ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Август н. 14—19
  • КъодаІуэ цІыхухэр Алыхьым къригъэлынущ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • КъодаІуэ цІыхухэр Алыхьым къригъэлынущ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ДИ ІЫХЬЛЫХЭМ ХЪЫБАРЫФІЫМКІЭ СЫТ ДАЩІЫДЭГУЭШЭН ХУЕЙР?
  • ДИ ІЫХЬЛЫХЭМ ДАПХУЭДЭУ ДАЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУНУР?
  • ЗЭХУЭСЫР ДАУЭ ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ЗЭРЫХЪУФЫНУР?
  • Иеговэ хуэмылажьэ фи Іыхьлыхэмрэ фэрэ зэхущытыкІэфІ фиІэн щхьэкІэ къару ефхьэлІэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Пэжыгъэм зэгурыІуэныгъэкъым къихьыр, атІэ джатэщ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Сэ си нэкІэ слъэгъуащ Алыхьым хуэпэжхэм ехъулІэныгъэ зэраІэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Зэщхьэгъусэхэр я адэ-анэхэм зэрадэгъуэгурыкІуэ хъуну щІыкІэр
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Август н. 14—19

33 СТАТЬЯР

КъодаІуэ цІыхухэр Алыхьым къригъэлынущ

«Зыхуэсакъыж, цІыхухэм ебгъащІэ Іуэхухэми яхуэсакъ. А Іуэхухэм уи нэІэ сыт щыгъуи ятегъэт. Апхуэдэу пщІэмэ, къодаІуэ цІыхухэр мыкІуэду къебгъэлынущ, уэ уи щхьэри мыкІуэду къебгъэлынущ» (1 ТИМ. 4:16).

68-НЭ УЭРЭДЫР Пащтыхьыгъуэм и жылэр хыдосэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Ди Іыхьлыхэм теухуауэ сыт дэ дызыщІэхъуэпсыр?

«СЭ ПЭЖЫР къэсщІа иужь си унагъуэм щыщхэр псори си гъусэу жэнэтым сыщыпсэуну сыхуей хъуат,— жеІэ ди шыпхъу Поли́нb.— Ауэ, псом хуэмыдэу си щхьэгъусэ Уэйнрэ си къуэмрэ я гъусэу Иеговэ сыхуэлэжьэну сыщІэхъуэпст». Фэри Иеговэ зымыцІыху Іыхьлыхэрc фиІэу пІэрэ? Полин иІэ гурыщІэхэм хуэдэ фэри фиІэу къыщІэкІынщ.

2. Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?

2 Дэ дыхуейщ ди Іыхьлыхэм пэжыр къащтэну, ауэ дэ абыхэм залымыгъэкІэ ар къедгъэщтэфынукъым. Абы емылъытауэ, ахэр Библием итым егупсысыну икІи я гур пэжым къыхузэІуахыну дадэІэпыкъуфынущ (2 Тим. 3:14, 15). Ди Іыхьлыхэм хъыбарыфІымкІэ сыт дащІыдэгуэшэн хуейр? Абыхэм я гурыщІэхэм сыт дыщІегупсысын хуейр? Дэ Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъум хуэдэу абыхэми ялъагъуну дауэ дазэрыдэІэпыкъунур? ИкІи зэхуэсыр дауэ дэІэпыкъуэгъу зэрыхъуфынур?

ДИ ІЫХЬЛЫХЭМ ХЪЫБАРЫФІЫМКІЭ СЫТ ДАЩІЫДЭГУЭШЭН ХУЕЙР?

3. 2 Петр 3:9 зэритымкІэ, ди Іыхьлыхэм хъыбарыфІымкІэ сыт дащІыдэгуэшэн хуейр?

3 Иеговэ куэд мыщІэу мы дуней бзаджэм кІэ къыхуигъэкІуэнущ. «Пэжыр къэзыщІэну хуей» цІыхухэращ щІылъэм къытенэнур (Апост. 13:48, ДЩІ). ДымыцІыху цІыхухэм Иеговэ теухуауэ зэхедгъэхын щхьэкІэ зэманрэ къару куэдрэ щытедгъэкІуадэкІэ, дауикІ, ди Іыхьлыхэми пэжыр къащтэну дыхуейщ. ФІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэ Иеговэ «зы цІыхуи кІуэдыну хуэмейуэ, цІыху псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну хуейщ». (Къеджэ 2 Петр 3:9.)

4. Ди Іыхьлыхэм хъыбарыфІымкІэ дащыдэгуашэкІэ сыт дэ иныкъуэхэм деж къытщыгъупщэр?

4 Ди Іыхьлыхэм хъыбарыфІымкІэ дащыдэгуашэм деж дэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым бгъэдыхьэкІэ тэмэми мытэмэми зэрыщыІэр. ДымыцІыху цІыхухэм дэ пщІэ яхуэтщІу допсалъэ, ауэ ди Іыхьлыхэм дыщепсалъэм деж гуапэу дахущытыну къытщогъупщэ.

5. Ди Іыхьлыхэм пэжыр щажетІэм деж сыт зыщыдгъэгъупщэ мыхъунур?

5 Пэжым теухуауэ я Іыхьлыхэм япэу зэрепсэлъа щІыкІэм дэ тщыщ куэдыр хущІегъуэжу къыщІэкІынщ. Иджыпсту, дауикІ, дэ абыхэм нэгъуэщІут дазэрепсэлъэнур. Апостол Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яхуитхат: «Псалъэ мышыухэр хэмыту, фи псалъэхэр сыт щыгъуи ирегуапэ. Хэти жэуап зэрефтын хуейр зэвгъащІэ» (Кол. 4:5, 6, ДЩІ). Ди Іыхьлыхэм хъыбарыфІыр щажетІэм деж ар зыщыдгъэгъупщэнкъым. Армыхъумэ, пэжыр ягу нэдгъэсыным и пІэкІэ абы ягу щыдгъэкІынкІэ хъунущ.

ДИ ІЫХЬЛЫХЭМ ДАПХУЭДЭУ ДАЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУНУР?

Сестра внимательно слушает мужа, который рассказывает, как прошел день на работе. Позднее она проводит приятный вечер с мужем и сыном

Фи щытыкІэмрэ фи Іыхьлыхэм я гурыщІэхэм гулъытэ зэрыхуэфщІымрэ къадэІэпыкъуфынущ пэжыр абыхэм я гум нэсыну. (6—8-нэ абзацхэм феплъ.)e

6, 7. Иеговэ хуэмылажьэ ди Іыхьлыхэм я гурыщІэхэм гулъытэ хуэтщІын зэрыхуейр къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ къэфхь.

6 Я гурыщІэхэм гулъытэ хуэфщІ. ИпэкІэ дызытепсэлъыхьа Полин къыддогуашэ: «ЯпэщІыкІэ сэ си щхьэгъусэм Алыхьымрэ Библиемрэ теухуауэ фІэкІ сепсалъэтэкъым. НэгъуэщІ Іуэхухэм дытепсэлъыхьтэкъым». Ауэ абы и щхьэгъусэ Уэйн Библием теухуауэ мащІэт ищІэри, Полин къыжриІэну зыхуейр къыгурыІуэтэкъым. Полин и диным фІэкІ нэгъуэщІ зыри къыфІэмыІуэхуу къыщыхъут абы. Уеблэмэ, ар егупсыст и щхьэгъусэр сектэ шынагъуэ гуэрым хэхуауэ къагъапцІэу.

7 Полин зэрыжиІэжымкІэ, пщыхьэщхьэхэм икІи щымылажьэ махуэхэм зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм я деж щІэх-щІэхыурэ хьэщІапІэ щыІэт, зэІущІэхэм кІуэт, хъыбарыфІыр игъэІут. «Уэйн къэкІуэжауэ, унэм зыри щыщІэмыс къэхъут. Абы закъуэныгъэр хуабжьу зыхищІэт»,— игу къегъэкІыж Полин. ДауикІ, Уэйн и щхьэгъусэмрэ и къуэмрэ яригъусэну хуейт. Ахэр зи гъусэ цІыхухэр Уэйн ицІыхутэкъым икІи и щхьэгъусэм и дежкІэ ныбжьэгъу зригъэгъуэтахэр езым нэхърэ нэхъапэу къыщыхъут. Уэйн и щхьэгъусэр иригъэкІыжыну жиІэт. Дауэ феплърэ, сытыт Полин ищІэ хъунур и щхьэгъусэм и гурыщІэхэм гулъытэ хуищІын щхьэкІэ?

8. 1 Петр 3:1, 2 зэритымкІэ, сыт и нэхъыбэм деж ди Іыхьлыхэм я гум нэсыр?

8 Зыщывмыгъэгъупщэ: псалъэхэм нэхърэ ІуэхущІафэхэм нэхъ мыхьэнэ яІэщ. И нэхъыбэм деж ди Іыхьлыхэм я гум нэсыр ди псалъэхэракъым, атІэ тщІэ Іуэхухэращ. (Къеджэ 1 Петр 3:1, 2.) ИужькІэ Полин ар къыгурыІуащ. Абы жеІэж: «Сэ сщІэт Уэйн фІыуэ дызэрилъагъур икІи дызэбгъэдэкІыжыну зэрыхуэмейр. Ауэ дызэбгъэдэкІыжыну зэрыжиІам сэ сригъэгупсысащ Иеговэ чэнджэщ къызитхэм сытетыным мыхьэнэшхуэ зэриІэм. ХъыбарыфІымкІэ си щхьэгъусэм сызэрыдэгуашэратэкъым нэхъапэр, атІэ си щытыкІэрат». Библием теухуауэ Уэйн псэлъэну хуэмеймэ, Полин ар химыгъэзыхьу, нэгъуэщІ темэхэм тепсэлъыхьын щІидзащ. Уэйн гу лъитащ и щхьэгъусэр нэхъ щабэ зэрыхъуам икІи и къуэр иджы нэхъ жыІэдаІуэу зэрыщытым (Прит. 31:18, 27, 28). Библием ит чэнджэщхэр абыхэм сэбэп зэрахуэхъур Уэйн щилъэгъуам Алыхьым и Псалъэм итым едаІуэу щІидзащ (1 Кор. 7:12—14, 16).

9. Сыт ди Іэр етхьэхын щІыхуэмейр?

9 Фи Іэр евмыхьэх. Дэ Иеговэ щапхъэ тетхын хуейщ: абы цІыхум мызэ-мытІэу Іэмал ирет пэжыр къищтэу, гъащІэ мыухыж иІэну гугъэ зригъэгъуэтыну (Иер. 44:4). Апостол Паул Тимофей хуигъэушт и Іэр иримыхьэхыу адэкІи цІыхухэм дэІэпыкъуну. Сыт щхьэкІэ? Апхуэдэу ищІэмэ, Тимофей и щхьэри къедаІуэ цІыхухэри къригъэлыфынут (1 Тим. 4:16). Ди Іыхьлыхэр фІыуэ долъагъури, дэ дыхуейщ абыхэм Алыхьым и Псалъэм ит пэжыр къащІэну. Зэман дэкІа иужь Полин и псалъэхэмрэ и щытыкІэмрэ фІыгъуэ къыпэкІуащ. Иджы абы гуфІэгъуэ хихыу и щхьэгъусэм и гъусэу Иеговэ хуолажьэ. Ахэр тІури пионеру мэлажьэ икІи Уэйн зэхуэсым и нэхъыжьщ.

ДИ САЙТЫР КЪЭВГЪЭСЭБЭП

Молодой брат помогает своему отцу с ремонтом машины. В подходящий момент брат показывает ему видеоролик с сайта jw.org

(10-нэ абзацым феплъ.)d

Ди псалъэхэмрэ ди ІуэхущІафэхэмрэ нэмыщІ, Библием тегъэщІа ди публикациехэми ди Іыхьлыхэр хуагъэушыфынущ Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къащІэну. Япэм цІыхухэм тхылъхэмрэ журналхэмрэ еджэну яфІэфІт. Ауэ нобэ куэдым нэхъ яфІэтыншщ интернетымкІэ еджэну икІи видеороликхэм еплъыну. Фи Іыхьлыхэм Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ нэхъыбэ къащІэн щхьэкІэ езыхэр jw.org® сайтым ихьэ зэрыхъунур икІи мазэ къэс къыдэкІ JW Broadcasting® программэм еплъ зэрыхъунур яжефІэ.

10. ШыІэныгъэ зыхэдгъэлъын щІыхуейр сыт?

10 ШыІэныгъэ зыхэвгъэлъ. Дэ иджы еплъыкІэ диІэм икІи Алыхьым и хабзэхэм дызэрытетым есэну ди Іыхьлыхэм я дежкІэ гугъуу къыщІэкІынщ. И нэхъыбэм абыхэм занщІэу гу лъатэ диным пыщІа махуэшхуэхэмрэ политикэмрэ афІэкІа дызэрыхэмытым. Ди Іыхьлыхэм щыщ языныкъуэхэр япэщІыкІэ къэгубжьынкІэ хъунущ (Мт. 10:35, 36). Ауэ ди гугъэр хэтхыжын хуейкъым. «Зыри къикІынукъым абы»,— жытІэрэ ди Іэр етхьэхмэ, абыхэм гъащІэ мыухыжыр яхуэмыфащэу унафэ тщІыуэ жыпІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ дэ зыгуэрым хьэкум тетщІыхьыну къалэн къыдитакъым, атІэ «хьэкум Іуэху псори абы и Къуэм иритащ» (Ин. 5:22). Дэ шыІэныгъэ зыхэдгъэлъмэ, ди Іыхьлыхэр Библием ит хъыбарым едэІуэну къыщІэкІынщ. («Ди сайтыр къэвгъэсэбэп» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

11—13. Элис и щапхъэм фэ сытым фыхуигъасэрэ?

11 Фи еплъыкІэм быдэу фытет, ауэ фи Іыхьлыхэм гуапэу фахущыт (Прит. 15:2, Гъэс.). Э́лис и щапхъэр зэпкърытхынщ. Абы Иеговэ теухуауэ къыщищІам и адэ-анэм пэжыжьэу псэут. Абы и адэ-анэм Алыхьыр я фІэщ хъутэкъым икІи политикэм жыджэру хэтт. Элис къыгурыІуэт зэрыхъукІэ нэхъ псынщІэу Библием ит щІэныгъэ дахэхэмкІэ абыхэм зэрыдэгуэшэн хуейр. «ЕплъыкІэ уиІэхэм теухуауэ занщІэу жумыІэу кІыхьлІыхь зыпщІмэ, уи Іыхьлыхэм я дежкІэ ар нэхъ гугъу хъункІэ хъунущ»,— жеІэ Элис. Абы и адэ-анэм письмо зыбжанэ яхуитхри, абыхэм яфІэгъэщІэгъуэн хъуну и гугъэ упщІэхэр къиІэтащ, псалъэм папщІэ «Лъагъуныгъэр сыт зищІысыр?» (1 Кор. 13:1—13). Элис абыхэм фІыщІэ яхуищІащ фІыуэ зэрагъэсам щхьэкІэ икІи зыри хуэмыныкъуэу зэрапІам щхьэкІэ. Абы нэмыщІ тыгъэхэр яхуригъэхьащ. И адэ-анэм я деж щыкІуэжкІэ, ар унэ ІуэхухэмкІэ и анэм дэІэпыкъут. Абыхэм япэщІыкІэ ягу ирихьтэкъым Элис иджы и фІэщ хъум теухуауэ щытепсэлъыхьым деж.

12 Элис и адэ-анэм деж щыщыІэми графикым тету Библием еджэн къигъанэтэкъым. «Абы и фІыгъэкІэ мамэ къыгурыІуащ си дежкІэ а тхылъыр зэрылъапІэр»,— игу къегъэкІыж абы. Абы и адэми мурад ищІат Библием теухуауэ нэхъыбэ къищІэну. Ар хуейт и пхъум и еплъыкІэр щІихъуэжар къыгурыІуэну икІи а тхылъым щыуагъэхэр къыщигъуэтыну. «Сэ абы Библие естащ икІи псалъэ гуапэхэр хуистхащ»,— жеІэ Элис. Сыт абы кърикІуар? Элис и адэм Библием зыри щыуагъэ къыщигъуэтакъым, атІэ абы итыр хуабжьу игу ирихьащ.

13 Ди Іыхьлыхэм къыщыттракъузэм деж ди еплъыкІэм быдэу дытетын хуейщ, ауэ абыхэм гуапэу дахущытын хуейщ (1 Кор. 4:12, етІуанэ Іыхьэр). Псалъэм папщІэ, Элис и анэр къыпэщІэуват. Абы жеІэж: «Псым зыщІэзгъэуа иужь сэ сыпхъу жыІэмыдаІуэу мамэ жиІащ». Сыт-тІэ Элис ищІар? Абы игу къегъэкІыж: «Си фІэщхъуныгъэм теухуауэ зыри жызмыІэу къэзмыгъанэу, пщІэ хэлъу си анэм къыгурызгъэІуащ Иеговэ и Щыхьэт сыхъуну мурад щІэсщІам и щхьэусыгъуэр икІи си еплъыкІэр зэрызмыхъуэжынур. Си анэр фІыуэ зэрыслъагъур жесІащ. Дэ тІури дыгъащ икІи иужькІэ сэ ІэфІу сыхуэпщэфІащ. Абы иужь мамэ къыгурыІуащ хьэл-щэныфІхэр зыхэслъхьэну Библиер къызэрыздэІэпыкъур».

14. Иеговэ дыхуэлэжьэну унафэ тщІам сыт дытекІын щІыхуэмейр?

14 Иеговэ хуэлэжьэныр ди дежкІэ лъапІэу зэрыщытыр ди Іыхьлыхэм къагурыІуэн щхьэкІэ зэман гуэр дэкІын хуейуэ къыщІэкІынщ. Элис и адэ-анэр хуейт абы щІэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэту, адэкІэ абы ирилэжьэну. Ауэ Элис ар имыдэу, пионер лэжьыгъэр къыхихати, и анэм аргуэру гъын щІидзащ. Абы емылъытауэ, Элис унафэ ищІам текІакъым. Абы жеІэ: «Абыхэм жаІэм уедаІуэрэ уи еплъыкІэм зэ утекІыу щытмэ, нэгъуэщІ лъэныкъуэхэмкІи къыптракъузэу щІадзэнущ. Уи еплъыкІэм быдэу утетыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, ауэ зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым уи Іыхьлыхэм гуапэу уазэрыхущытын хуейр. Апхуэдэу пщІэмэ, ахэр жыпІэм едэІуэнкІэ хъунущ». Элис и Іуэхур апхуэдэущ зэрыхъуар. Абы и адэ-анэр иджыпсту пионеру мэлажьэ, и адэр зэхуэсым и нэхъыжьщ.

ЗЭХУЭСЫР ДАУЭ ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ЗЭРЫХЪУФЫНУР?

Сестра пригласила в гости братьев и сестер из своего собрания. Они стараются ближе познакомиться с ее мужем. Позднее он приходит с женой на Вечерю

Иеговэ хуэмылажьэ ди Іыхьлыхэм зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуфынур? (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)f

15. Маттэ 5:14—16-мрэ 1 Петр 2:12-мрэ зэритымкІэ, зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм я ІуэхуфІхэр дауэ ди Іыхьлыхэм къазэрыдэІэпыкъуфынур?

15 Зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм я ІуэхуфІхэмкІэ Иеговэ цІыхухэр и деж кърешалІэ. (Къеджэ Маттэ 5:14—16; 1 Петр 2:12.) Уи щхьэгъусэр Иеговэ хуэмылажьэу щытмэ, зэхуэсым щыщхэр ицІыхуу пІэрэ абы? ИпэкІэ дызытепсэлъыхьа Полин къуэш, шыпхъухэр и деж къригъэблагъэт и щхьэгъусэ Уэйн иригъэцІыхун щхьэкІэ. Уэйн игу къегъэкІыж Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ еплъыкІэ нэпцІ иІар ихъуэжыну ди зы къуэшыр къызэрыдэІэпыкъуауэ щытар: «Абы лэжьапІэм зыкъригъэутІыпщащ си гъусэу футбол еплъын щхьэкІэ. СощІэж мыпхуэдэу сызэрегупсысар: „Мыр фанаткъым, атІэ цІыху тэмэмщ!“».

16. Ди Іыхьлыхэр сыт зэІущІэм къедгъэблэгъэн щІыхуейр?

16 Ди Іыхьлыхэм иджыри дазэрыдэІэпыкъу хъуну Іэмалхэм ящыщ зыщ, ахэр зэхуэсым къызэредгъэблагъэр (1 Кор. 14:24, 25). Уэйн япэу здэкІуа зэІущІэр — Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а зэІущІэр кІэщІт икІи ар щекІуэкІыр пщыхьэщхьэм лэжьапІэ нэужьырат. Уэйн игу къегъэкІыж: «Сэ а зэІущІэм щыжаІар къызгурыІуакъым, ауэ абы цІыху щыІахэр сигу ирихьащ. Ахэр къызбгъэдыхьэт, сызрагъэцІыхут икІи гуапэу сэлам къызахт. Абыхэм я гур зэІухауэ, цІыхуфІу зэрыщытыр плъагъут». Къуэш, шыпхъухэр Полин гуапэу къыхущытт, псом хуэмыдэу зэхуэсым щыщ зы зэлІзэфызым гулъытэ къыхуащІащ. Полинрэ и къуэмрэ зэхуэсым щыщыІэм икІи хъыбарыфІ гъэІуным щыхэтым деж а къуэшымрэ шыпхъумрэ дэІэпыкъуэгъу къахуэхъут. Абы къыхэкІкІэ, Полин и фІэщ хъум теухуауэ Уэйн нэхъыбэ къищІэну мурад щищІам щыгъуэ, ар а къуэшым елъэІуащ Библием иригъэджэну.

17. СыткІэ зыдгъэкъуэншэн хуэмейрэ икІи сыт ди гугъэр хэтхыж щІэмыхъунур?

17 Дэ дыщогугъ ди Іыхьлыхэм псоми Иеговэ хуэлажьэу щІадзэну. Ауэ дапхуэдиз къару едмыхьэлІами, абыхэм пэжыр къамыщтэнкІэ хъунущ. Апхуэдэу къэхъумэ, зывмыгъэкъуаншэ. Дэ ди фІэщ хъур цІыхухэм залымыгъэкІэ я фІэщ тхуэщІынукъым. Ауэ зыщывмыгъэгъупщэ фи Іыхьлыхэм фазэрыдэІэпыкъуфынур: Иеговэ дызэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэ къытхуихьыр абыхэм щалъагъум деж, я гур къызэІуихынкІэ хъунущ. Фи Іыхьлыхэм щхьэкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэ. Абыхэм гуапэу фепсалъэ. Фи Іэр евмыхьэх! (Апост. 20:20). Шэч къытевмыхьэ Иеговэ къызэрывдэІэпыкъунум икІи къару ефхьэлІэм фІыгъуэ къызэрыпэкІуэнум. Пэжым теухуауэ жыфІэм фи Іыхьлыхэр едаІуэмэ, Іэмал имыІэу ахэр Иеговэ къригъэлынущ!

ДИ ІЫХЬЛЫХЭМ ДЫЩЕПСАЛЪЭМ ДЕЖ ДАУЭ:

  • я гурыщІэхэм гулъытэ зэрыхуэтщІынур?

  • шыІэныгъэ зэрызыхэдгъэлъынур?

  • гуапэу дазэрыхущытынур?

57-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІыр лъэпкъ псоми ялъыдогъэІэс

a Дэ дыхуейщ ди Іыхьлыхэм Иеговэ къацІыхуну, ауэ, дауикІ, ар езыхэм я унафэу щытын хуейщ. Мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ абыхэм пэжыр я гум нэсын щхьэкІэ дапхуэдэу дадэІэпыкъунуми.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

c Мы статьям къыщыгъэсэбэпа «Іыхьлы» псалъэм зи гугъу ищІыр Иеговэ хуэмылажьэу ди унагъуэм щыщхэращ.

d СУРЭТЫР. Къуэш ныбжьыщІэр и адэм машинэр ищІыжыну доІэпыкъу. ЩыхуэкІуэ зэманым и адэр jw.org® сайтым ит зы видеоролик ирегъэплъ.

e СУРЭТХЭР. ЛІым и махуэр зэрыкІуам теухуауэ зэрыжиІэжым шыпхъур гуапэу йодаІуэ. ИужькІэ абы и лІымрэ и къуэмрэ я гъусэу зегъэпсэху, ахэр гуфІэу зэбгъэдэсщ.

f СУРЭТХЭР. Шыпхъум хьэщІапІэ къригъэблэгъащ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр. Абыхэм шыпхъум и щхьэгъусэр зрагъэцІыху. ИужькІэ лІыр и щхьэгъусэм и гъусэу Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къокІуэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын