ФІэщхъуныгъэм къару къыдет
ФІЭЩХЪУНЫГЪЭМ къаруушхуэ иІэщ. Псалъэм папщІэ, «ШейтІаным и шабзэ плъахэр абыкІэ вгъэункІыфІын флъэкІынущ», ар хуейщ дэ псори Иеговэ дыкъыбгъэдишыну (Еф. 6:16). ФІэщхъуныгъэ дызэриІэм и фІыгъэкІэ бгышхуэм ебгъэщхь хъуну гугъуехьхэм дыпэлъэщынущ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм мыпхуэдэу яжриІат: «Хъардэл хьэдзэм хуэдиз фІэкІ мыхъу фІэщхъуныгъэ фиІэмэ, мы Іуащхьэм „ІукІи, модэ кІуэ!“ жефІэмэ, ІукІынурэ кІуэнущ» (Мт. 17:20). ФІэщхъуныгъэм Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ зэрищІыфынур къыдгуроІуэри, мыпхуэдэ упщІэхэм дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ: фІэщхъуныгъэр сыт зищІысыр? ФІэщхъуныгъэмрэ ди гум и щытыкІэмрэ дапхуэдэу зэрызэпыщІар? Ар дауэ нэхъ быдэ зэрытщІынур? Хэт дэ дзыхь зыхуэтщІын хуейр? (Рим 4:3).
ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР СЫТ ЗИЩІЫСЫР?
ФІэщхъуныгъэр — ар зы пэж гуэр уи фІэщ хъун е зыгуэрым шэч къытумыхьэн закъуэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «жин бзаджэхэми... [Алыхьыр зэрыщыІэр] я фІэщ мэхъу икІи щошынэ» (Екъуб 2:19). Сыт-тІэ фІэщхъуныгъэр зищІысыр?
Иеговэ и псалъэхэр игъэзэщІэжынущ. Дэ абы шэч къытетхьэкъым, дыгъэр къызэрыкъуэкІынум икІи ар зэрыкъухьэжынум шэч къызэрытедмыхьэм хуэдэу
Библием зэрыжиІэмкІэ фІэщхъуныгъэм ІуэхугъуитІ хохьэ. Япэрауэ, «фІэщхъуныгъэр зищІысыр — дызыщыгугъыу, дызыпэплъэ Іуэхухэр зэрыдгъуэтынур тщІэныр арщ» (Евр. 11:1, япэ Іыхьэр). ФІэщхъуныгъэ фиІэмэ, фэ шэч къытефхьэкъым: Иеговэ жиІэу хъуар пэжщ икІи абы жиІэр Іэмал имыІэу къэхъунущ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ израил цІыхухэм яжриІат: «Махуэмрэ жэщымрэ зэрыщыІэнум теухуауэ си зэгурыІуэныгъэр фхуэкъутэжынутэмэ, и зэманым нэху мыщын щхьэкІэ икІи жэщ мыхъун щхьэкІэ, си лэжьакІуэ Даут есщІылІа зэгурыІуэныгъэри фхуэкъутэжынут» (Иер. 33:20, 21). Дыгъэр къыкъуэмыкІыу афІэкІа нэху мыщынкІэ зэгуэр фыгузэвауэ пІэрэ? Дыгъэр къызэрыкъуэкІынум икІи ар зэрыкъухьэжынум шэч къыщытедмыхьэкІэ, махуэри жэщри къэзыгъэщІа Алыхьыр и псалъэм зэрытетыжынум шэч къытетхьэн хуей? ДауикІ, хуейкъым! (Ис. 55:10, 11; Мт. 5:18).
ЕтІуанэрауэ, «фІэщхъуныгъэр зищІысыр... Іуэху нэрымылъагъухэм ди дзыхь едгъэзыныр арщ» (Евр. 11:1, етІуанэ Іыхьэр). Ар мыпхуэдэ щапхъэм къыдгуригъэІуэнущ. Псалъэм папщІэ, сабийр къывоупщІ: «Дэнэ уэ щыпщІэр хьэуа зэрыщыІэр?» Фэ зэи хьэуа фымылъэгъуами, ар зэрыщыІэм щыхьэт техъуэхэр фи сабийм жефІэфыну къыщІэкІынщ, псалъэм папщІэ псори хьэуакІэ дызэрыбауэм, жьы къепщэр зэрызыхэтщІэм, нэгъуэщІхэми евгъэгупсысыфынущ. Щапхъэ къыхуэфхьахэм сабийр арэзы техъуэмэ, абы къыгурыІуэнущ нэкІэ умылъагъур уи фІэщ пщІы зэрыхъунур. Апхуэдэу дэри ди фІэщхъуныгъэм шэч къызытепхьэ мыхъун лъабжьэ быдэ иІэщ (Рим 1:20).
ДИ ГУМ И ЩЫТЫКІЭМ КУЭД ЕЛЪЫТАЩ
ФІэщхъуныгъэм лъабжьэ быдэ иІэн хуейуэ щыщыткІэ, цІыхум щІэныгъэ пэж зригъэгъуэтын хуейщ (1 Тим. 2:4). Ауэ ар мащІэщ. Апостол Паул итхат: «Зигурэ зи псэкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэ цІыхум Тхьэм щыпкъагъэ иІэу илъытэнущ» (Рим 10:10). ЦІыхур пэжым арэзы техъуэ закъуэу щымыту, ар лъапІэу илъытэн хуейщ. Абы щыгъуэщ абы фІэщхъуныгъэ щиІэнур, нэгъуэщІу жыпІэмэ пэж къищІам тету щыпсэунур (Екъуб 2:20). Пэжым щхьэкІэ зи гум фІыщІэ имылъ цІыхум и еплъыкІэр ихъуэжыну икІи игу ирихьым текІыну зэрыхуэмейм щхьэкІэ шэч къызытепхьэ мыхъуну Іуэхугъуэхэр къимыщтэнкІэ хъунущ (2 Пет. 3:3, 4; Иудэ 18). Аращ пасэрей зэманым псэуа цІыхухэм телъыджэ Іуэхухэр ялъэгъуами псоми фІэщхъуныгъэ щІамыІар (Чис. 14:11; Ин. 12:37). Гурэ псэкІэ пэжыр фІыуэ зылъагъухэращ икІи пцІыр зи фІэщ зыщІыну хуэмейхэращ Алыхьым и къару лъапІэр зыдэІэпыкъур фІэщхъуныгъэ яІэну (Гал. 5:22; 2 Фес. 2:10, 11).
ДАУЭ ДАУТ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭ БЫДЭ ЗЭРЫЗРИГЪЭГЪУЭТАР
ФІэщхъуныгъэ быдэ зиІахэм пащтыхь Даут къыхэбгъэщ хъунущ (Евр. 11:32, 33). Ауэ Даут и унагъуэм щыщ псоми апхуэдэ фІэщхъуныгъэ яІакъым, псалъэм папщІэ и къуэш Елиав. ДжэлутІ Иеговэ зэрыщыдыхьэшхыр Даут и гум щІыхьат, ауэ Елиав Даут и гурыщІэхэр и фІэщ мыхъуу абы ешхыдэу щІидзащ зауэлІхэм деж къызэрыкІуам щхьэкІэ. А Іуэхугъуэм къигъэлъэгъуащ Елиав Иеговэ фІэщхъуныгъэ хуиІэр мащІэу зэрыщытар (1 Сам. 17:26—28). ФІэщхъуныгъэ иІэу зыри къалъхукъым икІи адэ-анэм фІэщхъуныгъэ зэраІэм щхьэкІэ сабийм а хьэл-щэныр езыр-езыру иІэ хъукъым. Абы къыхэкІкІэ Даут фІэщхъуныгъэ быдэ иІэ щІэхъуар Алыхьымрэ езымрэ зэхущытыкІэ быдэ яІэти аращ.
27-нэ Псаломым къыхощ Даут фІэщхъуныгъэ быдэ иІэну сыт къыдэІэпыкъуами (1 едзыгъуэр). Даут егупсыст Иеговэ ар бийхэм къазэрыІэщІихыу щытам (2, 3-нэ едзыгъуэхэр). Даут Иеговэ и шэтырыр лъапІэу илъытэт (4-нэ едзыгъуэр). Алыхьым и лэжьакІуэ нэгъуэщІхэм я гъусэу ар Иеговэ хуэлажьэт (6-нэ едзыгъуэр). Абы и гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ лъэІукІэ зыхуигъазэт (7, 8-нэ едзыгъуэхэр). Абы нэмыщІ ар хуейт Иеговэ и деж зыщигъэсэну (11-нэ едзыгъуэр). Даут и дежкІэ фІэщхъуныгъэм мыхьэнэшхуэ иІэти, мыпхуэдэу итхащ: «Дэнэт сэ сыздэщыІэнур си фІэщ мыхъуу щытамэ?» (13-нэ едзыгъуэр, ДЩІ, 2013 гъэ, англ.).
ДИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР ДАУЭ ЗЭРЫДГЪЭБЫДЭНУР
Фэри Даут хуэдэу фІэщхъуныгъэ быдэ фиІэфынущ 27-нэ Псаломым къыхэщ гупсысэкІэм хуэдэ фиІэмэ икІи Иеговэ гъунэгъу фыхуэзыщІын Іуэхугъуэхэр махуэ къэс фщІэмэ. ФІэщхъуныгъэ уиІэн щхьэкІэ Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ пэжхэр уиІэн хуейщ. Аращи, Алыхьым и Псалъэмрэ абы тегъэщІа ди тхыгъэхэмрэ нэхъыбэрэ дджыху Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ а хьэл-щэныр нэхъ тыншу зыхэтлъхьэфынущ (Пс. 1:2, 3). ФыщеджэкІэ фызэджам фегупсысыну зэман хухэфх. Дызэджам дегупсысмэ, Иеговэ къытхуищІэм щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэр хэхъуэнущ. Ди гум илъ фІыщІэр хэхъуэмэ, ди фІэщхъуныгъэр ІуэхукІэ дгъэлъэгъуэну гукъыдэж диІэ мэхъу: зэхуэсхэм дыкІуэну икІи гугъэ дахэ диІэмкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуэшэну (Евр. 10:23—25). Абы нэмыщІ дэ фІэщхъуныгъэ дызэриІэр догъэлъагъуэ адэкІи Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъазэмэ икІи ди Іэр едмыхьэхмэ (Лк. 18:1—8). Аращи, «Тхьэм зэпымыууэ фелъэІу» и нэІэ къызэрыфтригъэтым шэч къытевмыхьэу (1 Фес. 5:17; 1 Пет. 5:7). ФІэщхъуныгъэм дыхуегъэуш пэжым дытету дыпсэуну, апхуэдэу щытщІэм деж ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу (Екъуб 2:22).
ХЬИСЭ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭ ХУВИІЭ
Хьисэ лІэн ипэ къихуэ жэщым и гъэсэнхэм яжриІат: «ТхьэмкІэ фІэщхъуныгъэ зивгъэІэ, сэркІи фІэщхъуныгъэ зивгъэІэ» (Ин. 14:1). Абы къыхэкІкІэ Иеговэ имызакъуэу Хьиси фІэщхъуныгъэ худиІэн хуейщ. Сыт абы щхьэкІэ тщІэн хуейр? Іэмалищ зэпкърытхынщ.
ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ уиІэным сыт къикІыр?
Япэрауэ, щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фэ Иеговэ къывита тыгъэу флъытэ. Апостол Паул итхащ: «Мы дунейм щызиІэ гъащІэр Тхьэм и КъуэмкІэ фІэщхъуныгъэ си гум илъу сиІэщ. Абы фІыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкІэ итащ» (Гал. 2:20). ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ фиІэмэ, фэ шэч къытефхьэкъым щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фэр щхьэкІэ зэритам, Алыхьым фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъуну ар щхьэусыгъуэ зэрыхуэхъум, гъащІэ мыухыж фиІэну а къурмэныпхъэм гугъэ къызэрывитым икІи Алыхьым фІыщэу фызэрилъагъум ар и щыхьэту зэрыщытым (Рим 8:32, 38, 39; Еф. 1:7). А псор зэрыфщІэр къывдэІэпыкъунущ зыри фримыщІысу къыфщыхъумэ, апхуэдэ гурыщІэхэм фыпэлъэщыну (2 Фес. 2:16, 17).
ЕтІуанэрауэ, Иеговэ лъэІукІэ зыщыхуэвгъазэкІэ зыщывмыгъэгъупщэ апхуэдэ Іэмал фызэриІэр Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэу зэрыщытыр. «Аращи, дэІэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэ щыхъукІэ, Тхьэм гущІэгъу къытхуищІын икІи и нэфІ къытщыхуэн щхьэкІэ Зи гущІэгъур иным и тахътэм дыгушхуауэ девгъэкІуалІэ» (Евр. 4:15, 16; 10:19—22). Алыхьым лъэІукІэ зэрызыхуэдгъазэр къыддоІэпыкъу гуэныхь тщІэну дыхуэзыгъэуш гурыщІэхэм дебэныну (Лк. 22:40).
Ещанэрауэ, Хьисэ жиІэм федаІуэ. Апостол Иуан итхащ: «Тхьэм и КъуэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэм мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ хъуащ, Къуэм емыдаІуэм мыкІуэдыжын гъащІэ иІэнукъым, Тхьэм и губжьыр къытехуэнущ абы» (Ин. 3:36). Гу лъыптэ хъунущ: фІэщхъуныгъэ уиІэнымрэ жыІэмыдаІуэныгъэмрэ Иуан зэпэщІегъэувэ. Аращи, Хьисэ жиІэм федаІуэмэ, фІэщхъуныгъэ абы хувиІэу аращ. Фэ Хьисэ жиІэм фодаІуэ «Мэссихь и унафэр» вгъэзащІэмэ, нэгъуэщІу жыпІэмэ абы зыхуригъаджэу щыта псом фыщытетым деж (Гал. 6:2). Абы нэмыщІ Хьисэ жиІэр фогъэзащІэ зэхэщІыкІ зиІэ унэІутыр къигъэсэбэпу къывит чэнджэщхэм фыщытетым деж (Мт. 24:45). Хьисэ жиІэм фызэредаІуэм и фІыгъэкІэ жьы борэным ебгъэщхь хъуну гугъуехьхэм фыпэлъэщыфынущ (Лк. 6:47, 48).
«ФИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ» ФЫТЕТ
Зы цІыхухъу гуэрым Хьисэ зыхуигъазэри макъышхуэкІэ жиІат: «Си фІэщ мэхъу! Си фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ схуэщІ!» (Мк. 9:24, ДЩІ). А лІым фІэщхъуныгъэ иІэт, ауэ абы Іэдэбагъ хэлъу жиІащ и фІэщхъуныгъэр зэрымащІэр. Дэтхэнэ зыри фІэщхъуныгъэ нэхъыбэу дыщыхуеин Іуэхугъуэ дихуэнущ. ИкІи иджыпстущ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ щытщІын хуейр. КъызэрыдгурыІуащи, абы щхьэкІэ Алыхьым и Псалъэр дджыуэ, дызэджам дегупсысын хуейщ. Апхуэдэу зэрытщІэм и фІыгъэкІэ Иеговэ къытхуищІэ псом щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэр хэхъуэнущ. Абы нэмыщІ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу Иеговэ дыхуэлажьэмэ, дунеищІэм теухуауэ гугъэ диІэмкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуашэмэ икІи Алыхьым лъэІукІэ сыт щыгъуи зыхуэдгъазэмэ. Ди «фІэщхъуныгъэ лъапІэм» дытетмэ, тыгъэ лъапІэ къытлъысынущ — Алыхьым и лъагъуныгъэм дыщІэту дыкъэнэнущ (Иудэ 20, 21).