр ирахьэлІэ полновременнэ лэжьыгъэр зыгъэзащІэхэр зэрыхъукІэ нэхъыбэрэ я лэжьыгъэм хэтын щхьэкІэ. Абыхэм а къуэш, шыпхъухэр хуагъэуш я лэжьыгъэм адэкІи хэтыну, ахъшэкІэ доІэпыкъу, зыхуэныкъуэ хьэпшып ират икІи жыжьэ псэу я Іыхьлыхэм кІэлъыплъыну доІэпыкъу. Организацэм апхуэдэу зыр зым зэрыдэІэпыкъум уи гур хегъахъуэ (Гал. 6:2). Япэм нэгъуэщІ къалэн зыгъэзащІэу щыта полновременнэ лэжьыгъэм хэт къуэш е шыпхъу фи зэхуэсым къагъэкІуауэ щытмэ, фемыгупсыс абы и лэжьыгъэр хуэмыгъэзэщІауэ е къуаншагъэ гуэр ищІауэc. Фи деж къызэрыІэпхъуар нэхъ тынш зэрыщыфщІыным иужь фит. Ар къызэрыкІуар фи гуапэу зэрыщытыр къевгъащІэ. Узыншагъэ быдэ зэримыІэжым къыхэкІкІэ япэм ищІэу щытам хуэдиз хузэфІэмыкІыжми, псэемыблэжу Иеговэ зэрыхуэлажьэм щхьэкІэ фыщытхъу. Ар нэхъыфІу зэвгъэцІыху. Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм куэд ялъэгъуащ икІи щІэныгъэшхуэ ябгъэдэлъщи, абыхэм куэдым фыхуагъэсэфынущ.

ЗЭХУЭСЫР ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ЗЭРЫХЪУФЫНУР

Брат помогает супругам с бумагами

Фи деж къэІэпхъуахэм ІуэхукІэ фадэІэпыкъу. (13-нэ абзацым феплъ.)

Местная сестра пригласила на изучение сестру, которая раньше служила миссионером

ХъыбарыфІыр щывгъэІукІэ ахэр здэфшэ. (14-нэ абзацым феплъ.)

13. Фи зэхуэсым къагъэкІуа къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу фазэрыдэІэпыкъу хъунур?

13 НэгъуэщІыпІэ Іэпхъуэхэр хуэныкъуэщ лэжьыгъэ, зыщІэсын унэ, машинэ, нэгъуэщІ хьэпшыпхэми. Абыхэм фадэІэпыкъуфыну пІэрэ? Абы нэмыщІ упщІэ яІэхэмкІэ уадэІэпыкъу хъунущ. Псалъэм папщІэ, налогхэр дапхуэдэу ятынуми е страховкэ дапхуэдэу ирагъэщІынуми. Ахэр нэхъыбэу зыхуэныкъуэр гущІэгъу къыхуащІыныракъым, атІэ зэхэщІыкІ хэлъу къахущытыныращ. Ахэр гузавэу щытынкІэ хъунущ езыхэр е я Іыхьлыхэм щыщ гуэр сымаджэ зэрыхъуам щхьэкІэ. Е фІыуэ ялъагъу гуэр лІэныгъэм зэрыІэщІихам щхьэкІэ гуауэ яІэнкІэ хъунущd. Абы нэмыщІ абыхэм зыри жамыІэми, къагъэнэн хуей хъуа я ныбжьэгъухэр я гум къызэрыкІым щхьэкІэ нэщхъеинкІэ хъунущ. Абыхэм зэман яхуейщ я гурыщІэ хьэлъэхэм пэлъэщын щхьэкІэ.

14. Ди зы шыпхъур здэІэпхъуа щІыпІэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэр дауэ къызэрыдэІэпыкъуар а щІыпІэм хъыбарыфІыр щигъэІуу есэну?

14 Фи щапхъэмрэ щІэгъэкъуэн фазэрыхуэхъумрэ фи деж къэІэпхъуахэм къадэІэпыкъунущ фи щІыпІэм есэну. НэгъуэщІ къэралым илъэс куэдкІэ хъыбарыфІыр щызыгъэІуа ди шыпхъум жеІэ: «Япэм сэ махуэ къэс Библием зыгуэр езгъаджэт, ауэ сыздэІэпхъуа щІыпІэм Библием ит пычыгъуэ е видеоролик цІыхухэм езгъэлъэгъуну хъутэкъым. Мы щІыпІэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм цІыхухэм я деж щытрагъэзэжкІэ е Библием щрагъаджэкІэ сыкърагъэблагъэт. Жыджэру икІи лІыгъэ яхэлъу а къуэш, шыпхъухэм ехъулІэныгъэ яІэу цІыхухэр Библием зэрырагъаджэр къыздэІэпыкъуащ сыздэщыІэ щІыпІэм еплъыкІэ тэмэм хузиІэну. Сэ мы щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм сепсэлъэфу зезгъэсащ. Абы и фІыгъэкІэ хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ къысхуихьу хъужащ».

АДЭКІИ КЪАРУ ЕФХЬЭЛІЭ

На территории нового собрания супруги проповедуют иммигрантам. Им пригождается знание языка, который они выучили, когда служили миссионерами

ЩІыпІэ фыздагъэкІуам хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу фызэрыхэтыным фыхущІэкъу. (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)g

15. Сыт къывдэІэпыкъунур зэхуэс фыздагъэкІуам и гъусэу ехъулІэныгъэ фиІэу хъыбарыфІ гъэІуным фыхэтыну?

15 Фэ зэхуэсыщІэ фыздагъэкІуам ехъулІэныгъэхэр фыщиІэфынущ. НэгъуэщІ къалэн къызэрыватам щхьэкІэ фимыгугъэ фи лэжьыгъэр тэмэму фхуэмыгъэзэщІауэ е фэ иджы зыри фримыщІысу. Иеговэ къызэрывдэІэпыкъум гу зэрылъыфтэным иужь фит икІи адэкІи хъыбарыфІ гъэІуным фыхэт. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм щапхъэ тефх. Абыхэм сыт къэмыхъуами «хъыбарыфІыр яІуатэрт» (Апост. 8:1, 4). Фэ къару ефхьэлІэм ехъулІэныгъэ къыпэкІуэнущ. Псалъэм папщІэ, зы къэрал гуэрым хъыбарыфІыр ягъэІуну пионерхэр ягъэкІуауэ щыІэт. Ауэ ахэр а къэралым кърахужати, абы и гъунэгъу къэралым кІуащ икІи а щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм я бзэр зэращІэр къахуэсэбэпащ. Мазэ бжыгъэ фІэкІа дэмыкІыу ахэр здэкІуа щІыпІэм а бзэмкІэ зэІущІэхэр щрагъэкІуэкІыу хъуащ икІи абыхэм сыт щыгъуи хэхъуэ яІэт.

16. ЩІэуэ къалэн фиІэр фІыуэ флъагъуну сыт къывдэІэпыкъунур?

16 Неемия 8:10 щыжыІащ: «Иеговэ къыбгъэдэкІ гуфІэгъуэр — фэ фи быдапІэщ». Фи гуфІэгъуэр япэ дыдэу зэпхауэ щытын хуейр лэжьыгъэ вгъэзащІэракъым, ар фи дежкІэ дапхуэдизу лъапІэу щымытми, атІэ Иеговэ фызэрыхуэлажьэращ. Иеговэ адэкІи и гъусэу фыщыт, абы фелъэІу чэнджэщрэ гупсэхугъуэрэ къывитыну икІи къывдэІэпыкъуну. Зыщывмыгъэгъупщэ: фэ къалэн вгъэзащІэу щытар фІыуэ щІэфлъагъуар гурэ псэкІэ цІыхухэм фадэІэпыкъуну фыхуейти арат. Иджы щІэуэ къалэн фиІэр фи гум къыбгъэдэкІыу вгъэзащІэмэ, Іэмал имыІэу ари фІыуэ флъагъунущ икІи абыкІэ Иеговэ къывдэІэпыкъунущ (Эккл. 7:10).

17. Сыт зыщыдгъэгъупщэ мыхъунур?

17 Зыщывмыгъэгъупщэ: дэ Иеговэ игъащІэ псокІэ дыхуэлэжьэнущ, ауэ къалэн дгъэзащІэр зэман гуэркІэщ зэрыщыІэнур. ДунеищІэм дэ псоми къалэныщІэхэр диІэнущ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Алексей шэч къытрихьэкъым и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм абы зэрыхуагъэхьэзырым. Алексей жеІэ: «Иеговэрэ дунеищІэр зэрыщыІэнумрэ сэ сыт щыгъуи си фІэщ хъут, зэхъуэкІыныгъэ къэхъунухэр жыжьэу къысщыхъуми, ауэ иджыщ сэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу сыщыхуэхъуар икІи дыкъызэригъэгугъа дунеищІэр къэсыным зэман мащІэ дыдэ къызэрынэжар нэхъ щызыхэсщІар» (Апост. 2:25). Сыт хуэдэ къалэн дымыгъэзащІэми Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр быдэу щытыным дыхущІэвгъэкъу. Ар сыт щыгъуи ди гъусэнущ икІи дгъэзащІэ лэжьыгъэмрэ къару диІэмрэ емылъытауэ, гуфІэгъуэ диІэну къыддэІэпыкъунущ (Ис. 41:13).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Ди гъащІэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэм десэну сыт къыддэІэпыкъунур?

  • Ди щІыпІэм хъыбарыфІыр щагъэІуну къагъэкІуахэм дауэ дазэрыдэІэпыкъунур?

  • Иеговэ адэкІи дыхуэлэжьэну сыт къыддэІэпыкъунур?

90-НЭ УЭРЭДЫР Зым зыр вгъэгушхуэ

a Иныкъуэм деж къуэш, шыпхъухэм полновременнэ лэжьыгъэр къагъэнэн хуей мэхъу е нэгъуэщІыпІэ Іэпхъуэн хуей мэхъу. Мы статьяр топсэлъыхь ахэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм, абы нэмыщІ я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьахэм есэн щхьэкІэ сэбэп къахуэхъуну чэнджэщхэм. Иджыри дэ къэтщІэнущ апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу дадэІэпыкъу хъунуми. Мы статьям ит принципхэр псоми къыддэІэпыкъунущ дыхуэмыхьэзыру ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм десэну.

b Зи ныбжь хэкІуэта къуэшхэм я гъащІэм апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр къыщыхыхьэ къохъу. Абыхэм къалэн ягъэзащІэу щытар ныбжькІэ нэхъ щІалэ къуэшхэм ират. 2018 гъэм, фокІадэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Пожилые христиане, Иегова дорожит вашей преданностью» жыхуиІэ статьямрэ 2018 гъэм, жэпуэгъуэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «ГъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм емылъытауэ гузэгъэгъуэ зивгъэІэ» жыхуиІэ статьямрэ феплъ.

c НэгъуэщІыпІэ Іэпхъуа полновременнэ лэжьакІуэр зыщыщу щыта зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэрыхъукІэ нэхъ псынщІэу рекомендательнэ письмо ирагъэхьын хуейщ а къуэшыр е шыпхъур здэкІуа зэхуэсым. Абы и фІыгъэкІэ полновременнэ лэжьакІуэр адэкІи пионеру, зэхуэсым и нэхъыжьу е зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу лэжьэфынущ.

d 2018 гъэм, 3-нэ номеру къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым ит «Помощь тем, кто скорбит» темэм хыхьэ мыпхуэдэ статьяхэм феплъ: «Боль утраты», «Чего ожидать», «Как справиться с болью утраты. Что можно сделать», «Самая лучшая помощь для тех, кто скорбит».

e СУРЭТЫР. Миссионеру лажьэ зэщхьэгъусэхэм я лэжьыгъэр къагъанэу къэралым икІын хуей мэхъу. Ахэр зэхуэс зыхэтам гъыуэ сэлам ирахыж.

f СУРЭТЫР. А зэщхьэгъусэхэм я хэкум ягъэзэжащ. Абыхэм Иеговэ зыхуагъазэурэ йолъэІу гугъуехь яІэхэм пэлъэщыну къадэІэпыкъуну.

g СУРЭТЫР. Иеговэ къазэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ абыхэм полновременнэу лэжьэн щІадзэжащ. Миссионеру щылэжьам щыгъуэ зэрагъэщІа бзэр абыхэм къахуосэбэп — ахэр нэгъуэщІ къэралым къикІахэм хъыбарыфІымкІэ догуашэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын